ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • hf 5-нэ Іыхьэр, 1—2-нэ пычыгъуэхэр
  • Зэщхьэгъусэхэр я адэ-анэхэм зэрадэгъуэгурыкІуэ хъуну щІыкІэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зэщхьэгъусэхэр я адэ-анэхэм зэрадэгъуэгурыкІуэ хъуну щІыкІэр
  • Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • 1 АДЭ-АНЭХЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ЗИВГЪЭІЭ
  • 2 УНАФЭ ФЩІАМ БЫДЭУ ФЫТЕТ
  • Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ пэжагъкІэ фызэбгъэдэт
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Гугъуехьхэм узэрыпэлъэщыфыну щІыкІэр
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
Нэхъыбэ еплъын
Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
hf 5-нэ Іыхьэр, 1—2-нэ пычыгъуэхэр
Гуащэм и нысэм и пщэфІэкІэр игу ирихькъым

5-НЭ ІЫХЬЭР

Зэщхьэгъусэхэр я адэ-анэхэм зэрадэгъуэгурыкІуэ хъуну щІыкІэр

«ФІыгъуэри [«гуапагъэри», ДЩІ], мыпэгэнри, гущабагъэри, шыІэныгъэри фи гум ивгъэлъ» (Колоссэ 3:12).

Нэчыхь щатхым деж унагъуэщІэ къоунэху. Уэ уи адэ-анэр сыт щыгъуи фІыуэ плъагъунущ икІи пщІэ яхуэпщІынущ, ауэ иджы уи дежкІэ хэт нэхъри нэхъапэ хъур уи щхьэгъусэращ. Адэ-анэр абы занщІэу емысэнкІэ хъунущ. Ауэ Библием ит принципхэр фэ къывдэІэпыкъунущ фи адэ-анэхэм фадэгъуэгурыкІуэну икІи фи унагъуэр нэхъ быдэ фщІыну.

1 АДЭ-АНЭХЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ЗИВГЪЭІЭ

Зэщхьэгъусэхэм я адэ-анэм я гъусэу зэман ягъакІуэ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Уи адэмрэ уи анэмрэ щІыхь яхуэщІ» (Ефес 6:2). Уэ уи ныбжьыр сытым нэмысами, уи адэ-анэм пщІэ яхуэпщІын хуейщ. Абы нэмыщІ уэ зыщыбгъэгъупщэн хуейкъым уи щхьэгъусэри зыгуэрым зэрибыныр икІи абы и адэ-анэм гулъытэ хуищІыну зэрикъалэныр. Уи щхьэгъусэм и адэм е и анэм гулъытэ зэрыхуищІым уризэгуэпыным лъагъуныгъи Іущагъи хэлъкъым (1 Коринф 13:4, ДЩІ; Галатие 5:26).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Мыпхуэдэу узэрымыпсэлъэным иужь ит: «Уи адэ-анэм увыІэгъуэ ямыІэу фІэгъэнапІэ ящІын гуэр къалъыхъуэ» е «Уи анэр зэи арэзы пхуэщІынукъым»

  • Уи щхьэгъусэм иІэ еплъыкІэр къызэрыпщІэным хущІэкъу

2 УНАФЭ ФЩІАМ БЫДЭУ ФЫТЕТ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ЛІыр адэ-анэм яхэкІынурэ, и фызым щІыгъуу, тІури зыпкъ хъунущ» (ЩІэдзапІэ 2:24). Фэ фызэрыша нэужьи фи адэ-анэхэм фэр щхьэкІэ иджыри къыздэсым жэуап яхьу егупсысу, фи унагъуэ Іуэхухэм къыхэІэбэу щІадзэнкІэ хъунущ.

Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ унафэ фщІын хуейщ фи унагъуэ Іуэхухэм адэ-анэхэр дапхуэдизкІэ къыхэІэбэ хъунуми икІи ар щабэу къагурывгъэІуэн хуейщ. КъехьэкІ-нехьэкІ хэмылъу упсэлъэным къикІкъым пхъашэу упсалъэ хъуну (Притчи 15:1, Гъэс.). Іэдэбагъыр, щабагъыр, шыІэныгъэр къывдэІэпыкъунущ фи адэ-анэхэм фІыуэ фахущытыну икІи лъагъуныгъэ сыт щыгъуи вгъэлъэгъуэну (Ефес 4:2).

Зэщхьэгъусэхэр зопсалъэ; зэщхьэгъусэхэм я адэ-анэхэм я гуапэ ящІыну хуейуэ зыгуэр къыхуахь

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Фи адэ-анэхэр фи унагъуэм къыхэІэбэу къыпщыхъуу щытмэ, уи щхьэгъусэм абы теухуауэ щабэу епсалъэ

  • ФызэгурыІуэ сыт фщІэнуми икІи дауэ зыфщІынуми

ФИ АДЭ-АНЭХЭМ Я ПІЭ ЗИВГЪЭУВЭ

Адэ-анэхэм я гурыщІэхэр къывгурыІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ахэр фэр щхьэкІэ мэгузавэ икІи фІым фыхуагъэзэну хуейщ. Фи адэ-анэхэм дежкІэ фэ унагъуэ щхьэхуэу фалъытэну гугъуу щытынкІэ хъунущ. Ауэ Библием ит принципхэм фытету щытмэ икІи зэгурымыІуэныгъэ къэхъейхэм фытепсэлъыхьу щытмэ, фи адэ-анэхэм адэкІи пщІэ яхуэфщІыфынущ икІи фэ езым фи унагъуэри нэхъ быдэ фщІыфынущ.

ЗЭУПЩІЫЖ...

  • Си щхьэгъусэм и адэ-анэм ди гъащІэм нэхъыбэ хащІыкІыну зэрыхуейр згъэщІэгъуэн щІыхуэмейр сыт?

  • Си адэ-анэм пщІэ зэрыхуэсщІыр икІи си щхьэгъусэр си деж нэхъапэу зэрыщытыр дауэ къызэрызгъэлъэгъуэфынур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын