Мы брошюрэм итыр
ШЫЩХЬЭІУМ И 6—12
3 «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым»
ШЫЩХЬЭІУМ И 13—19
9 Иеговэрэ Хьисэрэ зэрызэкъуэтым хуэдэу дэри зэкъуэту дыщывгъэт
Хьисэ и зэманым цІыхухэм зэгурыІуэныгъэ яІэтэкъым политикэм, цІыхубэм увыпІэ щаІэм, къызыхэкІа лъэпкъым мыхьэнэшхуэ зэрыратым щхьэкІэ. Мы статьяитІым дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр яхъумэну икІи зэгурымыІуэныгъэ къызыхэкІ нэфІ-ней щІыныр зыханэну Хьисэ игъасэу зэрыщытар. Абы нэмыщІ къэтщІэнущ абыхэм щапхъэ зэратетхыфынур, зэкъуэтыныгъэ зыфІэкІуэда мы дунейм дызэрыщыпсэум емылъытауэ.
ШЫЩХЬЭІУМ И 20—26
15 Алыхьым и унафэхэмрэ и принципхэмрэ тету фи напэр вгъасэ
Гъуэгу пэжым дытетыну ди напэм диунэтІын щхьэкІэ, ар гъэсэн хуейщ. Абы щхьэкІэ Иеговэ и лъагъуныгъэм къыхэкІыу унафэхэмрэ принципхэмрэ къыдитащ. Ахэр къыддоІэпыкъу Алыхьым и еплъыкІэ диІэну. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Библием ит принципхэр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэп хъунур.
ШЫЩХЬЭІУМ И 27 — ФОКІАДЭМ И 2
21 «Фи нэхум» Иеговэ ирегъэлъапІэ
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджат: «ЦІыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ». Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ а унафэм дытетыну икІи нэхъыфІыжу Алыхьыр дгъэлъэпІэну.