ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp21 № 3 н. 15
  • Уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ПЛЪАГЪУНЫМ ИКІИ АБЫ И ЖЫІЭМ УЩІЭТЫНЫМ СЫТ ХЫХЬЭР?
  • Уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Уэ Алыхьым гъунэгъу ухуэхъуфынущ
    ХъумакІуэ чэщанэм Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр егъэІу (ягуэш журналыр) 2019
  • «ЦІыху Іэдэбхэм щІыр щІэину ялъысынущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Пэублэ псалъэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
wp21 № 3 н. 15
Кафем щІэс цІыхухъум и смартфонымкІэ къыбгъэдэс и ныбжьэгъум зыгуэр ирегъэлъагъу.

Уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ

Илъэс 3 500 хуэдиз ипэ Алыхь Иеговэ и лэжьакІуэхэм яжриІат сыт абыхэм ящІэн хуейми гъащІэ насыпыфІэ яІэн щхьэкІэ: «ГъащІэмрэ ажалымрэ, нэфІымрэ нэлатымрэ фыхызогъадэ. Къыхэфх гъащІэр, фи щІэблэмрэ фэрэ фыпсэун щхьэкІэ» (Второзаконие 30:19).

Мы псалъэхэр зыхуэгъэзауэ щыта цІыхухэм я гъащІэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, абыхэм унафэ пэж къащтэн хуейт. Дэри нобэ апхуэдэущ ди Іуэхур зэрыщытыр. Библием зэрыжиІэмкІэ, гъащІэ насыпыфІэм и ІункІыбзэр мыращ: «Фи Алыхь Иеговэ фІыуэ флъагъу, абы и жыІэм фыщІэт» (Второзаконие 30:20).

ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ПЛЪАГЪУНЫМ ИКІИ АБЫ И ЖЫІЭМ УЩІЭТЫНЫМ СЫТ ХЫХЬЭР?

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ. Иеговэ теухуауэ Библием зыхуригъаджэр къапщІэмэ, уэ ар фІыуэ плъагъуу ухъунущ. Уэ къыбгурыІуэнущ Алыхьым лъагъуныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъыр икІи абы уифІ къызэрилъыхъуэр. «Абы и нэІэ къы[т]тригъэтщи», лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну дыхуегъэуш (1 Петр 5:7). Библием зэрыжиІэмкІэ, уэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэпщІын щхьэкІэ къару епхьэлІэмэ, «езыми гъунэгъу зыкъы[п]хуищІынущ» (Екъуб 4:8).

КЪЭПЩІАР УИ ГЪАЩІЭМ КЪЫЩЫГЪЭСЭБЭП. Алыхьым и жыІэм ущІэтыным хохьэ Библием зыхуригъаджэм утетыныр. А тхылъым ит чэнджэщ Іущхэр зыгъэзащІэм теухуауэ мыпхуэдэу жыпІэ хъунущ: «Уэ гъуэгу узытетым ехъулІэныгъэ ущиІэнущ икІи Іущагъ пхэлъу ущытынущ» (Иисус Навин 1:8).

jw.org сайтым нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ. Абы Библием онлайну ущеджэ хъунущ, абы нэмыщІ Библиер зэрадж курсыр къыщыбгъуэтынущa е Библием урагъэджэну заявкэ къыщыбгъанэ хъунущ.

Унафэ пэж къащтэ: гъащІэ насыпыфІэм ухуэзышэ гъуэгур уигъэлъэгъуну Библиер хуит щІы!

a Бзэуэ блыкІэ щыІэщ, Китайм я бзэхэри абы хэту (путунхуа, кантонский диалект).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын