16-НЭ УРОКЫР
ЦІыхухэр зыгъэгушхуэм икІи ягу хэзыгъахъуэм тепсэлъыхь
Иов 16:5
ПЩІЭН ХУЕЙР: Нэхъыбэу узытепсэлъыхьын хуейр гугъуехьыракъым, атІэ абы и хэкІыпІэращ; цІыхухэм я гур хэзыгъахъуэм тепсэлъыхь.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
КъодаІуэхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зигъэІэ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ фІыуэ зэралъагъум шэч лъэпкъ къытомыхьэ. КъодаІуэхэм чэнджэщ гуэр ептыну ухуеймэ, абы ипэ Іэмал зэриІэкІэ ящытхъу.
Узымыгъэгушхуэ Іуэхугъуэхэм нэхъ мащІэу тепсэлъыхь. Іей гуэрым утепсэлъыхьын хуей хъумэ, нэхъыбэу узытепсэлъыхьын хуейр езы Іуэхугъуэракъым, атІэ ар къыщІэпхьым и щхьэусыгъуэмрэ абы хэкІыпІэ иІэмрэщ. Уи псалъэм гур хигъахъуэу щытын хуейщ.
Библиер къэбгъэсэбэпурэ, къодаІуэхэр гъэгушхуэ. Иеговэ цІыхубэм къытхуищІам, иджыпсту къытхуищІэм, къэкІуэну зэманым къытхуищІэнум гу лъегъатэ. КъодаІуэхэм я гур хэгъахъуэ.