ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • hf 8-нэ Іыхьэр, 1—3-нэ пычыгъуэхэр
  • Насыпыншагъэ гуэр къыщыхъум деж

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Насыпыншагъэ гуэр къыщыхъум деж
  • Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • 1 ИЕГОВЭ ФЫЩЫГУГЪ
  • 2 УИ ЩХЬЭРИ УИ УНАГЪУЭМ ЩЫЩХЭРИ ЗЫХУЕЙ ХУЭГЪАЗЭ
  • 3 ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ФЫЛЪЫХЪУЭ
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ ятригъэтщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • ГъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну Иеговэ къыддоІэпыкъу
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Уи лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэх
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
Нэхъыбэ еплъын
Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
hf 8-нэ Іыхьэр, 1—3-нэ пычыгъуэхэр
Зэщхьэгъусэхэм я сабий лІар ягъей

8-НЭ ІЫХЬЭР

Насыпыншагъэ гуэр къыщыхъум деж

«Гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэр зымащІэкІэ зэрыфшэчыр иджыпстукІэ фигу къеуэми, фогуфІэ» (1 Петр 1:6).

Фи унагъуэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ къару куэд ефхьэлІэми, фи гур хэзыгъэщІын Іуэхугъуэ гуэр фи гъащІэм къыщыхъункІэ хъунущ (Экклезиаст 9:11). Гугъуехь гуэр дыщыхуэзэм деж Алыхьым лъагъуныгъэ хэлъу къыддоІэпыкъу. АдэкІэ къыщыхьа Библием ит принципхэр фэри фи унагъуэм щыщхэми къывдэІэпыкъуфынущ гузэвэгъуэшхуэ гуэр фыпэщІэхуэ хъумэ.

1 ИЕГОВЭ ФЫЩЫГУГЪ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ, абы и нэІэ къыфтригъэтщи» (1 Петр 5:7). Сыт щыгъуи фигу ивгъэлъ фэ фызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр Алыхьым къызэрыбгъэдэмыкІыр (Екъуб 1:13). Абы нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэфщІыным иужь фит икІи ар псом нэхърэ нэхъыфІу къывдэІэпыкъунущ (Исаия 41:10). «Абы и пащхьэ фи гум илъ псори къыщыфІуатэ» (Псалом 62:8).

Библиер махуэ къэс зэрывджми гупсэхугъуэ къывитынущ. Фэ зыхэфщІэнущ «сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы [Иеговэ] дигу зэригъэзагъэр» (2 Коринф 1:3, 4; Рим 15:4). Абы дыкъегъэгугъэ «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэ» къыдитыну (Филиппи 4:6, 7, 13).

ЦІыхухъур сымаджэщым здыщІэлъым и унагъуэр и гъусэу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэр

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Фи гум гупсэхугъуэ кърилъхьэну икІи фи акъылыр къихъумэну Иеговэ фелъэІу

  • ФщІэ хъунум фегупсыси, фи Іуэхум нэхъ хуэкІуэ Іэмалыр къыхэфх

2 УИ ЩХЬЭРИ УИ УНАГЪУЭМ ЩЫЩХЭРИ ЗЫХУЕЙ ХУЭГЪАЗЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ЗэхэщІыкІ зиІэм щІэныгъэр дапщэщи къегъуэт, абы цІыху Іущми и тхьэкІумэр тегъэхуа зэпытщ» (Притчи 18:15, Гъэсэпэтхыдэхэр). УзыпэщІэхуа гугъуехьымрэ абы узэрыпэлъэщыфын щІыкІэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къызэрыпщІэным хущІэкъу. Уи унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми уепсалъэурэ, ахэр зыхуэныкъуэр къащІэ. Абыхэм жаІэм фІыуэ едаІуэ (Притчи 20:5, Гъэс.).

Ауэ фІыуэ плъагъу гуэр лІэныгъэм пІэщІихауэ щытмэ-щэ? Уи гурыщІэхэр бгъэлъэгъуэну умыукІытэ. Апхуэдэ Іуэхугъуэ щыпэщІэхуам Хьиси гъауэ щытащ (Иуан 11:35; Экклезиаст 3:4). Зыбгъэпсэхунми жейкІэ урикъунми мыхьэнэшхуэ иІэщ (Экклезиаст 4:6). Абы уэ къару къыуитынущ уи гуауэм упэлъэщыну.

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Унагъуэм щыщхэм ягу илъхэмкІэ зэдэгуэшэну хьэл яхуэхъуауэ щытмэ, насыпыншагъэ гуэр къэхъу хъумэ, зыр зым щІэгъэкъуэн хуэхъуфынущ икІи нэхъ тыншу зым адрейм зыхуигъэзэфынущ

  • Фэ фызыхуэза гугъуехьым хуэдэ пэщІэхуа гуэрым фепсалъэ

3 ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ФЫЛЪЫХЪУЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Ныбжьэгъу пэжым сыт щыгъуи фІыуэ уелъагъу, ар гузэвэгъуэ ущихуам къыбдэІэпыкъу къуэшщ» (Притчи 17:17). Ныбжьэгъухэр сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъуну хьэзырщ, ауэ абыхэм къызэрыбдэІэпыкъуну щІыкІэр ямыщІэнкІэ хъунущ. Абыхэм фызыхуэныкъуэр сытми яжефІэну фымыукІытэ (Притчи 12:25). Абы нэмыщІ Библием фІыуэ хэзыщІыкІхэм захуэгъазэ, абы ит принципхэр къызэрыбгъэсэбэпынур нэхъыфІу къыбгурагъэІуэфын щхьэкІэ. Ахэр къызэрывдэгуэшэну Алыхьым и Псалъэм ит гупсысэхэр фэ Іэмал имыІэу къывдэІэпыкъунущ (Екъуб 5:14).

Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псори зэригъэзэщІэжынур быдэу зи фІэщ хъу цІыхухэм щІэх-щІэхыурэ фепсалъэмэ, ахэр фэ дэІэпыкъуэгъу къыфхуэхъунущ. Абы нэмыщІ гушхуэныгъэ хуэныкъуэхэм фадэІэпыкъумэ, фэ езым гупсэхугъуэ вгъуэтынущ. Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псори зэригъэзэщІэжынум теухуауэ уиІэ фІэщхъуныгъэмкІэ адрейхэм ядэгуашэ. Насыпыншагъэ пэщІэхуахэм фадэІэпыкъун щхьэкІэ къару ефхьэлІэ икІи фІыуэ фыкъэзылъагъухэм пэІэщІэ зывмыщІ (Притчи 18:1; 1 Коринф 15:58).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Уи ныбжьэгъум епсалъэ икІи абы и дэІэпыкъуэгъур ІэщІыб умыщІ

  • Фызыхуэныкъуэр сытми абы жепІэну умыукІытэ

УИ ІУЭХУМ НЭХЪ УБГЪУАУЭ ЕПЛЪ

Уи гур Іейуэ иудами, Алыхьым уегупсысыну хущІэкъу. Гугъуехь куэд ишэчу Іэиуб жиІауэ щытащ: «Иеговэ и цІэр гъэлъэпІа ирехъу» (Иов 1:21, 22). Іэиуб хуэдэу дэри дигу идвгъэгъэлъ Алыхьым и цІэмрэ абы и мурадымрэ дэ ди гуныкъуэгъуэ псом нэхърэ нэхъапэу зэрыщытыр. Фи Іуэхур фызэрыхуейм хуэдэу мыхъуу щытмэ, фи гугъэр хэвмыхыж. Фигу псомкІи Иеговэ фыщыгугъ. «Мурад фхузиІэр фІыуэ сощІэ сэ,— жеІэ Иеговэ.— Сэ мурад фхузиІэр гузэвэгъуэкъым, атІэ мамырыгъэщ, гъащІэрэ гугъапІэрэ фэстын щхьэкІэ» (Иеремия 29:11).

ЗЭУПЩІЫЖ...

  • Мыхьэнэшхуэ зимыІэ ІуэхухэмкІи Иеговэ сигу псомкІэ сыщыгугърэ?

  • Иеговэ къысхуищІэ фІыгъуэхэм щхьэкІэ махуэ къэс фІыщІэ хуэсщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр сиІэ?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын