ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • hf 1-нэ Іыхьэр, 1—3-нэ пычыгъуэхэр
  • Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу
  • Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • 1 ИЕГОВЭ КЪЫВИТА КЪАЛЭНЫР ВГЪЭЗАЩІЭ
  • 2 УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ И ГУРЫЩІЭХЭМ ЕГУПСЫС
  • 3 ЗЭАКЪЫЛЭГЪУУ ФЫЩЫТ
  • Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ пэжагъкІэ фызэбгъэдэт
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Нэчыхьыр — Алыхьым и тыгъэщ
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Зэщхьэгъусэхэр я адэ-анэхэм зэрадэгъуэгурыкІуэ хъуну щІыкІэр
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
Нэхъыбэ еплъын
Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
hf 1-нэ Іыхьэр, 1—3-нэ пычыгъуэхэр
ЗэрышагъащІэхэр я хьэгъуэлІыгъуэ махуэм

ЯПЭ ІЫХЬЭР

Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу

«Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщІам щІэдзапІэм деж цІыхухэр „цІыхухъурэ цІыхубзу къигъэщІащ“» (Маттэ 19:4).

Япэ унагъуэр зыухуар Алыхь Иеговэщa. Библием щыжыІащ япэ цІыхубзыр Алыхьым къигъэщІа иужь ар цІыхухъум къыхуишауэ. Іэдэм апхуэдизкІэ гуфІати, мыпхуэдэу жиІащ: «Мыр си пкъым щыщ къупщхьэщ, си лым щыщ лыщ» (ЩІэдзапІэ 2:22, 23). Ноби унагъуэ зиІэхэр насыпыфІэу щытыну Иеговэ хуейщ.

ЦІыхухэм унагъуэ щаухуэм деж ахэр гугъуехьыншэу, насыпыфІэ дыдэу зэдэпсэуну щогугъ. Ауэ зэщхьэгъусэхэр фІыуэ зэрылъагъуу щытми, ахэр гугъуехь гуэр пэщІэмыхуэу къэнэнукъым (1 Коринф 7:28). Мы брошюрэм Библием ит принципхэр къыщыхьащ икІи зэщхьэгъусэхэр абыхэм тету щытмэ, я унагъуэр насыпыфІэ ящІыфынущ (Псалом 19:8—11).

1 ИЕГОВЭ КЪЫВИТА КЪАЛЭНЫР ВГЪЭЗАЩІЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: ЛІыр — унагъуэм и нэхъыжьщ (Ефес 5:23).

Иеговэ цІыхухъум щогугъ абы лъагъуныгъэ хэлъу и щхьэгъусэр зыхуей хуигъэзэну (1 Петр 3:7). Алыхьыр хуейщ цІыхухъум дэІэпыкъуэгъу хуэхъун щхьэкІэ къигъэщІа цІыхубзыр абы фІыуэ илъагъуну икІи пщІэ хуищІыну (ЩІэдзапІэ 2:18). Зи щхьэгъусэр пэж дыдэу фІыуэ зылъагъу цІыхухъум езыр зыхуейр япэ иримыгъэщу, и щхьэгъусэр зыхуэныкъуэр япэ иригъэщынущ (Ефес 5:25—29).

Иеговэ хуейщ цІыхубзхэм я щхьэгъусэхэм пщІэ хуащІыну икІи цІыхухъухэм унагъуэм щаІэ къалэныр ягъэзэщІэну ядэІэпыкъуну (1 Коринф 11:3; Ефес 5:33). ЦІыхубзым и щхьэгъусэм ищІ унафэхэр диІыгъын икІи и гум къыбгъэдэкІыу дэІэпыкъун хуейщ (Колоссэ 3:18). Абы щыгъуэ ар Иеговэ дежкІи, и щхьэгъусэм дежкІи дахэу щытынущ (1 Петр 3:1—6).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Нэхъ щхьэгъусэфІ ухъун щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунуми уи щхьэгъусэм еупщІ. Уи щхьэгъусэм жиІэм фІыуэ едаІуи, абы къыбжиІар зэрызыхэплъхьэным хущІэкъу

  • ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ. Зым зыр насыпыфІэ фщІыуэ зевгъэсэн щхьэкІэ зэман гуэр фыхуеинущ

2 УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ И ГУРЫЩІЭХЭМ ЕГУПСЫС

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: Уи щхьэгъусэм ифІ къызэрыплъыхъуэным хущІэкъу (Филиппи 2:3, 4). Уи щхьэгъусэм егъэлъагъу ар лъапІэу зэрыплъытэр. Иеговэ и лэжьакІуэр цІыху псоми щабэу зэрыхущытын хуейр зыщывмыгъэгъупщэ (2 Тимофей 2:24). «Зи бзэ хуэмысакъым и псалъэ жыІэпхъаджэщ — укъеуІэ, цІыху Іущ и псалъэр Іэзэгъуэ зыхэлъ хущхъуэм хуэдэщ» (Притчи 12:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы къыхэкІкІэ зыгуэр жыпІэн ипэ фІыуэ уегупсысын хуейщ. Иеговэ и къару лъапІэр къыбдэІэпыкъунущ щабэу, лъагъуныгъэ хэлъу упсэлъэну (Галатие 5:22, 23; Колоссэ 4:6).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Уи щхьэгъусэм и гъусэу мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэ гуэрым утепсэлъыхьын ипэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, укъэмыгубжьу упсэлъэфын икІи уи щхьэгъусэм жиІэну зыхуейр зэхэпхын щхьэкІэ

  • Упсэлъэн ипэ жыпІэнумрэ ар зэрыжыпІэну щІыкІэмрэ фІыуэ егупсыс

3 ЗЭАКЪЫЛЭГЪУУ ФЫЩЫТ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: Фэ фыщызэрышам щыгъуэ «тІури зыпкъ» фыхъуащ (Маттэ 19:5). Ауэ фэ фызэрыщытам хуэдэу цІыху зэмыщхьитІу фыкъонэж икІи фи Іуэху еплъыкІэхэр зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ фэ зэакъылэгъуу фызэрыщытыным фыхущІэкъун хуейщ (Филиппи 2:2). Унафэ къыщыфщтэм деж фи зэхуаку зэгурыІуэныгъэ дэлъын хуейщ. Библием щыжыІащ: «Чэнджащэм и мурадыр къехъулІэнущ» (Притчи 20:18). Мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэхэр зэгъусэу къыщыфщтэм деж Библием ит принципхэм фытет (Притчи 8:32, 33, Гъэс.).

Зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу Іуэху ящІэ: мэжьыщІэ, хьэкъущыкъу ятхьэщІ

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Уи щхьэгъусэм узэрыдэгуэшэн хуейр уи еплъыкІэм и закъуэкъым, атІэ уи гурыщІэхэри жепІэн хуейщ

  • Зыгуэр уи пщэм дэплъхьэжын ипэ уи щхьэгъусэм ечэнджэщ

a Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр Иеговэщ.

ГУЭНЫХЬ ЗЭРЫТХЭЛЪЫР ЗЫЩОМЫГЪЭГЪУПЩЭ ИКІИ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ЗИГЪЭІЭ

Уи щхьэгъусэри уэри зэи фыщымыуэну фемыгупсыс (Псалом 103:14; Екъуб 3:2). Уи щхьэгъусэм хэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъыптэну хущІэкъу. Библием ит принципхэм сэбэпынагъ зэрыхэлъым шэч къытомыхьэ икІи шыІэныгъэ зыхэгъэлъ (2 Тимофей 3:16). Иеговэ и чэнджэщхэм фытетыну къару зэрефхьэлІэм щхьэкІэ и нэфІ къыфщыхуэнущ икІи фи унагъуэр нэхъ быдэ хъуурэ кІуэнущ (Галатие 6:9).

ЗЭУПЩІЫЖ...

  • Си щхьэм нэхърэ си щхьэгъусэм нэхъыбэу сызэрегупсысыр абы зыхищІэу пІэрэ?

  • Си щхьэгъусэм лъагъуныгъэрэ пщІэрэ зэрыхуэсщІыр нобэ дауэ езгъэлъэгъуа?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын