3 СТАТЬЯР
КуэдыкІей хъу нэгъуэщІ мэлхэм Алыхьымрэ Хьисэрэ ягъэлъапІэ
«Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкІуэду дыкъезыгъэлыр» (АПОК. 7:10).
14-НЭ УЭРЭДЫР Дунейм и ПащтыхьыщІэр вгъэлъапІэ!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. 1935-нэ гъэм екІуэкІа конгрессым щызэхиха псалъэм ди къуэш ныбжьыщІэм и гъащІэр дауэ зэрихъуэжар?
ЗЭГУЭР конгрессым щызэхиха псалъэм ди къуэш ныбжьыщІэм и гъащІэр зэрыщыту ихъуэжащ. Абы псым зыщІигъэуащ 1926-нэ гъэм, илъэс 18 хъууэ. Абы и адэ-анэр икІи и къуэш, и шыпхъухэр Библием и КъэхутакІуэхэм яхэтт (апхуэдэу япэм Иеговэ и Щыхьэтхэм еджэу щытащ). Илъэс къэс Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж, абы щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуилъхьэт, Библием и КъэхутакІуэхэм псоми зэращІым хуэдэу. Ауэ 1935-нэ гъэм псоми зихъуэжащ: Вашингто́н щекІуэкІа конгрессым «ЦІыху куэдыкІей» зицІэ Рутерфорд и псалъэр абы щызэхихащ. Сытыт-тІэ а конгрессым щыжаІар?
2. Мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ пэж ди къуэш Рутерфорд зи гугъу ищІар?
2 Ди къуэш Рутерфорд и псалъэм щызэпкърихащ Апокалипсис 7:9 зи гугъу ищІ «цІыху куэдыкІейр» хэт хъунуми. А конгрессым ипэ ябжу щытащ «цІыху куэдыкІейр» уафэм кІуэну, ахэр 144 000-м хуэдэу Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу щымытми. Ауэ ди къуэш Рутерфорд Библиер къигъэсэбэпу ІупщІу къигъэлъэгъуащ «цІыху куэдыкІейр» — ар Хьисэ и «нэгъуэщІ мэлхэрауэ»b зэрыщытыр. Ахэр «гузэвэгъуэшхуэм» къелынурэ, гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэунущ (Апок. 7:14). Хьисэ жиІащ: «Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщІ мэлхэри сиІэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэІуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ» (Ин. 10:16). Хьисэ мэлхэм хуигъэда цІыхухэр — Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэращ, ахэр щогугъ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыІэну жэнэтым щыпсэуну (Мт. 25:31—33, 46). Библием ит пэжыр нэхъыфІу къазэрыгурыІуам Иеговэ и Щыхьэт куэдым я гъащІэр зэрихъуэжам дытепсэлъыхьынщ, зи гугъу тщІа къуэш ныбжьыщІэри абыхэм яхэту (Пс. 97:11; Прит. 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр).
ПЭЖЫР КЪАЗЭРЫГУРЫІУАМ МИН БЖЫГЪЭ ХЪУ ЦІЫХУХЭМ Я ГЪАЩІЭР ИХЪУЭЖАЩ
3, 4. 1935-нэ гъэм екІуэкІа конгрессым щыІа мин бжыгъэ хъу къуэш, шыпхъухэм яІэ гугъэм теухуауэ сыт къагурыІуар икІи сыт щхьэкІэ?
3 Джозеф Рутерфорд «гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр фыкъэтэджыну сыныволъэІу» щыжиІам щыгъуэ, фи нэгу къыщІэвгъэхьэт 20 000 хъу цІыхухэм ар зэрагъэщІэгъуар. А Іуэхугъуэр зи нэкІэ зылъэгъуа гуэрым зэрыжиІэжымкІэ, абы щІэсахэм и нэхъыбэр къэтэджащ. Абы иужь ди къуэш Рутерфорд хэІэтыкІауэ жиІащ: «Феплъыт! Мис цІыху куэдыкІейр!» — арати, абы щІэса псори гуфІэу ину Іэгу еуэу щІадзащ. Къэтэджахэм къагурыІуэт уафэм щыпсэуну Иеговэ ахэр къызэрыхимыхар. А конгрессым и етІуанэ махуэм цІыху 840-м псым зыщІагъэуащ икІи абыхэм щыщу и нэхъыбэр нэгъуэщІ мэлхэм щыщт.
4 «ЦІыху куэдыкІей» жыхуиІэ псалъэ гъэхьэзырар зэхаха иужь, нэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа къуэш ныбжьыщІэмрэ нэгъуэщІ мин бжыгъэ хъу Алыхьым и лэжьакІуэхэмрэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм деж афІэкІа щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэжакъым. Іэдэбагъ зыхэлъ зы къуэш гуэрым Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым яІа гурыщІэхэр къыхигъэщу мыпхуэдэу жиІащ: «ЩІакхъуэмрэ шагъырымрэ иужь дыдэу щызыІуслъхьар 1935-нэ гъэм екІуэкІа Пщыхьэщхьэшхэращ. Сэ къызгурыІуащ Иеговэ и къару лъапІэмкІэ уафэм сыщыпсэуну гугъэ къызэрызимытар. АтІэ абы гугъэ къызитар — гъащІэ мыухыж сиІэу щІылъэр жэнэт сщІыуэ, абы сыщыпсэуныращ» (Рим 8:16, 17; 2 Кор. 1:21, 22). Абы лъандэрэ цІыху куэдыкІейм я бжыгъэр хохъуэ икІи ахэр уафэм кІуэну гугъэ зиІэу щІылъэм къытенэжахэм долажьэ.
5. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым щыгъуэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэн щызыгъэтахэм дапхуэдэу Иеговэ зэрыхущытыр?
5 1935-нэ гъэм иужь Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым щыгъуэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэн щызыгъэтахэм дапхуэдэу Иеговэ зэрыхущытыр? Абы нэмыщІ ди зэманым псым зыщІэзыгъэуа Иеговэ и Щыхьэтхэм щыщу щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэу щытахэм, ауэ иужькІэ уафэм кІуэну гугъэ зэрамыІэр къызыгурыІуэжахэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр? (1 Кор. 11:28). Абыхэм щыщ языныкъуэхэм уафэм кІуэну гугъэ яІэу къащыхъут. Ауэ абыхэм зэрыщыуар къагурыІуэжамэ, Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым щыгъуэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэн щагъэтамэ икІи иджыпсту Иеговэ пэжу хуэлажьэмэ, шэч къытрамыхьэми хъунущ нэгъуэщІ мэлхэм я бжыгъэм зэрыхыхьэнум. А къуэш, шыпхъухэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ афІэкІа зыІуамылъхьэнуми, Иеговэрэ Хьисэрэ къыхуащІа псор фІыщІэ зэращІым щхьэкІэ ахэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къокІуэ.
ГУГЪЭ ДАХЭ
6. Хьисэ мелыІычхэм сыт хуэдэ унафэ яритар?
6 Куэд мыщІэу щІылъэм гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъунущ. Абы къыхэкІкІэ дэ дигъэгушхуэфынущ Апокалипсис тхылъым и 7-нэ псалъащхьэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ цІыху куэдыкІеймрэ теухуауэ итым. Абы щыжыІащ псори зэтезыкъутэну «щІылъэм и къуапиплІым къикІ жьыбгъэхэр» зэтраІыгъэну Хьисэ мелыІычхэм унафэ зэрыхуищІыр. МелыІычхэм а жьыбгъэхэр ямыутІыпщу яІыгъын хуейщ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм псоми мыхъурыр трагъэуэху, нэгъуэщІу жыпІэмэ ахэр къызэрыхуэпэжыр Иеговэ жиІэху (Апок. 7:1—4). Къызэрыхуэпэжам щхьэкІэ Алыхьым абыхэм и нэфІ ящыхуэнущ: Хьисэ и гъусэу ахэр пащтыхьу икІи дин пашэу уафэм щыІэнущ (Апок. 20:6). Иегови, Хьиси, мелыІычхэри егъэлеяуэ гуфІэнущ 144 000-м я тыгъэр къаІэрыхьа иужь.
ЦІыху куэдыкІейм джанэ кІыхь хужьхэр ящыгъыу пальмэ жыгым и къудамэхэр яІыгъщ. Ахэр нурыр къызыщхьэщих Алыхьым и тахътэм и пащхьэмрэ Щынэм, нэгъуэщІу жыпІэмэ Хьисэ Мэссихь, и пащхьэмрэ итщ. (7-нэ абзацым феплъ.)
7. Апокалипсис 7:9, 10 зэритымкІэ, сыт иджыри Иуан илъэгъуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
7 Пащтыхьу икІи дин пашэу щытыну 144 000-м тепсэлъыхьа иужь, Иуан гъэщІэгъуэн гуэрым и гугъу ещІ — Армагеддоным къелыну «цІыху куэдыкІейм». Мы гупым хэт цІыхухэр япэ гупым нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэщ. Иуан ахэр «пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІей» хъууэ етх. (Къеджэ Апокалипсис 7:9, 10.) А цІыхухэм «джанэ кІыхь хужьхэр ящыгъщ». Абы къегъэлъагъуэ ахэр ШейтІаным и дунейм имыуцІэпІу, Алыхьымрэ Хьисэрэ пэжу къызэрыхуэнар (Екъуб 1:27). «МакъышхуэкІэ къэджащ ахэр: „Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкІуэду дыкъезыгъэлыр“». Абыхэм пальмэ жыгым и къудамэхэр зэраІыгъым къокІ Иеговэ тригъэува пащтыхьу Хьисэ зэралъытэр икІи абы щхьэкІэ зэрыгуфІэр. (Евгъапщэ Иуан 12:12, 13.)
8. Апокалипсис 7:11, 12 Иеговэ и унагъуэ уафэм щыІэм теухуауэ сыт щыжыІар?
8 Къеджэ Апокалипсис 7:11, 12. Абдежым сыт уафэм къыщыхъур? Иуан етх цІыху куэдыкІейр щалъагъукІэ уафэм щыІэ Алыхьым и унагъуэр зэрыгуфІэр икІи абы щІыхь къызэрыхуахьыр. ЦІыху куэдыкІейр Армагеддоным къелауэ щалъагъукІэ, Иеговэрэ уафэм щыІэ абы и унагъуэмрэ гуфІэгъуэшхуэ зыхащІэнущ.
9. Апокалипсис 7:13—15 зэритымкІэ, цІыху куэдыкІейм сыт ящІэр?
9 Къеджэ Апокалипсис 7:13—15. Иуан зэритхымкІэ, цІыху куэдыкІейм «я джанэ кІыхьхэр Щынэм илъкІэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщІыжащ». Абы къегъэлъагъуэ абыхэм напэ къабзэ зэраІэр икІи Иеговэ ахэр цІыху пэжу къызэрилъытэр (Ис. 1:18). Иуан илъэгъуахэр — я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ изылъхьа, псым зыщІэзыгъэуа абы и лэжьакІуэхэращ. Хьисэ Мэссихь къихьа къурмэныпхъэр абыхэм быдэу я фІэщ мэхъу икІи Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ (Ин. 3:36; 1 Пет. 3:21). Абы къыхэкІкІэ Алыхьым ахэр хуит ищІащ и тахътэм и пащхьэм иту «жэщи махуи» щІылъэм щыхуэлэжьэну. Иджыпсту абыхэм я дежкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зыри щыІэкъым икІи хъыбарыфІ гъэІунымрэ цІыхухэр Хьисэ и лъэужь игъэувэнымрэ пыщІа лэжьыгъэм и нэхъыбэр зыгъэзащІэр ахэращ (Мт. 6:33; 24:14; 28:19, 20).
ЦІыху куэдыкІей хъу нэгъуэщІ мэлхэр гуфІэу гузэвэгъуэшхуэм къыхокІ. (10-нэ абзацым феплъ.)
10. ЦІыху куэдыкІейм хыхьэхэм сыт шэч къызытрамыхьэр икІи сыт хуэдэ псалъэхэр къэхъуу абыхэм ялъэгъуну?
10 Гузэвэгъуэшхуэм къыхэкІ цІыху куэдыкІейм шэч къытрахьэкъым Алыхьыр абыхэм адэкІи къазэрыдэІэпыкъунум, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иуан жиІауэ щытащ: «Тахътэм тесри [абыхэм] ядэпсэунущ». Абы щыгъуэ нэгъуэщІ мэлхэм езыхэм я нэкІэ ялъэгъунущ мы псалъэхэр къызэрыхъур: «[Тхьэм] абыхэм я нэхэм нэпс псори ящІилъэщІыкІыжынущ. ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым» (Апок. 21:3, 4).
11, 12. 1) Апокалипсис 7:16, 17 зэритымкІэ, цІыху куэдыкІейм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къалъысыну? 2) НэгъуэщІ мэлхэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм сыт къыщІэкІуэр икІи апхуэдэу ящІэну сыт ахэр хуэзыгъэушыр?
11 Къеджэ Апокалипсис 7:16, 17. Нобэ Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэм ерыскъы ягъуэткъым шхын къызэращэхун ахъшэ зэрамыІэм щхьэкІэ икІи щыпсэу къэралым щыщ цІыхухэр зэрызэпэщІэувэм, абы нэмыщІ зауэхэр къызэрыхъум щхьэкІэ. НэгъуэщІхэри я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым исщ. Ауэ ахэр насыпыфІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ящІэ мы дуней бзаджэм и кІэухым къызэрелынур икІи зыхуэныкъуэ ерыскъыми Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэми афІэкІа зэрыщымыщІэнур. Иуан етх: «Хуабагъэшхуэр абыхэм къегуэуэжынукъым». Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ ШейтІаным и дуней бзаджэр щигъэкІуэдкІэ икІи и губжьыр лъэпкъхэм щатрикъутэкІэ, и лэжьакІуэхэм щыщ зыми и зэран зэремыкІынур. Гузэвэгъуэшхуэм къелынухэр Хьисэ гъащІэ мыухыж къозыт «псынащхьэхэм я деж... ишэнущ». Фегупсысыт цІыху куэдыкІейм сыт хуэдэ гугъэ дахэ яІэми: щІылъэм щыпсэуа миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм елъытауэ ахэр зэи лІэнукъым! (Ин. 11:26).
12 Апхуэдэ гугъэ дахэ зэраІэм щхьэкІэ нэгъуэщІ мэлхэм Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщІэшхуэ хуащІ. Абыхэм уафэм кІуэну гугъэ ямыІэми, Иеговэ ахэр лъапІэу щымыту ибжкъым икІи нэхъ мащІэу фІыуэ илъагъукъым. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэми нэгъуэщІ мэлхэми Иеговэрэ Хьисэрэ щІыхь къыхуахьыфынущ. ИкІи ар зэращІэ хъуну Іэмалхэм щыщ зыщ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэрекІуалІэр.
ХЬИСЭ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭР ЩЕКІУЭКІЫМ ДЕЖ, АЛЫХЬЫМРЭ ХЬИСЭРЭ ФИ ГУМ КЪЫБГЪЭДЭКІЫУ ВГЪЭЛЪАПІЭ
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж, зэІэпытх щІакхъуэмрэ шагъырымрэ дигу къагъэкІыж дэ дыпсэун щхьэкІэ Хьисэ и гъащІэр зэритар. (13—15-нэ абзацхэм феплъ.)
13, 14. Хьисэ и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэм псори къыщІекІуэлІэн хуейр сыт?
13 Иужьрей илъэсхэм, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къекІуалІэхэм щыщу мин къэс зы цІыхуращ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэр. И нэхъыбэм деж зэхуэсым хэткъым уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр. НтІэ, сыт щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІэкІуэр? Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Ди ныбжьэгъухэм я хьэгъуэлІыгъуэм дыщыкІуэм деж, дэ абыкІэ къыдогъэлъагъуэ зэрышахэр фІыуэ зэрытлъагъур икІи абыхэм я унафэр зэрадэтІыгъыр. Абы ещхьу нэгъуэщІ мэлхэри Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм йокІуалІэ Хьисэрэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ фІыуэ зэралъагъум икІи абыхэм я Іуэхур зэрыдаІыгъым щхьэкІэ. Абы нэмыщІ нэгъуэщІ мэлхэм Хьисэ и къурмэныпхъэмрэ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зэраІэмрэ фІыщІэ зэращІыр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэрекІуалІэмкІэ къагъэлъагъуэ.
14 Ауэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм щІэкІуэн щхьэусыгъуэ абыхэм иджыри яІэщ: абыхэм Хьисэ Мэссихь и унафэр ягъэзащІэ. Пщыхьэщхьэшхэр зэрегъэкІуэкІын хуей щІыкІэр щытриухуам щыгъуэ, Хьисэ и апостол пэжхэм мыпхуэдэу яжриІауэ щытащ: «Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ» (1 Кор. 11:23—26, ДЩІ). Аращи, уафэм кІуэну гугъэ зиІэ гуэр щІылъэм щыпсэухукІэ, нэгъуэщІ мэлхэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм кІуэнущ икІи абы кІуэну хуей дэтхэнэ зыри кърагъэблэгъэнущ.
15. Дауэ дэтхэнэ зыми Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым щыгъуэ Алыхьымрэ Хьисэрэ зэрыдгъэлъэпІэфынур?
15 Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж дэ Іэмал диІэнущ уэрэдрэ тхьэлъэІукІэ Иеговэ дгъэлъэпІэну, абы нэмыщІ Алыхьымрэ Хьисэрэ дэр щхьэкІэ ящІа псор фІыщІэ зэрытщІыр дгъэлъэгъуэну. Абы щызэхэтхыну Библием тегъэщІа псалъэр къыддэІэпыкъунущ уафэм щыІэ ди Адэмрэ абы и Къуэмрэ къытхуащІар лъапІэу тлъытэну. Мы гъэм а псалъэм мыпхуэдэ цІэ зрехьэ: «Алыхьымрэ Хьисэрэ фэр щхьэкІэ ящІар лъапІэу флъытэ!». Хьисэ и Іэпкълъэпкъымрэ и лъымрэ къэзыгъэлъагъуэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ щызэІэпытхым деж, дэ дегупсысынущ абыхэм къарыкІым. Абы нэмыщІ дэ дегупсысынущ Иеговэ игъэлъэгъуа лъагъуныгъэм: абы и Къуэр хуит ищІащ дэ дыпсэун щхьэкІэ и гъащІэр итыну (Мт. 20:28). Уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэмрэ абы и Къуэмрэ фІыуэ зылъагъу дэтхэнэ зыри Іэмал имыІэу Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къэкІуэнущ.
ГУГЪЭ КЪЫВИТАМ ЩХЬЭКІЭ ИЕГОВЭ ФІЫЩІЭ ХУЭФЩІ
16. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ нэгъуэщІ мэлхэмрэ сыткІэ зэщхь?
16 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ нэгъуэщІ мэлхэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр Иеговэ абыхэм зэрыхущытыракъым. А гупитІри Иеговэ и дежкІэ зэхуэдэу лъапІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм зы уасэщ щІитар — фІыуэ илъагъу и Къуэм и гъащІэр. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ нэгъуэщІ мэлхэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр Алыхьым абыхэм гугъэ яритамкІэщ. Ауэ, гугъэ яІэм емылъытауэ, ахэр псори Иеговэрэ Хьисэрэ хуэпэжу къэнэн хуейщ (Пс. 31:23). Дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Иеговэ и къару лъапІэр и лэжьакІуэхэм псоми зэхуэдэу зэрыритыр. Абы къыхэкІкІэ дэтхэнэ зыми дызыхуэныкъуэм хуэдиз къару Иеговэ къыдет.
17. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэу щІылъэм къытенэжахэр къахуэмыгъэсу сыт зыпэплъэр?
17 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм апхуэдэ гугъэ яІэу къалъхукъым — а гугъэр Алыхьым абыхэм яриту аращ. Ахэр а гугъэм йогупсыс, абы щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэ икІи а тыгъэр къащыІэрыхьэну зэманым къахуэмыгъэсу поплъэ. Абыхэм ящІэкъым уафэм кІуа иужь сыт хуэдэ Іэпкълъэпкъ яІэнуми (Флп. 3:20, 21; 1 Ин. 3:2). Ауэ ахэр хуабжьу йожьэ Иеговэ, Хьисэ, мелыІычхэм икІи уафэм дэкІуеижа нэгъуэщІхэм я гъусэу уафэм щыщыІэну икІи Хьисэ и тепщэныгъэр щыдаІыгъыну зэманым.
18. Къахуэмыгъэсу нэгъуэщІ мэлхэр сыт зыпэплъэр?
18 Иеговэ цІыхухэр къыщигъэщІам щыгъуэ, гъащІэ мыухыж яІэу псэуну хуейуэ къигъэщІауэ щытащ. Абы къыхэкІкІэ нэгъуэщІ мэлхэм гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ яІэр лъапІэу ялъытэ (Эккл. 3:11). Ахэр къахуэмыгъэсу поплъэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэр жэнэт щищІыжкІэ зэрыдэІэпыкъунум. Абыхэм езыхэм я унэ икІи жыг хадэ яІэнущ. Ахэри абыхэм я сабийхэри зэи сымэджэнукъым (Ис. 65:21—23). Абы нэмыщІ абыхэм Іэмал яІэнущ бгыхэм, мэзхэм, хыхэм я дахагъэр ялъэгъуну икІи Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ псори къахутэну. Ауэ псом нэхърэ нэхъыбэу ахэр зыщыгуфІыкІыр — абыхэмрэ Иеговэрэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр махуэ къэс нэхъ быдэ зэрыхъунуращ.
19. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм сыт хуэдэ Іэмал дэ къытхузэІуихыр икІи мы гъэм дапщэщ ар щекІуэкІынур?
19 Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми гугъэ дахэ иритащ (Иер. 29:11). Алыхьымрэ Хьисэрэ я фІыгъэкІэ дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуфынущ. Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж, дэтхэнэ зыми Іэмал диІэнущ абыхэм фІыщІэ яхуэтщІыну икІи дгъэлъэпІэну. Шэч хэмылъу, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр — Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми и дежкІэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэщ. 2021-нэ гъэм ар екІуэкІынущ гъатхэпэ мазэм и 27-м, щэбэт махуэм, дыгъэр къухьэжа иужь. Иегови, Хьиси, мелыІычхэри, абы нэмыщІ уафэм дэкІуеижахэри а Пщыхьэщхьэшхэр зэрекІуэкІым кІэлъыплъынущ. Дэ тщыщ куэдым Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр зыри зэран къытхуэмыхъуу едгъэкІуэкІынущ. НэгъуэщІхэми къазэрыпэщІэувэм е тутнакъым зэрисым емылъытауэ ар ягъэлъэпІэнущ. Аращи, а Іуэхугъуэ лъапІэм дыхэтыну зыри зэран зэрызыхуэдмыгъэхъунум дыхущІэвгъэкъу!
150-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къэлъыхъуэ, укъелын щхьэкІэ
a 2021-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм и 27-м дэ Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэр едгъэкІуэкІынущ. Ди дежкІэ ар махуэ лъапІэщ. Пщыхьэщхьэшхэм къекІуэлІэну цІыхухэм и нэхъыбэр Хьисэ нэгъуэщІ мэлкІэ зэджа гупым щыщщ. 1935-нэ гъэм а гупым теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ пэж Иеговэ къытхузэІуихар? Гузэвэгъуэшхуэ нэужьым цІыху куэдыкІейм сыт хуэдэ гъащІэ дахэ къапэщылъыр? Хьисэ и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыжым деж, дапхуэдэу абыхэм Алыхьымрэ Хьисэрэ зэрагъэлъэпІэфынур?
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. НэгъуэщІ мэлхэр — ар Хьисэ и лъэужь ирикІуэу гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэращ; иужьрей махуэхэм Алыхьым хуэлэжьэн щІэзыдзахэри абыхэм хохьэ. ЦІыху куэдыкІейр — ар нэгъуэщІ мэлхэращ, гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ Хьисэ цІыхухэм хьэкум щатрищІыхьыну зэманым ахэр псэунущ икІи Армагеддоным къелынущ.