21 СТАТЬЯР
Ди къэкІуэныр Апокалипсис тхылъым къызэрыщыгъэлъэгъуар
«Іэмин. КъэкІуэж, Зиусхьэн Хьисэ!» (АПОК. 22:20).
142-НЭ УЭРЭДЫР Ди гугъапІэм быдэу дэ дытетщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дэтхэнэ зы цІыхуми мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ унафэ ищІын хуей?
ДЭТХЭНЭ зы цІыхуми мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ ищІын хуейщ: дуней псом и пащтыхь Иеговэ и лъэныкъуэр иубыдыну е абы и бий ШейтІаным и лъэныкъуэр иубыдыну. Ещанэ лъэныкъуэ щыІэкъым. А унафэм елъытащ цІыхум гъащІэ мыухыжыр иІэнрэ имыІэнрэ (Мт. 25:31—33, 46). НэгъуэщІу жыпІэмэ, «гузэвэгъуэшхуэ» зэманым Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр крагъэлын щхьэкІэ «я натІэм дамыгъэ» традзэнущ (Апок. 7:14; Иез. 9:4, 6). ХьэкІэкхъуэкІэм и «дамыгъэр» зытетхэр-щэ? Абыхэм я гъащІэр яфІэкІуэдынущ (Апок. 14:9—11).
2. 1) Еврейхэм 10:35—39 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ? 2) Апокалипсис тхылъыр дапхуэдэу къыддэІэпыкъуфыну?
2 Къеджэ Еврейхэм 10:35—39. Иеговэ и лъэныкъуэр быубыдауэ щытмэ, ар Іущагъ зыхэлъ унафэщ. Иджы уэ нэгъуэщІ цІыхухэми, апхуэдэ унафэ къащтэн щхьэкІэ, уадэІэпыкъуну ухущІокъу. АбыкІэ Апокалипсис тхылъыр хуабжьу къыбдэІэпыкъунущ. А тхылъым къыщыгъэлъэгъуащ Иеговэ и бийхэм сыт къащыщІынуми икІи абы пэжу хуэлажьэхэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр ялъысынуми. ГъащІэр зэлъыта а щІэныгъэр зэдгъэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар къыддэІэпыкъунущ теубыдагъэ диІэу адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэну. Абы нэмыщІ а щІэныгъэхэр къэдгъэсэбэпу цІыху куэдым, унафэ пэж къащтэн щхьэкІэ, дадэІэпыкъуфынущ.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Мы статьям упщІитІ щызэпкърытхынущ: 1) Алыхьым и лъэныкъуэр зыІыгъхэм сыт хуэдэ гъащІэ къапэщылъыр? 2) Апокалипсис тхылъым зи гугъу ищІ хьэщхьэвылъэ плъыжь-фІыцІафэм и лъэныкъуэр зыубыдахэм къащыщІынур сыт?
АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖ ЦІЫХУХЭМ КЪАПЭЩЫЛЪЫР
4. Хьисэ и гъусэу уафэм щыІэу Иуан хэт илъэгъуар?
4 Апостол Иуан и нэгу щІэкІам щилъэгъуащ Иеговэ и лъэныкъуэр зыубыду гъащІэ мыухыж тыгъэу къызыІэрыхьэ цІыху гупитІ. Япэ гупыр — ар Хьисэ и гъусэу уафэм пащтыхьу щыІэну цІыху 144 000-ращ (Апок. 7:4; 14:3, 4). Ахэр Хьисэ и гъусэу Сион Іуащхьэм тетщ (Апок. 14:1). А Пащтыхьыгъуэр щІылъэ псом и тепщэу щытынущ (Апок. 5:9, 10).
5. Куэд мыщІэу уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм сыт къащыщІынур?
5 БлэкІа лІэщІыгъуэхэм къриубыдэу, уафэм кІуэн щхьэкІэ, Иеговэ цІыху мин бжыгъэ къыхихащ (Лк. 12:32; Рим 8:17). ЛІэжыху Иеговэ хуэпэжу къэнахэр иджыпсту уафэм щыІэщ. Апостол Иуан зэритхымкІэ, иужьрей махуэхэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щыщу щІылъэм тетынухэм я бжыгъэр куэд хъукъым (Апок. 12:17). «Гузэвэгъуэшхуэм» щІидзэн ипэ абыхэм «Тхьэм и мыхъурыр» трагъэуэнущ. А мыхъурым къигъэлъагъуэр Иеговэ абыхэм хуэарэзыуэ зэрыщытыращ (Апок. 7:2, 3). ИужькІэ, «гузэвэгъуэшхуэр» екІуэкІыу, ахэри Алыхьым уафэм дришеижынущ икІи абыхэм Хьисэ и пащтыхьыгъуэр даІыгъынущ (Мт. 24:31; Апок. 5:9, 10).
6, 7. 1) Иуан сыт хуэдэ гуп иджыри илъагъур икІи абы теухуауэ сыт дэ тщІэр? 2) Апокалипсис тхылъым и 7-нэ псалъащхьэм итыр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэми щІылъэм щыпсэунухэми яфІэгъэщІэгъуэну щІыщытыр сыт?
6 Абы иужькІэ Иуан «цІыху куэдыкІей» хъу нэгъуэщІ гуп илъэгъуащ. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм елъытауэ, етІуанэ гупым хыхьэ цІыхухэм я бжыгъэр къыпхуэщІэнукъым (Апок. 7:9, 10). Абыхэм теухуауэ Библием сыт щыжыІар? Иуан етх: «Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкІар... Я джанэ кІыхьхэр Щынэм илъкІэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщІыжащ» (Апок. 7:14). А «цІыху куэдыкІейр» жэнэт хъужа щІылъэм щыпсэунущ (Пс. 37:9—11, 27—29; Прит. 2:21, 22; Апок. 7:16, 17).
7 Апокалипсис тхылъым и 7-нэ псалъащхьэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэри щІылъэм щыпсэунухэри къыщыгъэлъэгъуащ. А гупитІым языхэзым зыщыплъэгъужрэ уэ? А «сурэтым» узэритыр зыщомыгъэгъупщэну дынолъэІу. ПсалъэкІэ пхужыІэнукъым а гупитІым щыщхэм зыхащІэну гуфІэгъуэшхуэр! Иеговэ и лъэныкъуэр къызэрыхахам ахэр зэи хущІегъуэжынукъым. Апокалипсис тхылъым гузэвэгъуэшхуэм теухуауэ сыт иджыри къыдигъащІэр? (Мт. 24:21).
АЛЫХЬЫМ И БИЙХЭМ КЪАЩЫЩІЫНУР
8. Дапхуэдэу «гузэвэгъуэшхуэр» зэрыщІидзэнур икІи и нэхъыбэ цІыхухэм сыт ящІэнур?
8 Мыбы ипэкІэ дджа статьям дэ къыщытщІащ политикхэр Бабилэнышхуэм — дуней псом тет дин нэпцІхэм — зэрытеуэнур (Апок. 17:16, 17). А ІуэхумкІэ гузэвэгъуэшхуэр щІидзэнущ. Абы щыгъуэ цІыху куэдым Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдыну пІэрэ? Хьэуэ. Апокалипсис 6-нэ псалъащхьэм къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм политическэ икІи коммерческэ организацэхэм хъумапІэ къыщалъыхъуэнущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм а организацэхэр, бгым хуэдэу, быдэу къащыхъунущ. А цІыхухэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр зэрамыубыдам къыхэкІкІэ Иеговэ ахэр и бийуэ къилъытэнущ (Лк. 11:23; Апок. 6:15—17).
9. «Гузэвэгъуэшхуэ» зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэр адрей цІыхухэм къащІыхэщынур сыт икІи сыт абы къыпэкІуэнур?
9 «Гузэвэгъуэшхуэ» зэманым Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр адрей цІыхухэм хуабжьу къахэщынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм адэкІи Алыхь Иеговэ ягъэлъэпІэнущ икІи «хьэщхьэвылъэм» и лъэныкъуэр яубыдынукъым (Апок. 13:14—17). Апхуэдэ щытыкІэр Иеговэ и бийхэм, дауикІ, ягу ирихьынукъым. Абы къыхэкІкІэ лъэпкъ зэгухьэнухэр — Магог щІыналъэм щыщ Гогыр — дуней псом тет Алыхьым и лэжьакІуэхэм теуэнущ (Иез. 38:14—16).
10. Сыт Иеговэ ищІэнур и бийхэр и лъэпкъым теуа иужь? (Апокалипсис 19:19—21).
10 Иеговэ ар дауэ къыщыхъуну? Абы мыпхуэдэу къыджеІэ: «Си губжьыр ину къэлыдынущ» (Иез. 38:18, 21—23). Абы теухуауэ Апокалипсис тхылъым и 19-нэ псалъащхьэм нэхъыбэ къыщыдощІэ. Иеговэ и лъэпкъыр къригъэлын икІи и бийхэр игъэкІуэдын щхьэкІэ, Хьисэ къигъэкІуэнущ. Абы и гъусэнущ «уафэм и дзэхэр», нэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым хуэпэж мелыІычхэмрэ 144 000-мрэ (Апок. 17:14; 19:11—15). Дапхуэдэу а зауэр зэриухынур? Иеговэ къыпэщІэт организацэхэмрэ цІыхухэмрэ игъащІэкІэ ягъэкІуэдынущ! (Къеджэ Апокалипсис 19:19—21.)
ЗАУЭМ ИУЖЬ ЕКІУЭКІЫНУ ХЬЭГЪУЭЛІЫГЪУЭР
11. Апокалипсис тхылъым зи гугъу ищІхэм щыщу сыт хуэдэ Іуэхугъуэра нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр?
11 Алыхьым и бийхэр ягъэкІуэда иужь сыт хуэдэ гурыщІэхэр зыхэтщІэнуми фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! А зэманым уафэм сыт къыщыхъунур? Бабилэнышхуэр зэрагъэкІуэдам щхьэкІэ, абы щыІэну гуфІэгъуэм нэмыщІ иджыри зы Іуэхугъуэ щекІуэкІынущ (Апок. 19:1—3). Ар «Щынэм» и хьэгъуэлІыгъуэращ. Апокалипсис тхылъым зи гугъу ищІхэм щыщу ар нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэщ (Апок. 19:6—9).
12. Щынэм и хьэгъуэлІыгъуэр щекІуэкІынур дапщэщ? (Апокалипсис 21:1, 2).
12 Дапщэщ а хьэгъуэлІыгъуэр щекІуэкІынур? 144 000-м щыщхэр псори уафэм зэгъусэ щыхъунур Армагеддон зауэм ипэ къихуэущ. ДауикІ, абы щыгъуэ хьэгъуэлІыгъуэм и зэманкъым. (Къеджэ Апокалипсис 21:1, 2.) Абы къыхэкІкІэ Щынэм и хьэгъуэлІыгъуэр щекІуэкІынур Армагеддон зауэм иужьщ, Алыхьым и бийхэр щыщымыІэж зэманым (Пс. 45:3, 4, 13—17).
13. Щынэм и хьэгъуэлІыгъуэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэр?
13 А «хьэгъуэлІыгъуэм» сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэр? Ар ебгъэщхь хъунущ хьэгъуэлІыгъуэ нэужьым щауэмрэ нысащІэмрэ зыпкъ зэрыхъум. Апхуэдэу пащтыхь Хьисэ Мэссихьрэ абы и «нысащІэмрэ» (144 000-м щыщхэмрэ) зы хъунущ. А мыхьэнэшхуэ зиІэ ІуэхугъуэмкІэ щІидзэнущ илъэс минкІэ екІуэкІыну Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и тепщэныгъэр (Апок. 20:6).
КЪАЛЭШХУЭ ЛЪАПІЭМРЭ ДИ КЪЭКІУЭНЫМРЭ
Апокалипсис 21-нэ псалъащхьэм щІагъыбзэкІэ къыщыгъэлъэгъуащ ЕрусэлимыщІэ зи цІэ къалэр. Ар «Тхьэм деж къикІыу, уафэм къехыу» Библием щыжыІащ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым а къалэм щІылъэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр щищІынущ икІи Алыхьым хуэпэж цІыхухэм абы фІыгъуэ куэд къахуихьынущ (14—16-нэ абзацхэм феплъ.)
14, 15. Апокалипсис 21-нэ псалъащхьэм 144 000-р сытым хуигъадэрэ? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
14 Апокалипсис 21-нэ псалъащхьэм 144 000-м щыщхэр ЕрусалимыщІэ зи цІэ къалэ дахэм хуегъадэ (Апок. 21:2, 9). «А къалэм и блыным лъабжьэ пщыкІутІ иІэт. А лъабжьэхэм Щынэм и апостол пщыкІутІым я цІэхэр тетхат» (Апок. 21:10—14; Еф. 2:20). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт а лъабжьэхэм языхэзым Иуан и цІэр тетхауэ щилъэгъуам ар зэригъэщІэгъуар! Иеговэ сыту пщІэшхуэ абы хуищІа!
15 ЕрусэлимыщІэр нэгъуэщІ зы къалэми ещхькъым. Абы и бгъуагъри, и лъагагъри, и кІыхьагъри зэхуэдизщ. А къалэм и уэрам нэхъыщхьэр зэрыщыту дыщэ къабзэм къыхэщІыкІащ. «Куэбжэ пщыкІутІыр налкъутналмэс пщыкІутІт: дэтхэнэ куэбжэри зы налкъутналмэсым къыхэщІыкІат». ЕрусэлимыщІэм и блынхэмрэ и лъабжьэмрэ мывэ лъапІэхэмкІэ гъэщІэрэщІат (Апок. 21:15—21). АдэкІэ Иуан етх: «Тхьэм щелъэІу унэшхуэ гуэри щыслъэгъуакъым а къалэ лъапІэм, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэ Зиусхьэну Тхьэмрэ Щынэмрэ а къалэм зэрыщыІэм щхьэкІэ, а къалэр Тхьэм щелъэІу унэшхуэ лъэпкъ хуэныкъуэкъым. А къалэр зыгъэнэхун дыгъи мази хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Тхьэм и щІыхьышхуэм а къалэр егъэнэху, Щынэр а къалэм и нэхугъэщ» (Апок. 21:22, 23). Аращи, ЕрусэлимыщІэм щыІэнухэр «Тхьэм щелъэІу унэшхуэ» хуэныкъуэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм езы Иеговэ я гъусэнущ (Евр. 7:27; Апок. 22:3, 4).
«ЦІыхухэм гъащІэ къезыт псыкІэ» икІи «жыгкІэ» къэгъэлъэгъуа Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и фІыгъуэхэр къызылъысынур хэт? (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)
16. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым цІыхухэм сыт къахуихьынур?
16 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр а къалэм зэрегупсысым я гур хегъахъуэ. Ауэ ЕрусэлимыщІэм теухуа къэхъун хуей псалъэхэм щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэми я гур фІы ещІ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм, илъэс минкІэ щІылъэм щытепщэну зэманым, цІыхухэм фІыгъуэ куэд къахуихьынущ. Ахэр апхуэдизкІэ куэду щытынущи, Библиер абы «цІыхухэм гъащІэ къезыт псыкІэ» йоджэ. «А псышхуэм и бгъуитІми гъащІэ къэзыт жыг Іутщ... А жыгым и тхьэмпэхэм лъэпкъхэм я узыфэхэр ягъэхъуж» (Апок. 22:1, 2). А зэманым щІылъэм щыпсэуну цІыхухэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэмкІэ затІыжынущ. Хуэм-хуэмурэ Алыхьым хуэпэж цІыхухэр дагъуэншэ хъунущ икІи афІэкІа узыфэхэри, гъынри, щыгъуэныгъэри щыІэжынукъым (Апок. 21:3—5).
17. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым щІылъэм щыпсэунур хэт? (Апокалипсис 20:11—13).
17 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым щІылъэм щыпсэунур хэт? Япэрауэ, Армагеддон зауэшхуэм къелыну цІыху куэдыкІеймрэ дунеищІэм къыщалъхуну сабийхэмрэ. Абы нэмыщІ лІахэр къызэрытэджыжынур Апокалипсис 20-нэ псалъащхьэм щыжыІащ. (Къеджэ Апокалипсис 20:11—13.) Алыхьым лІахэм къахигъэтэджыкІыжынур хэт? «Щыпкъагъэ зиІи зимыІи», нэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ пэжу хуэлэжьахэмрэ абы теухуауэ къэзыщІэну Іэмал зимыІахэмрэ (Апост. 24:15; Ин. 5:28, 29). Аращи, лІауэ хъуар дунеищІэм къыщытэджыжынукъым. Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдыну Іэмал зиІахэм, ауэ ар къэзымыгъэсэбэпахэм къагъэлъэгъуащ дунеищІэм щыпсэуну зэрахуэмыфащэр (Мт. 25:46; 2 Фес. 1:9; Апок. 17:8; 20:15).
ИУЖЬРЕЙ ГЪЭУНЭХУАПІЭР
18. Илъэс 1 000-м и кІэм деж сыт къэхъунур?
18 Илъэс 1 000-м и кІэм деж цІыху псори дагъуэншэ хъунущ. Іэдэм и гуэныхьым къыпэкІуа псори афІэкІа щыІэжынукъым (Рим 5:12). ЦІыху псоми гъащІэ дагъуэншэ зэраІэнум къыхэкІкІэ ахэр къэхъужауэ Библием щыжыІащ (Апок. 20:5).
19. Иужьрей гъэунэхуапІэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэр?
19 ШейтІаным Хьисэ дапхуэдэу игъэунэхуну хэмытами, дэ дощІэ ар Алыхьым хуэпэжу къызэрынар. Ауэ дагъуэншэ хъуа цІыхухэр ШейтІаным игъэунэхуну Іэмал иІэ хъумэ, ахэр Алыхьым хуэпэжу къэнэну пІэрэ? Илъэс миным и кІэм деж, ШейтІаныр къаутІыпщыжа иужь, а упщІэм и жэуапыр дэтхэнэ зыми еттыфынущ (Апок. 20:7). Иужьрей гъэунэхуапІэм Алыхьым хуэпэжу къэнэнухэм гъащІэ мыухыжрэ хуитыныгъэ нэгъэсарэ яІэнущ (Рим 8:21). А зэманым Иеговэ пэщІэувэну цІыхухэр ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ я гъусэу игъащІэкІэ ягъэкІуэдынущ (Апок. 20:8—10).
20. Апокалипсис тхылъым итыр зэрызэпкърытхам сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывита?
20 Апокалипсис зи цІэ «сурэтым» феплъыну фигу ирихьа? А Іуэхугъуэ гъуэзэджэхэм фызэрыхэтыр флъагъуну ффІэгъэщІэгъуэнкъэ? ДауикІ, а псом дэ дыхуегъэуш, ди гъусэу Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ, нэгъуэщІ цІыхухэри къедгъэблэгъэну (Апок. 22:17). Мы статьяищым я фІыгъэкІэ дэ ипэкІэ къэхъуну Іуэхугъуэхэм дыпхырыкІа хуэдэщ икІи, апостол Иуан хуэдэу, мы псалъэхэр жыдоІэ: «Іэмин. КъэкІуэж, Зиусхьэн Хьисэ!» (Апок. 22:20).
27-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и къуэхэр куэд мыщІэу дунейм иригъэлъэгъунущ
a Апокалипсис тхылъым теухуауэ мы журналым ит статьяхэм щыщу мыр иужьрейщ. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ къэкІуэну зэманым Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм гъащІэ дахэ къапэщылъым теухуауэ. Иджыри дэ къэтщІэнущ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пэщІэувэхэм пщІэи щхьэи ямыІэу кІэух къазэрыхуэкІуэнур.