22 СТАТЬЯР
Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр махуэ къэс къыддоІэпыкъу
«Іущагъыр къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ» (ПРИТ. 2:6).
89-НЭ УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дэ псори Іущагъым дыщІыхуэныкъуэр сыт? (Притчи 4:7).
ЗЭМАН-ЗЭМАНКІЭРЭ дэтхэнэ зыми мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къэтщтэн хуей мэхъу. Апхуэдэм деж Иеговэ къыбгъэдэкІ Іущагъым дызэрыхуэныкъуэр къыдгуроІуэри, ар къыдитыну долъэІу (Екъуб 1:5). Аращ пащтыхь Сэлмэн мыпхуэдэу щІитхар: «ЩыІэкъым Іущыгъэм и щхьэ кІуэ». (Къеджэ Притчи 4:7, Гъэсэпэтхыдэхэр.) ДауикІ, Сэлмэн зи гугъу ищІар тхылъ куэд еджа цІыху губзыгъэм бгъэдэлъ щІэныгъэракъым, атІэ Иеговэ къыбгъэдэкІ Іущагъыращ (Прит. 2:6). Ауэ ди зэманым дызыІущІэ гугъуехьхэм дапэлъэщыну Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыр пэж дыдэу къыддэІэпыкъуфыну пІэрэ? ДауикІ, къыддэІэпыкъуфынущ. Иджыпсту абы дытепсэлъыхьынщ.
2. Іущагъым хэдгъэхъуэну сыт къыддэІэпыкъунур?
2 Пасэ зэманым Іущагъышхуэ зыбгъэдэлъа цІыхухъуитІ псэуащ. Абыхэм теухуауэ нэхъыбэ къатщІэмэ, дэри нэхъ Іущ дыхъунущ. Япэр — пащтыхь Сэлмэнщ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «Алыхьым Сэлмэн иритащ Іущагъышхуэрэ зэхэщІыкІрэ» (1 Цар. 4:29). ЕтІуанэр — Хьисэ Мэссихьщ. Абы бгъэдэлъа Іущагъым кІэ имыІэу жыпІэ хъунущ (Мт. 12:42). Хьисэ теухуауэ Библием мыпхуэдэу щыжыІат: «Абы Иеговэ и къарур, Іущагъымрэ зэхэщІыкІымрэ я къарур... щхьэщытынущ» (Ис. 11:2).
3. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
3 Алыхьым къыбгъэдэкІ ІущагъымкІэ Сэлмэнрэ Хьисэрэ нобэ цІыхухэр зыгъэпІейтей Іуэхухэм теухуауэ чэнджэщ щхьэпэхэр жаІащ. Мы статьям апхуэдэ Іуэхугъуищым я гугъу щытщІынущ: ахъшэм, лэжьыгъэм икІи ди щхьэм дызэрыхущытын хуейм теухуауэ.
АХЪШЭМ ДЫЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР
4. Сэлмэнрэ Хьисэрэ ябгъэдэлъ мылъкур зэхуэдэт?
4 Сэлмэн егъэлеяуэ къулейт икІи мы дунейм тет хъугъуэфІыгъуэр къещэщэхыу псэут (1 Цар. 10:7, 14, 15). Абы елъытауэ, Хьисэ мылъкушхуэ бгъэдэлътэкъым. Псалъэм папщІэ, абы езым и унэ иІэтэкъым, хьэпшыпу иІэри мащІэ дыдэт (Мт. 8:20). Сэлмэнрэ Хьисэрэ ябгъэдэлъ мылъкур зэхуэмыдэми, тІуми мылъкум еплъыкІэ тэмэм хуаІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ябгъэдэлъ Іущагъыр къызыбгъэдэкІыр Алыхь Иеговэт.
5. Дапхуэдэут Сэлмэн ахъшэм зэрыхущытыр?
5 Сэлмэн жиІэт ахъшэм укъызэрихъумэр (Эккл. 7:12). Пэжщ, дэ ахъшэ дыхуейщ дызыхуэныкъуэ псор къэтщэхун щхьэкІэ е зэзэмызэ ди щхьэр дгъэфІэн щхьэкІэ. Сэлмэн цІыху къулейуэ щытами, абы къыгурыІуэт ахъшэм нэхърэ нэхъ лъапІэ гуэр зэрыщыІэр. Псалъэм папщІэ, абы мыпхуэдэу итхащ: «Дуней мылъку нэхърэ нэхъыфІщ уи цІэ фІыкІэ къраІуэныр» (Прит. 22:1, Гъэс.). Сэлмэн иджыри гу лъитащ ахъшэр фІыуэ зылъагъу цІыхухэр яІэмкІэ щымыарэзы щІэх-щІэхыурэ къызэрыхъум (Эккл. 5:10, 12). Абы нэмыщІ Сэлмэн жиІэт мылъкум ущыгугъыным акъыл зэрыхэмылъыр, сыту жыпІэмэ мылъкур напІэзыпІэм пфІэкІуэдыфынущ (Прит. 23:4, 5).
Си дежкІэ сыт нэхъ лъапІэр: мылъкура хьэмэрэ Иеговэ и лэжьыгъэра? (6, 7-нэ абзацхэм феплъ.)d
6. Дапхуэдэут Хьисэ ахъшэм зэрыхущытыр? (Маттэ 6:31—33).
6 Хьисэ Мэссихьи мылъкум еплъыкІэ тэмэм хуиІэт. Псалъэм папщІэ, абы игу ирихьт ІэфІу шхэну (Лк. 19:2, 6, 7). Сыт хуэдэ телъыджэт абы япэ дыдэу ищІар? Псыр шагъырыфІ дыдэ ищІащ (Ин. 2:10, 11). ЩаукІыну махуэми Хьисэ щыгъын лъапІэ щыгъащ (Ин. 19:23, 24). Ауэ абы ахъшэм япэ увыпІэр ириттэкъым. Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІауэ щытащ: «ЗиусхьэнитІым хуэлэжьэн зыми лъэкІынукъым... Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкІынукъым фэ» (Мт. 6:24). Хьисэ зэрыжиІамкІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм ди гъащІэм япэ увыпІэр щиІыгъмэ, Иеговэ дызыхуэныкъуэ псори къыдитынущ. (Къеджэ Маттэ 6:31—33.)
7. Дэниел ахъшэм еплъыкІэ тэмэм зэрыхуиІэр дауэ сэбэп къызэрыхуэхъуар?
7 Ахъшэм узэрыхущытын хуейм теухуауэ Библием ит принципхэр ди къуэш, ди шыпхъу куэдым къадэІэпыкъуащ. Зы щапхъэ къэтхьынщ. ЩІалэ фызкъэмышэ Дэниел къыддогуашэ: «Иджыри сыныбжьыщІэу сэ мурад сщІат Иеговэ и лэжьыгъэм япэ увыпІэр естыну». ГъащІэр гугъу зыщІ Іуэхухэм Дэниел зыщихъумэти, Иеговэ щхьэкІэ куэд ищІэфащ, уеблэмэ, Вефилми щылэжьащ. Абы пещэ: «Пэжыр жысІэнщи, а гъуэгур къызэрыхэсхам зыкІи сыхущІегъуэжакъым. Ахъшэм мыхьэнэшхуэ есту щытамэ, дауикІ, сэ хъарзынэу къысхуэлэжьынут. Ауэ сэ зэзгъэгъуэта ныбжьэгъухэр ахъшэ нэхърэ нэхъ лъапІэкъэ? Иеговэ сызэрыхуэлажьэм къысхуихь насыпыр ахъшэкІэ къысхуэщэхунут-тІэ? Иеговэ сэ къысхуищІа тыгъэхэм уасэ яІэкъым». ГурыІуэгъуэр зыщ: ди гъащІэр зэтауэ щытын хуейр ахъшэракъым, атІэ Алыхьым и лэжьыгъэращ.
ЛЭЖЬЫГЪЭМ ДЫЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР
8. Лэжьыгъэм еплъыкІэ тэмэм хуиІэу Сэлмэн зэрыщытар сытыт къызыхэщыр? (Экклезиаст 5:18, 19).
8 Пащтыхь Сэлмэн зэрыжиІэмкІэ, уи лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэпхыныр «Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэщ». (Къеджэ Экклезиаст 5:18, 19.) Абы итхауэ щытащ: «Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми сэбэпынагъ къыпхуехь» (Прит. 14:23). Ар жиІэ къудей мыхъуу, езыри лэжьакІуэшхуэт: абы унэхэр, жыг хадэхэр, жызум хадэхэр, къалэхэр иухуэт (1 Цар. 9:19; Эккл. 2:4—6). А лэжьыгъэ хьэлъэм зэман куэди, къару куэди текІуадэми, Сэлмэн и гуапэт и лэжьыгъэм къыпэкІуэр илъэгъужыну. Ауэ абы къыгурыІуэт насыпыфІэ ухъун щхьэкІэ ар зэрымащІэр. Абы къыхэкІкІэ Сэлмэн и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ щхьэкІэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкІуэкІыу щытащ. Псалъэм папщІэ, Ерусалим къалэм Алыхьым и унэшхуэр илъэсиблкІэ щаухуэм щыгъуэ, абы а ухуэныгъэр иригъэкІуэкІащ (1 Цар. 6:38; 9:1). Къапщтэмэ, Сэлмэн цІыхухэм щхьэкІи Алыхьым щхьэкІи ехъулІэныгъэ иІэу лэжьыгъэшхуэ ирихьэкІащ. НтІэ, сыт хуэдэ гупсысэм Сэлмэн къыхуэкІуа? Иеговэ и лэжьыгъэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэ мы дунейм теткъым! Абы итхауэ щытащ: «Аращи, купщІэр мыращ: Алыхь пэжым фІэлІыкІ икІи абы и унафэхэр гъэзащІэ» (Эккл. 12:13).
9. Хьисэ лэжьыгъэм япэ увыпІэ ириту зэрыщымытар сыт къэзыгъэлъагъуэр?
9 Хьисэ Мэссихьи лэжьакІуэшхуэт. ЗэрыцІыкІурэ пхъащІэ ІэщІагъэм абы зыхуригъасэт (Мк. 6:3). Хьисэ къыщыхъуар унагъуэшхуэт икІи, дауикІ, абы и адэ-анэм фІыщІэ ящІт ар абыхэм ахъшэкІэ зэрадэІэпыкъуфыр. ЦІыху дагъуэншэу щыт Хьисэ сыт хуэдэ хьэпшыпри фІыуэ ищІт. Абы къыхэкІкІэ хэти хуейуэ къыщІэкІынт абы и ІэдакъэщІэкІхэм щыщ гуэр къищэхуну. Езы Хьиси и лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хихыу къыщІэкІынут. Лэжьыгъэ куэд зэриІэм емылъытауэ, Хьисэ Іэмал имыІэу Иеговэ щхьэкІэ зэман къыдигъэкІт (Ин. 7:15). Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным и зэманыр псори тригъэкІуадэу щІидза иужь, абы цІыхухэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Шхыныгъуэ кІуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ езыт шхыныгъуэрщ» (Ин. 6:27). Іуащхьэм щыжиІа псалъэми Хьисэ къыхигъэщащ: «Уафэм мылъкушхуэ хузэхуэфхьэс» (Мт. 6:20).
Лэжьыгъэмрэ Алыхьым и Іуэхумрэ сыт хуэдэ увыпІэ си гъащІэм щаІыгъын хуейр? (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)e
10. Зыгъэлажьэр арэзы ищІыну хуейуэ, Алыхьым и лэжьакІуэм сыт хуэдэ щыуагъэ ищІэфынур?
10 Иеговэ къыбгъэдэкІ Іущагъыр къыддоІэпыкъу сыт хуэдэ Іуэхуми зэпэшэчауэ дыбгъэдыхьэну, лэжьыгъэри абы хэту. Дэ Алыхьым и лэжьакІуэу дыщытщи, дегугъуу долажьэ икІи тшхыжыр ди пщІэнтІэпскІэ къэдлэжьаращ (Еф. 4:28). Дызыгъэлажьэхэм ягу ирохь ди лэжьэкІэмрэ ди пэжагъымрэ. Иеговэ и Щыхьэтхэр зэрылэжьакІуэфІыр къагъэлъэгъуэн щхьэкІэ, языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм лэжьапІэм щІэх-щІэхыурэ зыщагъэгувэ. Ауэ апхуэдэ бгъэдыхьэкІэм и ягъэкІэ абыхэм зэман мащІэ дыдэщ я унагъуэмрэ я зэхуэсымрэ щхьэкІэ къахуэнэжыр. Апхуэдэу пщІэ хъунукъым. Лэжьыгъэмрэ Алыхьым и Іуэхумрэ щхьэж и пІэ итыжын хуейщ.
11. Лэжьыгъэм теухуауэ сыт Уильям къыгурыІуар?
11 Лэжьыгъэм зэпэшэчауэ убгъэдыхьэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар фІыуэ къыгурыІуащ ди къуэш Уи́льям. Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэшым япэм ар игъэлажьэу щытащ. А къуэшым игъэлъэгъуа щапхъэфІым теухуауэ Уильям къыддогуашэ: «Ар лэжьакІуэшхуэщ, адрейхэм фІыуэ ядолэжьэф икІи и лэжьыгъэр нэгъэсауэ егъэзащІэ. Ауэ махуэм и кІэм абы хузэфІокІ и лэжьыгъэр лэжьапІэм къыщигъанэу, и гури и псэри и унагъуэмрэ Алыхьым и лэжьыгъэмрэ триухуэну. Сэ гу зэрылъыстащи, ар цІыху насыпыфІэ дыдэщ!»b
ДИ ЩХЬЭМ ДЫЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР
12. Сэлмэн япэщІыкІэ и щхьэм еплъыкІэ тэмэм хуиІэу зэрыщытар сытыт къызыхэщыр? ИужькІэ ар сыт хуэдэ къапхъэным ихуа?
12 Сэлмэн Иеговэ пэжу хуэлэжьэху, и щхьэм еплъыкІэ тэмэм хуиІэт. Абы тепщэн щыщІидзагъащІэм хузэфІэмыкІ куэд иджыри зэрыщыІэр къыгурыІуэт. Абы къыхэкІкІэ Сэлмэн Алыхьыр къыдэІэпыкъуну елъэІут (1 Цар. 3:7—9). Сэлмэн къыгурыІуэт цІыху пагэу ущытыным акъыл зэрыхэмылъыр. Абы итхащ: «Унэхъунум япэщІыкІэ зыкъыфІощІыжри, зи унагъуэбжэр хуэзыщІыжынур пагэ мэхъу» (Прит. 16:18, Гъэс.). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьыІуэкІэ езы Сэлмэн а къапхъэным ихуэжащ: ар апхуэдизкІэ пагэ хъуати, зым адрейр къыкІэлъыкІуэу Алыхьым и унафэхэм ебакъуэу щІидзащ. Псалъэм папщІэ, Сэлмэн ищІэт Алыхьым и хабзэм жиІэр: «Пащтыхьым фыз куэд къишэ хъунукъым, абы и гур гъуэгу захуэм темыкІын щхьэкІэ» (Втор. 17:17). Сэлмэн а унафэр и щхьэм хуихьауэ къыщІэкІынкъым. «Абы фыз 700-рэ... унэІут цІыхубзу 300-рэ иІащ», абыхэм я нэхъыбэри тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэт! (1 Цар. 11:1—3). Ар зэран къыхуэмыхъун и гугъэу Сэлмэн и щхьэр къигъэпцІэжу къыщІэкІынт. Дауэ мыхъуами, Иеговэ и жыІэм зэрыщІэкІам къыпэкІуа Іей псор иужькІэ абы игъуэтыжащ (1 Цар. 11:9—13).
13. Хьисэ игъэлъэгъуа Іэдэбагъым куууэ дегупсысын щІыхуейр сыт?
13 Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ, Иеговэ и гъусэу Іуэху куэд уафэм щилэжьу щытами, Іэдэбагъ зэрыхэлъым и фІыгъэкІэ абы зыкъыфІэщІыжыртэкъым. Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым Хьисэ зыдигъэІэпыкъуурэ «уафэми щІылъэми щыІэ псори» къигъэщІащ (Кол. 1:16). Хьисэ псым зыщІигъэуа иужь и Адэм и гъусэу уафэм щрихьэкІа гъащІэр занщІэу къищІэжауэ къыщІэкІынущ (Мт. 3:16; Ин. 17:5). Абы емылъытауэ, ар пагэ хъуакъым икІи адрейхэм нэхърэ нэхъ лъагэу зибжыжу щытакъым. Езы Хьисэ зэрыжиІамкІэ, ар щІылъэм къыщІэкІуар «цІыхухэм я сэбэп зригъэкІын щхьэкІэкъым, атІэ езым и сэбэп цІыхухэм яригъэкІын икІи цІыху куэдым щхьэкІэ и псэр щхьэщэхужу итын папщІэщ» (Мт. 20:28). Абы нэмыщІ Хьисэ илэжьыр езыр зыхуейратэкъым, атІэ и Адэм къыжриІэрат (Ин. 5:19). Апхуэдэ Іэдэбагъыр дызыхущІэкъун хуей щапхъэфІщ!
14. Хьисэ и псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур ди щхьэм еплъыкІэ тэмэм худиІэну?
14 Хьисэ и гъэсэнхэр хуригъаджэт я щхьэм еплъыкІэ тэмэм хуаІэжыну. Зэгуэр абы жиІауэ щыта псалъэхэм нобэ зи щхьэ мыгъуагъэ хуэзыхьыж ди къуэш, ди шыпхъухэм гупсэхугъуэ иратыфынущ. Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ: «Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ» (Мт. 10:30). Мы псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, уафэм щыІэ ди Адэм гулъытэшхуэ къытхуещІ икІи лъапІэу делъытэ. Ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ, дэ дыхуит-тІэ Иеговэ къызэрыдэплъым шэч къытетхьэну? Дэ абы и лэжьакІуэу дыщытыну икІи дунеищІэм гъащІэ мыухыж къыщытлъысыну тхуэфащэу къелъытэ.
Си щхьэ фІэкІ Іуэху симыІэу сыщытмэ, сыт хуэдэ Іэмал сІэщІэкІынур? (15-нэ абзацым феплъ.)f
15. 1) «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым сыт хуэдэ чэнджэщ итар? 2) 24-нэ напэкІуэцІым ит сурэтым феплъ. Зи щхьэ фІэкІ Іуэху зимыІэхэм сыт хуэдэ Іэмал зыІэщІагъэкІыр?
15 «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым мыпхуэдэ чэнджэщ итащ: «ДауикІ, дэ дыхуейкъым зыкъытфІэщІыжу щхьэпэлъагэ дыхъуну, ауэ ди щхьэ мыгъуагъэ хуэтхьыжынри тэмэмкъым. Дэ ди щхьэм зэпэшэчауэ дыхущытыжын хуейщ, фІыуэ тхэлъри зыщыдмыгъэгъупщэу ди ныкъусанхэри тщІэжу. Абы теухуауэ ди зы шыпхъум жеІэ: „Сэ сыцІыху дагъуэншэкъым, ауэ Іей защІэу сызэхэлъуи схужыІэнукъым. Адрей цІыхухэми хуэдэу, сэ хьэлыфІи хьэл Іеи схэлъщ“»c. Апхуэдэу уи щхьэм узэрыхущытыным сэбэпынагъ зэрыхэлъым гу лъыфта?
16. Иеговэ и ІущагъымкІэ къыщІыддэгуашэр сыт?
16 Иеговэ дэ фІыщэу делъагъу икІи насыпыфІэу дыщытыну хуейщ. Абы къыхэкІкІэ Библиер къигъэсэбэпу и ІущагъымкІэ ар къыддогуашэ (Ис. 48:17, 18). Іущагъ хэлъу уи гъащІэр епхьэкІыну ухуеймэ, Иеговэ щхьэкІэ псэу. А зы гъуэгуращ насыпым ухуэзышэр. Апхуэдэ гъащІэм ахъшэм, лэжьыгъэм, уи щхьэм еплъыкІэ тэмэм ухуиІэу уригъэсэнущ икІи щыуагъэ куэдым ущихъумэнущ. Иеговэ къыджиІэ псалъэхэр Притчи 23:15 итщ: «Іущыгъэр уигу илъ зэпытмэ, гушхуагъэ къысхэхъуэнущ сэри» (Гъэс.). Аращи, Иеговэ дгъэгуфІэну диІэ Іэмалыр зыІэщІэдгъэкІынкъым!
94-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ худощІ
a Пащтыхь Сэлмэнрэ Хьисэ Мэссихьрэ Іущагъышхуэ ябгъэдэлът. Абыхэм я Іущагъыр къызыбгъэдэкІыр Алыхь Иеговэт. Алыхьым и къару лъапІэм къазэрыхузэІуихам тету а тІум жаІэт цІыхур ахъшэм, лэжьыгъэм икІи и щхьэм зэрыхущытын хуейм теухуауэ. Іущагъ зыхэлъ чэнджэщу абыхэм жаІахэм я фІыгъэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъащІэр нэхъыфІ зэрыхъуам мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ.
b 2015-нэ гъэм, мазаем и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Чтобы работа была в радость» жыхуиІэ статьям феджэ.
c 2005-нэ гъэм, шыщхьэІум и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Библия поможет обрести радость» жыхуиІэ статьям феджэ.
d СУРЭТЫР. Джонрэ Томрэ зы зэхуэсым хэтщ. Джон и машинэм фІэкІа Іуэху иІэкъым. Том и машинэмкІэ къуэш, шыпхъухэр дэни ешэ: зэІущІэм е хъыбарыфІыр ягъэІуну.
e СУРЭТЫР. Джон лэжьапІэм зыщегъэгувэ, зыгъэлажьэр арэзы ищІын щхьэкІэ. (Нэхъыбэу лэжьэну зыгъэлажьэр къелъэІумэ, абы зэи хьэуэ жиІэкъым.) А пщыхьэщхьэ дыдэм зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу лажьэ Том зэхуэсым и нэхъыжьым и гъусэу ди шыпхъур игъэгушхуэну макІуэ. (ИпэІуэкІэ абы зыгъэлажьэм жриІащ тхьэмахуэм пщыхьэщхьэ зыбжанэ Иеговэ и лэжьыгъэм зэрыхухихар.)
f СУРЭТЫР. Джон и щхьэм фІэкІ Іуэху иІэкъым. Алыхьым и лэжьыгъэр япэ изыгъэщ Том конгрессхэр щедгъэкІуэкІ Унэр щащІыжым ныбжьэгъущІэхэр къигъуэтащ.