ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Январь н. 20—25
  • Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щІэдгъэлъапІэр сыт?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щІэдгъэлъапІэр сыт?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УАФЭМ КІУЭНУ ГУГЪЭ ЗИІЭХЭР КЪЫЩІЕКІУАЛІЭР СЫТ?
  • «НЭГЪУЭЩІ МЭЛХЭР» КЪЫЩІЕКІУАЛІЭР СЫТ?
  • ДЭ ПСОРИ ДЫКЪЫЩІЕКІУАЛІЭР СЫТ?
  • ЗИУСХЬЭНЫМ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ ДЫЗЭРЫКІУЭМ СЫТ ХУЭДЭ ФІЫГЪУЭХЭР КЪЫТХУИХЬРЭ?
  • КуэдыкІей хъу нэгъуэщІ мэлхэм Алыхьымрэ Хьисэрэ ягъэлъапІэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ, къару зэретхьэлІэр Иеговэ лъапІэу елъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъапІэм зэкъуэт дызэрищІыр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Илъэсым къриубыдэу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэм ухуэхьэзыр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Январь н. 20—25

4 СТАТЬЯР

Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щІэдгъэлъапІэр сыт?

«Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ» (ЛК. 22:19, ДЩІ).

20-НЭ УЭРЭДЫР Уи къуэ щІасэр дэр щхьэкІэ птащ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) Ди лІахэр псом хуэмыдэу дигу къыщыкІыжыр дапщэщ? 2) Хьисэ и иужьрей пщыхьэщхьэм сыт хуэдэ Іуэхугъуэ триухуар?

ФІЫУЭ тлъагъу цІыхур лІэныгъэм тІэщІихауэ щытмэ, дапхуэдиз зэман дэмыкІами, дэ ар тщыгъупщэкъым. Ауэ а цІыхур псом хуэмыдэу дигу къыщыкІыжыр ар щылІа махуэр къыщысым дежщ.

2 Гъэ къэс дунейм тет мелуан бжыгъэ хъу ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу фІыуэ тлъагъу Хьисэ Мэссихь и Пщыхьэщхьэшхэр догъэлъапІэ (1 Пет. 1:8). Дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуфын щхьэкІэ абы и гъащІэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу итащ (Мт. 20:28). Хьисэ хуейт и гъуэгу ирикІуэхэм абы и лІэныгъэр ягу къагъэкІыжыну. Ар щаубыдыну жэщым хуэпэжу щыт и апостолхэр и гъусэу Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэ жыхуэтІэр триухуащ икІи мыпхуэдэ унафэ ищІащ: «Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ» (Лк. 22:19, ДЩІ).

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къекІуалІэ цІыхухэм ящыщ гуп мащІэм уафэм щыпсэуну гугъэ яІэщ. Абыхэм нэмыщІ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр а Іуэхугъуэм къокІуалІэ. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ гъэ къэс Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм а гупитІыр къыщІэкІуэм и щхьэусыгъуэхэр икІи а Іуэхугъуэм абыхэм сыт хуэдэ фІыгъуэ къахуихьми дытепсэлъыхьынущ. ЯпэщІыкІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІэкІуэм и щхьэусыгъуэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

УАФЭМ КІУЭНУ ГУГЪЭ ЗИІЭХЭР КЪЫЩІЕКІУАЛІЭР СЫТ?

4. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ щІызыІуалъхьэр сыт?

4 Гъэ къэс уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм хэтщ икІи щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэ. Абы и щхьэусыгъуэр къэтщІэн щхьэкІэ Хьисэ лІэн ипэ и иужьрей жэщым къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Хьисэрэ апостолхэмрэ ІутІыж махуэшхуэр ягъэлъэпІа иужь Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэ жыхуаІэм абы щІэдзапІэ иритащ. Хьисэ хуэпэжу щыт апостол пщыкІузым щІакхъуэмрэ шагъырымрэ яритри, ахэр зыІуалъхьэну яжриІащ. Абы нэмыщІ Хьисэ зэгурыІуэныгъэщІэмрэ Пащтыхьыгъуэм и зэгурыІуэныгъэмрэ теухуауэ абыхэм яжриІащb (Лк. 22:19, 20, 28—30). А зэгурыІуэныгъэхэм апостолхэмрэ бжыгъэ пыухыкІа хъу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ абы и гъусэу уафэм пащтыхьу икІи дин пашэу щытыну Іэмал ярет (Апок. 5:10; 14:1). Абы къыхэкІкІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щыщу щІылъэм къэна цІыхухэм — а зэгурыІуэныгъэхэм хэтхэм — Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэ.

5. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм сыт шэч къызытрамыхьэр?

5 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІэкІуэм иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ: абыхэм Іэмал яІэ мэхъу къалъысыну тыгъэм егупсысыну. Иеговэ 144 000-м щыщхэм гугъэ дахэ ярет — зэи мылІэжу уафэм щыпсэуну икІи ди пащтыхь Хьисэ Мэссихь дэлэжьэну. Абы нэмыщІ езы Иеговэ ялъэгъуну абыхэм Іэмал яІэнущ! (1 Кор. 15:51—53; 1 Ин. 3:2). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм Иеговэ апхуэдэ тыгъэкІэ къызэригъэгугъам шэч къытрахьэкъым, ауэ ар абыхэм къаІэрыхьэн щхьэкІэ лІэжыху Алыхьым хуэпэжу къэнэн хуейщ (2 Тим. 4:7, 8). Апхуэдэ гугъэ зиІэхэм а тыгъэм зэрегупсысым гуфІэгъуэшхуэ къахуехь (Тит 2:13). АдэкІэ «нэгъуэщІ мэлхэр» Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІекІуалІэм и щхьэусыгъуэм дытепсэлъыхьынщ (Ин. 10:16).

«НЭГЪУЭЩІ МЭЛХЭР» КЪЫЩІЕКІУАЛІЭР СЫТ?

6. «НэгъуэщІ мэлхэр» илъэс къэс Пщыхьэщхьэшхэм къыщІекІуалІэр сыт?

6 НэгъуэщІ мэлхэри Пщыхьэщхьэшхэм къокІуалІэ, ауэ абыхэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэкъым. 1938-нэ гъэм щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр япэ дыдэу Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къекІуэлІэну кърагъэблэгъащ. А гъэм, гъатхэпэ мазэм и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» (англ.) щыжыІат: «[НэгъуэщІ мэлхэр] апхуэдэ зэІущІэхэм къекІуэлІэну икІи ар зэрекІуэкІым кІэлъыплъыну тэмэмщ икІи хъарзынэщ... А Іуэхугъуэм зэрыхэтым абыхэм гуфІэгъуэшхуэ къахуихьын хуейщ». ХьэгъуэлІыгъуэм зэрыхэтым щхьэкІэ хьэщІэхэр хуабжьу мэгуфІэ, абы ещхьу «нэгъуэщІ мэлхэри» Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къызэрекІуалІэм гуфІэгъуэ хах.

7. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм щыжаІэну псалъэ гъэхьэзырам «нэгъуэщІ мэлхэр» щІыпэплъэр сыт?

7 «НэгъуэщІ мэлхэми» Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм щыхэтым деж къалъысыну тыгъэм нэхъ куууэ егупсысыну Іэмал яІэ мэхъу. Псалъэм папщІэ, а пщыхьэщхьэм Библием тегъэщІа псалъэ гъэхьэзыра щыжаІэ. И нэхъыбэм ар топсэлъыхь илъэс миным къриубыдэу Хьисэрэ 144 000-мрэ «нэгъуэщІ мэлхэм» хуащІэну фІыгъуэхэм. Илъэс къэс Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр къокІуалІэ. Абыхэм Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зэригъэзэщІэнур я нэгу къыщІагъэхьэну я гуапэщ, псалъэм папщІэ, Исайя 35:5, 6; 65:21—23 икІи Апокалипсис 21:3, 4 итыр. Дэ ди Іыхьлыхэр ди гъусэу ДунеищІэм дызэрыщыпсэур ди нэгу къыщыщІэдгъэхьэм деж къэкІуэну зэманым теухуауэ диІэ гугъэр нэхъ быдэ мэхъу икІи Иеговэ дыхуэлэжьэну диІэ гукъыдэжым хыдогъахъуэ (Мт. 24:13; Гал. 6:9).

8. «НэгъуэщІ мэлхэр» Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІекІуалІэм иджыри сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэ?

8 Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм «нэгъуэщІ мэлхэр» къыщІекІуалІэм иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ зы щхьэусыгъуэ иІэщ: апхуэдэу абыхэм къагъэлъагъуэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр фІыуэ зэралъагъумрэ ядэІэпыкъуну зэрыхуеймрэ. Алыхьым и псалъэм щыжыІащ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэмрэ я зэхуаку зэкъуэтыныгъэ зэрыдэлъынур. АдэкІэ абы теухуауэ щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

9. «НэгъуэщІ мэлхэр» уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм зэрахущытым теухуауэ Захария 8:23 сыт итыр?

9 Къеджэ Захария 8:23. Мы едзыгъуэр топсэлъыхь «нэгъуэщІ мэлхэр» уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм зэрахущытым. «Бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ псалъэ лъэпкъ псоми щыщ цІыхуипщІыр» — ар «нэгъуэщІ мэлхэращ». «Дэ фи гъусэу дынэкІуэнущ» жаІэу абыхэм «иудей цІыхум», нэгъуэщІу жыпІэмэ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм зыхуагъазэ (Рим 2:28, 29). Гу лъыфта а гупитІым я зэхуаку сыт хуэдэ зэхущытыкІэ дэлъми? Бегъымбарым жеІэ «цІыхуипщІым иудей цІыхум и щыгъын кІапэр зэраубыдынур», нэгъуэщІу жыпІэмэ, ахэр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм зэпымыууэ доІэпыкъу икІи абыхэм я гъусэу Иеговэ хуолажьэ. Пэжщ, «нэгъуэщІ мэлхэмрэ» уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэмрэ я зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъщ. Аращи, гъэщІэгъуэнкъым, «нэгъуэщІ мэлхэри» уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм я гъусэу Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къызэрекІуалІэр.

10. Иезекииль 37:15—19, 24, 25 едзыгъуэхэм ит къэхъун хуей псалъэхэр Иеговэ дапхуэдэу зэригъэзэщІар?

10 Къеджэ Иезекииль 37:15—19, 24, 25. Мы псалъэхэр дауэ гъэзэщІа зэрыхъуар? Иеговэ и фІыгъэкІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ «нэгъуэщІ мэлхэмрэ» зэкъуэту зэдолажьэ. Къэхъун хуей псалъэхэр башитІым топсэлъыхь. «Иудэм и башым» къигъэлъагъуэр уафэм пащтыхьу щыІэнухэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Израил пащтыхьхэр къызыхэкІыу щытар а лъэпкъыращ. «Ефрем и башым» щІылъэм гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэуну гугъэ зиІэхэр къегъэлъагъуэ. Иеговэ жеІэ: «Сэ а тІур зы баш сщІынущ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы а гупитІыр зы ищІынурэ ахэр пащтыхь Хьисэ Мэссихь и жыІэм щІэту Алыхьым зэкъуэту хуэлэжьэнущc. Аращ илъэс къэс уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ «нэгъуэщІ мэлхэмрэ» зэгъусэу, «зы мэлыхъуэ» зыщхьэщыт хъушэм хуэдэу, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІекІуалІэр (Ин. 10:16).

11. Хьисэ жиІа ущие хъыбарым зи гугъу ищІ мэлхэр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъур? (Маттэ 25:31—36, 40).

11 Къеджэ Маттэ 25:31—36, 40. Мы ущие хъыбарым зи гугъу ищІ мэлхэр — ар гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэращ. Ахэр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм я къалэныр ягъэзэщІэну доІэпыкъу. Дапхуэдэу? Абыхэм дуней псом хъыбарыфІыр щагъэІу икІи Хьисэ и гъэсэнхэр ягъэхьэзыр (Мт. 24:14; 28:19, 20).

12, 13. «НэгъуэщІ мэлхэр» Хьисэ и къуэшхэм дапхуэдэу иджыри зэрадэІэпыкъур?

12 Илъэс къэс Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу а мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэм цІыхухэр кърагъэблагъэу тхьэмахуэ зыбжанэкІэ дуней псом кампание йокІуэкІ. «НэгъуэщІ мэлхэм» я гуми я псэми къыбгъэдэкІыу а лэжьыгъэм зэрыхэтымкІэ къагъэлъагъуэ а лэжьыгъэр Хьисэ и къуэшхэм зэрыдаІыгъыр. («Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъэпІэну зэманым зыхуэвгъэхьэзырын щІэвдзауэ пІэрэ?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) И нэхъыбэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІ щІыпІэхэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыми зыІуилъхьэнукъым. Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, а Іуэхугъуэр дэтхэнэ зы зэхуэсми щекІуэкІын щхьэкІэ зыхуэныкъуэу хъуар «нэгъуэщІ мэлхэм» ягъэхьэзыр. Апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм я гум къыбгъэдэкІыу Хьисэ и къуэшхэм доІэпыкъу. Зиусхьэным и псалъэхэм «нэгъуэщІ мэлхэр» хуабжьу егъэгушхуэ: «Си къуэш я нэхъ цІыкІу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщІар сэ къысхуэфщІауэ мэхъу» (Мт. 25:37—40).

13 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІекІуэлІэн сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иджыри щыІэ?

Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъэпІэну зэманым зыхуэвгъэхьэзырын щІэвдзауэ пІэрэ?

ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ ИПЭ

  • Пщыхьэщхьэшхэм цІыхухэр къызэредгъэблагъэ кампанием нэхъыбэу узэрыхэтыным хущІэкъу. Абы къебгъэблэгъэну узыхуейхэр тхы.

  • Иеговэ лъэІукІэ зыхуэгъази, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну мазэм подсобнэ пионеру улэжьэфынрэ умылэжьэфынрэ егупсыс.

  • Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм, щхьэщэхуж къурмэныпхъэм, Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэм теухуауэ ди публикациехэм итым хэплъэж. Псалъэм папщІэ, уигу къэбгъэкІыж хъунущ «Приближайся к Иегове» жыхуиІэ тхылъым и 14, 23-нэ псалъащхьэхэм, абы нэмыщІ «Приходи и следуй за мной» жыхуиІэ тхылъым и 17-нэ псалъащхьэм итыр.

  • «Исследуем Писания каждый день» жыхуиІэ брошюрэм къыщыхьа графикым тету Библием еджэ. Хьисэ яукІын ипэ, щаукІа махуэм икІи ар лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь къэхъуа Іуэхугъуэхэм куууэ уегупсысын щхьэкІэ зэман къыдэгъэкІ.

ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭР ЩЕКІУЭКІЫНУ МАХУЭМ

  • Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къекІуэлІа хьэщІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІуным хэмытыж къуэш, шыпхъухэмрэ гуапэу къебгъэблэгъэн щхьэкІэ нэхъ жьыуэ къакІуэ.

  • Псалъэ гъэхьэзырам фІыуэ едаІуэ икІи ар жызыІэ къуэшым зэпкърих едзыгъуэхэм уи БиблиемкІэ кІэлъыплъ.

  • Программэр иуха иужь хьэщІэхэм щыщ гуэр нэхъ гъунэгъуу зэгъэцІыху икІи и упщІэхэм жэуап ет. Абы нэхъыбэ къищІэну хуейуэ щытмэ, иужькІэ ухуэзэну гурыІуэ е абы хуэзэн щхьэкІэ нэгъуэщІ зыгуэрым елъэІу.

ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ ИУЖЬ

Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэзыщІэну хуейхэм захуэгъазэ икІи «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр къэбгъэсэбэпу Библиер вджыну фызэгурыІуэ.

ДЭ ПСОРИ ДЫКЪЫЩІЕКІУАЛІЭР СЫТ?

14. Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэр ягъэлъэгъуэн щхьэкІэ сыт ящІар?

14 Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэм щхьэкІэ фІыщІэ яхудощІ. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд щыІэщ, ауэ абыхэм ящыщ зыр псоми къащхьэщокІ. Дэ гъащІэ мыухыж диІэ хъун щхьэкІэ Алыхьым нэхъ лъапІэ дыдэу иІэр итащ — фІыуэ илъагъу и Къуэм хьэзаб ирагъэшэчу яукІыну хуит ищІащ (Ин. 3:16). Езы Хьиси къытхуиІэ лъагъуныгъэшхуэр игъэлъэгъуащ дэр щхьэкІэ и гъащІэр хьэзыру зэритамкІэ (Ин. 15:13). Сыт дымыщІэми, Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІар дэ зэи тхуэпшыныжынукъым. Ауэ махуэ къэс етхьэкІ гъащІэмкІэ къэдгъэлъэгъуэфынущ абыхэм къытхуагъэлъэгъуа лъагъуныгъэр фІыщІэ зэрытщІыр (Кол. 3:15). Абы нэмыщІ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыкъызэрекІуалІэмкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуагъэлъэгъуа лъагъуныгъэр зэрытщымыгъупщар икІи дэри ахэр фІыуэ зэрытлъагъур.

15. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ «нэгъуэщІ мэлхэмрэ» къурмэныпхъэр фІыщІэ щІащІыр сыт?

15 Дэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ дощІ (Мт. 20:28). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щхьэщэхуж къурмэныпхъэм гугъэ дахэ къарет икІи абыхэм ар лъапІэу ялъытэ. Хьисэ Мэссихь и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр абыхэм я фІэщ зэрыхъум къыхэкІкІэ Иеговэ ахэр цІыху пэжу икІи и быну къелъытэ (Рим 5:1; 8:15—17, 23). «НэгъуэщІ мэлхэми» щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ ящІ. А къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ абыхэм Іэмал яІэ мэхъу Алыхьым и ныбжьэгъу хъуну, абы хуэлэжьэну икІи «гузэвэгъуэшхуэм» къелыну (Апок. 7:13—15). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэми «нэгъуэщІ мэлхэми» илъэс къэс Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къызэрекІуалІэмкІэ а къурмэныпхъэр фІыщІэ зэращІыр къагъэлъагъуэфынущ.

16. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм сыт дэ иджыри дыкъыщІекІуалІэр?

16 Иджыри Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыкъыщІекІуалІэм и зы щхьэусыгъуэр ар Хьисэ дедэІуэну дызэрыхуейращ. Хьисэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щригъэжьам щыгъуэ мыпхуэдэу жиІащ: «Фигу сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ» мыпхуэдэу фщІэ (1 Кор. 11:23, 24). Дэ дыщыпсэуну диІэ гугъэм емылъытауэ, ар уафэрами щІылъэрами, Хьисэ къигъэна унафэр дэтхэнэ зыми къытхуэгъэзауэ къыдолъытэ.

ЗИУСХЬЭНЫМ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ ДЫЗЭРЫКІУЭМ СЫТ ХУЭДЭ ФІЫГЪУЭХЭР КЪЫТХУИХЬРЭ?

17. Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

17 Дэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуохъу (Екъуб 4:8). КъызэрытщІащи, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм и фІыгъэкІэ дэ Іэмал диІэ мэхъу Иеговэ къыдита гугъэмрэ къытхуигъэлъэгъуа лъагъуныгъэшхуэмрэ нэхъ куууэ дегупсысыну (Иер. 29:11; 1 Ин. 4:8—10). Иеговэ къыдита гугъэ быдэмрэ пэжагъ зыхэлъ и лъагъуныгъэмрэ дыщегупсысым деж абы худиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ икІи ди зэхущытыкІэр нэхъ быдэ мэхъу (Рим 8:38, 39).

18. Хьисэ и щапхъэм дызэрегупсысым сытым дыхуигъэушрэ?

18 Хьисэ щапхъэ тетхыну дыхуегъэуш (1 Пет. 2:21). Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу Библием дыщеджэм деж дэ Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ и иужьрей махуэхэм, ар зэраукІам икІи лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам куууэ догупсыс. ИужькІэ Библием тегъэщІа псалъэ гъэхьэзырам дыщедаІуэм деж Хьисэ фІыуэ дызэрилъагъур иджыри зэ дигу къыдогъэкІыж (Еф. 5:2; 1 Ин. 3:16). Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дызэрекІуалІэм дыхуегъэуш «Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу» дыпсэуну (1 Ин. 2:6).

19. Иеговэ и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

19 Алыхьым и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэну дыхуегъэуш (Иудэ 20, 21). Иеговэ и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэн щхьэкІэ дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ абы дедэІуэн, и цІэр дгъэлъэпІэн икІи и гур дгъэгуфІэн щхьэкІэ (Прит. 27:11; Мт. 6:9; 1 Ин. 5:3). Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дызэрыхэтым и фІыгъэкІэ дэ къару диІэ мэхъу Иеговэ и лъагъуныгъэм дыщІэтыну дызэрыхуейр махуэ къэс къэдгъэлъэгъуэну.

20. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыхэтын щхьэкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэшхуэ зиІэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?

20 Дэ псоми, дыщыпсэуну диІэ гугъэм емылъытауэ, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыкъекІуэлІэну мыхьэнэшхуэ зиІэ щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Илъэс къэс а пщыхьэщхьэм дэ дызэхуос Хьисэ и лІэныгъэр зэгъусэу дигу къэдгъэкІыжын щхьэкІэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр — ар Иеговэ къытхуигъэлъэгъуа лъагъуныгъэмрэ абы и Къуэ щІасэр къурмэныпхъэу зэритамрэ дигу къэдгъэкІыжыныращ. 2022-нэ гъэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ дэ мэлыжьыхьым и 15-нэм, мэрем пщыхьэщхьэм дызэхуэсынущ. Дэ Иеговэрэ абы и Къуэмрэ фІыуэ долъагъу. Аращи, а махуэм ди Іуэхухэр едгъэтІылъэкІынщ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІекІуалІэр сыт?

  • «НэгъуэщІ мэлхэр» Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщІекІуалІэр сыт?

  • Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дызэрыкІуэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьрэ?

16-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къыхиха Мэссихьыр вгъэлъапІэ

a Дэ псори дыщыпсэуну диІэ гугъэм емылъытауэ — уафэрами щІылъэрами — Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр къыщысыну зэманым гъэ къэс дыпоплъэ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ а махуэр щІэдгъэлъапІэм теухуауэ Библием ит мыхьэнэшхуэ зиІэ щхьэусыгъуэ зыбжанэ икІи абы сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьми къэтщІэнущ.

b 2014-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 15-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 15—17-нэ напэкІуэцІхэм ит «Вы станете „царством священников“» жыхуиІэ статьям зэгурыІуэныгъэщІэмрэ Пащтыхьыгъуэм и зэгурыІуэныгъэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.

c Иезекииль 37-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ башитІым теухуауэ «Чистое поклонение Иегове восстановлено!» жыхуиІэ тхылъым и 130—135 напэкІуэцІхэм, 3—17 абзацхэм нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын