15-НЭ УРОКЫР
ЖыпІэр быдэу уи фІэщ зэрыхъур къэгъэлъагъуэ
1 Фессалоникэ 1:5
ПЩІЭН ХУЕЙР: Псалъэ жыпІэм къыхэщын хуейщ уэ езым жыпІэр уи фІэщ зэрыхъур икІи абы мыхьэнэшхуэ иІэу къызэрыплъытэр.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ФІыуэ зыгъэхьэзыр. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыбгурыІуэху икІи ахэр пэжу зэрыщытыр Библием къызэригъэлъагъуэр къэплъэгъуху материалыр зэпкърых. Псалъэ жыпІэнум хэт гупсысэ нэхъыщхьэхэр кІэщІу, псалъэ зытІущкІэ жыпІэфын хуэдэу щытрэ щымытрэ еплъ. Псалъэ жыпІэм къодаІуэхэм я дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми егупсыс. Алыхьым и къару лъапІэр къыуитыну елъэІу.
ЦІыхум жыпІэр и фІэщ зыщІын псалъэхэр къыхэх. Публикацием итым зы псалъэ домыгъэхуу укъемыджэу, уи псалъэкІэ жыІэж. ЖыпІэм шэч къызэрытомыхьэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр къэгъэсэбэп.
ЖыпІэм шэч лъэпкъ къызэрытомыхьэр къэгъэлъагъуэ. Уи макъыр фІыуэ зэхахын хуэдэу псалъэ. Къезэгъыу щытмэ, псалъэ щыжыпІэм деж къодаІуэхэм еплъ.