12-НЭ УРОКЫР
Щабэу икІи гуапэу псалъэ
1 Фессалоникэ 2:7, 8
ПЩІЭН ХУЕЙР: ФэрыщІагъ пхэмылъу псалъэ, къодаІуэхэм уадэІэпыкъуну узэрыхуейр гъэлъагъуэ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
КъодэІуэнухэм егупсыс. Зыщыбгъэхьэзырым деж къодэІуэнухэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэми, абыхэм я гум сыт щыщІэми егупсыс.
Псалъэ жыпІэнухэр хэплъыхьауэ къыхэх. ЦІыхухэм я гур фІы пщІыуэ, зэрыбгъэгушхуэным хущІэкъу. Зыгуэрым и гум еуэн псалъэхэр зэрыжомыІэным иужь ит. НэгъуэщІ дин зыІыгъ цІыхухэмрэ абыхэм я фІэщ хъумрэ ущытепсэлъыхьым деж умыгъэпуд икІи я пщІэр йомыудых.
КъодаІуэхэр къыпфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр гъэлъагъуэ. КъодаІуэхэм гуапэу уазэрыхущытыр уи макъымрэ уи Іэхэмрэ зэрыпщІымкІэ къэгъэлъагъуэ. Уи нэкІур зэрызэхэлъым кІэлъыплъ икІи щІэх-щІэхыурэ гуфІэ.