6-НЭ УРОКЫР
Библием ит едзыгъуэхэр цІыхухэм къагурыгъаІуэ
Иуан 10:33—36
ПЩІЭН ХУЕЙР: Библием щыщ пычыгъуэ укъеджа нэужь занщІэу адрей гупсысэм ухэмыхьэу, узытепсэлъыхьымрэ укъызэджамрэ зэрызэпхар ІупщІу къэгъэлъагъуэ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Псалъэ нэхъыщхьэхэр къыхэгъэщ. Библием щыщ пычыгъуэ укъеджа нэужь гупсысэ нэхъыщхьэм епха псалъэхэр къыхэгъэщ. Ар пщІэ хъунущ, къытебгъэзэжу а псалъэхэр жыпІэмэ е къодаІуэхэм езыхэм а псалъэхэр къагъуэтыну хуэзыгъэуш упщІэ птымэ.
Гупсысэ нэхъыщхьэр къыхэгъэщ. Библием ит едзыгъуэм укъыщІеджэм и щхьэусыгъуэр укъеджэн ипэ жыпІауэ щытмэ, а едзыгъуэм хэт псалъэ нэхъыщхьэхэм а гупсысэр белджылы зэращІыр къэгъэлъагъуэ.
Нэхъ тыншу къазэрыгурыбгъэІуэнум иужь ит. Гупсысэ нэхъыщхьэм епхауэ щымыт мыхьэнэшхуэ зимыІэ Іуэхугъуэхэм куууэ утемыпсэлъыхь. Библием ит пычыгъуэм узэрытепсэлъыхьынум ущегупсысым деж къодаІуэхэм а темэм теухуауэ сыт ящІэми уигу игъэлъ.