ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • hf 4-нэ Іыхьэр, 1—2-нэ пычыгъуэхэр
  • Ахъшэр зэрызэбгъэзэхуэну щІыкІэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ахъшэр зэрызэбгъэзэхуэну щІыкІэр
  • Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Подзаголовокхэр
  • 1 АХЪШЭР ЗЫТЕВГЪЭКІУЭДЭНЫР СЫТМИ ТЕВУХУЭ
  • 2 ПЦІЫ ЗЭХУЭВМЫУПС ИКІИ АХЪШЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ЗИВГЪЭІЭ
Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
hf 4-нэ Іыхьэр, 1—2-нэ пычыгъуэхэр
Зэщхьэгъусэхэм я ахъшэр зытрагъэкІуэдэнум фІыуэ йогупсыс

4-НЭ ІЫХЬЭР

Ахъшэр зэрызэбгъэзэхуэну щІыкІэр

«Чэнджащэм и мурадыр къехъулІэнущ» (Притчи 20:18).

Унагъуэр зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкІэ ахъшэ ухуейщ (Притчи 30:8). Библием зэрыжиІэмкІэ, ахъшэм укъехъумэ (Экклезиаст 7:12). Зэщхьэгъусэхэр ахъшэм теухуауэ зэпсэлъэну тыншу щымытынкІэ хъунущ, ауэ ахъшэм унагъуэм псалъэмакъ кърилъхьэху Іуэхур нэгъэсын хуейкъым (Ефес 4:32). Ахъшэр зытрагъэкІуэдэным теухуауэ зэщхьэгъусэхэм унафэ щащІкІэ дзыхь зэхуащІу икІи зым жиІэм адрейр едаІуэу щытын хуейщ.

1 АХЪШЭР ЗЫТЕВГЪЭКІУЭДЭНЫР СЫТМИ ТЕВУХУЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Фщыщ гуэрым бэтэгъей ищІын хуей хъумэ, япэщІыкІэ тІысрэ, зыхуеину псор къилъытэу, бэтэгъейр зэрыригъэухуэн ахъшэ иІэрэ имыІэрэ зригъэщІэн хуейкъэ?» (Лука 14:28). Ахъшэр зытевгъэкІуэдэным теухуауэ унафэ зэгъусэу фщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Амос 3:3). Сытым фыхуэныкъуэми икІи абы дапхуэдиз ахъшэ тевгъэкІуэдэфынуми унафэ фщІы (Притчи 31:16, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ахъшэ узэриІэм щхьэкІэ узыхуэмей гуэр къомыщэху. ЩІыхуэ зэрызытевмыгъэхуэным фыхущІэкъу. Къыфхэхъуэм нэхърэ нэхъыбэ фымыгъэкІуэд (Притчи 21:5; 22:7, Гъэс.).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Мазэм и кІэм деж ахъшэ къыфхуэнауэ щытмэ, абы ефщІэным теухуауэ зэгъусэу унафэ фщІы

  • Ахъшэ фиІэр фхуримыкъуауэ щытмэ, ахъшэ вгъэкІуэдыр нэхъ мащІэ зэрыфщІыным фегупсыс. Псалъэм папщІэ, пщэфІа хьэзыр къэвмыщэхуу, фэ езыр фыпщафІэу щытмэ, фи ахъшэр нэхъ хъума хъуну къыщІэкІынщ

Зэщхьэгъусэхэм я ахъшэр зытрагъэкІуэдэнум йогупсыс

2 ПЦІЫ ЗЭХУЭВМЫУПС ИКІИ АХЪШЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ЗИВГЪЭІЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Зым зым пэжыр зэжефІэ» (Захария 8:16). Къэвлэжьымрэ вгъэкІуэдымрэ фи щхьэгъусэм щывмыбзыщІ.

Ахъшэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къыщыпщтэм деж Іэмал имыІэу уи щхьэгъусэм ечэнджэщ (Притчи 13:10). Зэщхьэгъусэхэр ахъшэм теухуауэ зэрызэпсалъэм и фІыгъэкІэ унагъуэм мамырыгъэ илъынущ. Уэ къэблэжьыр зейр уи мызакъуэу, атІэ унагъуэм ейуэ къэлъытэ (1 Тимофей 5:8).

Зэщхьэгъусэхэм ятхауэ яІыгъым къащэхуахэр техуэрэ темыхуэрэ йоплъ

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Щхьэж ахъшэ дапщэ игъэкІуэд хъунуми фегупсыс

  • Ахъшэм теухуауэ фызэпсэлъэн щхьэкІэ, зэгурымыІуэныгъэ гуэр къэхъеиным фежьэн хуейкъым

АХЪШЭМ ФЫЗЭРЫХУЩЫТЫР

Ахъшэм мыхьэнэшхуэ иІэми, абы фи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдевмыгъалъхьэ икІи фи гум мамырыгъэ ирихыну хуит фымыщІ (Маттэ 6:25—34). ГъащІэм гуфІэгъуэ къыпхуихьын щхьэкІэ, ахъшэ куэд ухуейкъым. Библием щыжыІащ: «Фысакъ! Нэпсеягъэ лъэпкъ зыхэвмыгъэлъ» (Лука 12:15, ХъыбарыфІыр, 1993). АхъшэкІэ къыпхуэщэхуну хьэпшыпхэр уи унагъуэм нэхърэ нэхъ лъапІэкъым. Аращи, фиІэмкІэ арэзыуэ фыщыт икІи зэи зыщывмыгъэгъупщэ Алыхьымрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм нэхърэ нэхъ лъапІэ зэрыщымыІэр. Абы щыгъуэ фи унагъуэм насып илъынущ икІи Иеговэ игу фыдыхьэнущ (Еврейхэм 13:5).

ЗЭУПЩІЫЖ...

  • Ди унагъуэм щІыхуэ зытедмыгъэхуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • Си щхьэгъусэмрэ сэрэ ахъшэр зытедгъэкІуадэм теухуауэ дапщэщ иужь дыдэу дыщызэпсэлъар?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын