19 СТАТЬЯР
Апокалипсис тхылъым итым сыт хуэдэ мыхьэнэ уи дежкІэ иІэр?
«Къэхъуну Іуэхугъуэхэм ятеухуауэ... мы псалъэхэм еджэр гъуэгу махуэ теуващ» (АПОК. 1:3).
15-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и Къуэ пажэм щІыхь хуэфщІ!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Апокалипсис тхылъыр ди дежкІэ псом хуэмыдэу гъэщІэгъуэну щІыщытыр сыт?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт зыгуэрым и сурэтхэр зыдэлъ альбомым уеплъу. А сурэтхэм ит цІыхухэм и нэхъыбэр уэ пцІыхукъым. Ауэ зы сурэтым уи нэр тохуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы уэ езыр ухэтщ. А сурэтым уеплъыху уэ уегупсысу щІыбодзэ: «Мыр дапщэщ щытрахар икІи дэнэ?» Абы нэмыщІ а сурэтым уи гъусэу ит цІыхухэм я цІэхэр къэпщІэжыну ухэтщ. ДауикІ, уэ арэзы утехъуэну къыщІэкІынщ узэплъа сурэтхэм щыщу а зыр уи гум нэхъ къызэринэнур.
2 Апокалипсис тхылъыр апхуэдэ сурэтым ебгъэщхь хъунущ. Сыт щхьэкІэ? Абы теухуауэ щхьэусыгъуитІ зэпкърытхынщ. Япэрауэ, а тхылъыр дэр щхьэкІэ тхауэ щытщ. Ар мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ щІедзэ: «Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Іуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщІигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цІыхухэм куэд мыщІэу къэхъуну Іуэхугъуэхэр яригъэщІэн щхьэкІэщ» (Апок. 1:1). КъызэрыщІэкІымкІэ, ар цІыхубэм псоми яхуэгъэзакъым, атІэ зыхуэгъэзар дэращ — Алыхьым и лэжьакІуэхэм. Аращи, а тхылъым итыр гъэзэщІа хъуным дэ дызэрыхэтыр гъэщІэгъуэнкъым. НэгъуэщІу жыпІэмэ, ар «сурэтым» дыхэту зэрызытлъэгъужым ебгъэщхь хъунущ.
3, 4. Апокалипсис тхылъым ит къэхъун хуей псалъэхэр дапщэщ гъэзэщІа щыхъур икІи сытым абы дыхуигъэушрэ?
3 ЕтІуанэрауэ, Апокалипсис тхылъым итыр ди дежкІэ гъэщІэгъуэну щІыщытыр — ар къыщыхъу зэманыращ. Зи ныбжь хэкІуэта апостол Иуан итхат а Іуэхугъуэхэр «Зиусхьэным и махуэм» къызэрыхъур (Апок. 1:10). Ди эрэм и 96-нэ гъэм, Иуан а псалъэхэр щитхам щыгъуэ, «Зиусхьэным и махуэр» къэсыным зэман куэд иджыри иІэт (Мт. 25:14, 19; Лк. 19:12). Библием зэритымкІэ, 1914-нэ гъэм, Хьисэ уафэм щыІэ Пащтыхьыгъуэм и пащтыхьу щытеувам щыгъуэ, а махуэм щІидзащ. А зэманым щыщІэдзауэ Апокалипсис тхылъым ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа мэхъу. А псалъэхэр Алыхьым и лъэпкъми лъоІэс. Пэжщ, дэ псори «Зиусхьэным и махуэм» дыщопсэу!
4 Апхуэдэ зэман гъэщІэгъуэным дызэрыщыпсэум къыхэкІкІэ Апокалипсис 1:3 ит чэнджэщым ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы щыжыІащ: «Къэхъуну Іуэхугъуэхэм ятеухуауэ Тхьэм деж къикІа мы псалъэхэм еджэр гъуэгу махуэ теуващ. Мы псалъэхэр зэхэзыхыу, зыгъэзащІэхэри гъуэгу махуэ теуващ, мы Іуэхугъуэхэр къыщыхъуну зэманыр къэблэгъащи». Гу лъытапхъэщ, а псалъэхэм деджэн, дедэІуэн икІи дгъэзэщІэн зэрыхуейр. Аращи, ахэр нэхъ куууэ зэпкърытхынщ.
ИЕГОВЭ ЗЭРЫХУЕЙМ ХУЭДЭУ ФЫХУЭЛАЖЬЭ
5. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм ар арэзы техъуэрэ темыхъуэрэ зэхэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр Апокалипсис тхылъым дапхуэдэу къыхэщрэ?
5 Апокалипсис тхылъым и япэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ гурыІуэгъуэ мэхъу: Алыхьым и зэхуэсым къыщекІуэкІым Хьисэ фІыуэ щыгъуазэщ (Апок. 1:12—16, 20; 2:1). Ар къыхощ Малая Азием щыІа зэхуэсиблым яхуэгъэзауэ Хьисэ жиІауэ щыта псалъэхэм. Алыхьыр арэзы ящІын щхьэкІэ сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ящІын хуейми, Хьисэ абыхэм къагурегъаІуэ. Абы нэмыщІ а псалъэхэр ди зэманым псэу Алыхьым и лэжьакІуэхэми яхуэгъэзащ. Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Ди Пашэ Хьисэ Мэссихь фІыуэ щыгъуазэщ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлърэ дэмылърэ. Абы дыкъихъумэн щхьэкІэ ди япэ иту макІуэ икІи Алыхьым дызэрыхуэлажьэ щІыкІэм гу лъимытэу къанэкъым. ДауикІ, Хьисэ фІыуэ ещІэ Иеговэ и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми. Аращи, Апокалипсис тхылъым ит Хьисэ и унафэхэм щыщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
6. 1) Апокалипсис 2:3, 4 ит Хьисэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, Ефес къалэм щыІа зэхуэсым сыт хуэдэ ныкъусан яІа? 2) Хьисэ и псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
6 Къеджэ Апокалипсис 2:3, 4. Иеговэ къыщытцІыхуам щыгъуэ абы худиІа лъагъуныгъэр зыфІэдгъэкІуэд хъунукъым. Хьисэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, Ефес къалэм щыІа зэхуэсым щыщхэм, гугъуехь куэд зэраІэм емылъытауэ, теубыдагъэ ягъэлъагъуэу Алыхьым пэжу хуэлажьэт. Ауэ абыхэм Иеговэ хуаІа лъагъуныгъэр ужьыхыжащ. Аращ Хьисэ абыхэм чэнджэщ щІаритар япэм яІа лъагъуныгъэр къызэщІагъэплъэжын зэрыхуейм теухуауэ. Армыхъумэ, Иеговэ ахэр и лэжьакІуэу афІэкІа къилъытэжынутэкъым. Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Дэри теубыдагъэ дгъэлъэгъуэн хуейщ, ауэ абыкІэ Іуэхур зэфІэкІкъым. А хьэл-щэныр дгъэлъэгъуэну дыхуэзыгъэушыр сытми мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ тщІэ Іуэхухэм нэмыщІ ар щІэтщІэм и щхьэусыгъуэми Иеговэ гу лъетэ. Алыхьым абы мыхьэнэшхуэ щІритыр сыт? Ар хуейщ лъагъуныгъэ худиІэм икІи фІыщІэ зэрыхуэтщІым къыхэкІкІэ абы дыхуэлэжьэну (Прит. 16:2; Мк. 12:29, 30).
7. 1) Апокалипсис 3:1—3 ит Хьисэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, Сардис къалэм щыІа зэхуэсым сыт хуэдэ гугъуехь иІар? 2) Сардис къалэм дэса къуэш, шыпхъухэм я щыуагъэм хуэдэ дымыщІэн щхьэкІэ, сытым дыхущІэкъун хуей?
7 Къеджэ Апокалипсис 3:1—3. «Дымыжеин» щхьэкІэ адэкІи дысакъын хуейщ. Са́рдис къалэм щыІа зэхуэсым нэгъуэщІ гугъуехь яІэт: ахэр япэм Алыхьым зэрыхуэлэжьам хуэдэу хуэлэжьэжтэкъым. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ ахэр «мыжеину» къыхуреджэ. Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? ДауикІ, Иеговэ «длэжьа Іуэхухэр щыгъупщэнукъым» (Евр. 6:10). Ауэ мыпхуэдэу дегупсыс хъунукъым: «Сэ Алыхьым хуэсщІар куэдщ, адэкІэ зызгъэпсэхуми, хъунущ». Ди гугъуехьхэр нэхъыбэ зэрыхъум емылъытауэ, «Зиусхьэным и Іуэхум» адэкІи жыджэру дыхэтын икІи «дымыжеин» щхьэкІэ дысакъын хуейщ (1 Кор. 15:58; Мт. 24:13; Мк. 13:33).
8. Хьисэ Лаодикие къалэм дэса къуэш, шыпхъухэм ярита чэнджэщым сытым дыхуигъасэрэ? (Апокалипсис 3:15—17).
8 Къеджэ Апокалипсис 3:15—17. Дэ псэемыблэжу Алыхьым и лэжьыгъэм дыхэтын хуейщ. Лаоди́кие къалэм щыщ къуэш, шыпхъухэри гугъуехь гуэрым пэщІэхуат. Хьисэ абыхэм яжриІащ ахэр «мыхуабэ-мыщІыІэу» зэрыщытыр. Алыхьым и лэжьыгъэр къафІэмыІуэхуу зэрыщытым щхьэкІэ, Хьисэ ахэр «тхьэмыщкІэу» икІи «гущІэгъу яхуэфащэу» жиІащ. Абы къыхэкІкІэ Лаодикие къалэм дэса къуэш, шыпхъухэм Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ яІа гукъыдэжым хагъэхъуэн хуейт (Апок. 3:19). Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Алыхьым хуэлэжьэну цІыхум иІэ гукъыдэжыр нэхъ мащІэ хъуауэ щытмэ, абы Иеговэ хуиІэ фІыщІэм хэщІауэ къыщІэкІынущ. Аращи, Алыхьымрэ абы и организацэмрэ къытхуащІэ псор зэпымыууэ дигу къэдгъэкІыжыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Апок. 3:18). Абы нэмыщІ ди гъащІэр нэхъыфІ икІи нэхъ тынш зэрытщІыным дыхущІэкъуу Алыхьым дызэрыхуэлажьэр идгъэкІуэт хъунукъым.
9. Пергам, Фиатирэ къалэхэм щыІа зэхуэсхэм хуэгъэза Хьисэ и псалъэхэм тепщІыхьмэ, сыт хуэдэ къапхъэным пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей?
9 Алыхьым епцІыжахэм зыхурагъаджэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. Перга́м къалэм дэса языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр Хьисэ игъэкъуэншащ. Абыхэм зэхуэсым щыщхэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ далъхьэт икІи пцІым хурагъаджэт (Апок. 2:14—16). ИужькІэ Фиати́рэ къалэм щыІа зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм ар ящытхъуащ абыхэм «ШейтІаным и щэхушхуэхэм» пэІэщІэ зыхуащІу зэрыщытам щхьэкІэ. АдэкІи пэжым лъэ быдэкІэ тетыну Хьисэ ахэр хуигъэушащ (Апок. 2:24—26). Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр махэу зэрыщытым къыхэкІкІэ Алыхьым епцІыжахэм я щхъухьым дихьэхащ. Хьисэ абыхэм яжриІащ я гуэныхьым хущІегъуэжын зэрыхуейр. Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Иеговэ и гупсысэкІэм темыхуэ дэтхэнэ зы гупсысэми дэ пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. Алыхьым епцІыжахэм «Тхьэм и фІэлІыкІ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэ», ауэ я ІуэхущІафэхэм ар къыхэщкъым (2 Тим. 3:5). Абыхэм я къапхъэным димыхуэн щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур? Апхуэдэ гупсысэ нэпцІхэр зэхэбгъэкІыну икІи абыхэм пэІэщІэ зыхуэпщІыну куэдкІэ нэхъ тыншщ Библиер куууэ щыбджым деж (2 Тим. 3:14—17; Иудэ 3, 4).
10. Пергам, Фиатирэ къалэхэм щыІа зэхуэсхэм Хьисэ ярита чэнджэщым сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну?
10 Зинэ щІэным пыщІа дэтхэнэ зы Іуэхугъуэми пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. Пергам, Фиатирэ къалэхэм щыІа зэхуэсхэр иджыри зы гугъуехьым пэщІэхуат. Абыхэм щыщ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр зинэ щІэным дихьэхауэ Хьисэ жиІащ (Апок. 2:14, 20). Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Алыхьым и лэжьакІуэм и дежкІэ, дауикІ, къезэгъкъым зинэ ищІэну, ар тэмэму къилъытэну е къызыфІимыгъэІуэхуну. Илъэс куэд хъуауэ цІыхур Иеговэ хуэлажьэми е пщІэ зыпылъ къалэн гуэр игъэзащІэми, апхуэдэ дуней тетыкІэр Алыхьым зэи ишэчынукъым (1 Сам. 15:22; 1 Пет. 2:16). Мы дунейм хабзэншагъэм зэрызыщиубгъуам щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ и хабзэ къабзэхэм дытетыну къытщогугъ (Еф. 6:11—13).
11. Мы статьям и япэ Іыхьэм сыт къыщытщІар? (Абы нэмыщІ «Дэр щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
11 Мы статьям и япэ Іыхьэм зи гугъу тщІар къэтпщытэжынщ. Дэ къэтлъэгъуащ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм ар арэзы техъуэрэ темыхъуэрэ зэхэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Аращи, ди Алыхь Иеговэ игу иримыхь гуэр тщІэуэ щытмэ, зыдмыІэжьэу зэрызытхъуэжыным къару етхьэлІэн хуейщ (Апок. 2:5, 16; 3:3, 16). Малая Азием щыІа зэхуэсхэм яхуэгъэзауэ Хьисэ жиІауэ щыта псалъэхэм иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр къыщыдгъуэтыфынущ.
ДЫКЪЫЗЭРЫРАХУЭКІЫНЫМ ХУЭХЬЭЗЫРУ ДЫЩЫВГЪЭТ
1914-нэ гъэм щыщІэдзауэ ШейтІаныр Алыхьым и лэжьакІуэхэм дапхуэдэу зэрытеуэр? (12—16-нэ абзацхэм феплъ.)
12. Смирнэ, Филаделфие къалэхэм щыІа зэхуэсхэм Хьисэ яжриІа псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? (Апокалипсис 2:10).
12 Иджы Сми́рнэ, Филаде́лфие къалэхэм щыІа зэхуэсхэм Хьисэ яжриІа псалъэхэм дыхэплъэнщ. Абы ахэр хуигъэушащ къызэрырахуэкІыным щымышынэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым хуэпэжу къызэрынэм щхьэкІэ абыхэм тыгъэу гъащІэ мыухыж къалъысынут. (Къеджэ Апокалипсис 2:10; 3:10.) Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Дэ дощІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр къызэрырахуэкІынур икІи абы хуэхьэзыру дыщытын хуейщ (Мт. 24:9, 13; 2 Кор. 12:10). Ар зыщыдмыгъэгъупщэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
13, 14. Апокалипсис 12-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэр дапхуэдэу Алыхьым и лъэпкъым зэрылъэІэсар?
13 Апокалипсис тхылъым зэритымкІэ, ди зэманым — «Зиусхьэным и махуэм» — Алыхьым и лъэпкъыр кърахуэкІынущ. А тхылъым и 12-нэ псалъащхьэм щыжыІащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзэу уафэм зауэшхуэ къызэрыщыхъеяр. Михаил, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Хьисэ Мэссихь, и мелыІычхэр и гъусэу ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ езэуащ (Апок. 12:7, 8). Сыт абы къыпэкІуар? Алыхьым и бийхэр щІылъэм кърадзыхащ. Абы къыхэкІкІэ ЩІылъэмрэ абы тет цІыхухэмрэ гузэвэгъуэ куэдхэм пэщІэхуащ (Апок. 12:9, 12). Дапхуэдэу а Іуэхугъуэр Алыхьым и лъэпкъым зэрылъэІэсар?
14 Апокалипсис тхылъым а упщІэми жэуап ирет. ШейтІаным уафэм кІуапІэ зэримыІэм къыхэкІкІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм и губжьыр ятрекъутэ. Сыт щхьэкІэ? Ахэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и «лІыкІуэу» щытщ икІи «Хьисэ Мэссихь щыхьэт» хуохъу (2 Кор. 5:20; Апок. 12:17; Еф. 6:19, 20). Дапхуэдэ щІыкІэу ШейтІаныр абыхэм зэрезауэр?
15. Апокалипсис 11-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ «щыхьэтитІым» хэт къагъэлъагъуэр икІи сыт абыхэм къащыщІар?
15 ШейтІаным Алыхьым и бийхэр хуигъэушащ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэшхэм теуэну. 1918-нэ гъэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІ гъэІуным кІэлъыплъ къуэшхэм пцІы тралъхьэри, илъэс куэдкІэ тутнакъым ягъэтІысащ. Апокалипсис тхылъым а къуэшхэр яукІауэ щыта «щыхьэтитІу» къыщыгъэлъэгъуащ (Апок. 11:3, 7—11)b. ЦІыху еплъыкІэкІэ а къуэшхэм ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэм кІэ къыхуэкІуауэ къыпщыхъунут.
16. 1919-нэ гъэм дапхуэдэу Іуэхум гъэщІэгъуэныщэу зэрызихъуэжар икІи абы лъандэрэ ШейтІаным сыт ищІэр?
16 Апокалипсис 11-нэ псалъащхьэм адэкІэ щыжыІащ а «щыхьэтитІыр» къэхъужауэ. Дапхуэдэу а псалъэхэр къызэрыхъуар? Илъэс дэмыкІыу Іуэхум гъэщІэгъуэныщэу зихъуэжащ. 1919-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм а къуэшхэр щхьэхуит ящІыжри, зэрагъэкъуэнша псори трахыжащ. Ахэр занщІэу Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІ гъэІунымрэ цІыхухэр егъэджэнымрэ пэрыхьэжащ. Ауэ абы щхьэкІэ Алыхьым и лъэпкъым теуэн ШейтІаным къигъэнакъым. «Псыдзэ» къиуам хуэдэу, абы Алыхьым и лэжьакІуэхэр кърихуэкІыу щІидзащ (Апок. 12:15). Абы къыхэкІкІэ дэ «теубыдагъэрэ щыпкъагъэрэ» дыхуэныкъуэщ (Апок. 13:10).
ИЕГОВЭ КЪЫДИТА ЛЭЖЬЫГЪЭМ НЭГЪЭСАУЭ ФЫХЭТ
17. Алыхьым и лъэпкъым ШейтІаныр зэрытеуэм емылъытауэ, сыт хуэдэ дэІэпыкъуэгъу иІэ хъуа?
17 Апокалипсис 12-нэ псалъащхьэм зэритым хуэдэу, Алыхьым и лъэпкъым зыщымыгугъа лъэныкъуэмкІэ дэІэпыкъуэгъу игъуэтынущ. Библием щыжыІащ: «щІым... и жьэр зэІуихри... псышхуэр ирифащ» (Апок. 12:16). Дауэ мы псалъэхэр къызэрыхъур? ШейтІаным и дунейм и Іыхьэ гуэрхэр «щІым» ебгъэщхь хъунущ, псалъэм папщІэ, языныкъуэ хеящІэхэр. Иеговэ и Щыхьэтхэм мызэ-мытІэу судым къыщахьа текІуэныгъэхэм я фІыгъэкІэ хуитыныгъэ гуэрхэр яІэ хъуащ. А хуитыныгъэр абыхэм къагъэсэбэп Иеговэ къарита лэжьыгъэр нэгъэсауэ ягъэзэщІэн щхьэкІэ (1 Кор. 16:9). Сыт а лэжьыгъэм хыхьэр?
Алыхьым и лъэпкъым сыт хуэдэ хъыбаритІ игъэІур? (18, 19-нэ абзацхэм феплъ.)
18. Мы дунейм и иужьрей махуэхэм сыт хуэдэ лэжьыгъэра ди дежкІэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр?
18 Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу, мы дунейм и кІэухыр къэсын ипэ абы и лъэужь ирикІуэхэм «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэнущ» (Мт. 24:14). А Іуэхур Алыхьым и лъэпкъым игъэзэщІэну мелыІычхэр къыдоІэпыкъу. Абы теухуауэ Библием мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «НэгъуэщІ мелыІыч гуэр уафэм щызелъатэу слъэгъуащ абы и ужькІэ. Дунейм тет цІыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми яхуиІуэтэну Тхьэм и хъыбарыфІу мыкІуэдыжынур а мелыІычым къихьырт» (Апок. 14:6).
19. Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм хъыбарыфІым нэмыщІ иджыри сыт хуэдэ хъыбар ягъэІун хуейр?
19 Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм ягъэІур хъыбарыфІым и закъуэкъым. Апокалипсис 8-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ 10-нэм нэс зи гугъу ищІ лэжьыгъэр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ ахэр мелыІычхэм ядэІэпыкъун хуейщ. А мелыІычхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и бийхэм къащыщІынур ягъэІу. Абы къыхэкІкІэ мы дунейм и Іыхьэхэм хуэгъэзауэ «уэмрэ мафІэмрэ» ебгъэщхь хъуну хъыбарыр Иеговэ и Щыхьэтхэм ягъэІу (Апок. 8:7, 13). Мы дунейм и кІэухыр къызэрысар цІыхухэм къащІэн хуейщ. Абы щыгъуэ абыхэм Іэмал яІэнущ я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэу «Иеговэ и губжь махуэм» къелыну (Соф. 2:2, 3). Ауэ ар куэдым зэхахыну зэрыхуэмейм къыхэкІкІэ дэ лІыгъэм дыхуэныкъуэщ. А хъыбарыр гузэвэгъуэшхуэ зэманым нэхъ ину Іунущ (Апок. 16:21).
КЪЭХЪУН ХУЕЙ МЫ ПСАЛЪЭХЭР ВГЪЭЗАЩІЭ
20. КъыкІэлъыкІуэ статьяитІым зи гугъу тщІынур сыт?
20 Апокалипсис тхылъым ит къэхъун хуей псалъэхэм гулъытэ хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр гъэзэщІа зэрыхъум дэ езыр дыхэтщ (Апок. 1:3). ДауикІ, гъэунэхуапІэхэм упэщІэтыну икІи лІыгъэ пхэлъу Алыхьым и хъыбархэр бгъэІуну тыншкъым. Ауэ Апокалипсис тхылъым итыр адэкІэ зэрызэпкърытхыным къару къытхилъхьэнущ. Дэ къэтщІэнущ: 1) Алыхьым и бийхэм сыт къапэщылъми, 2) Иеговэ хуэпэжу къанэхэм дапхуэдэу и нэфІ ящыхуэнуми. Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьяитІым дыщытепсэлъыхьынущ.
32-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ бгъэдэувэ!
a Дэ зэман гъэщІэгъуэным дыщопсэу! Апокалипсис тхылъым ит къэхъун хуей псалъэхэр ди зэманым гъэзэщІа мэхъу. Ауэ дапхуэдэу дэ ахэр къызэрытлъэІэсыр? Иеговэ дызэрыхуэлажьэр игу ирихьын щхьэкІэ, Апокалипсис тхылъым итыр дэ дгъэзэщІэн хуейщ. Мы статьямрэ къыкІэлъыкІуэ статьяитІымрэ а тхылъым ит гупсысэ зыбжанэ щызэпкърытхынущ.
b 2014-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 30-нэ напэкІуэцІым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм феплъ.