18-НЭ УРОКЫР
КупщІэ зыхэлъ псалъэ
1 Коринф 9:19—23
ПЩІЭН ХУЕЙР: КъодаІуэхэр гупсысэну хуэгъэуш. Абыхэм мыхьэнэ зиІэ гуэр къащІауэ зыхащІэн хуейщ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Узытепсэлъыхьынум теухуауэ къодэІуэнухэр зыщыгъуазэм егупсыс. КъодэІуэнухэм зыхащІыкІым утепсэлъыхьыным и пІэкІэ, ахэр а темэм нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ еплъыну ядэІэпыкъу.
Нэхъыбэ къызэрыпщІэным хущІэкъу икІи къэпщІам егупсыс. КъодэІуэнухэм нэхъ ямыцІыху фактхэмкІэ е нэхъ зэхамыха къэхъукъащІэхэмкІэ гупсысэ нэхъыщхьэхэр зэрыхъукІэ къыхэгъэщ. Материалымрэ къыхэпха фактхэмрэ зэрызэпыпщІэ хъунум егупсыс.
Уи псалъэм сэбэпынагъ хэлъыр гъэлъагъуэ. Библием ит гупсысэхэр ди гъащІэм къызэрыддэІэпыкъуну щІыкІэр къодаІуэхэм къагурыгъаІуэ. КъодаІуэхэм яцІыху Іуэхугъуэхэмрэ зрихьэлІэ гугъуехьхэмрэ я гугъу щІы.