«ЦІыху Іэдэбхэм щІыр щІэину ялъысынущ»
ЦІыху бзаджэхэмрэ гущІэгъуншэхэмрэ лажьэ зимыІэхэм лей къытрагъэхьэу уэ зэхэпхауэ къыщІэкІынщ. Бзаджагъэрэ лей зехьэнрэ щыщымыІэжыну зэман тлъэгъуну пІэрэ?
Библием щыщ Псалом тхылъыр, 37 псалъащхьэр абы топсэлъыхь. Абы иджыри щыжыІащ сыт тщІэ хъунуми лей къыщыттехьэм деж. 37-нэ Псаломым щыщ едзыгъуэхэм мы упщІэхэм ират жэуапхэм къеджэ:
Дауэ дазэрыхущытын хуейр лей къыттезыгъэхьэхэм? (1, 2-нэ едзыгъуэхэр).
ЦІыху бзаджэхэм сыт къащыщІынур? (10-нэ едзыгъуэр).
ФІы зыщІэхэм сыт хуэдэ гъащІэ къапэщылъыр? (11, 29-нэ едзыгъуэхэр).
Сыт нобэ дэ тщІэн хуейр? (34-нэ едзыгъуэр).
37-нэ Псаломым ит псалъэхэм дыкъагъэгугъэ, дэ Иеговэ дыщыгугъмэ икІи и гъуэгум дытетмэ, гъащІэ дахэ къытлъысыну. Иеговэ и Щыхьэтхэр я гуапэу Библием итыр фІыуэ къыбгурыІуэнымкІэ къыбдэІэпыкъунущ. Абы и фІыгъэкІэ гъащІэ дахэр уэрэ уи унагъуэмрэ къыфлъысын папщІэ фщІэн хуейр уэ къэпщІэнущ.