Мы брошюрэм итыр
МАЗАЕМ И 26 — ГЪАТХЭПЭ МАЗЭМ И 4
Иныкъуэхэм деж гъащІэм дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм къару димыІэжу ди лъэр щІагъэхункІэ хъунущ. Мы статьяр 2018 гъэм и пычыгъуэ нэхъыщхьэм топсэлъыхь. Мыбы дэ къыщытщІэнущ Иеговэ къыддэІэпыкъуну дыщІыхуэныкъуэр икІи абы дызэригъэбыдэр.
ГЪАТХЭПЭ МАЗЭМ И 5—11
9 Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъапІэм зэкъуэт дызэрищІыр
Илъэс къэс екІуэкІ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр 2018 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 31-м, щэбэт махуэм щыІэнущ. А Іуэхугъуэм иджыпсту щыщІэдзауэ дауэ зыхуэдгъэхьэзыр хъуну? Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ущыІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Дуней псом тет Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэкъуэтыныгъэр а Іуэхугъуэм дауэ нэхъ быдэ ищІрэ? Мы упщІэхэм я жэуапхэр мы статьям къыщывгъуэтынущ.
ГЪАТХЭПЭ МАЗЭМ И 12—18
15 Псори зи ІэмыщІэ илъ Алыхьым дэ зыгуэр еттын хуейуэ пІэрэ?
Дэ диІэ псор къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ. Ауэ ар дэ къытщогугъ и организацэм нобэ иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр ди мылъкумкІэ дэтІыгъыну. Мы статьяр топсэлъыхь дэ сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьми, ди тыгъэхэмкІэ Иеговэ щІыхь зэрыхуэтщІым.
ГЪАТХЭПЭ МАЗЭМ И 19—25
21 Насып пэж къыпхуэзыхь лъагъуныгъэ
ГЪАТХЭПЭ МАЗЭМ И 26 — МЭЛЫЖЬЫХЬЫМ И 1
27 Алыхьым хуэлажьэхэмрэ хуэмылажьэхэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?
Япэ статьяр топсэлъыхь «иужьрей махуэхэм» мы дунейм зыщызыубгъуа щхьэхуещагъэ зыхэлъ лъагъуныгъэм елъытауэ, Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм нэгъэсауэ насыпыфІэ дызэрищІым (2 Тим. 3:1). ЕтІуанэ статьям къыдгурегъаІуэ Алыхьым хуэлажьэхэмрэ хуэмылажьэхэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр.