17-НЭ УРОКЫР
ГурыІуэгъуэу псалъэ
1 Коринф 14:9
ПЩІЭН ХУЕЙР: ЖыпІэну узыхуейр тыншу къагурыІуэн хуэдэу псалъэ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ФІыуэ зыгъэхьэзыр. Узытепсэлъыхь темэр фІыуэ джы, къодаІуэхэм тыншу икІи уи псалъэкІэ къагурыбгъэІуэн щхьэкІэ.
Псалъэуха кІэщІхэр къэгъэсэбэп. УщыпсалъэкІэ псалъэуха кІыхьхэр жыпІэ хъунуми, гупсысэ нэхъыщхьэхэр кІэщІу, псалъэ лей хэмыту жыпІэмэ нэхъыфІщ.
КъодаІуэхэм ямыцІыху псалъэхэм къикІыр къагурыгъаІуэ. Іэмал зэриІэкІэ къодэІуэнухэм ямыцІыху псалъэхэр къомыгъэсэбэп. КъодэІуэнухэм ямыцІыху Библием зи гугъу ищІ цІыху гуэрым утепсэлъыхьын хуей хъумэ, ар хэтми къагурыгъаІуэ икІи абы ещхьу, ямыцІыху псалъэм, пасэрей зэманым кІыхьагъ, инагъ, хьэлъагъ къызэрапщу щыта гуэрым е хабзэ гуэрым и гугъу пщІын хуей хъумэ, абыи къикІыр Іэмал имыІэу жыІэ.