ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Июнь н. 3—8
  • «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЬИСЭ ДАУЭТ ЗЭРЫХУЩЫТЫР ЩХЬЭХУИТУ ЩЫТЫНЫМ ЩІЭБЭНХЭМ?
  • ПОЛИТИКЭМ ПЫЩІА ІУЭХУХЭМ ХЬИСЭ ЗЭРЫХУЩЫТАР
  • «УИ ДЖАТЭР ДОХЪУТЭМ ИЛЪХЬЭЖ»
  • Лей къыщыптрагъэхьэм деж сыт пщІэн хуейр икІи сыт пщІэн хуэмейр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Июнь н. 3—8

«Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым»

«Сэ... мы дунейм сыкъыщІытехьар щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкІэщ» (ИН. 18:37).

УЭРЭДХЭР: 15, 74

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Хьисэ политикэм зэрыхэмыІэбэу щытар сытым къыхэщрэ?

  • Хьэкътын ахъшэм теухуауэ сыт Хьисэ жиІар икІи сыт абы и псалъэхэм Іущагъ хэлъу жыпІэ щІэхъунур?

  • Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лей зехьэным теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ яІэр?

1, 2. 1) Дауэ мы дунейм кІуэ пэтми зэкъуэтыныгъэр зэрыфІэкІуэдыр? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

«СЫЗЭРЫСАБИЙ лъандэрэ хабзэншагъэщ слъэгъуар,— игу къегъэкІыж Европэм щыщ ди зы шыпхъум.— Абы къыхэкІкІэ, сыщыпсэу къэралым иригъэкІуэкІ политикэмкІэ сыарэзытэкъыми, куэдым радикальнэу къалъытэ еплъыкІэхэр къэсщтащ. Абы нэмыщІ илъэс куэдкІэ сыдэпсэуащ террористу щыт щІалэ гуэрым». Африкэм щыщ ди зы къуэшым япэм лей зехьэныр захуэу къилъытэу щытащ. Абы жеІэ: «Сэ си лъэпкъыр адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу къэслъытэти, политическэ парт гуэрым сыхыхьащ. Дэ дагъасэт къытпэщІэтхэр баш папцІэкІэ дыукІыну, уеблэмэ, нэгъуэщІ партхэм я лъэныкъуэр зыІыгъ ди лъэпкъ дыдэхэри». Европэм щыщ нэгъуэщІ ди шыпхъури къыддогуашэ: «Сэ нэфІ-ней схэлът икІи абы апхуэдизкІэ сиубыдати, нэгъуэщІ лъэпкъым щыщ е нэгъуэщІ дин зыІыгъ цІыхухэр слъагъу хъутэкъым».

2 КІуэтэхукІэ цІыху нэхъыбэм апхуэдэ еплъыкІэхэр яІэ мэхъу. Зыми и унафэ щІэмыту, щхьэхуиту щытыным щІэбэн цІыхухэм кІуэ пэтми, лей нэхъыбэ зэрахьэу мэхъу, политикэмкІэ зэгурымыІуэныгъэхэр хохъуэ, къэрал куэдым нэгъуэщІ къэралхэм къикІа цІыхухэм нэхъ Іеижу яхущыт мэхъу. Библием щыжыІауэ щытащ иужьрей махуэхэм цІыхухэм «зэкІужыныгъэр зыхуэдэр» ямыщІэну (2 Тим. 3:1, 3). ИкІи а псалъэхэр зэрыпэжыр нобэ долъагъу. КІуэ пэтми зэкъуэтыныгъэр зыфІэкІуэд дунейм щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэхэм я зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр дауэ зэрахъумэнур? Политикэ ІуэхукІэ зэгурымыІуэныгъэ куэд здэщыІа къэралым щыпсэуа Хьисэ и щапхъэм дегупсысынщ. Мы статьям упщІищ щызэпкърытхынущ: политикэ Іуэху зезыхуэ гупхэм сытыт Хьисэ щІахэмыхьэр? Дауэ абы къызэригъэлъэгъуар Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ политическэ партми и лъэныкъуэ яубыдын зэрыхуэмейр? Абы нэмыщІ зэи лей зетхьэ зэрымыхъунур Хьисэ дауэ къызэрыдгуригъэІуар?

ХЬИСЭ ДАУЭТ ЗЭРЫХУЩЫТЫР ЩХЬЭХУИТУ ЩЫТЫНЫМ ЩІЭБЭНХЭМ?

3, 4. 1) Хьисэ и зэманым журтхэм сыт хуэдэ гугъэт яІэр? 2) Мэссихьым теухуауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт хуэдэ еплъыкІэт яІэр?

3 Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ хъыбарыфІымкІэ зыдэгуашэу щыта журтхэм я нэхъыбэр щІэхъуэпст Римым и унафэм щІэмыту псэуну. Абы хущІэкъуну лъэпкъ зэхэгъэж зыщІ зелотхэм ахэр къызэщІагъэстт. Зелотхэм ящыщ куэдыр Хьисэ и зэманым псэуа Галилей хэкум щыщу Иудэ зи цІэ лІым и унафэм щІэтт. Иудэ Мэссихьыр езырауэ жиІэт икІи къигъэпцІа цІыху куэдыр и лъэужь итт. Журтхэм я тхыдэр зытхыжахэм щыщ Иосиф Флавий зэрыжиІэмкІэ, Иудэ журтхэр хуигъэушащ Римым пэщІэувэну, абы нэмыщІ хьэкътын ахъшэр зытхэри «шынэкъэрабгъэу» жиІащ. Рим цІыхухэм икІэм-икІэжым Иудэ яукІащ (Апост. 5:37). Языныкъуэ зелотхэм я мурадыр къехъулІэн щхьэкІэ лей зэрахьэт.

4 Абыхэм елъытауэ журтхэм я нэхъыбэр Мэссихьыр къэкІуэным ежьэт. Абыхэм я гугъэт ар я пащтыхь хъууэ Израилым иІа лъэщагъыр зэтригъэувэжыну, Римым трилъхьа хьэзабри ятрихыжыну (Лк. 2:38; 3:15). Куэдым шэч къытрахьэтэкъым Мэссихьым Израилым и пащтыхьыгъуэр зэрызэтригъэувэжынум икІи абы щыгъуэ дуней псом щІыпІэ-щІыпІэкІэ зэбгрыкІауэ псэу журт лъэпкъым щыщхэм я щІыпІэм къызэрагъэзэжыфынум. ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэ Иуан зэгуэр Хьисэ еупщІат: «Уэра къэкІуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщІ гуэрым дыпэплъэн хуей?» (Мт. 11:2, 3). Иуан ищІэну хуейуэ къыщІэкІынт Хьисэ иужь, журтхэм хуитыныгъэ къезытыжын гуэр къэкІуэнрэ къэмыкІуэнрэ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыхухъуитІ, Эммаус кІуэ гъуэгум тету, лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ хуэзат. Абыхэм абы жраІат ахэри зэрыщыгугъар Мэссихьым хуитыныгъэ Израилым иритыжыну. (Къеджэ Лука 24:21.) Абы иужь куэд мыщІэу апостолхэр Хьисэ еупщІащ: «Зиусхьэн, мы махуэра Израилым и пащтыхьыгъуэр щызэфІэбгъэувэжынур?» (Апост. 1:6).

5. 1) Галилей хэкум щыпсэу цІыхухэм Хьисэ пащтыхь ящІыну сытыт щІыхуеяр? 2) Хьисэ дауэ абыхэм зэрадэІэпыкъуар я гупсысэкІэм зихъуэжыну?

5 Журтхэм я гугъэт Мэссихь абыхэм я гугъуехьхэр ящхьэщихыну. ИкІи гурыІуэгъуэщ Галилей хэкум щыпсэу цІыхухэм Хьисэ пащтыхь ящІыну щІыхуеяр. Ахэр егупсысу къыщІэкІынт абы нэхърэ нэхъыфІ пащтыхь ямыгъуэтыну: ар фІыуэ, дахэу псалъэт, сымаджэхэр игъэхъужт икІи мэжалІэхэр игъашхэт. Хьисэ цІыхухъу 5000 игъэшха иужь я гум илъыр къыгурыІуащ. Библием щыжеІэ: «ЦІыхухэр къакІуэу, езыр яубыду, лІыгъэкІэ пащтыхь ящІыну ягу зэрилъыр ищІэрти, ІукІыжри, Іуащхьэм и закъуэу дэкІуеижащ Хьисэ» (Иуан 6:10—15). ЕтІуанэ махуэм ахэр тІэкІу нэхъ сабырыжауэ къыщІэкІынт. Абы щыгъуэ Хьисэ абыхэм къагуригъэІуащ ар къыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр — цІыхухэм мылъкукІэ ядэІэпыкъунуракъым, атІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ яжриІэнуращ. Абы жиІащ: «Шхыныгъуэ кІуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ езыт шхыныгъуэрщ» (Иуан 6:25—27).

6. Мы дунейм пащтыхьыгъуэ щиІэну зэрыхущІэмыкъур Хьисэ дауэ къызэригъэлъэгъуар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

6 Хьисэ лІэным куэд имыІэжу къыгурыІуат абы и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэр зэрыщыгугъыр ар Ерусалимым и пащтыхь хъуну. Хьисэ ахэр зэрыщыуэр къагуригъэІуэн щхьэкІэ минэм теухуа ущие хъыбарыр яжриІэжащ. Абы и гугъу яхуищІащ къэрал жыжьэм кІуэну мурад зыщІа «пщы гуэрым». А пщыр езы Хьисэщ (Лука 19:11—13, 15). Абы нэмыщІ Хьисэ Понтий Пилат щепсэлъам ІупщІу къигъэлъэгъуащ политикэм зэрыхэмыІэбэр. Пилат Хьисэ еупщІат: «Журтхэм урапащтыхь?» (Ин. 18:33). Римым цІыхухэр пэщІэувэну Хьисэ къызэщІигъэстынкІэ Пилат шынэу къыщІэкІынт. Ауэ Хьисэ абы жэуап иритащ: «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым» (Ин. 18:36). Хьисэ политикэм хэІэбэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и Пащтыхьыгъуэр уафэрат здэщыІэн хуейуэ щытыр. Абы Пилат жриІащ: «Мы дунейм сыкъыщІытехьар щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкІэщ». (Къеджэ Иуан 18:37.)

Сыт фи акъылыр нэхъыбэу зытеубыдар: мы дунейм къыщекІуэкІ гугъуехьхэра, хьэмэрэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэра? (7-нэ абзацым феплъ.)

7. Сыт языныкъуэхэм дежкІэ щІэмытыншыр ягукІэ политическэ гуп гуэрым и лъэныкъуэ ямыубыдыну?

7 Хьисэ хуэдэу дэри Алыхьым сыт хуэдэ къалэн къыдитами ІупщІу къыдгурыІуэмэ, политическэ партхэм дыхэтынукъым, уеблэмэ, ди гукІи зыми и лъэныкъуэ тІыгъынукъым. Апхуэдэу ущытыну сыт щыгъуи тыншкъым. Районым и нэхъыжьу щыт ди зы къуэшым зэрыжиІэмкІэ, ар здэщыІэ щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм кІуэ пэтми радикальнэу щыт еплъыкІэхэр къащтэу мэхъу. Ар къыддогуашэ: «Лъэпкъ зэхэгъэжыр дэни къыщокІуэкІ икІи куэдым зэрагугъэмкІэ насыпыр зэлъытар цІыхур зыми и унафэ щІэмыту, щхьэхуиту псэуныращ. Ауэ си гуапэщ къуэшхэм зэкъуэтыныгъэр зэрахъумэр — абыхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр гъэІуным къарууэ яІэр ирахьэлІэ. Абыхэм шэч лъэпкъ къытрахьэкъым хабзэншагъэмрэ нэгъуэщІ гугъуехьхэмрэ Алыхьым нэмыщІ нэгъуэщІым зыми кІэ зэрыримытыфынум».

ПОЛИТИКЭМ ПЫЩІА ІУЭХУХЭМ ХЬИСЭ ЗЭРЫХУЩЫТАР

8. Хьисэ и зэманым журтхэр сыт хуэдэ хабзэншагъэм гугъу иригъэхьрэт?

8 ЦІыхухэм я хъуреягъкІэ хабзэншагъэр куэду щалъагъум деж, щІэх-щІэхыурэ политикэм щыхэІэбэ икІи зэдэуэн щыщІадзэ къохъу. Хьисэ и зэманми апхуэдэущ зэрыщытар. Абы щыгъуэ цІыхухэр хьэкътын ахъшэм гугъу иригъэхьт, абы къыхэкІыу куэдыр политикэм хэІэбэн хуей хъут. Апхуэдэу, Римым и унафэщІхэм цІыхухэр ябжыну унафэ ящІат, абыхэм хьэкътын ахъшэр тэмэму ятрэ ямытрэ къащІэн щхьэкІэ. Ауэ ипэкІэ зи гугъу тщІа Галилей хэкум щыщу Иудэ зи цІэ лІым цІыхухэр къызэщІигъэстри Римым пэщІэуват. Римым и унафэм щІэт цІыхухэм хьэкътын ахъшэ куэд ятын хуейт, псалъэм папщІэ я мылъкум, щІым, унэм щхьэкІэ. Абы нэмыщІ хабзэншагъэ зезыхьэ, хьэкътын ахъшэ хэзых цІыху нэпсейхэм цІыхухэм ятелъ гугъуехьыр нэхъ гугъуж ящІт. Хьэкътын ахъшэ хэзых языныкъуэхэм я увыпІэр къащэхути, иужькІэ а увыпІэр къагъэсэбэпт, бей ирихъуну. Ерихон къалэм хьэкътын ахъшэ хэзыххэм я нэхъыщхьэ Закхей цІыхухэм ятын хуейм нэхърэ нэхъыбэ къатрихыурэ, мылъкушхуэ зэхуихьэсат (Лк. 19:2, 8). ИкІи абы и закъуэтэкъым апхуэдэу зыщІэр.

9, 10. 1) Дауэ Хьисэ политикэм хагъэІэбэну и жагъуэгъухэр зэрыхэтар? 2) Сыт хуэдэ щапхъэ абы дэ къытхуигъэнар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

9 Римым и унафэ щІэт дэтхэнэ цІыхуми хьэкътын ахъшэу зы динарий итын хуейт. Зэгуэрым Хьисэ и жагъуэгъухэм а хьэкътын ахъшэм теухуауэ упщІэ къаІэтащ. Ахэр хуейт а Іуэхум теухуауэ Хьисэ зы лъэныкъуэ гуэр ирагъэубыдыну. (Къеджэ Маттэ 22:16—18.) Журтхэм а хьэкътын ахъшэр ялъагъу хъутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Римым и унафэм ахэр зэрыщІэтыр ягу къигъэкІыжт. Хьэкътын ахъшэм теухуа упщІэр къэзыІэтар Ирод и политикэр дэзыІыгъхэрат. Хьисэ а хьэкътын ахъшэр тын хуэмейуэ жиІамэ, абы цІыхухэр Римым пэщІэувэн щхьэкІэ къызэщІигъэсту жаІэнут. Ауэ тын хуейуэ жиІамэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм абы и гъуэгур къагъэнэнкІэ хъунут.

10 Хьисэ Іущагъ хэлъти зыми и лъэныкъуэр иубыдакъым. Абы жэуап яритыжащ: «Кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж» (Мт. 22:21). Хьисэ ищІэт хьэкътын ахъшэр хэзых куэдым хабзэншагъэ зэрызрахьэу щытар. Ауэ, абы емылъытауэ, ар политикэм хэмыІэбэу, псом япэ иригъэщар цІыхухэм я гугъуехь псоми кІэ езытыжыфыну Алыхьым и Пащтыхьыгъуэрат. Апхуэдэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щапхъэ яригъэлъэгъуащ: политикэм пыщІа Іуэхухэм зыми и лъэныкъуэ дубыд хъунукъым, зы лъэныкъуэр адрейм нэхърэ нэхъ захуэу къытщыхъуми. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм псом япэ ирагъэщыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ икІи Алыхьым жиІэращ. Абы къыхэкІкІэ абыхэм зэхагъэкІкъым политикэм сытыр захуэми икІи езыхэм я еплъыкІэр кІуэцІрагъэкІыну хэткъым (Мт. 6:33).

11. Дауэ цІыхухэм уазэрыдэІэпыкъунур захуагъэ пэжыр къагъуэтын щхьэкІэ?

11 Иеговэ и Щыхьэт куэд пэжыр къащІэн ипэ политикэм хэту щытащ, ауэ иужькІэ абыхэм еплъыкІэ яІар къагъэнащ. Великобританием щыщ ди зы шыпхъум жеІэж: «Сэ университетым социологием сыхуеджат икІи радикальнэ еплъыкІэхэр сиІэ хъуат. Зи фэ фІыцІэхэм я хуитыныгъэм сыщІэбэныну сыхуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ хабзэншагъэ куэд тшэчат. Зи фэ фІыцІэхэм я хуитыныгъэм теухуауэ дыщызэдауэм деж и нэхъыбэм сэ сытекІуэт, ауэ итІанэми си гум арэзыныгъэ илътэкъым. Сэ къызгурыІуэтэкъым зэхэгъэж щІыныр цІыхум и гум къызэрыщежьэр икІи абы утекІуэн щхьэкІэ ар гум ипхын зэрыхуейр. Библием седжэурэ сэ къызгурыІуащ япэщІыкІэ си деж къыщыщІэздзэн зэрыхуейр. АбыкІэ сэ сызэлэжьыжыну зи фэ хужь зы шыпхъу шыІэныгъэ хэлъу къыздэІэпыкъуащ. Иджы сэ пионеру бзагуэбзэкІэ екІуэкІ зэхуэсым сыщолажьэ икІи сыт хуэдэ лъэпкъми щыщ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ садогуашэ».

«УИ ДЖАТЭР ДОХЪУТЭМ ИЛЪХЬЭЖ»

12. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сыт хуэдэ «пщагъэм» зыщахъумэну къыхуриджа?

12 Хьисэ и зэманым дин пашэхэр политикэм щІэх-щІэхыурэ хэІэбэт. Зы тхылъ гуэрым зэрыжиІэмкІэ, журтхэр динкІэ гуп-гупурэ гуэшауэ щытт, ахэр ди зэманым щыІэ политическэ гупхэм ебгъэщхь хъунут (Daily Life in Palestine at the Time of Christ). Аращ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щІажриІар: «Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ» (Мк. 8:15). Ирод щытепсэлъыхьым Хьисэ зи гугъу ищІар Ирод и лъэныкъуэр зыІыгъ политическэ гупырат. Фарисейхэм теухуауэ жыпІэмэ, ахэр Римым и унафэм щІэкІыну хущІэкъут. Маттэ итхыжа хъыбарыфІым къызэрыхэщымкІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм саддукейхэми зыщахъумэну яжриІащ. Саддукейхэр Римым и лъабжьэм адэкІи щІэтыну хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм щыщ куэдым увыпІэ лъагэхэр яІыгът. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм гурыІуэгъуэу яжриІащ а гупищми я «пщагъэм» е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, зыхурагъаджэхэм пэІэщІэ зыхуащІыну (Мт. 16:6, 12). ГъэщІэгъуэнщи, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр пщагъэм зыщахъумэну къыщыхуриджар ар пащтыхь ящІыну хэта иужь, куэд дэмыкІыущ.

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зыми и лъэныкъуэ ямыубыдыну хуригъаджэу щытащ

13, 14. 1) Диныр политикэм щыхэІэбэм деж абы залымыгъэ къызэрихьым теухуауэ къыжыфІэж. 2) Хабзэншагъэ щыІэми, сыт зэи лей зетхьэ щІэмыхъунур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

13 Диныр политикэм щыхэІэбэм деж и нэхъыбэм абы залымыгъэ къыхокІ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр апхуэдэм деж зыми и лъэныкъуэ ямыубыдыну хуригъаджэу щытащ. Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ Хьисэ яукІыну мурад щІащІам ар и зы щхьэусыгъуэщ. Ахэр шынэт езыхэр къагъанэу, цІыхухэр Хьисэ едаІуэу и лъэужь иувэну. Апхуэдэу хъуамэ, абыхэм динми политикэми увыпІэ щаІыгъыр яфІэкІуэдынут. Ахэр мыпхуэдэу егупсыст: «Абы зыри едмыщІэу апхуэдэу къэдгъанэмэ, цІыху псоми абыкІэ фІэщхъуныгъэ яІэ хъунущ. Рим къэралыгъуэшхуэм щыщу мы къэралыр зыІэщІэлъхэр къэкІуэнурэ Тхьэм и унэшхуэри ттрахынущ, ди лъэпкъри ягъэкІуэдынущ» (Ин. 11:48). Абы къыхэкІкІэ Кайафэ зицІэ дин пашэшхуэм цІыхухэр къызэщІигъэстащ, Хьисэ иукІыну и мураду (Ин. 11:49—53; 18:14).

14 Кайафэ Хьисэ яригъэубыдыну зауэлІхэр жэщым игъэкІуащ. Ауэ Хьисэ ищІэт абыхэм я мурадыр. Абы къыхэкІкІэ и апостолхэм я гъусэу иужь дыдэу пщыхьэщхьэшхэ щадищІым джатэхэр къащтэну абыхэм елъэІуащ. ДжатитІт абыхэм яІэр, ауэ ари ярикъунут дерс зыхахын чэнджэщ Хьисэ яритын щхьэкІэ (Лк. 22:36—38). ИужькІэ а жэщым Хьисэ яубыдыну и жагъуэгъухэр къыщыкІуам щыгъуэ, абы Петр апхуэдизкІэ къигъэгубжьати, и джатэр кърихри абыхэм щыщ зым еуащ (Ин. 18:10). Ауэ Хьисэ Петр жриІащ: «Уэ уи джатэр дохъутэм илъхьэж, джатэ къэзыщтэ псори джатэм ихьыжынущ» (Мт. 26:52, 53). А чэнджэщым апостолхэм ягу къигъэкІыжащ Хьисэ и тхьэлъэІум хэту абы ипэ жиІа псалъэхэр: ахэр мы дунейм щыщын хуейкъым. (Къеджэ Иуан 17:16.) Захуагъэр зэтригъэувэжыну Алыхь закъуэращ хуитыныгъэ зиІэр.

15, 16. 1) Дауэ Тхыгъэ ЛъапІэр Алыхьым и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъур политикэм къихь зэгурымыІуэныгъэхэм хэмыІэбэну? 2) Сыт Иеговэ илъагъур мы дунеймрэ и лъэпкъымрэ щеплъым деж?

15 Статьям ипэм зи гугъу тщІа Европэм щыщ ди шыпхъум Хьисэ жиІа псалъэхэр зэрыпэжыр къыгурыІуащ. Ар къыддогуашэ: «Захуагъэр залымыгъэкІэ зэи пхузэтегъэувэжынукъым. Апхуэдэ гъуэгу къыхахыу, лей зрахьэу захуагъэм хущІэкъу цІыху куэдым я гъащІэр яфІэкІуэдащ. НэгъуэщІхэр гущІэгъуншэ хъуащ. Алыхь закъуэм фІэкІ щІылъэм захуагъэ пэжыр зыми зэрыхузэтемыгъэувэжынур Библием иту къыщысщІам сэ зыкІэ сыгуфІати! Иужьрей илъэс 25-м аращ цІыхухэм яжесІэр». Африкэм щыщ ди къуэшым и баш папцІэр «джатэкІэ» е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым и ПсалъэкІэ ихъуэжащ. Иджы ар лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ ядогуашэ (Еф. 6:17). Европэм щыщ ди шыпхъур Иеговэ и Щыхьэт хъуа иужь, илъагъу мыхъуу щыта лъэпкъым щыщ къуэшым дэкІуащ. А цІыхуищми Хьисэ щапхъэ трахыну хуейти, я гъащІэр яхъуэжыфащ.

16 Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ! Библием цІыхухэр зэи щэхуу щымыт хы къэукъубеям ирегъэщхь (Ис. 17:12; 57:20, 21; Апок. 13:1). Политикэм къихь зэгурымыІуэныгъэм цІыхухэр зэпэІэщІэ ещІ икІи лей зехьэным хуешэ. Ауэ дэ мамырыгъэмрэ зэгурыІуэныгъэмрэ зэрытхъумэным иужь дитщ. Мы дунейм щыщ цІыхухэр кІуэтэхукІэ нэхъ зэпэІэщІэ зэрыхъур Иеговэ щилъагъум, и лъэпкъым илъ зэгурыІуэныгъэм ар, дауикІ, егъэгуфІэ. (Къеджэ Софония 3:17a.)

17. 1) Зэкъуэтыныгъэ диІэн щхьэкІэ сыт хуэдэ Іэмалищ къэдгъэсэбэп хъунур? 2) Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?

17 Мы статьям дэ къыщытщІащ Алыхьым и лэжьакІуэхэр зэкъуэтыныгъэм зэрыхущІэкъуфыну Іэмалищ: 1) хабзэншагъэр зыгъэкІуэдыну дызыщыгугъын хуейр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ, 2) политикэм пыщІа Іуэхухэм зыми и лъэныкъуэ дубыдын хуейкъым икІи 3) зэи лей зетхьэ хъунукъым. Ауэ ди зэкъуэтыныгъэм нэфІ-ней щІыныр зэран хуэхъуфынущ. КъыкІэлъыкІуэ статьям абы дызэрыпэлъэщынум дытепсэлъыхьынущ икІи япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр абы зэрыпэлъэщар зэпкърытхынщ.

a Софония 3:17: «Уи Алыхь Иеговэ уи гъусэщ. Ар лъэщщ, абы укъригъэлынущ. Ар къыщоплъкІэ хуабжьу гуфІэнущ. Лъагъуныгъэ щигъэлъагъуэкІэ абы гупсэхугъуэ зыхищІэнущ. Ар къыщоплъкІэ гуфІэнущ, и гур хуабжьу къигуфІыкІынущ».

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Политикэм пыщІа Іуэхухэм дигукІэ зыми и лъэныкъуэ дубыдкъым. Дэ «мы дунейм дыщыщкъым», ауэ псом япэ идгъэщыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ. Дэ ди фІэщ мэхъу абы гугъуехьу хъуар зэрытщхьэщихынур икІи хабзэншагъэ псор зэригъэкІуэдынур.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын