ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • hf 2-нэ Іыхьэр, 1—2-нэ пычыгъуэхэр
  • Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ пэжагъкІэ фызэбгъэдэт

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ пэжагъкІэ фызэбгъэдэт
  • Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • 1 УИ НЭЧЫХЬЫР ЯПЭ ИГЪЭЩ
  • 2 УИ ГУР ХЪУМЭ
  • Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Зэщхьэгъусэхэр я адэ-анэхэм зэрадэгъуэгурыкІуэ хъуну щІыкІэр
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Гугъуехьхэм узэрыпэлъэщыфыну щІыкІэр
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
Нэхъыбэ еплъын
Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
hf 2-нэ Іыхьэр, 1—2-нэ пычыгъуэхэр
ЛІым и щхьэгъусэм жьауэр щхьэщиІыгъэу машинэм итІысхьэну доІэпыкъу

2-НЭ ІЫХЬЭР

Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ пэжагъкІэ фызэбгъэдэт

«Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр цІыхум зэбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (Марк 10:9).

Иеговэ хуейщ дэ сыт щыгъуи пэжагъ тхэлъыну (Псалом 18:25). Зэщхьэгъусэхэм а хьэл-щэныр ягъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ пэжагъ зи зэхуаку дэмылъым дзыхь зэхуащІкъым. Дзыхь здэщымыІэми, лъагъуныгъэр щоужьыхыж.

Ди зэманым цІыху куэдым къалъытэкъым я нэчыхьыр къабзэу яхъумэн хуейуэ. Абы къыхэкІкІэ уи нэчыхьыр пхъумэну ухуеймэ, къыкІэлъыкІуэ чэнджэщитІым утетын хуейщ.

1 УИ НЭЧЫХЬЫР ЯПЭ ИГЪЭЩ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: Библием «псом нэхърэ нэхъапэр сытми» зэхэдгъэкІыну дыкъыхуреджэ (Филиппи 1:10, ДЩІ). Нэчыхьыр гъащІэм мыхьэнэшхуэ щызиІэ Іуэхухэм ящыщ зыщ. Аращи, абы гулъытэшхуэ хуэщІын хуейщ.

Иеговэ хуейщ зэщхьэгъусэхэм зым Іэпыхур зым къищтэжу, зэгурыІуэу зэдэпсэуну икІи я гъащІэм гуфІэгъуэ хахыну (Экклезиаст 9:9). Алыхьым къыдгурегъаІуэ зэщхьэгъусэхэм зым адрейм зэман тригъэкІуэдэн икІи зым адрейм и гуапэ зэрищІыным хущІэкъун зэрыхуейр (1 Коринф 10:24). Уи щхьэгъусэр лъапІэу зэрыплъытэр, абы узэрыхуэныкъуэр зыхищІэн щхьэкІэ къарууэ уиІэр ехьэлІэ.

ЛІым и фызым шей пщтыр къыхуехь; лІыр лэжьапІэм къокІыжри и щхьэгъусэр зэрыпщафІэр елъагъу

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Фи Іуэхухэр псори евгъэтІылъэкІыурэ, уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэман зэхухэфх, гулъытэншэу къэбгъэнауэ уи щхьэгъусэм къыщымыхъун щхьэкІэ.

  • «Сэ» жывмыІэу, «дэ» жыфІэу зевгъасэ

Зэщхьэгъусэхэм природэм зыщагъэпсэху

2 УИ ГУР ХЪУМЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ЦІыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукІэ зинэ ищІакІэщ» (Маттэ 5:28). Гупсысэ мыхъумыщІэхэр зи гум щызыгъафІэ цІыхур и щхьэгъусэм епцІыжауэ жыпІэ хъунущ.

Иеговэ дыкъыхуреджэ: «Псом япэ уигу щыхъу-щыщІэхэм хуэсакъ» (Притчи 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр; Иеремия 17:9). Абы щхьэкІэ дызэплъым теухуауэ дызыкІэлъыплъыжын хуейщ (Маттэ 5:29, 30). Бегъымбар Іэиуб абыкІэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ — абы и щхьэгъусэм нэмыщІ нэгъуэщІ зыгуэрым хъуэпсэнэгуу емыплъын щхьэкІэ, «и нэхэм зэгурыІуэныгъэ» ирищІылІат (Иов 31:1). Порнографие уемыплъыну мурад быдэ щІы. Уи гур уи щхьэгъусэу щымытым кІэрыпщІэну хуит умыщІ.

ЛІым и щхьэгъусэм и сурэтыр и лэжьапІэм стІолым тету зрехьэ

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Уигу псомкІи уи щхьэгъусэм узэрыхуэпэжыр адрейхэм наІуэ ящыщІ

  • Уи щхьэгъусэм и гурыщІэхэм егупсыс. НэгъуэщІ гуэрым гулъытэ къемызэгъ хуэпщІу уи щхьэгъусэм илъытэмэ, апхуэдэ зэхущытыкІэр занщІэу къэгъанэ

УЭ ПЩІЭ ХЪУНУР

Уи щхьэр къомыгъэпцІэж икІи уи тІасхъапІэхэр къащІэ (Псалом 15:2). УмыукІытэу къыбдэІэпыкъун къэлъыхъуэ (Притчи 1:5, Гъэс.). Гупсысэ мыхъумыщІэхэр уигу къэкІмэ, абыхэм узэремыгупсысыным хущІэкъу. Уи Іэр йомыхьэх икІи укъимыкІуэт (Притчи 24:16, Гъэс.). Уи щхьэгъусэм хуэпэжу ущытын щхьэкІэ къару епхьэлІэмэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъунущ икІи и нэфІ пщыхуэнущ.

ЗЭУПЩІЫЖ...

  • Си щхьэгъусэм зэман нэхъыбэ хухэсхын щхьэкІэ, сыт сщІэ хъунур?

  • Си щхьэгъусэр си ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу щыту жысІэфыну?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын