ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • hf 3-нэ Іыхьэр, 1—3-нэ пычыгъуэхэр
  • Гугъуехьхэм узэрыпэлъэщыфыну щІыкІэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Гугъуехьхэм узэрыпэлъэщыфыну щІыкІэр
  • Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • 1 ГУГЪУЕХЬЫМ ТЕУХУАУЭ ФЫЗЭПСАЛЪЭ
  • 2 УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ ЖИІЭМ ФІЫУЭ ЕДАІУЭ
  • 3 УНАФЭ ФЩІАМ ФЫТЕТ
  • Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ пэжагъкІэ фызэбгъэдэт
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Зэщхьэгъусэхэр я адэ-анэхэм зэрадэгъуэгурыкІуэ хъуну щІыкІэр
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
Нэхъыбэ еплъын
Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
hf 3-нэ Іыхьэр, 1—3-нэ пычыгъуэхэр
ЦІыхубзым и гум илъыр зэрыжиІэм и щхьэгъусэр йодаІуэ

3-НЭ ІЫХЬЭР

Гугъуехьхэм узэрыпэлъэщыфыну щІыкІэр

«Фи фІэщу фІыуэ фызэрылъагъу, фІылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури» (1 Петр 4:8).

Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэгъусэу фыпсэун зэрыщІэвдзэрэ гугъуехь зэмылІэужьыгъуэ куэд фыхуэзауэ къыщІэкІынущ. Абыхэм щхьэусыгъуэ хуэхъункІэ хъунущ фи гупсысэкІэр, фи Іуэху еплъыкІэр, гъащІэм фызэрыхущытыр зэрызэщхьэщыкІыр. Е фэ фэмылъыта Іуэхугъуэ гуэрхэми ахэр къыхэкІынкІэ хъунущ.

Пэжщ, гугъуехьхэм упэлъэщын щхьэкІэ къару епхьэлІэну тыншкъым, ауэ дэ абы дыхущІэкъуну Библием дыкъыхуреджэ (Маттэ 5:23, 24). Гугъуехьхэм дыпэлъэщыну Библием ит принципхэр псом нэхърэ нэхъыфІу къыддоІэпыкъу.

1 ГУГЪУЕХЬЫМ ТЕУХУАУЭ ФЫЗЭПСАЛЪЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Ущыпсэлъэн зэмани» щыІэщ (Экклезиаст 3:1, 7). Фи гугъуехьым фытепсэлъыхьыну зэман хухэфх. А Іуэхум узэреплъымрэ уи гурыщІэхэмрэ теухуауэ уи щхьэгъусэм зыри щомыбзыщІу дэгуашэ. Сыт щыгъуи пэжыр жыІэ (Ефес 4:25). Укъэлыдыну ухьэзыру щытми, зэрызыпшыІэным къару ехьэлІэ. Щабэу жэуап птымэ, абы псалъэмакъыр куу ищІынукъым (Притчи 15:4; 26:20, Гъэс.).

Уи щхьэгъусэм жиІэмкІэ умыарэзыми, уи псэлъэкІэм сыт щыгъуи пщІэрэ лъагъуныгъэрэ хэлъын хуейщ (Колоссэ 4:6). Фи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьамэ, уи щхьэгъусэм зыхуэбгъэгусэу епсэлъэн щомыгъэту, нэхъ псынщІэу фызэрызэгурыІуэжынум фыхущІэкъу (Ефес 4:26).

Зэщхьэгъусэхэр я гугъуехьхэм топсэлъыхь

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Фи зэхуаку къыдыхьа зэгурымыІуэныгъэм фытепсэлъыхьын щхьэкІэ абы хуэкІуэ зэман къыхэфх

  • Уи щхьэгъусэр щыпсалъэкІэ зэпомыуду едаІуэ, уэри уи чэзур къэсынущ

2 УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ ЖИІЭМ ФІЫУЭ ЕДАІУЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Зэкъуэшхэм хуэдэу, фІыуэ фызэрылъагъу; фэ фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, нэхъыфІу адрейхэр флъытэ» (Рим 12:10, ХъыбарыфІыр, 1993). Уэ жаІэм узэредаІуэ щІыкІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уи щхьэгъусэр фызытепсэлъыхьым зэреплъыр къэпщІэну хущІэкъу икІи Іэдэбагърэ гущІэгъурэ пхэлъу едаІуэ (1 Петр 3:8; Екъуб 1:19). Уи щхьэгъусэм уедаІуэ хуэдэу фэ зытомыгъауэ. ЗэрыхъукІэ уи Іуэхухэр егъэтІылъэкІи, уи щхьэгъусэм жиІэм уи акъылыр теухуэ е нэхъ гувауэ фызэпсалъэ хъунрэ мыхъунрэ щабэу къащІэ. Фэ зэпеуэ цІыхуитІу фызэрыщымытыр, атІэ зэныбжьэгъуитІу фызэрыщытыр фигу ивгъэлъу щытмэ, мы принципым фытетыну нэхъ тынш хъунущ: «Уи жагъуэ пщІыну умыпІащІэ» (Экклезиаст 7:9).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Уи щхьэгъусэм жиІэр уигу иримыхьми, абы и псалъэхэр зэрызэхэпщІыкІыным иужь ит

  • Уи щхьэгъусэм и псалъэхэм лъабжьэ хуэхъур сытми егупсыс икІи абы и макъыр зэрихъуэжым, и нэкІумрэ и Іэхэмрэ зэрищІым гу лъытэ

3 УНАФЭ ФЩІАМ ФЫТЕТ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми сэбэпынагъ къыпхуехь, ауэ псалъэ фІэкІ здэщымыІэм щыІэр тхьэмыщкІагъэщ» (Притчи 14:23). Гугъуехьым фызэрыхэкІынымкІэ фызэгурыІуэу къэвмыгъэнэжу унафэ фщІам фытет. Абы къару куэд текІуэдэнкІэ хъунущ, ауэ абы къыпэкІуэнум уасэ иІэкъым (Притчи 10:4, Гъэс.). Фэ фызэгурыІуэу фызэдэлажьэмэ, «фи лэжьыгъэм фІыгъуэ» къыпэкІуэнущ (Экклезиаст 4:9).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Гугъуехьым фыпэлъэщын щхьэкІэ, щхьэж езым и лъэныкъуэкІэ ищІэным теухуауэ фызэгурыІуэ

  • Сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр фиІэми зэман-зэманкІэрэ фегупсыс

ЗЭГЪУСЭУ КЪАРУ ЕФХЬЭЛІЭ

Фэ унагъуэ быдэ, унагъуэ насыпыфІэ фыхъунрэ фымыхъунрэ зэлъытар фэ тІуращ (Притчи 24:3, Гъэс.). БлэкІа Іуэхухэр фигу къэвмыгъэкІыжу, къэкІуэнум фи акъылыр тевухуэ (Притчи 17:9). Библием ит принципхэм фытетын щхьэкІэ тІуми къару ефхьэлІэу щытмэ, сыт хуэдэ гугъуехьхэми фыпэлъэщыфынущ.

ЗЭУПЩІЫЖ...

  • Си щхьэгъусэмрэ сэрэ сыт хуэдэ гугъуехьыра япэ дыдэу дызытепсэлъыхьын хуейр?

  • Зы гугъуехь гуэрым теухуауэ си щхьэгъусэм иІэ еплъыкІэр къызгурыІуэну сыт сэ къыздэІэпыкъунур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын