«Абы ешам къару ирет»
2018 гъэм хухэха пычыгъуэр: «Иеговэ щыгугъхэм къару ягъуэтыжынущ» (ИС. 40:31).
1. Дэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыІущІэрэ икІи Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм сыт щІыхуэарэзыр? (Статьям ипэм ит сурэтхэм феплъ.)
НОБЭ дэ гугъуехь куэдым дыхуозэ. Псалъэм папщІэ, фэ, ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ, хэти уз хьэлъэхэм фобэн, хэти, фэ езыр щІалэу фыщымытыжми, зи ныбжь хэкІуэта благъэхэм фыкІэлъоплъ. ИкІи унагъуэр зыхуей хуэвгъэзэн щхьэкІэ къаруушхуэ тезыгъэкІуадэхэри къыфхэтщ. Языныкъуэхэр а гугъуехьхэм щыщу зыкъым зыІущІэр, атІэ апхуэдэ гугъуехь зыбжанэхэми пэщІэтщ! Абы зэмани, къару куэди, ахъши токІуадэ. А псом емылъытауэ, фэ шэч лъэпкъ къытефхьэкъым Иеговэ къызэрывдэІэпыкъунум. Фэ фощІэ гъащІэр нэхъыфІ зэрыхъужынур — Иеговэ абыкІэ фыкъигъэгугъащ. Фи фІэщхъуныгъэм Иеговэ хуабжьу егъэгуфІэ!
2. Исаия 40:29 ит псалъэхэм дауэ дэ дызэрагъэгушхуэр икІи сыт хуэдэ еплъыкІэ нэпцІым зыщытхъумэн хуей?
2 ГъащІэм гугъуехь фызрихьэлІэхэм къарууэ фиІэр фщІихауэ иныкъуэм деж къыщыфщыхъу къэхъурэ? Ар апхуэдэу щытмэ, фи закъуэкъым. Библием дэ къыщыдощІэ пасэрей зэманым Алыхьым и лэжьакІуэ куэдми, апхуэдэ гугъуехьхэр яшэчу зэрыщытар (1 Цар. 19:4; Иов 7:7). Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? Абыхэм я Іэр ирадзыхакъым икІи Иеговэ дэІэпыкъуэгъу ящІащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым «ешам къару ирет» (Ис. 40:29). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди зэманым языныкъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм къалъытащ зы зэман гуэркІэ Иеговэ хуэлэжьэн щагъэтмэ, я гугъуехьхэм пэлъэщыну. Иеговэ зэрыхуэлажьэр фІыгъуэу къалъытэкъым абыхэм, атІэ хьэлъэу къащохъу. Абы щхьэкІэ абыхэм Библием еджэн щагъэтащ, зэІущІэхэм кІуэжкъым, хъыбарыфІ гъэІунри къагъэнащ. Иблисыр зэрыхуей дыдэм хуэдэу ящІащ!
3. 1) ШейтІаным къарууншэ димыщІын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? 2) Сыт дэ мы статьям щызэпкърытхынур?
3 Иеговэ и Іуэхум нэхъыбэрэ дыщыхэтым деж, къару нэхъыбэ диІэ мэхъу. Иблисым ар ещІэри, къарууншэ дищІыну хуейщ. Аращи, фезэшауэ къаруи гукъыдэжи фимыІэж хъуамэ, Иеговэ пэжыжьэ зыхуэвмыщІу, нэхъ гъунэгъу зыхуэфщІи, абы «фыкъызэфІигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ» (1 Пет. 5:10; Екъуб 4:8). Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ Иеговэ гукъыдэж диІэу дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъуфыну ІуэхугъуитІым икІи абыхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ Библием ит принцип къыддэІэпыкъунухэр щызэпкърытхынущ. Ауэ, япэщІыкІэ Иеговэ къару къызэрытхилъхьэфынум теухуауэ Исаия 40:26—31 итым деплъынщ.
«ИЕГОВЭ ЩЫГУГЪХЭМ КЪАРУ ЯГЪУЭТЫЖЫНУЩ»
4. Исаия 40:26 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
4 Къеджэ Исаия 40:26a. Вселеннэм ит вагъуэхэр апхуэдизкІэ куэд мэхъури зыми яхуэбжынукъым. ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, ди галактикэ Шыхулъагъуэ (Млечный Путь) закъуэм вагъуэу миллиард 400 хуэдиз итщ. Ауэ Иеговэ дэтхэнэ зы вагъуэми цІэ иритащ. Сытым абы дыхуигъасэрэ? Фэ Алыхьым залымыгъэкІэ фыхуэлажьэкъым, атІэ лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ фыхуэлажьэу аращ. НтІэ, Иеговэ псэ зыІумыт вагъуэхэм апхуэдиз гулъытэ щахуищІкІэ, фи нэгу къыщІэвгъэхьэт ар фэ къызэрыфхущытыр! (Пс. 19:1, 3, 14). Дэ ттеухуауэ ди Адэ лъапІэм псори ещІэ. Маттэ 10:30 щыжыІащ: «Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ». Абы нэмыщІ 2 Тимофей 2:19 итщ: «Зиусхьэным езым и цІыхухэр ещІэ». Абы ди фІэщ ещІ Иеговэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр зэрищІэр икІи абыхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ къару къызэрыдитыфынур.
Иеговэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ къару къыдитыфынущ
5. Сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр Иеговэ къару къызэрытхилъхьэфынум?
5 Иеговэ — къаруушхуэ къызыбгъэдэкІ Алыхьщ (Ис. 40:28). Псалъэм папщІэ, фегупсысыт Дыгъэм дапхуэдиз энергие къыхэкІми. Наукэм теухуа тхылъхэр зытх Дэ́вид Бода́нис итхат, миллиард бжыгъэ хъу атомнэ бомбэхэр къыщыуэм деж энергие къыхэкІым хуэдиз зы секундым Дыгъэм къыхэкІыу. НэгъуэщІ зы къэхутакІуэ гуэрым зэрыжиІэмкІэ, «зы секундым дыгъэм къыхэкІ энергиер цІыхухэм илъэс 200 000-кІэ ярикъунут»! Шэч хэмылъу, Дыгъэм апхуэдиз къару хэзылъхьам дэри ди сыт хуэдэ гугъуехьми дызэрыпэлъэщын къару къытхилъхьэфынущ.
6. Сыт Хьисэ и бжьыр тыншу жыпІэ щІэхъунур? Ар зэрыфщІэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ?
6 Къеджэ Исаия 40:29b. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм дэ насыпыфІэ дещІ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм захуигъазэри яжриІащ: «Си бжьыр зытефлъхьэ... псэмкІэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итІанэ; си бжьыр шэчыгъуафІэщ, си хьэлъэри уэндэгъукъыми» (Мт. 11:28—30). ИкІи ар пэжщ! ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ е зэІущІэхэм дыщыкІуэкІэ иныкъуэхэм деж дэ къарууншэу дыщыщыт къохъу. Ауэ дапхуэдэу дэ унэм дыкъызэрыкІуэжыр? Гупсэхугъуэ дгъуэтыжауэ, ди гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщын къару къытхыхьэжауэ. Пэж дыдэу, Хьисэ и бжьыр тыншщ!
7. Маттэ 11:28—30 ит Хьисэ и псалъэхэр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ жыфІэж.
7 Ди зы шыпхъу гуэрым «синдром хронической усталости» узымрэ депрессиемрэ иІэщ икІи абы щІэх-щІэхыурэ и щхьэр мэуз. ГурыІуэгъуэщ, иныкъуэхэм деж зэІущІэхэм кІуэну абы Іейуэ къыщІытехьэлъэр. Ауэ абы къару ирихьэлІэу зэІущІэм кІуа иужь мыпхуэдэу итхыжащ: «Къуэшым жиІа псалъэр гукъыдэж зимыІэжхэм хуэгъэзат. Ар апхуэдизкІэ гуапэу икІи гущІэгъу хэлъу псалъэти, си нэпсхэр схуэІыгъакъым. Сэ иджыри зэ къызгурыІуэжащ ди зэІущІэхэм сызэрыхуэныкъуэр». Ар хуабжьу щыгуфІыкІыжащ къару ирихьэлІэу зэІущІэм зэрыкІуам!
8, 9. «ЛъэкІыныгъэ симыІэ щыхъукІэ, лъэкІыныгъэ нэхъ согъуэт» Паул и псалъэхэм сыт къикІыр?
8 Къеджэ Исаия 40:30c. Дэ псоми къыдгурыІуэн хуейщ: сыт хуэдэ зэфІэкІ димыІэми псори тхузэфІэкІынукъым, ди къарум гъунэ иІэщ. Апостол Паули зыхищІащ зэфІэкІышхуэхэр иІэу щытми, зыхуей псор зэрыхуэмыщІэнур. Абы и гурыщІэхэр Алыхьым щыхуиІуэтам, Иеговэ жэуап къритыжащ: «Уэ лъэкІыныгъэ уимыІэ щыхъукІэ, си лъэкІыныгъэшхуэр нэхъ къолъагъуэ». Паул фІы дыдэу къыгурыІуащ Иеговэ абы къыжриІа псалъэхэр, аращ абы щІыжиІар: «ЛъэкІыныгъэ симыІэ щыхъукІэ, лъэкІыныгъэ нэхъ согъуэт» (2 Кор. 12:7—10). Сыт а псалъэхэм къикІыр?
9 Паул къыгурыІуэт езым и къарукІэ куэд зэрыхузэфІэмыкІынур. Нэхъыбэ ищІэн щхьэкІэ абы лъэкІыныгъэ зиІэ гуэр къыдэІэпыкъун хуейт. Паул къарууншэ щыхъум, Алыхьым и къару лъапІэм къару къыхилъхьэжт. Абы и фІыгъэкІэ Паул езым зэи хузэфІэмыкІыну Іуэхугъуэхэр илэжьыну хузэфІэкІт. Дэр щхьэкІи апхуэдэу жыпІэ хъунущ. Иеговэ и къару лъапІэр къыдита иужьщ дэ нэгъэсауэ къару дыщиІэр!
10. Иеговэ дапхуэдэу Даут дэІэпыкъуу щыта и гугъуехьхэм пэлъэщын щхьэкІэ?
10 Даут мызэ-мытІэу зыхищІащ Алыхьым и къару лъапІэм лъэкІыныгъэшхуэ къызэрыритар. Абы итхащ: «Уэ узигъусэмэ хъунщІакІуэ гупым сапэувыфынущ, си Алыхьым и гъусэу блыным сыдэпщеифынущ» (Пс. 18:29). Зэи узыдэмыпщеифыну блын лъагэм хуэдэу, ди гугъуехьхэр иныкъуэхэм деж апхуэдизкІэ инщи, ди къарукІэ абыхэм дыпэлъэщыфкъым. Дэ Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум дыхуэныкъуэщ.
11. Алыхьым и къару лъапІэр гугъуехьхэм дыпэлъэщыну дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
11 Къеджэ Исаия 40:31d. Бгъэхэр я дамэхэмкІэ уафэм щыхуарзэурэ жыжьэ мэлъэтэф. Ауэ абыхэм ар я къару закъуэкІэ яхузэфІэкІкъым. Бгъэхэм жьы хуабэ дэкІуейр къадоІэпыкъу лъагэу заІэтыну. Апхуэдэу зэращІым и фІыгъэкІэ абыхэм къару куэд ягъэкІуэдкъым. Аращи, фэри гугъуехь гуэр фыщыпэщІэхуэкІэ бгъэхэр фигу къэвгъэкІыж. Иеговэ фелъэІу и къару лъапІэмкІэ къару нэхъыбэ къывитыну (Ин. 14:26). Дэ Иеговэ и къару лъапІэр къыдитыну сыт хуэдэ зэманми зыхуэдгъэзэну Іэмал диІэщ, ар жэщуи махуэуи щрет. Псом хуэмыдэу дэ Иеговэ къыддэІэпыкъуну дыхуэныкъуэщ зэхуэсым щыщ гуэрымрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыщыдыхьэм деж. Ауэ сыт зэгурымыІуэныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуфынур?
12, 13. 1) Иныкъуэхэм деж Алыхьым и лэжьакІуэхэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ сыт къыщІыдыхьэр? 2) Исуф къыщыщІам Иеговэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр?
12 Дэ псоми гуэныхь тхэлъщи, ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьэнкІэ хъунущ. Иныкъуэхэм деж ди къуэш, ди шыпхъухэм я псалъэхэм е я щытыкІэм дыщызэгуигъэп щыІэщ, дэри апхуэдэу нэгъуэщІхэр зэгуэдгъэпынкІэ хъунущ. Ар гъэунэхуапІэ гугъуу щытынкІэ хъунущ. Ауэ абы Алыхьым дызэрыхуэпэжыр къэдгъэлъэгъуэну Іэмал къыдет. Дапхуэдэу? Ди къуэш ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурыІуэныгъэ дэлъыну зыдогъасэ. Ныкъусаныгъэ зэрахэлъым емылъытауэ Иеговэ ахэр фІыуэ елъагъу.
Иеговэ Исуф къигъэнакъым, фэри абы фыкъигъэнэнукъым! (13-нэ абзацым феплъ.)
13 Исуф и щапхъэм къегъэлъагъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр зыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэр зэращхьэщимыхыр. Ар иджыри ныбжьыщІэу щыщытам и къуэшхэм ящэри, зыраща цІыхухэм Исуф ягъэпщылІыну Мысырым яшащ (ЩІэдз. 37:28). Иеговэ, дауикІ, и ныбжьэгъу пэж Исуф гущІэгъуншэу иращІа псор щилъэгъуам хуабжьу и жагъуэ хъуат. Ауэ итІанэми Алыхьыр а Іуэхум хэІэбакъым. ИужькІи Потифар и щхьэгъусэм лей ирихыну иужь итауэ Исуф пцІы тралъхьэу тутнакъым щрадзам щыгъуи, а Іуэхум Иеговэ хэІэбакъым. Алыхьым Исуф къигъэнауэ жыпІэ хъунут? Хьэуэ. Библием жеІэ: «Зиусхьэныр Исуф и гъусэти, абы сыт илэжьми, псори къригъэхъулІэрт» (ЩІэдз. 39:21—23).
14. Губжьыр зэрызытедмыгъакІуэр сыт хуэдэ лъэныкъуэхэмкІэ сэбэп хъурэ?
14 Иджыри Даут и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы лей куэд къытрагъэхьащ. Апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа цІыху куэд щыІэ хъункъым. Ауэ Иеговэрэ абырэ зэхущытыкІэфІ я зэхуаку дэлът икІи абы гужьгъэжьым и гум лъабжьэ щригъэщІакъым. Абы итхыжащ: «Къэгъанэ губжьыр икІи укъызэщІэмыплъэ, узэгуэмып Іей умыщІэн щхьэкІэ» (Пс. 37:8). Дэ дымыгубжьыну щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу диІэр — Иеговэ щапхъэ тетхыну дызэрыхуейращ, абы «ди гуэныхьхэр тхуегъэгъу икІи ди мыхъумыщІагъэхэм къыпэкІуэр дигъэпшыныжкъым» (Пс. 103:10). ДыщІэмыгубжьын хуейм нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри иІэщ. Губжьым узыншагъэр зэтрекъутэ, псалъэм папщІэ давлениер дригъэкІуеинкІэ хъунущ, абы нэмыщІ дызэрыбауэ органхэм, тхьэмщІыгъум, лъатэм зэран хуэхъуфынущ. Уегупсысауэ унафэ тэмэм пщІыну губжьыр зэран къыпхуохъу. Губжьым къыхэкІыу зыгуэрым и жагъуэ тщІымэ, иужькІэ дэ а Іуэхугъуэр ди гум иджыри куэдрэ хьэлъэу илъынкІэ хъунущ. Абы нэхърэ нэхъыфІщ зышыІэныгъэ зыхэбгъэлъым. Библием итщ: «Гу зэпІэзэрытыр Іэпкълъэпкъым и хущхъуэгъуэщ» (Прит. 14:30, Гъэсэпэтхыдэхэр). Сыт-тІэ пщІэ хъунур уи жагъуэ ящІамэ? Сыт къыддэІэпыкъунур ди жагъуэ зыщІам декІужыну? АбыкІэ псом нэхърэ нэхъыфІ чэнджэщхэр къыщыдгъуэтынур Библиеращ.
ЗЭХУЭСЫМ ЩЫЩ ГУЭРЫМ ДИ ЖАГЪУЭ ИЩІАМЭ
15, 16. Зэхуэсым щыщ гуэрым уи жагъуэ ищІамэ, сыт пщІэ хъунур?
15 Къеджэ Ефес 4:26. Дэ дгъэщІагъуэкъым Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэр Іейуэ къыщытхущытым деж. Ауэ ди благъэм е зэхуэсым щыщ гуэрым псалъэкІэ е ІуэхукІэ ди жагъуэ ищІмэ, ар ди гум Іейуэ къеуэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, къэхъуа Іуэхугъуэр куэдрэ ди щхьэм тхуимыгъэкІмэ сыт тщІэнур? Гужьгъэжь тщІыуэ, ар илъэс бжыгъэкІэ ди гум идгъэлъыну пІэрэ, хьэмэрэ Библием ит чэнджэщхэр къэдгъэсэбэпу къэхъуар зэрызэхэдгъэкІыным иужь дитыну? ЦІыхум демыкІужу зэман куэд дэдгъэкІмэ, иужькІэ нэхъ гугъу хъунущ мамырыгъэр зытедгъэувэжыну.
16 Псалъэм папщІэ, зэхуэсым щыщ ди къуэшым уи жагъуэ ищІауэ ар уи щхьэм пхуимыгъэкІмэ, сыт пщІэ хъунур мамырыгъэ фи зэхуаку дэлъын щхьэкІэ? Япэрауэ, Иеговэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуэгъази, узыгъэгузавэр жеІэ. Уи жагъуэ зыщІам тэмэму уепсэлъэн щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Зыщомыгъэгъупщэ — ар Иеговэ и ныбжьэгъущ (Пс. 25:14). Алыхьым ар фІыуэ елъагъу. Иеговэ и ныбжьэгъухэм щабэу, гуапэу хущытщ икІи ар хуейщ дэри апхуэдэу дахущытыну (Прит. 15:23, Гъэс.; Мт. 7:12; Кол. 4:6). ЕтІуанэрауэ, жыпІэным егупсыс. Уимыгугъэ къуэшым езыр хуейуэ уи жагъуэ ищІауэ. Къэхъуар уэ тэмэму къыбгурымыІуауэ къыщІэкІынкІэ хъунущ. Уэри къэхъуам уи къуаншагъэ хэлъынкІэ зэрыхъунур зыщомыгъэгъупщэ. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэу щІэбдзэ хъунущ: «СщІэкъым си гум псори занщІэу езгъэжалІэми, ауэ дыгъуасэ дыщызэпсэлъам къысщыхъуащ...» Уи къуэшым занщІэу уемыкІужыфамэ, уи Іэр йомыхьэх. Иеговэ елъэІу а къуэшым и нэфІ щыхуэну. Абы и хьэл-щэныфІхэм гу лъыптэн щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуну узэрыхуейр уи лъэІум хэбгъэхьэ хъунущ. Шэч къытомыхьэ, Алыхьым и ныбжьэгъуу щыт уи къуэшым уи гум къыбгъэдэкІыу уекІужыну узэрыхуейм Иеговэ зэригъэгуфІэм.
ЯПЭМ ПЩІА ЩЫУАГЪЭМ ЩХЬЭКІЭ ИДЖЫРИ КЪЫЗДЭСЫМ ЗЫБГЪЭКЪУЭНШЭЖМЭ
17. Гуэныхь хьэлъэ зыщІам Иеговэ дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур икІи ар зыдэбгъэІэпыкъуным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
17 Языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэ гуэныхьышхуэ зыщІахэм ягугъэщ Иеговэ хуэлэжьэну хуэмыфащэу. Апхуэдэу цІыхум зигъэкъуэншэжу щытмэ, абы и гуфІэгъуэри, и къарури и гум илъ гупсэхугъуэри фІэкІуэдынущ. Даути апхуэдэ гурыщІэхэр иІэу итхащ: «Зыри щыжызмыІэм махуэ къэс си щэІум си къупщхьэхэр игъэгъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ жэщми махуэми уи Іэр къыстехьэлъэт». Ауэ Даут лІыгъэ хурикъуащ Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу ищІыну. Абы адэкІэ итхащ: «Ауэ сэ си гуэныхьыр пхуэсІуэтащ... [...] Уэ гуэныхь сщІам щхьэкІэ къуаншагъэ сиІэхэр сщхьэщыпхащ» (Пс. 32:3—5). Гуэныхьышхуэ пщІауэ щытмэ, зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ сыт щыгъуи хьэзырщ уи гуэныхьыр къыпхуигъэгъуну икІи ар хуейщ къыбдэІэпыкъуну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Иеговэ дэІэпыкъуэгъуу къыуетри, ахэр зыдэгъэІэпыкъу (Прит. 24:16, Гъэс.; Екъуб 5:13—15). КІыхьлІыхь зыпщІ хъунукъым, абы уи гъащІэр елъытащ! Ауэ Иеговэ уи гуэныхьыр къыпхуигъэгъуа иужьи зыбгъэкъуэншэжмэ сыт пщІэ хъунур?
18. Дауэ Паул и щапхъэр Иеговэ хуэлэжьэну хуэмыфащэу зыбжхэм зэрыдэІэпыкъуфынур?
18 Иныкъуэхэм деж Паул япэм щыуагъэ ищІауэ щытахэм Іейуэ иригузавэт. Абы итхащ: «Апостолхэм ящыщу нэхъ цІыкІур сэращ, апостол къызжаІэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкІыу щытащ». Ауэ адэкІэ абы пищащ: «Ауэ Тхьэм и нэфІ къызэрысщыхуам къыхэкІкІэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ» (1 Кор. 15:9, 10). Иеговэ къыгурыІуэт Паул цІыху гуэныхьыщІэу зэрыщытыр. Ауэ, абы емылъытауэ, Иеговэ Паул апостолу щытыну хуэфащэу ибжт икІи езыми ар къыгурыІуэну хуейт. Уи гуэныхьхэм уи гум къыбгъэдэкІыу ухущІегъуэжамэ, ахэр Иеговэ хуэпІуэтэжамэ е зэхуэсым и нэхъыжьхэм, хуей хъууэ щытмэ, яжепІэжамэ, шэч къытомыхьэ Иеговэ гущІэгъу зэрыхэлъым. Быдэу уи фІэщ щІы Иеговэ къызэрыпхуигъэгъуар! (Ис. 55:6, 7).
19. 2018 гъэм и пычыгъуэ нэхъыщхьэр сыт хуэдэ икІи сыт абы дыщІыхуэныкъуэр?
19 КІуэтэхукІэ мы дуней Іейм и кІэм гъунэгъу дыхуохъури, дэ къыдгуроІуэ ди гъащІэр нэхъ гугъу зэрыхъунур. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ: Алыхьым «ешам къару ирет, къару зимыІэжыр быдэ ещІ», аращи абы дэри къару къыдитыфынущ (Ис. 40:29; Пс. 55:22; 68:19). Дэ 2018 гъэм дыщызэхуэс Унэхэм дыкъыщекІуалІэкІэ, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуныр дигу къэкІыжынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы илъэсым хухэха пычыгъуэр абы щытлъэгъунущ: «Иеговэ щыгугъхэм къару ягъуэтыжынущ» (Ис. 40:31).
a Исаия 40:26: «Фи нэр фІэти фыдэплъей. Хэт мы псор къэзыгъэщІар? Ар — дзэшхуэм хуэдэ вагъуэхэм я бжыгъэр ищІэу къыщІэзышыращ икІи абыхэм псоми я цІэмкІэ еджэращ. Алыхьым, гъунэ зимыІэ и лъэщагъымрэ и къаруушхуэмрэ и фІыгъэкІэ ахэр псори я пІэ итщ».
b Исаия 40:29: «Абы ешам къару ирет, къару зимыІэжыр быдэ ещІ».
c Исаия 40:30: «НыбжьыщІэхэр ешынурэ къару ямыІэжу хъунущ, щІалэхэр лъэпэрэпэнурэ джэлэнущ».
d Исаия 40:31: «Ауэ Иеговэ щыгугъхэм къару ягъуэтыжынущ. Ахэр бгъэм и дамэр ятетым хуэдэу, лъагэу дэлъэтеинущ, жэнурэ — ешынукъым, кІуэнурэ — я къарур иухынукъым».