ДИ ГЪАЩІЭР
Уи унагъуэм щыщхэм Иеговэ ягу илъыну дэІэпыкъу
Иудейхэм Алыхьыр къызэрагъэнам щхьэкІэ Иеговэ абыхэм тезыр къазэрытрилъхьэнур Иеремие яжриІэн хуейт (Иер 13:25). Израил унагъуэхэм Иеговэ ящыгъупщэжат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Второзаконие 6:5—7 ит Иеговэ и унафэм унагъуэхэм я нэхъыжьхэр теттэкъым.
Ди зэманым Иеговэ жиІэр зыгъэзащІэ унагъуэхэр зэхуэсхэм сэбэп хуохъу Иеговэ хуэпэжу щытыну. Унагъуэм щыщхэм Иеговэ ягу илъын щхьэкІэ унагъуэм и нэхъыжьым абыхэм я гъусэу зэпымыууэ Библиер иджын хуейщ икІи ар сабийхэм яфІэгъэщІэгъуэну иригъэкІуэкІын хуейщ (Пс 22:27; Апок 15:4). «Эти слова „должны быть в твоем сердце“. Интервью» видеороликым еплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет.
Иныкъуэ унагъуэхэм Библиер зэгъусэу яджыну сыт зэран къахуэхъур икІи дауэ ахэр а гугъуехьхэм зэрыпэлъэщыр?
Унагъуэхэм Библие джыныр зэпымыууэ икІи гъэщІэгъуэну зэрырагъэкІуэкІым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къахуихьрэ?
Сыт хуэдэ гугъуехьхэм упэщІэхуэрэ уи унагъуэм и гъусэу Библиер щыбджым деж икІи абыхэм упэлъэщын щхьэкІэ сыт пщІэну уи мурадыр?