ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Сентябрь н. 8—13
  • Лей къыщыптрагъэхьэм деж сыт пщІэн хуейр икІи сыт пщІэн хуэмейр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Лей къыщыптрагъэхьэм деж сыт пщІэн хуейр икІи сыт пщІэн хуэмейр?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭРЭ ХЬИСЭРЭ ХАБЗЭНШАГЪЭР ЯЛЪАГЪУ ХЪУКЪЫМ
  • ХЬИСЭ ХАБЗЭНШАГЪЭР ЩИЛЪАГЪУМ СЫТЫТ ИЩІЭР?
  • ХАБЗЭНШАГЪЭМ ФЫЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ ХЬИСЭ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
  • СЫТ ДЭ ИДЖЫПСТУ ТЩІЭ ХЪУНУР?
  • Захуагъэ хэмылъу нэгъуэщІхэр къыщытхущытым деж дапхуэдэу Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэнур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Лей къыщыттрагъэхьэм деж сыт тщІэ хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Библием гугъэ дахэ къыдет
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Сентябрь н. 8—13

37 СТАТЬЯР

114 УЭРЭДЫР «ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ»

Лей къыщыптрагъэхьэм деж сыт пщІэн хуейр икІи сыт пщІэн хуэмейр?

«Ар захуагъэм пэплъэт, ауэ абы захуагъэ щыІэтэкъым» (ИС. 5:7).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Хьисэ хабзэншагъэ щилъагъум сытыт ищІэр икІи дапхуэдэу абы щапхъэ зэрытетхыфынур?

1, 2. Хабзэншагъэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитрэ икІи абы теухуауэ сыт хуэдэ упщІэхэр диІэнкІэ хъуну?

НОБЭ цІыху куэдыр хабзэншагъэм пэщІохуэ. Псалъэм папщІэ, зэрыкъулейсызым, къызыхэкІа лъэпкъым икІи я теплъэм щхьэкІэ абыхэм нэмыплъ ират. Куэдыр экологием пыщІа гугъуехьхэм пэщІохуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ бизнесменхэмрэ къэрал унафэщІхэмрэ, псом хуэмыдэу, зэгупсысыр цІыхухэр зыхуэныкъуэракъым, атІэ я мылъкур зэрагъэбэгъуэныращ. Дапхуэдэу мыхъуами, хабзэншагъэр дэтхэнэ зыми лъэныкъуэ гуэркІэ лъоІэс.

2 ГъэщІэгъуэнкъым цІыхур къызэрыгубжьыр езым е нэгъуэщІ зыгуэрым лей къыщытрагъэхьэм деж. Дэ псори дыхуейщ захуагъэ здэщыІэ икІи шынагъуэ лъэпкъ здэщымыІэ дунейм дыщыпсэуну. Аращ языныкъуэхэр къэрал унафэщІхэм е абыхэм къыдагъэкІ унафэхэм щІыпэщІэувэр икІи гугъуехьхэм кІэ иратыну жызыІэ политикхэм я лъэныкъуэр щІаубыдыр. Ауэ дэ дощІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр «мы дунейм зэрыщымыщыр» икІи ди фІэщ мэхъу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа хабзэншагъэр зыми зэримыгъэкІуэдыфынур (Ин. 17:16). ДауикІ, абы къикІкъым нэгъуэщІхэм лей къызэрытрагъэхьэм дэ дыкъимыгъэгубжьу. Аращи, дэ мыпхуэдэ упщІэхэр диІэфынущ: «Хабзэншагъэм дапхуэдэу сызэрыхущытын хуейр? Іуэхур нэхъыфІ хъун щхьэкІэ иджыпсту зыгуэр схуэщІэну пІэрэ?» А упщІэхэм жэуап еттын ипэ, Иеговэрэ Хьисэрэ хабзэншагъэм дапхуэдэу хущытми дытепсэлъыхьынщ.

ИЕГОВЭРЭ ХЬИСЭРЭ ХАБЗЭНШАГЪЭР ЯЛЪАГЪУ ХЪУКЪЫМ

3. Сыт дэ дигу щІримыхьыр зыгуэрым лей къыщытрагъэхьэм деж? (Исайя 5:7).

3 Зыгуэрым лей къыщытрагъэхьэм деж ар дигу щІримыхьым и щхьэусыгъуэр Библием къыдгурегъаІуэ. Абы щыжыІащ Иеговэ и хьэл-щэнхэр къызэрытхилъхьар икІи «абы пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ фІыуэ зэрилъагъур» (Пс. 33:5; ЩІэдз. 1:26). Иеговэ зэи лей зрихьэкъым икІи хуейкъым нэгъуэщІхэми лей зрахьэну (Втор. 32:3, 4; Мих. 6:8; Зах. 7:9). Псалъэм папщІэ, Ешайа бегъымбарым и зэманым израил цІыхухэр зыр зым Іейуэ хущытт. Абы щыгъуэ Алыхьым «цІыху дэкъузахэм я щэІу макъыр» зэхихащ. (Къеджэ Исайя 5:7.) Иеговэ тезыр ятрилъхьащ и хабзэм темыт икІи нэгъуэщІхэм лей къытезыгъэхьэ цІыхухэм (Ис. 5:5, 13).

4. Хабзэншагъэм Хьисэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр къритрэ? (Сурэтми феплъ.)

4 Хьисэ уафэм щыІэ и Адэм хуэдэу, захуагъэр фІыуэ елъагъу икІи хабзэншагъэр илъагъу хъукъым. Зэгуэр ар щІылъэм щыщыІам зи Іэ лъэныкъуэр гъуа цІыхухъу гуэр къилъэгъуащ. Хьисэ абы игу щІэузри игъэхъужат, ауэ гущІэгъуншэу щыт фарисейхэр абы къигъэгубжьащ. Абыхэм къащыхъут Хьисэ щэбэт махуэм теухуа унафэм ебэкъуа хуэдэу икІи сымаджэр узыншэ зэрыхъужар къафІэІуэхутэкъым. Фарисейхэм я дежкІэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр щэбэтым теухуа унафэхэр гъэзэщІэнырат. НтІэ, абы сыт хуэдэ гурыщІэхэр Хьисэ кърита? Абыхэм я гур зэрыбыдэр Хьисэ хуабжьу игу къеуащ (Мк. 3:1—6).

Хьисэ синагогэм щыІэу, зи Іэ лъэныкъуэр гъуа цІыхухъур игъэхъужыну зегъэхьэзыр икІи дин пашэхэм зыгуэр яжреІэ. Ахэр абы Іумпэм ящІу йоплъ.

Иудэ дин пашэхэм елъытауэ Хьисэ цІыхухэр и фІэгуэныхь хъут икІи абыхэм ядэІэпыкъут (4 абзацым феплъ.)


5. Губжьым теухуауэ сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

5 Зэрытлъагъущи, хабзэншагъэм Иеговэрэ Хьисэрэ къегъэгубжь. Аращи, дэри абы дыкъызэригъэгубжьым зыри Іей хэлъкъым (Еф. 4:26). Ауэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым, хабзэншагъэм дыкъызэригъэгубжьым зыри Іей хэмылъми, абы зыри зэрытхуемыщІэнур. Абы нэмыщІ зэман куэдкІэ губжьым диІыгъмэ, ар ди узыншагъэм зэран къыхуэхъуфынущ (Пс. 37:1, 8; Екъуб 1:20). НтІэ, сыт тщІэн хуейр хабзэншагъэр щытлъагъум е дэ езыр абы дыщыпэщІэхуэм деж? Сытыт Хьисэ ищІэу щытар? Абы иджыпсту дыхэплъэнщ.

ХЬИСЭ ХАБЗЭНШАГЪЭР ЩИЛЪАГЪУМ СЫТЫТ ИЩІЭР?

6. Хьисэ щІылъэм щытетам сыт хуэдэ хабзэншагъэхэр илъэгъуа? (Сурэтми феплъ.)

6 Хьисэ щІылъэм щытетам хабзэншагъэ куэд илъэгъуащ. Дин пашэхэм езыхэм къагупсысыжауэ хабзэ куэд цІыхухэм хуагъэувт икІи абы ахэр гугъу иригъэхьт (Мт. 23:2—4). Рим унафэщІхэми я лъабжьэ щІэт цІыхухэм егъэлеяуэ пхъашэу яхущытт. Журт куэдыр Рим къэралым и лъабжьэ щІэкІыну щІэхъуэпст. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр, псалъэм папщІэ, зелотхэр хьэзырт абы щхьэкІэ Іэщэ яІыгъыу зэуэну. Ауэ цІыхухэр къэрал унафэщІхэм пэщІэувэну Хьисэ къыхуриджэтэкъым икІи апхуэдэ мурад зиІэхэм я Іуэхухэр диІыгътэкъым. ЦІыхухэм ар пащтыхь ящІыну зэрыхуейр къыщищІам щыгъуэ, абы лъэныкъуэ зригъэзащ (Ин. 6:15).

Хьисэ бгым дэкІ гъуэгум тетщ. И лъабжьэм деж цІыху гупышхуэ щытщ.

Хьисэ политикэм пэІэщІэ зыхуищІт: цІыхухэм ар пащтыхь ящІыну щыхэтам абы ахэр къигъанэри, бгым дэкІащ (6 абзацым феплъ.)


7, 8. Хьисэ щІылъэм щытетам хабзэншагъэр Іуихыну щІыхэмытар сыт? (Иуан 18:36).

7 Хьисэ щІылъэм щытетам къэрал унафэщІхэм я гъусэу цІыхухэм я гугъуехьхэр Іуихыну хэттэкъым. Сыт щхьэкІэ? Абы къыгурыІуэт цІыхухэр нэгъуэщІ цІыхухэм я тепщэу щытыну хуитыныгъэ зэрамыІэр икІи Иеговэ абыхэм апхуэдэ зэфІэкІ зэраримытар (Пс. 146:3; Иер. 10:23). Абыхэм иджыри хабзэншагъэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэр Іуахыфынукъым, псалъэм папщІэ, ШейтІанымрэ гуэныхьымрэ. Дуней псор гущІэгъуншэу щыт тепщэм и ІэмыщІэ илъщ икІи лей зрахьэну абы цІыхухэр хуегъэуш (Ин. 8:44; Еф. 2:2). Абы нэмыщІ мурадыфІ зиІэ цІыхуфІхэри, гуэныхь зэрахэлъым къыхэкІкІэ, сыт щыгъуи захуагъэм тетыфкъым (Эккл. 7:20).

8 Хьисэ ищІэт гугъуехьхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа нэгъуэщІым зыми зэрыІуимыхыфынур. Абы къыхэкІкІэ, Хьисэ и зэманри и къарури зытригъэкІуадэр а Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр игъэІунырат (Лк. 8:1). Абы «захуагъэм щІэхъуэпсхэм» яжриІэт коррупциемрэ хабзэншагъэмрэ, Іэмал имыІэу, кІэ къазэрыхуэкІуэнур (Мт. 5:6, ДЩІ; Лк. 18:7, 8). Ауэ ар зыщІынур цІыхухэракъым, атІэ «мы дунейм щымыщ» Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ. (Къеджэ Иуан 18:36.)

ХАБЗЭНШАГЪЭМ ФЫЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ ХЬИСЭ ЩАПХЪЭ ТЕФХ

9. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа, нэгъуэщІ зыми гугъуехьхэр зэрыІуимыхыфынум сыт шэч къыщІытедмыхьэр?

9 Дэ «иужьрей махуэхэм» дыщопсэу икІи нобэ зэи хуэмыдэу хабзэншагъэм зиубгъуащ. Хьисэ и зэманым хуэдэуи, ноби хабзэншагъэр къызыбгъэдэкІыр ШейтІанымрэ абы и лъабжьэ щІэт цІыхухэмрэщ (2 Тим. 3:1—5, 13; Апок. 12:12). Хьисэ хуэдэу дэри къыдгуроІуэ ди гугъуехьхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа, нэгъуэщІым зыми зэрыІуимыхыфынур. Дэ а Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр дыубыдащи, нобэ мы дунейр нэхъыфІ тщІыжыну дыхэткъым. Ди шыпхъу Сте́йсиa и щапхъэр къэтхьынщ. Ар захуагъэм щІэбэну зыкъэзыІэт цІыхухэм яхэтащ. Ауэ зэгуэр абы къыгурыІуащ ищІэм мыхьэнэ зэримыІэр. Абы жеІэж: «Сэ зыкъэзыІэтхэм сащыхэтым: „Мы сщІэр тэмэму пІэрэ?“ жысІэу, щІэх-щІэхыурэ сегупсыст. Ауэ иджыпсту Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр сыубыдащи апхуэдэ упщІэ сиІэжкъым. ИкІи шэч лъэпкъ къытесхьэкъым хабзэншагъэм пэщІэхуа дэтхэнэ зы цІыхуми Иеговэ сэ нэхърэ куэдкІэ нэхъыфІу зэрыдэІэпыкъуным» (Пс. 72:1, 4).

10. Маттэ 5:43—48 зэритымкІэ, къэрал унафэщІхэмрэ, абыхэм къыдагъэкІ унафэхэмрэ тхъуэжыну дыщІыхэмытыр сыт? (Сурэтми феплъ.)

10 Захуагъэм щІэбэн цІыхухэм щыщ куэдыр губжьауэ щытщ, къэрал унафэхэм йобакъуэ икІи псори зэтракъутэ. Хьисэ зыхуигъасэу щытар аракъым (Еф. 4:31). Ди къуэш Дже́ффри мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ сощІэ цІыхухэм зыкъыщаІэтым деж псынщІэу къэгубжьу, псори зэтракъутэу, хьэпшыпхэр къадыгъуу икІи нэгъуэщІхэм удын тралъхьэу зэрыхъуфынур». Ауэ Хьисэ жиІащ цІыху псори фІыуэ тлъагъун зэрыхуейр, уеблэмэ, нэгъуэщІ еплъыкІэ зиІэхэри, дыкъезыхуэкІхэри абыхэм яхэту. (Къеджэ Маттэ 5:43—48, ДЩІ) Дэ Хьисэ сыткІи щапхъэ тыдох икІи абы и унафэхэм темыхуэ Іуэхухэм дыхэткъым.

Шыпхъур зы щхьэкІи мыгузавэу, ипэкІэ маплъэ. Ар здрикІуэ гъуэгум зыкъэзыІэта цІыху гуп тетщ.

Нейтралитетыр пхъумэн щхьэкІэ лІыгъэ ухуейщ (10 абзацым феплъ.)


11. Нейтралитетыр тхъумэну гугъуу щІыщытынкІэ хъунур сыт?

11 ДауикІ, дэ дощІэ икІэм-икІэжым хабзэншагъэ псори Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зэрыІуихынур. Ауэ дэ езыр абы дыщыпэщІэхуэм деж Хьисэ щапхъэ тетхыну къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ. ЦІыху зэхэгъэж зыщІхэм пэщІэхуа ди шыпхъу Джа́ния мыпхуэдэу жеІэж: «Сэ хуабжьу сыкъэгубжьат икІи си гур хэщІат. Абы къыхэкІкІэ, сэ сыхуейт апхуэдизу си гум еуахэм яхуэфащэр къалъысыну. Сэ си фІэщу сегупсысу щІэздзащ цІыху зэхэгъэж зыщІхэм япэщІэувэхэм сахыхьэну икІи ар си губжьыр зэрызгъэтІысын хэкІыпІэфІу си гугъэт». Ауэ иужькІэ Джания къыгурыІуащ гъуэгу шынагъуэм зэрытеувар. Ар къыддогуашэ: «Сэ гу лъыстащ нэгъуэщІхэм я еплъыкІэр зэран къызэрысхуэхъур икІи Иеговэ сыщымыгугъыу, цІыхухэм сащыгугъын зэрыщІэздзам. Абы къыхэкІкІэ, сэ апхуэдэ Іуэхухэм сыкъыхэкІащ». Хабзэншагъэр щытлъагъукІэ дыкъызэрыгубжьыр тэмэмыми, дэ дысакъын хуейщ, зыми и лъэныкъуэр дымыубыдын щхьэкІэ (Ин. 15:19).

12. Дызэджэм, дызэплъым икІи дызэдаІуэм хэплъыхьауэ дыбгъэдыхьэн щІыхуейр сыт?

12 Хабзэншагъэр щытлъагъум е абы дыщыпэщІэхуэм деж ди пІэм дыкъимыкІыну сыт къыддэІэпыкъунур? Псалъэм папщІэ, дызэджэм, дызэплъым икІи дызэдаІуэм хэплъыхьауэ дыбгъэдыхьэн хуейщ. Интернетым къралъхьэ куэдыр зыхуэунэтІар абы еджэхэр къагъэгубжьын е къэрал унафэщІхэм пэщІагъэувэн щхьэкІэщ. ХъыбарыщІэхэми пэжыр нэгъэсауэ жаІэкъым. Ауэ зи гугъу ящІ гугъуехьыр пэж дыдэу щыІэми, дэ абы теухуауэ деджэкІэ икІи деплъкІэ зыри тхуещІэнукъым. Уеблэмэ, апхуэдэ хъыбархэм деджэху, ди лъэр нэхъ щІихынуращ (Прит. 24:10). ИкІэм-икІэжым ди гугъуехьхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа, нэгъуэщІым зыми зэрыІуимыхыфынум шэч къытетхьэу щІэддзэнкІэ хъунущ.

13. Хабзэншагъэм дызэрыхущытыныр тщІэн щхьэкІэ, Библием дызэреджэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

13 Дэ махуэ къэс Библием деджэмэ икІи абы дегупсысмэ, хабзэншагъэм дызэрыхущытын хуейр тщІэнущ. Али́я зи цІэ ди шыпхъур егъэлеяуэ иригузавэт лей зезыхьэхэм къазэрыхуэгъур щилъагъукІэ. Абы игу къегъэкІыж: «Зэгуэр сэ сытІысри, мыпхуэдэу сызэупщІыжащ: „Иеговэ хабзэншагъэ псори зэрыІуихынур си фІэщ хъурэ?“ Иов 34:22—29 ит псалъэхэм сигу къагъэкІыжащ Иеговэ псори зэрилъагъур. Захуагъэр зищІысыр аращ нэгъэсауэ зыщІэр икІи псори тэмэм зыщІыжыфынур а зыращ». Ауэ абы къикІкъым Пащтыхьыгъуэм дыщежьэкІэ зыри тщІэн хуэмейуэ. Сыт-тІэ дэ тщІэн хуейр?

СЫТ ДЭ ИДЖЫПСТУ ТЩІЭ ХЪУНУР?

14. Хабзэншагъэр нэхъыбэ мыхъун щхьэкІэ сыт дэ тщІэ хъунур? (Колоссэ 3:10, 11).

14 ЦІыхухэр фІыуэ зэхущытын щхьэкІэ дэ зыри тхуэщІэнукъым. Ауэ нэгъуэщІхэм дазэрыхущытынур зэлъытар дэращ. ЗэрыжытІащи, дэ Хьисэ щапхъэ тыдох икІи цІыхухэр фІыуэ тлъагъуну дыхущІокъу. Лъагъуныгъэм дыхуегъэуш цІыху псоми, ди бий нэгъуни, пщІэ хэлъу дахущытыну (Мт. 7:12, ДЩІ; Рим 12:17). Иеговэ мэгуфІэ дэ нэгъуэщІхэм щабэу, захуагъэ хэлъу дащыхущытым деж. (Къеджэ Колоссэ 3:10, 11.)

15. Дапхуэдэу хъыбарыфІ гъэІуным и фІыгъэкІэ хабзэншагъэр нэхъ мащІэ зэрыхъур?

15 Хабзэншагъэр нэхъ мащІэ хъун щхьэкІэ сыт дэ иджыри тщІэ хъунур? Абы щхьэкІэ хъыбарыфІыр дгъэІун хуейщ. А Іуэхум псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Иеговэ теухуа щІэныгъэм» цІыхум зригъэхъуэжыфынущ. Япэм гущІэгъуншэу икІи губжьыгъуафІэу щытахэр щабэу, мамырыгъэ зи фІэфІ цІыхуу хъуфынущ (Ис. 11:6, 7, 9). Джема́л и щапхъэр къэтхьынщ. Пэжыр къищІэн ипэ ар къэрал унафэщІхэр тезыгъэкІыну хуей гупым яхэтащ. Джемал къыддогуашэ: «ЦІыхур залымыгъэкІэ пхуэхъуэжынукъым. Ар зи къарур Библием ит пэжыращ. Аращ сэ зысхъуэжыну къыздэІэпыкъуар». Алыхьым и Псалъэм къыщищІэхэм Джемал хуигъэушащ а гупым къыхэкІыну. Библием и фІыгъэкІэ цІыху нэхъыбэм захъуэжыху, хабзэншагъэ зыщІэхэр нэхъ мащІэ хъунущ.

16. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ цІыхухэм яжетІэну сыт дыхуэзыгъэушыр?

16 Хьисэ цІыхухэм яжриІэт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа, нэгъуэщІ зыми гугъуехьхэр зэрыІуимыхыфынур. Дэ дыхуейщ абы теухуауэ цІыху нэхъыбэм къедгъэщІэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гугъэ дахэм лей къызытехьахэм гупсэхугъуэ яритыжыфынущ (Иер. 29:11). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Стейси жеІэ: «Пэжыр къызэрысщІар къыздоІэпыкъу сэ езым е нэгъуэщІ зыгуэрым лей къыщытехьэм деж егъэлеяуэ сымыгузэвэну. Иеговэ гупсэхугъуэ къызэрыдитыну щІыкІэр ещІэ. Библием и фІыгъэкІэ сэ гузэгъэгъуэ згъуэтыжащ». Дэ дыхуейщ адрейхэми апхуэдэ гурыщІэхэр зыхащІэну. Абы щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Псом япэрауэ дэ езым зэхэдгъэкІын хуейщ хабзэншагъэ щІыщыІэм и щхьэусыгъуэм теухуауэ Библием сыт жиІэми. Абы щыгъуэ лэжьапІэм е школым а темэр къэхъеймэ, дэ пщІэ хэлъу цІыхухэм пэжыр яжетІэфынущb.

17. Хабзэншагъэ здэщыІэ мы дунейм дыщыпсэуну дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?

17 Дэ къыдгуроІуэ мы дунейр ШейтІаным и ІэмыщІэ илъыху, хабзэншагъэр зэрыщыІэнур. Ауэ Іуэхур хэкІыпІэншэкъым. Иеговэ дыкъегъэгугъэ дэІэпыкъуэгъуншэу дыкъызэримыгъэнэнур икІи куэд мыщІэу ШейтІаныр зэригъэкІуэдынур (Ин. 12:31). Библием хабзэншагъэ щІыщыІэм и щхьэусыгъуэр зэритым нэмыщІ, ди гугъуехьхэм Иеговэ и гур зэрыхигъэщІри къыджеІэ (Пс. 34:17—19). Абы и Къуэр къигъэсэбэпу дегъасэ хабзэншагъэ дыщыпэщІэхуэм деж сыт тщІэн хуейми, сыт хуэмейми. Абы нэмыщІ Алыхьым гугъэ къыдитащ куэд мыщІэу и Пащтыхьыгъуэм гугъуехьу хъуар зэригъэкІуэдынумкІэ (2 Пет. 3:13). Аращи, адэкІи Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр жыджэру дгъэІунщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы щІылъэ псом «захуагъэрэ пэжагърэ» тез ищІынущ (Ис. 9:7).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Зыгуэрым лей къыщытрагъэхьэм деж сыт дэ дигу щІримыхьыр?

  • ЦІыхухэм гугъуехьхэм кІэ иратыфыну ди фІэщ щІэмыхъур сыт?

  • Дэ езым е нэгъуэщІ зыгуэрым лей къыщытехьэм деж сыт тщІэ хъунур?

158 УЭРЭДЫР «КъыкІэрыхунукъым!»

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

b «ЦІыхухэр фІыуэ флъагъу — Хьисэ и лъэужь иувэну фадэІэпыкъу» жыхуиІэ брошюрэм и 1 приложением, 24—27 пунктхэм феплъ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын