2026 ГЪЭ, АВГУСТЫМ И 17—23
90 УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ
Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дапхуэдэу зэрытхъумэнур?
«ГущІэгъунри, фІыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыІэныгъэри фи гум ивгъэлъ» (КОЛ. 3:12).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъуфыну гугъуехьхэм дапхуэдэу дыпэлъэщыфынуми.
1. Дэнэ дэ ныбжьэгъу пэжхэр къыщыдгъуэтыфынур?
ИДЖЫПСТУ жытІа уэрэдым хэта мы псалъэхэм арэзы фытехъуэрэ? «Ныбжьэгъур щІэгъэкъуэн дэ тхуэхъумэ, ди гуапэ хъунщ, дигъэгушхуэнщ... БыдапІэ дахуэхъунщ дэ къуэшхэм, я хьэлъэр ядэдгъэпсынщІэнщ». Иеговэ и лъэпкъым ныбжьэгъухэр къыщыдгъуэтыныр ди дежкІэ сыту фІыгъуэшхуэ! (Пс. 119:63). Дэ дызыхэт Алыхьым и унагъуэшхуэм лъагъуныгъэр щыкуэдщ.
2. Сыт хуэдэ ныбжьэгъугъэ ди зэхуаку дэлъыну дызыхущІэкъур?
2 Дэ дыхуейщ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ дэлъыну икІи абыхэм фэрыщІагъ хэмылъу дазэрыхущытыным дыхущІокъу. Иджыри дэ Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ долъагъу икІи а лъагъуныгъэм зэкъуэт дещІ (Ин. 13:35). Ауэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр езыр-езыру къэунэхукъым, абы дэ къару етхьэлІэн хуейщ. Дэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытым къыхэкІкІэ, ди ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъу гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэ къохъу.
3. Ди ныбжьэгъугъэр тхъумэну сыт тыншу щІыщымытынкІэ хъунур?
3 Языныкъуэ цІыхухэр адрейхэм нэхърэ нэхъ тыншу ныбжьэгъу тхуощІ. ИкІи ар тэмэмщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэмрэ дэрэ ди хьэл-щэнхэмрэ дигу ирихьымрэ зэтохуэ. Ауэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр дгъэныбжьэгъуну къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ. Иныкъуэхэм деж ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ гуэр къыдохьэри, ар ди зэхущытыкІэм зэран хуохъу. Дэ ди гугъэнкІэ хъунущ ди хьэлхэмрэ дигу ирихьхэмрэ зэрызэтемыхуэм щхьэкІэ зэныбжьэгъуу дыщымытыфыну. Дэ иджыри къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ уз хьэлъэ зиІэ е эмоциональнэ лъэныкъуэкІэ гугъу ехь цІыхур дгъэныбжьэгъуну. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж ди ныбжьэгъугъэр тхъумэну Хьисэ и щапхъэр дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми. Ауэ япэщІыкІэ ди ныбжьэгъугъэр тхъумэну къыддэІэпыкъу хьэл-щэныфІхэм дытепсэлъыхьынщ.
ДИ НЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ТХЪУМЭНУ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР
4. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дапхуэдэу зэрытхъумэфынур?
4 Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дгъэбыдэн щхьэкІэ, абыхэм я хьэл-щэныфІхэм гу лъыттэн хуейщ. Дэ ар нэхъ тыншу тхузэфІэкІынущ, абыхэм я гъусэу зэман дгъакІуэмэ. Апостол Паул хуабжьу хуейт къуэш, шыпхъухэм яригъусэну. Абы Фессалоникэ къалэм щыІэ зэхуэсым мыпхуэдэу хуитхат: «Фытлъэгъуну хуабжьу дыхуейти, абы щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІащ» (1 Фес. 2:17, ДЩІ). Куэдым гу лъатащ езы цІыхум и гъусэу зэманыр щыбгъакІуэм деж, абы псом хуэмыдэу ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрищІыфынум. Абы щхьэкІэ дэ Іэмал зыбжанэ диІэщ, псалъэм папщІэ, зэгъусэу хъыбарыфІыр щыдгъэІум икІи зэІущІэхэмрэ зэхуэсышхуэхэмрэ дыщыкІуэм деж. Ауэ дэ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу зэман дгъакІуэу щытми, ди зэхущытыкІэм зэран хуэхъуфын гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфынущ.
5. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыщыдыхьэм деж, ди ныбжьэгъугъэр тхъумэну сыт къыддэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь. (Колоссэ 3:12).
5 Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыщыдыхьэм деж, ныбжьэгъугъэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэр къыддэІэпыкъунущ. (Къеджэ Колоссэ 3:12.) Псалъэм папщІэ, дэ Іэдэбагъ, шыІэныгъэ, щабагъ, гущІэгъу щыдгъэлъагъуэм деж, ди зэхуаку къыдыхьэ зэгурымыІуэныгъэхэм нэхъ тыншу дыпэлъэщынущ икІи зэныбжьэгъуу дыкъэнэфынущ. Щапхъэ къэтхьынщ. Машинэ дагъэм и фІыгъэкІэ моторыр тэмэму зэрылажьэм хуэдэу, Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэри къыддоІэпыкъу ди зэхуаку къыдыхьэ зэгурымыІуэныгъэхэм дыпэлъэщыну. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъуфыну гугъуехьищым. Абыхэм дыщытепсэлъыхькІэ дэ гу лъыттэнущ Хьисэ Іэдэбагъ, шыІэныгъэ, щабагъ, гущІэгъу зэригъэлъэгъуам икІи деплъынщ а хьэл-щэнхэр ныбжьэгъуфІу дыщытыну дапхуэдэу къыддэІэпыкъунуми.
ФИ ЕПЛЪЫКІЭХЭР ЩЫЗЭТЕМЫХУЭМ ДЕЖ
6. ЗэгурымыІуэныгъэхэр дапхуэдэу ныбжьэгъугъэм зэран зэрыхуэхъуфынур?
6 Абы гугъуехь кърикІуэнкІэ щІэхъунур сыт? Ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыщыдыхьэм деж, дэтхэнэ зыми захуэу зыкъилъытэфынущ. Ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ гуп цІыкІум хъыбарыфІыр зэригъэІуным теухуауэ къуэшитІым я еплъыкІэр зэтемыхуэу. Щхьэж езым и еплъыкІэр нэхъ тэмэму къыщохъу. Абыхэм я еплъыкІэр зэрызэтемыхуар я зэхущытыкІэм зэран хуэхъуфыну пІэрэ? Хуэхъуфынущ, пагагъэм гъуэгу ирату щытмэ. А тІур зэпсалъэу, зэгурымыІуэмэ, ягу зыщыкІынкІэ хъунущ. Абы щыгъуэ шынагъэ щыІэщ ахэр нэхъ зэпэжыжьэ хъууэ, я ныбжьэгъугъэр яфІэкІуэдыну — ари мыхьэнэ зимыІэ Іуэхум щхьэкІэ.
7. Дапхуэдэу Хьисэ апостолхэр Іэдэбагъым хуигъасэу зэрыщытар?
7 Хьисэ деж Іэдэбагъым зыщевгъасэ. Хьисэ апостолхэр хуригъаджэт зэгурымыІуэныгъэхэм пэлъэщын щхьэкІэ, абыхэм Іэдэбагъ ягъэлъэгъуэн зэрыхуейм. Зэман гуэркІэ апостолхэр зэдэуащ, абыхэм щыщу хэт нэхъыщхьэу щытми. Куууэ яхэпща гупсысэкІэр яхъуэжын щхьэкІэ, Хьисэ абыхэм къагуригъэІуащ, нэгъуэщІхэр езыхэм нэхърэ нэхъ лъагэу ялъытэн зэрыхуейр (Мт. 20:25—28). Пэжщ, Іэдэбу щытыну Хьисэ ахэр хуигъасэт. Уеблэмэ, лІэным куэд имыІэжу, Хьисэ абыхэм щапхъэ яригъэлъэгъуащ — Іэдэбагъ хэлъу, унэІутым и лэжьыгъэр игъэзащІэри, абыхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщІащ (Ин. 13:3—5, 12—16). Апхуэдэу Хьисэ апостолхэм щапхъэ яригъэлъэгъуащ ахэр ныбжьэгъуфІу дапхуэдэу къэнэфынуми. Апостолхэм нэгъуэщІхэр езыхэм нэхърэ нэхъ лъагэу ялъытэу щытамэ, абыхэм я еплъыкІэхэр щызэтемыхуэм деж, дачыхыну нэхъ тынш хъунут, я ныбжьэгъугъэри яхъумэфынут.
8. Ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ гуэрхэр къыщыдыхьэм деж, ди ныбжьэгъугъэр тхъумэну Іэдэбагъыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Ефес 4:32). (Сурэтхэми феплъ.)
8 Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дапхуэдэу зэрытхъумэнур? Іэдэбагъыр къыддоІэпыкъу апхуэдэуи мыхьэнэ зимыІэ Іуэхухэм гу лъыдмытэну икІи нэгъуэщІхэм ди гум къыбгъэдэкІыу яхуэдгъэгъуну. (Къеджэ Ефес 4:32.) Уэ Іэдэбагъ пхэлъу щытмэ, мамырыгъэр пхъумэну нэхъ тынш хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зыгуэрым и еплъыкІэр уи еплъыкІэм зэрытемыхуэм уи пІэм укъришынукъым (Пс. 4:4). Уигу иримыхьын гуэр къыбжаІами, зыщомыгъэгъупщэ, зэман-зэманкІэрэ дызыхущІегъуэжын псалъэхэр дэ псоми зэрыжытІэр (Эккл. 7:21, 22). Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Сыт си дежкІэ нэхъапэр: си захуагъэр кІуэцІырызгъэкІыныра хьэмэрэ ныбжьэгъугъэр схъумэныра?» Аращи, ныбжьэгъугъэр пхъумэн щхьэкІэ, къэхъуам мыхьэнэ йомыту икІи абы къытебгъэзэжурэ уемыгупсысу, дэпчыхым нэхъыфІщ.
Іэдэбагъыр къыддоІэпыкъу апхуэдэуи мыхьэнэ зимыІэ Іуэхухэм гу лъыдмытэну икІи нэгъуэщІхэм ди гум къыбгъэдэкІыу яхуэдгъэгъуну (8 абзацым феплъ.)a
9. ЗэгурымыІуэныгъэм занщІэу кІэ евмытыфамэ, Іэдэбагъыр дапхуэдэу къызэрывдэІэпыкъуфынур? (Притчи 17:9).
9 ЗэгурымыІуэныгъэм занщІэу кІэ евмытыфамэ, абы щыгъуи Іэдэбагъыр къывдэІэпыкъунущ. Фи еплъыкІэр кІуэцІырывгъэкІын щхьэкІэ фымыдауэ (къеджэ Притчи 17:9; 1 Кор. 6:7). Фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр фхъумэну фыхущІэкъумэ фІы дыдэ хъунут. Куэдым ар яхузэфІэкІащ я ныбжьэгъум бгъэдыхьэу, я гукъеуэр зэгъусэу зэрызэхагъэкІам и фІыгъэкІэ (Пс. 34:14). Уэ мыпхуэдэу жыпІэ хъунущ: «Ди ныбжьэгъугъэр сэ лъапІэу солъытэ. Къэхъуам теухуауэ дызэпсэлъэфыну пІэрэ?» Абы игу узэреуам, зыгуэркІэ узэрыкъуэншам арэзы утехъуэну икІи къыпхуигъэгъуну уелъэІуну хьэзыру щыт. Езыри хуэбгъэгъуну къолъэІуу щытмэ, щабагърэ Іэдэбагърэ пхэлъу абы хуэгъэгъу (Лк. 17:3, 4). Зыщомыгъэгъупщэ: уэ уи мурадыр хэт захуэми хэт къуаншэми зэхэбгъэкІыныракъым, атІэ зэгурымыІуэныгъэм кІэ епту, ныбжьэгъугъэр пхъумэныращ (Прит. 18:24).
ХЬЭЛКІЭ ФЫЩЫЗЭТЕМЫХУЭМ ДЕЖ
10. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди ныбжьэгъугъэр тхъумэну тыншу щІыщымытынкІэ хъунур сыт?
10 Абы гугъуехь кърикІуэнкІэ щІэхъунур сыт? Ди дежкІэ гугъуу щытыфынущ ди хьэлым темыхуэ цІыхур дгъэныбжьэгъуну. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм дигу иримыхь хьэл гуэрхэр яхэлъынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, ахэр къызыхэкІа лъэпкъым, зэрагъэсам е япэм щыгъуэ нэгъуэщІхэр Іейуэ къызэрыхущытам къыхэкІкІэ, хэти псэлъэн укІытэу, хэти куэдыІуэ жиІэу щытыфынущ. Абы нэмыщІ хэти цІыхухэм яхэтыну ифІэфІщ, хэти ифІэфІкъым.
11. Хьисэ хьэлкІэ къытемыхуэ цІыхухэр игъэныбжьэгъуну сыт щІыхузэфІэкІар?
11 Хьисэ деж шыІэныгъэм зыщевгъасэ. Хьисэ езым хьэлкІэ къытемыхуэ цІыхухэри игъэныбжьэгъут. Псалъэм папщІэ, апостол Екъубрэ Иуанрэ загъэлъэгэну хуейуэ Хьисэ елъэІуащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм увыпІэ лъагэ къащритыну (Мк. 10:35—37). Абыхэм елъытауэ, Хьисэ щІылъэм къэкІуэн щхьэкІэ, уафэм щиІэ увыпІэ лъагэмрэ пщІэ зыпылъ къалэнхэмрэ Іэдэбу къигъэнащ (Флп. 2:5—8). Зэрытлъагъущи, абыхэм я гупсысэкІэм шурэ лъэсрэ я зэхуакут! Ауэ, а псом емылъытауэ, Хьисэ Екъуби, Иуани, нэгъуэщІ цІыхухэми шыІэныгъэ хэлъу яхущытащ.
12. Хьисэ шыІэныгъэ хэлъу и ныбжьэгъухэм хущытыну сытыт къыдэІэпыкъур?
12 Хьисэ къыгурыІуэт и ныбжьэгъухэм я щытыкІэм сыт лъабжьэ хуэхъуми. Абы ищІэт Екъубрэ Иуанрэ, адрей апостолхэм хуэдэуи, увыпІэ яІыгъым куэдыІуэу зэрегупсысыр (Мк. 9:34). Хьиси апостолхэри къызыхэкІа лъэпкъым увыпІэ лъагэ пІыгъыным икІи цІэрыІуэу ущытыным мыхьэнэшхуэ иратт. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ къыгурыІуэт и лъэужь ирикІуэхэм апхуэдэ гупсысэкІэ щІаІэр. Ар абыхэм шыІэныгъэ хэлъу хущытт икІи илъэс бжыгъэ куэдкІэ хьэл яхуэхъуа пагагъэмрэ зыгъэлэгэнымрэ зыханыну зэман яритт (Мк. 10:42—45).
13. ШыІэныгъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр тхъумэну? (Ефес 4:2).
13 Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дапхуэдэу зэрытхъумэнур? НэгъуэщІхэм фигу иримыхь хьэл-щэн щагъэлъагъуэм деж, шыІэныгъэ нэхъыбэу зэрывгъэлъэгъуэным фыхущІэкъу (Прит. 14:29). Дэ псори дызэщхькъым икІи нэгъуэщІхэм ягу иримыхьын хьэл гуэрхэр тхэлъыфынущ. Ауэ дэ ди гуапэщ ахэр шыІэныгъэ хэлъу къыщытхущытым икІи дызэрыщыт дыдэм хуэдэу фІыуэ дыкъыщалъагъум деж. (Къеджэ Ефес 4:2.) Дэри ди лъэныкъуэкІэ къуэш, шыпхъухэр дагъуэншэу щытын хуейуэ къэдмылъытэу, ахэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу фІыуэ тлъагъун хуейщ. Псалъэм папщІэ, цІыху укІытэхым цІыху гупым яхэтын икІи псэлъэн щхьэкІэ, къару куэд ирихьэлІэн хуейуэ къыщІэкІынщ. Ар къыдгурыІуэмэ, шыІэныгъэ хэлъу дэ абы дыхущытынущ. Ауэ дэ шыІэныгъэм иджыри дыхуэныкъуэщ псэлъэн зыфІэфІ цІыхум дыщыдэуэршэрым деж. ДауикІ, къуэш, шыпхъу дэтхэнэ зыри дэ ныбжьэгъу тхуэхъуфынукъым. Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым хьэлкІэ зэтемыхуэ къуэш, шыпхъухэми я зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъыфынур.
14. ШыІэныгъэр дэ сыткІэ къыддэІэпыкъуну?
14 ШыІэныгъэ хэлъу къуэш, шыпхъухэм дахущытмэ, абыхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм ди акъылыр тедгъэтыфынущ. Абы щыгъуэ дэ хьэлкІэ дызэрызэмыщхьыр ди зэхущытыкІэм зэран хуэхъуну къыщІэкІынукъым. Екъубрэ Иуанрэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Ахэр щхьэхуещагъэм къыхэкІкІэ, увыпІэ лъагэ зрагъэгъуэтыну иужь итащ. Ауэ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ уеплъмэ, ахэр Хьисэ зэрелъэІуам къыхэщт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр абыхэм быдэу яфІэщ хъууэ зэрыщытар. Хьисэ абыхэм я фІэщхъуныгъэр илъагъут икІи ар лъапІэу илъытэт. Дэри къуэш, шыпхъухэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу зэрылъыттэным дыхущІэкъумэ, Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ тыдох.
15. ХьэлкІэ къыттемыхуэ къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр тхъумэну сыт къыддэІэпыкъунур?
15 ХьэлкІэ къыттемыхуэ къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр тхъумэн щхьэкІэ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уи пІэ укъизышыфыну Іуэхугъуэхэм зэман иІэу егупсыси, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, зэпІэзэрыту укъэнэфын щхьэкІэ. Зыщомыгъэгъупщэ: дыкъэзыгъэщІа Алыхьым къыгуроІуэ дэ хьэл зырыз псоми дызэриІэр. Аращи, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыщыхуэбгъазэкІэ шэч къытомыхьэ, шыІэныгъэ бгъэлъэгъуэн щхьэкІэ, уэ узыхуэныкъуэр абы зэрищІэм. Ауэ шыІэныгъэ пхуримыкъуу зыхэпщІэмэ, Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу (Лк. 11:13; Гал. 5:22, 23).
КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ГУГЪУ ЩЕХЬЫМ ДЕЖ
16. Дэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфыну къуэшыр е шыпхъур сымаджэмэ е эмоциональнэ лъэныкъуэкІэ гугъу ехьмэ?
16 Абы гугъуехь кърикІуэнкІэ щІэхъунур сыт? Къуэшыр е шыпхъур сымаджэмэ е эмоциональнэ лъэныкъуэкІэ гугъу ехьмэ, абы ди жагъуэ хъун гуэр ищІэфынущ е жиІэфынущ. Псалъэм папщІэ, ар цІыхухэм яхэмыхьэу, къэгубжьыгъуафІэу икІи зэрызищІыну щІыкІэр къыбгурымыІуэу хъуфынущ (Иов 6:2, 3). Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр зыпэщІэхуэ гугъуехь псори зэрыдмыщІэм къыхэкІкІэ, абыхэм куэдыІуэкІэ дащыгугъыу щытыфынущ.
17. Хьисэ Вартимей зэрыхущытам сытым фыхуигъасэрэ?
17 Хьисэ деж щабагъэмрэ гущІэгъумрэ зыщевгъасэ. Гугъу ехь цІыхухэм Хьисэ щабагъэрэ гущІэгъурэ хэлъу хущытт, ахэр имыцІыху пэтми. Псалъэм папщІэ, дигу къэдгъэкІыжынщ ар зи нэ зымылъагъу Вартимей зэрыхущытар. Хьисэ зэрыблэкІыр щызэхихым, абы кІийуэ щІидзащ, гу зылъригъэтэн щхьэкІэ. Языныкъуэхэм Вартимей увыІэну жраІэт. Ауэ ар апхуэдизкІэ хъужыну хуейти, нэхъ иныжу кІийуэ щІидзащ. Куэдыр абы къигъэгубжьауэ къыщІэкІынущ, ауэ Хьисэ Вартимей гущІэгъу хуищІащ. Маттэ 20:33 ит «гущІэгъу» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм къегъэлъагъуэ а цІыхум и узыр Хьисэ фэкІэ зэрызыхищІар (Мт. 20:33; Мк. 10:46—52). Хьисэ щабэу Вартимей епсэлъащ, фІэщхъуныгъэ зэриІэр къыхигъэщащ икІи телъыджэ щІыкІэкІэ и нэр къигъэплъэжащ.
18. Гугъу ехь къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дыхущытын зэрыхуейр? (1 Фессалоникэ 5:14).
18 Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дапхуэдэу зэрытхъумэнур? Щабагъэрэ гущІэгъурэ бгъэлъагъуэмэ, сымаджэ е эмоциональнэ лъэныкъуэкІэ гугъу ехь къуэшым е шыпхъум гупсэхугъуэ ептыфынущ (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:14.) Зыщомыгъэгъупщэ: ныбжьэгъу пэжыр сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъуну хьэзырщ, псом хуэмыдэу гузэвэгъуэ ущихуэм деж (Прит. 17:17). Апхуэдэ ныбжьэгъум гущІэгъу къыпхуищІ къудейуэ щыткъым, атІэ хузэфІэкІыу хъуар ещІэ, псалъэкІэ е ІуэхукІэ щІэгъэкъуэн къыпхуэхъун икІи гупсэхугъуэ къыуитын щхьэкІэ.
19. ГущІэгъурэ щабагъэрэ дапхуэдэу ІуэхукІэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? (Сурэтхэми феплъ.)
19 ГущІэгъурэ щабагъэрэ дапхуэдэу ІуэхукІэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? ДауикІ, цІыхум и узымрэ и гукъеуэмрэ щхьэщытхыну дэ тхузэфІэкІынукъым. Ауэ абы и гурыщІэхэмрэ зыпэщІэхуа гугъуехьымрэ къыдгурыІуэну дэ тхузэфІэкІынущ (Мт. 7:12, ДЩІ; 1 Пет. 3:8). Апхуэдэ цІыхум и Іуэхум теухуауэ къыщыбжиІэм деж фІыуэ едаІуэ. Къезэгъмэ, абы гупсэхугъуэ къезытын псалъэхэр зэрыжепІэным хущІэкъу (Прит. 12:25). Абы и Іуэхур зыІутыр псори къыбгурыІуауэ занщІэу уемыгупсыс (Прит. 18:13). ШыІэныгъэ зэрыбгъэлъэгъуэным хущІэкъу икІи цІыхум хузэфІэмыкІынымкІэ ущымыгугъ (Еф. 4:32).
ЗэныбжьэгъуфІхэм гущІэгъу яхэлъу, зыр зым гупсэхугъуэ ират (19 абзацым феплъ.)
20. Уэ сыт хуэдэ ныбжьэгъуу ущытыну ухуей?
20 Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дэ лъапІэу долъытэ. Ауэ псоми гуэныхь зэрытхэлъыр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. Абы нэмыщІ дэ тщыщ куэдым ди гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ гуэрхэр зэран къытхуэхъуащ. Аращ дэ иныкъуэхэм деж дызэрыхуейм хуэдэу дыщІыщымытыфыр. Дэ къуэш, шыпхъухэм фІыщІэшхуэ яхудощІ Іэдэбагъ, шыІэныгъэ, щабагъэ, гущІэгъу хэлъу ахэр къызэрытхущытым икІи ди ныбжьэгъуу къызэрынэм щхьэкІэ. Апхуэдэу дэри нэгъуэщІхэм дыхущытын щхьэкІэ, къарууэ диІэр едвгъэхьэлІэ.
124 УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ
a СУРЭТЫМ ИТЫР. Зи ныбжь хэкІуэта къуэшымрэ къуэш нэхъ щІалэмрэ я зэхуэсым хъыбарыфІыр здигъэІу щІыпІэм теухуауэ яІэ еплъыкІэр зэтехуакъым. ИужькІэ абыхэм зэгъусэу, гуфІэжу хъыбарыфІыр ягъэІу.