ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 10-нэ урокыр
  • Дауэ унагъуэм зэгъусэу Библиер зэриджыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дауэ унагъуэм зэгъусэу Библиер зэриджыр?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • Унагъуэр сыт насыпыфІэ зыщІыфынур? (2 Іыхьэр)
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Зэрыунагъуэу Иеговэ фыхуэлажьэ
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Адэ-анэхэ, Иеговэ фІыуэ ялъагъуу фи сабийхэр евгъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Унагъуэм папщІэ чэнджэщыфІ куэд иджыри щыІэщ
    Фыкъызэщыу! 2018
Нэхъыбэ еплъын
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 10-нэ урокыр

10-НЭ УРОКЫР

Дауэ унагъуэм зэгъусэу Библиер зэриджыр?

Семья проводит семейное поклонение

Ипщэ Корее

Супруги изучают вместе Библию

Бразилие

Свидетель Иеговы изучает Библию

Австралие

Семья обсуждает библейскую тему

Гвинее

Иеговэ хуейщ унагъуэм исхэр нэхъ зэкъуэт дыхъуну икІи езым гъунэгъу дыхуэхъуну (Второзаконие 6:6, 7). Абы щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я унагъуэхэм тхьэмахуэ къэс зэман къыдагъэкІ, зэгъусэу Библиер яджын щхьэкІэ. Абыхэм яджыну темэр къыщыхахкІэ я унагъуэр нэхъыбэу зыхуэныкъуэм тращІыхь. Уэ унагъуэ уимыІэми, уи закъуэу Библиер бджы хъунущ, Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъун щхьэкІэ. А зэманыр къэбгъэсэбэп хъунущ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэу уепсэлъэн щхьэкІэ.

Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуещІ. Библием щыжыІащ: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8). Тхыгъэ ЛъапІэм и фІыгъэкІэ Иеговэ нэхъыфІу къыдоцІыху, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а тхылъыр Алыхьым и хьэл-щэнхэмрэ и Іуэхухэмрэ топсэлъыхь. Унагъуэр зэхуэса нэужь, «Ди гъащІэр» жыхуиІэ зэІущІэм и графикым тету, Библием щыщ пычыгъуэм макъкІэ гъуэрыгъуэурэ къеджэ хъунущ. Феджа иужь щхьэж къыхиха сэбэпынагъым фытепсэлъыхьыж хъунущ.

Унагъуэр зэкъуэт ещІ. Библиер зэгъусэу зэраджым и фІыгъэкІэ зэщхьэгъусэхэри адэ-анэхэмрэ сабийхэмри нэхъ гъунэгъу зэхуохъу. Ар псоми гуфІэгъуэ къыхуэзыхь икІи унагъуэр къыхуэмыгъэсу зыпэплъэ зэІущІэ гъэщІэгъуэну щытын хуейщ. Адэ-анэхэм я сабийм и ныбжьым елъытауэ яджыну материалыр къыхахмэ нэхъыфІщ. Сабийр школым зыхуэзэ гугъуехьхэм зэрыпэлъэщыным теухуа чэнджэщхэр «ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» журналхэмрэ jw.org сайтымрэ къыщыплъыхъуэ хъунущ. Ди интернет-телевидением (tv.jw.org) итым зэгъусэу феплъи иужькІэ зэпкърыфх. Къыфпэщылъ зэІущІэм щыжыфІэну уэрэдхэм иджыпсту зыхуэвгъэхьэзыр. Псори зэфІэкІа нэужь, ІэфІу фышхэ е фыджэгу.

Иеговэ игъэлъэпІэным унагъуэм тхьэмахуэ къэс зэман хухихмэ, унагъуэм щыщ дэтхэнэми Алыхьым и Псалъэр фІыуэ илъагъунущ. Шэч къытевмыхьэ ефхьэлІэ къарум къыпэкІуэ фІыгъуэхэр Иеговэ зэрывигъэлъэгъужынум (Псалом 1:1—3).

  • Унагъуэм зэгъусэу Библиер дджыным зэман щІыхухэтхыр сыт?

  • Унагъуэм щыщ дэтхэнэми и дежкІэ а зэІущІэр гъэщІэгъуэну щытын щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур?

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Фи зэхуэсым щыщ унагъуэхэм Библиер зэраджым теухуауэ щІэупщІэ. Абы нэмыщІ сабийхэр бгъэсэнымкІэ къыбдэІэпыкъу тхыгъэу щыІэхэр къащІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын