ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Декабрь н. 15
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Мыбы ещхь материал
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Декабрь н. 15

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Притчи 24:16 (Гъэсэпэтхыдэхэр) мыпхуэдэу итщ: «ЦІыху захуащІэр сыт хуэдизрэ мыджэлами, къэтэджыжынущ». Мы едзыгъуэм цІыхум сыт щыгъуи гуэныхь ищІэми Алыхьым къыхуигъэгъуну щыгугъ хъуну жиІэрэ?

Хьэуэ, мы едзыгъуэм къикІыр нэгъуэщІщ. «Джэлэн» жиІэм гугъуехьхэм пэщІэхуэн жиІэу аращ, «къэтэджыжын» жиІэм абыхэм пэлъэщын къикІыу аращ.

Мы едзыгъуэр контекстым и гъусэу зэпкърытхынщ: «ХъунщІакІуэм ещхьу захуащІэм и унэ тІысыгъэ иумыщІылІэ, и лъапсэри зэрумыпхъуэ. ЦІыху захуащІэр сыт хуэдизрэ мыджэлами, къэтэджыжынущ, зимыІэ къикІ кІуэдыпІэми бзаджащІэхэр ихуэнущ. Уи жэгъуэгъу джэламэ, умыгуфІэ, ихуауэ щытми ар кІуэдыпІэм, уигу тумыгъэпщахэ» (Прит. 24:15—17, Гъэс.).

Языныкъуэхэм я гугъэщ 16-нэ едзыгъуэр зытепсэлъыхьыр гуэныхь ищІэу иужькІэ зи гуэныхьым хущІегъуэж икІи Алыхьымрэ езымрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъ хъуж цІыхум. Британием щыщ дин пашитІым зэратхамкІэ, «Библием езыгъаджэхэм мы едзыгъуэр япэм къызэрыбгурагъаІуэу щытари, нобэ къызэрыбгурагъаІуэри» мыпхуэдэ дыдэущ. А дин пашитІым иджыри зэратхамкІэ, апхуэдэ еплъыкІэм тепщІыхьмэ, «цІыхуфІыр джэлэнкІэ хъунущ, нэгъуэщІу жыпІэмэ... гуэныхь хьэлъэ ищІэнкІэ хъунущ, ауэ абы зэи Алыхьым хуиІэ лъагъуныгъэр фІэкІуэдкъым икІи ищІам хущІогъуэжри сыт щыгъуи къотэджыж». Апхуэдэ гупсысэкІэр гуэныхьым пэщІэтыну хуэмей цІыхум игу ирихьынкІэ хъунущ. Апхуэдэ цІыхум зигъэзахуэжыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дапхуэдизрэ гуэныхь имыщІами Алыхьым къыхуигъэгъуну йогупсыс.

Ауэ 16-нэ едзыгъуэм зи гугъу ищІыр нэгъуэщІщ.

16, 17-нэ едзыгъуэхэм «джэлэн» е «ехуэхын» жаІэу зэрадзэкІа журт псалъэр зыхэт псалъэухам елъытауэ къикІыр зэхуэмыдэнкІэ хъунущ. Абы зыгуэр джэлапэу къикІынкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ: выр гъуэгум щыджэлащ, зыгуэр унащхьэм къехуэхащ, мывэр щІым ехуэхащ (Втор. 22:4, 8; Ам. 9:9). Абы нэмыщІ мы псалъэр нэгъуэщІуи къагъэсэбыпыфынущ, псалъэм папщІэ мыпхуэдэу: «Иеговэ цІыхум и лъэр быдэ ещІ икІи а цІыхум и гъуэгум Абы гуфІэгъуэ хех. Ар лъэпэрапэми джэлэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ абы и Іэр иІыгъщ» (Пс. 37:23, 24; Прит. 11:5; 13:17; 17:20, Гъэс.).

Гу лъыфтэ теологием и профессор Эдвард Пламптре жиІам: «[„Джэлэн“ жаІэу зрадзэкІа] мы журт псалъэр „гуэныхь щІэн“ къикІыу зэи къагъэсэбэпкъым». Библиер зыдж нэгъуэщІ щІэныгъэлІ гуэрым 16-нэ едзыгъуэм щхьэкІэ мыпхуэдэу жиІащ: «Алыхьым и лъэпкъым зэран хуэхъун щхьэкІэ хэт сыт имыщІэми ехъулІэныгъэ иІэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыху зэхуащІэхэр къелынущ, бзаджащІэхэр хэкІуэдэнущ!»

Зэрытлъэгъуащи, Притчи 24:16 ит «джэлэн» глаголым зи гугъу ищІыр гуэныхь щІэныракъым, атІэ цІыху захуащІэм и гъащІэм къыхыхьэнкІэ хъуну гугъуехьхэращ (ахэр куэд хъуми). Мы дуней бзаджэм Алыхьым и лэжьакІуэ пэжыр сымаджэ хьэлъэ хъуфынущ е нэгъуэщІ гугъуехьхэм пэщІэхуэнкІэ хъунущ. Уеблэмэ, абы къэрал унафэщІхэм лей къытрагъэхьэнкІэ хъунущ. Абы Алыхьыр къызэрыдэІэпыкъунур икІи и гугъуехьхэм пэлъэщыну къару къызэрыритынур и фІэщ щІэхъун щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Фэ куэдрэ гу лъыфтауэ къыщІэкІынщ Алыхьым и лэжьакІуэм гугъуехь иІэ щхьэкІэ иужькІэ абы и Іуэхур фІы зэрыхъужым. Апхуэдэу къыщІэхъум щхьэусыгъуэ иІэщ: «Иеговэ джэлахэм щІэгъэкъуэн хуохъу икІи къэшахэр къызэфІегъэувэж» (Пс. 41:1—3; 145:14—19).

Захуагъэм тет цІыхур адрейхэр гугъу щехьым деж абы щыгуфІыкІынукъым. Мы гупсысэм абы гупсэхугъуэ кърет: «Алыхь пэжым щышынэхэм сыт хуэдэ гугъуехь ямыІами я Іуэхур фІы хъужынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр абы щышынэт» (Эккл. 8:11—13; Иов 31:3—6; Пс. 27:5, 6).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын