9-НЭ ІЫХЬЭР
Зэрыунагъуэу Иеговэ фыхуэлажьэ
«Уафэри щІыри... къэзыгъэщІар вгъэлъапІэ» (Апокалипсис 14:7).
Мы брошюрэм къызэрыщытщІащи, уэри уи унагъуэми сэбэп къыфхуэхъуну принцип куэд Библием итщ. Иеговэ хуейщ фэ насыпыфІэу фыщытыну. Абы дыкъегъэгугъэ и лэжьыгъэр ди гъащІэм япэ идгъэщу щытмэ, дызыхуэныкъуэ псор къыдитыну (Маттэ 6:33). Алыхьыр Іейуэ хуейщ фэ абы и ныбжьэгъу фыхъуну. Абы нэхъ гъунэгъу фыхуэзыщІыну фиІэ сыт хуэдэ Іэмалри къэвгъэсэбэп. Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыным нэхърэ нэхъ пщІэшхуэ зыпылъ цІыхум дежкІэ зыри щыІэкъым (Маттэ 22:37, 38).
1 ИЕГОВЭРЭ ФЭРЭ ФИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЗЭХУЩЫТЫКІЭР НЭХЪ БЫДЭ ФЩІЫ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ, фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ, жеІэ лъэкІыныгъэ псори зиІэ Зиусхьэным» (2 Коринф 6:18). Алыхьыр хуейщ фэ абы и ныбжьэгъу пэж фыхъуну. АбыкІэ тхьэлъэІур къывдэІэпыкъунущ. Иеговэ дыкъыхуреджэ: «Тхьэм зэпымыууэ фелъэІу» (1 Фессалоникэ 5:17). Фи гукъеуэхэмрэ фи гурыщІэхэмрэ абы щыжефІэм деж ар къывэдэІуэну сыт щыгъуи хьэзырщ (Филиппи 4:6). Уи унагъуэм и гъусэу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыщыхуэвгъазэкІэ ар пэж дыдэу уи фІэщ зэрыхъур абыхэм ялъэгъунущ.
Ауэ Алыхьым уепсэлъэным нэмыщІ уедэІуэнми мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уэ абы жиІэм уедэІуэфынущ, псалъэм папщІэ, Алыхьым и Псалъэмрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ бджыурэ (Псалом 1:1, 2). КъапщІэм фІыуэ егупсыс (Псалом 77:11, 12). Алыхьым уедэІуэн щхьэкІэ ди зэІущІэхэми домыгъэхуу уекІуэлІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Псалом 122:1—4).
Абы нэмыщІ Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІ цІыхухэм яжепІэу щытмэ, абырэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъунущ. ХъыбарыфІыр нэхъыбэрэ бгъэІуху Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъуурэ кІуэнущ (Маттэ 28:19, 20).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
Библиер вджын икІи Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъэзэн щхьэкІэ махуэ къэс зэман хухэфх
Зыгъэпсэхунымрэ нэгу зегъэужьынымрэ фи унагъуэм япэ ивмыгъэщу, Алыхьым гъунэгъу фыхуэзыщІыну Іуэхухэр япэ зэривгъэщыным фыхущІэкъу
2 УНАГЪУЭМ ЗЭГЪУСЭУ БИБЛИЕР ВДЖЫ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8). Унагъуэм и гъусэу Библиер щывджыну зэманыр тевухуи, абы быдэу фытет (ЩІэдзапІэ 18:19). Абы нэмыщІ уи гъащІэм махуэ къэс къыхэщын хуейщ Алыхьыр уигу зэрилъыр. Унагъуэм щыщхэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуфынущ, мы псалъэхэм фытету щытмэ: «Абыхэм [Алыхьым и псалъэхэм] яхутепсэлъыхь унэм ущыщІэсым икІи гъуэгу ущытетым, ущыгъуэлъыжым икІи укъыщытэджым деж» (Второзаконие 6:6, 7). АбыкІэ мы псалъэхэр жызыІа Нун и къуэ Ехьошуа щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ: «Сэри си унагъуэм щыщхэри дызыхуэлэжьэнур Иеговэщ» (Иисус Навин 24:15).
ЧЭНДЖЭЩЫФІ:
Вджыну фызыхуей темэхэр зэман иІэу къыхэфх икІи унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыри зыхуэныкъуэм фегупсыс