2026 ГЪЭ, АВГУСТЫМ И 10—16
122 УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт
ГъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
«Зиусхьэн, хэт деж дыкІуэн?... МыкІуэдыжын гъащІэ диІэ зыщІ псалъэхэр уи куэдщ» (ИН. 6:68).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ дыпэщІэмыхуами, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну сыт къыддэІэпыкъунуми.
1, 2. Капернаум къалэм щыІэу, Хьисэ цІыхухэр щригъаджэм щыгъуэ сыт къэхъуар?
ЗЭГУЭР Хьисэ Капернаум къалэм щыІэу, цІыху гупым мы псалъэхэр яжриІауэ щытащ: «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэм и пкъыр фымышхыу, илъми фемыфэу, гъащІэ фиІэнукъым. Си пкъыр зышхыу силъми ефэм мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъуащ, къемэт махуэм ар сэ къэзгъэтэджыжынущ». (Ин. 6:53, 54). Куэдым Хьисэ и псалъэхэр ягу ирихьакъым. Абыхэм жаІащ: «Мыбы жиІэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэІуэфынур?» (Ин. 6:60).
2 Апхуэдэу куэдым Хьисэ и лъэужь итын къагъэнащ. Абыхэм ар я фІэщ мыхъуххэу арат? Пэжыр жыпІэмэ, а Іуэхугъуэр къэхъун ипэ языныкъуэ цІыхухэм, апостолхэри абыхэм яхэту, Хьисэ ищІа телъыджэр ягъэщІагъуэу, мыпхуэдэу жаІат: «ИпэжыпІэкІэ, дунейм къэкІуэн хуей бегъымбарыр мыращ» (Ин. 6:14). Зэрытлъагъущи, абыхэм ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ гуэри яІэт. Ауэ къагурымыІуэ гуэр Хьисэ щыжиІам щыгъуэ, ахэр абы хуэпэжу къэнакъым.
3. Хьисэ жиІа псалъэхэр апостолхэм дапхуэдэу къазэрыщыхъуар икІи сыт щхьэкІэ? (Сурэтми феплъ.)
3 Апостолхэм Хьисэ и псалъэхэр дапхуэдэу къазэрыщыхъуар? Хьисэ къагъэнэну хуейрэ хуэмейрэ ар абыхэм щеупщІам, Петр жиІащ: «Зиусхьэн, хэт деж дыкІуэн?... МыкІуэдыжын гъащІэ диІэ зыщІ псалъэхэр уи куэдщ. ГъащІэ щыпкъэр къызыбгъэдэкІ Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощІэ, ди фІэщ хъуащ» (Ин. 6:68, 69). Гу лъыфтэт, Петр жиІакъым Хьисэ и псалъэхэм къикІыр езыми адрей апостолхэми къагурыІуауэ. Ауэ, абы емылъытауэ, ахэр Хьисэ хуэпэжу къэнащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар «Тхьэм и Мэссихьу» зэрыщытым апостолхэм шэч лъэпкъ къытрахьэтэкъым (Лк. 9:20, 35).
Хьисэ и гъэсэн куэдым ар къагъэнами, Петри, адрей апостолхэри абы и гъусэу къэнащ (3 абзацым феплъ.)
4. Дэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэхуэфыну?
4 Иеговэ дызэрыхуэпэжыр зыгъэунэху Іуэхугъуэхэр щыІэщ. Псалъэм папщІэ, Библием ит едзыгъуэ гуэр къызэрыдгурыІуэм е хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум зэхъуэкІыныгъэ гуэр къыщыхыхьэм деж, дапхуэдэу дэ ар къызэрытщыхъур? Е гугъуехь гуэрым дыпэщІэхуэну Иеговэ хуит щІищІым и щхьэусыгъуэр къыщыдгурымыІуэм деж, сыт хуэдэ гурыщІэхэр абы къыдитрэ? Иджыри ди фІэщхъуныгъэр гъэунэхуа мэхъу ди ныбжьэгъум ди жагъуэ къыщищІым е пщІэ зыхуэтщІ цІыхур захуагъэ хэмылъу къытхущыту къыщытщыхъум деж.
5. Ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ щІиІэн хуейр сыт? Щапхъэ къэфхь. (Колоссэ 1:23).
5 Ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ иІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Щапхъэ къэтхьынщ. ФІэщхъуныгъэр ебгъэщхь хъунущ щІэх-щІэхыурэ щІыр щыхъей щІыпІэм щаухуа унэм. Апхуэдэ унэр къызэтемыуэн щхьэкІэ, абы лъабжьэ быдэ иІэн хуейщ. Абы ещхьу дэри ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху гугъуехьхэм, псалъэм папщІэ, мыбы ипэ ит абзацым зи гугъу тщІахэм дыпэлъэщын щхьэкІэ, ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ иІэн хуейщ. Аращи, ди фІэщхъуныгъэр адэкІи зэрыдгъэбыдэным иужь дитмэ, сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуэми, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэфынущ (1 Кор. 15:58; къеджэ Колоссэ 1:23).
6. Сыт апостолхэм къадэІэпыкъуар Хьисэ хуэпэжу къэнэну?
6 Хьисэ нэгъуэщІхэм къыщагъэнам щыгъуэ, сыт апостолхэм къадэІэпыкъуар абы хуэпэжу къэнэну? Абыхэм быдэу я фІэщ хъут: Иеговэ ухуэлэжьэну хуэфащэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы псори къигъэщІащ; Хьисэ — «мыкІуэдыжын гъащІэ диІэ зыщІ псалъэхэр» къызыбгъэдэкІ Алыхьым и Къуэщ; Хьисэ ищІэмкІэ Иеговэ арэзыщ. Дэ дызыпэщІэхуэфыну гугъуехь псоми мы статьям и гугъу щытщІынукъым, ауэ Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну къыддэІэпыкъун пэжхэм дыщытепсэлъыхьынущ. Сыт хуэдэ пэжхэра зи гугъу тщІыр? 1) Псори къэзыгъэщІар Иеговэщ; 2) Библиер Алыхьым иригъэтхащ; 3) Иеговэ и лъэпкъым щІэгъэкъуэн хуохъу. Мы пэжхэм теухуауэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэу щытмэ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ дыпэщІэмыхуэми, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэфынущ.
ПСОРИ КЪЭЗЫГЪЭЩІАР ИЕГОВЭЩ
7. 1) Апокалипсис 4:11 итым дигу къигъэкІыжыр сыт? 2) Ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху гугъуехьхэм дыпэщІэхуэмэ, сыт къэхъункІэ хъунур?
7 Къеджэ Апокалипсис 4:11. Мы едзыгъуэм дигу къегъэкІыж псори къэзыгъэщІар Иеговэу зэрыщытыр. Къапщтэмэ, Иеговэ ухуэлэжьэну хуэфащэу зэрыщытым а зы закъуэри щхьэусыгъуэ хуохъу. ЩІэи гъуни зимыІэ Иеговэ и къарум дыщегупсысым деж, дэ быдэу ди фІэщ мэхъу сыт хуэдэ гугъуехьри абы зэрытщхьэщихыфынур. Ауэ ШейтІаным мы дунейм тез ищІа пцІым къыхэкІкІэ, цІыху куэдым Алыхьыр зэрыщыІэм шэч къытрахьэ. Уеблэмэ, языныкъуэ щІэныгъэлІхэм гъащІэр езыр-езыру къэунэхуауэ жаІэ. Иеговэ псори къызэригъэщІар икІи фІыуэ дыкъызэрилъагъур быдэу ди фІэщ мыхъуу щытмэ, гъэунэхуапІэ дыпэщІэхуа иужь ар зэрыщыІэм икІи къызэрыддэІэпыкъум шэч къытетхьэу щІэддзэнкІэ хъунущ (Евр. 11:6).
8, 9. Иеговэ псори къызэригъэщІам шэч къытепхьэу щІэбдзамэ, сыт пщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)
8 Алыхьыр зэрыщыІэм шэч къытепхьэу щІэбдзамэ, зумыІэжьэу а Іуэхур зэхэгъэкІ. Иеговэ псори къызэригъэщІам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр къэбгъуэтын щхьэкІэ, ди тхыгъэхэр къэбгъэсэбэпурэ а темэр куууэ зэпкърых. Уи фІэщхъуныгъэр быдэ зыщІыфын щІэныгъэхэр уэ къыщыбгъуэтыфынущ «Была ли жизнь создана?» икІи «У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа» жыхуиІэ брошюрэхэм. Иджыри уэ къыбдэІэпыкъунущ jw.org сайтым ит «Случайность или замысел?» жыхуиІэ рубрикэр. США-м щыщ Дже́ссикэ зи цІэ ди шыпхъу ныбжьыщІэр къыддогуашэ: «„У истоков жизни“ жыхуиІэ брошюрэм сыкъеджа иужь, сэ къызгурыІуащ мы дунейр езыр-езыру къэунэхуну зы Іэмали зэрыщымыІэр. Ар япэм сщІэуэ щытами, а брошюрэм куууэ сыхэплъа иужь, Алыхьым псори къызэригъэщІам шэч лъэпкъ къытесхьэжтэкъым». Куэдми «Существует ли заботливый Творец?» жыхуиІэ тхылъыр сэбэп къахуэхъуащ. Уэ абыхэм уеджауэ щытми, къытебгъэзэжу уеджэж хъунущ.
9 Уэ езым Библиер щыбджкІэ, Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр зэпкърых. Апхуэдэу пщІэмэ, абы уи фІэщхъуныгъэр игъэбыдэнущ икІи Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхунущ (Рим 1:20). Абы нэмыщІ а щІэныгъэр къэбгъэсэбэпу Алыхьыр зэрыщыІэм шэч къытезыхьэ гуэрым уэ удэІэпыкъуфынущ. Аращи, зыщыдгъэгъупщэнкъым Иеговэ псори къызэригъэщІам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд абы къызэрыдитар.
Nebula: IAC/RGO/David Malin Images; fish and car: Mercedes-Benz USA; plane: Kristen Bartlett/University of Florida
«Была ли жизнь создана?» жыхуаІэ брошюрэм уеджами, къытебгъэзэжу абы уеджэж мыхъуну пІэрэ? (8 абзацым феплъ.)
БИБЛИЕР АЛЫХЬЫМ ИРИГЪЭТХАЩ
10. Библием дапхуэдэу дызэрыхущытыр? (2 Тимофей 3:16, 17).
10 Къеджэ 2 Тимофей 3:16, 17. Библиер — Иеговэ къыдита тыгъэщ. А тхылъым гъащІэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм жэуап ирет. Иджыри абы къыдгурегъаІуэ Алыхьыр сыткІэ къытщыгугъми икІи сыт хуэдэ мурад иІэми. Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу Библиер езыгъэтхар Иеговэу зэрыщытыр икІи а тхылъым ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ дыхуейщ Библием итыр къыдгурыІуэну икІи абы дытету дыпсэун щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэну.
11. Библиер Алыхьым зэрыригъэтхар уи фІэщ зыщІыр сыт?
11 Библиер Иеговэ зэрыригъэтхам шэч къыщІытедмыхьэр сыт? Абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ, Библием итымрэ тхыдэмрэ зэтохуэ (Лк. 3:1, 2). Абы нэмыщІ ар дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрыщыт дыдэм топсэлъыхь (Иов 26:7). ШейтІаным Библиер игъэкІуэдыну куэдрэ иужь итами, а тхылъым нэхърэ нэхъ зызыубгъуа тхылъ мы дунейм щыІэкъым. Библиер хуэгъэфэщауэ илъэс 1 600 хуэдизкІэ цІыху 40 хуэдизым ятхами, ар зы тхылъу щытщ. Абы ит чэнджэщхэр сыт хуэдэ зэманми хуокІуэ икІи мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм махуэ къэс ядоІэпыкъу (Прит. 13:20; 15:21; Мт. 7:12, ДЩІ). Библием ит пророчествэхэм щыщ куэдыр гъэзэщІа хъуащ икІи абы къегъэлъагъуэ а тхылъым дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур (Иис. Н. 23:14). Библиер Алыхьым зэрыригъэтхам шэч лъэпкъ хэлъкъым!
12. Библиер Алыхьым зэрыригъэтхам шэч къытетхьэу щІэддзамэ, сыт тщІэн хуейр?
12 Библиер Алыхьым зэрыригъэтхам шэч къытетхьэу щІэддзамэ, сыт тщІэн хуейр? Абы теухуауэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэн икІи уи тхьэлъэІум утетыжын хуейщ. Иеговэ и Щыхьэтхэм я унагъуэм къыщыхъуа Джо́рдан зи цІэ ди къуэш ныбжьыщІэр къыддогуашэ: «Сэ къызжаІэ псор занщІэу си фІэщ сщІыкъым. ЯпэщІыкІэ сэ псоми фІыуэ сегупсысын хуейщ. Пэжыр жыпІэмэ, сэ иджыпстуи зыгуэрхэм шэч къыщытесхьэ къохъу. Ауэ апхуэдэу къыщыхъум деж, си упщІэхэм я жэуап къэзгъуэтын, шэч къызытесхьэри зэхэзгъэкІын щхьэкІэ, ди тхыгъэхэр куууэ зэпкърызох». Библиер Иеговэ зэрыригъэтхам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр щызэпкърытхым деж дэ ди фІэщхъуныгъэр догъэбыдэ (1 Кор. 3:12, 13).
ИЕГОВЭ И ЛЪЭПКЪЫМ ЩІЭГЪЭКЪУЭН ХУОХЪУ
13. Алыхьым и лъэпкъыу нобэ щытыр хэтми шэч къытетхьэу щІэддзэмэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
13 Иеговэ и Щыхьэтхэр нобэ Алыхьым и лъэпкъыу зэрыщытым шэч къытетхьэу щІэддзэмэ, сыт дэ тщІэ хъунур? Абы мыхьэнэ едмыту къэдгъэнэн хуейкъым. Дэ мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсыс хъунущ: «Библием ит хабзэхэм тету псэуну хэт хущІэкъур? Сыт хуэдэ упщІэмкІи Библием дзыхь хуэзыщІыр хэт? Хэт нобэ Иеговэ и Іэмырыр зыгъэзащІэр?» (Мт. 7:20, 21, ДЩІ; 2 Тим. 4:3, 4).
14. Маттэ 24:14 ит псалъэхэр Иеговэ и Щыхьэтхэм дапхуэдэу зэрагъэзащІэр?
14 Алыхьыр хуейщ мы дунеижьым кІэ къыхуигъэкІуэн ипэ, щІылъэм тет цІыху псоми хъыбарыфІыр зэхахыну. Дэ мыпхуэдэ упщІэм дегупсыс хъунущ: «Нобэ хъыбарыфІыр зыгъэІур хэт?» (Мт. 24:14). Абы и жэуапыр нэрылъагъущ. Иеговэ и лэжьакІуэхэр къегъэсэбэп, абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ. Дэ зыращ 240 нэхърэ нэхъыбэ хъу къэралхэмрэ щІыпІэхэмрэ хъыбарыфІыр щызыгъэІур. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэм дыщІэту, а лэжьыгъэм илъэсищэм щІигъуауэ дыхэтщ. Дэ ди акъылыр зытеухуар мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэращ — ар хъыбарыфІ гъэІунымрэ цІыхухэр Библием егъэджэнымрэщ (Мт. 28:19, 20).
15. Алыхьым и цІэр гъэлъэпІа хъун щхьэкІэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм сыт хуэдэ къару ирахьэлІэр? (Маттэ 6:9, ДЩІ; Исайя 43:10).
15 Къеджэ Маттэ 6:9, ДЩІ, абы нэмыщІ Исайя 43:10. Дэ Иеговэ и цІэр зыдохьэ икІи абы и Щыхьэту дызэрыщытым дропагэ. Нобэ и нэхъыбэ цІыхухэм а цІэр ящІэкъым, ауэ дэ ар Библием здыхэтын хуейм деж хэдгъэувэжащ. «ДунеищІэ» жаІэу зэрадзэкІа Библием 7 000 нэхърэ нэхъыбэрэ Иеговэ и цІэм ущрохьэлІэ.
16. Иуан 13:34, 35 итыр Иеговэ и Щыхьэтхэм ягъэзащІэу сыт жыпІэ щІэхъунур? (Сурэтми феплъ.)
16 Къеджэ Иуан 13:34, 35. Нобэ цІыхухэм я зэхуаку зэгурыІуэныгъэ дэлъкъым икІи ахэр зэрылъагъу хъукъым. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр апхуэдэу щыткъым. Абыхэм я зэхуаку зэкъуэтыныгъэрэ лъагъуныгъэрэ дэлъщ. Дэ псори къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм дыщопсэу икІи дыкъызыхэкІамрэ дызэрагъэсамрэ зэтехуэкъым, ауэ абы емылъытауэ, дэ тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ, ди зэхуаку мамырыгъэрэ лъагъуныгъэрэ дэлъын щхьэкІэ. Уэ нэгъуэщІ щІыпІэ укІуауэ, абы щыІэ зэІущІэм ущыхэта къэхъуа? Къэхъуауэ щытмэ, уэ гу лъыптауэ къыщІэкІынщ дэнэ щІыпІэ ущымыІами, къуэш шыпхъухэм я зэхуаку лъагъуныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ зэрыдэлъым. Абы наІуэу къегъэлъагъуэ Иеговэ и Іэмырыр игъэзэщІэн щхьэкІэ, и лэжьакІуэхэр къызэригъэсэбэпыр. Иеговэ и лъэпкъым сыт щыгъуи зэрыдэІэпыкъур зыщыдмыгъэгъупщэу щытмэ, гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж, дэ Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэфынущ.
Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ дэлъщ икІи ар ди зэманым телъыджэу щытщ (16 абзацым феплъ.)a
ИЕГОВЭ ЗЭИ КЪЭВМЫГЪАНЭ
17, 18. Дэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфыну икІи шэч къытедмыхьэу сыт жытІэфынур?
17 Мы иужьрей махуэхэм дэ псори гугъуехь гуэрхэм дыпэщІохуэ (2 Тим. 3:1, 13). Абы нэмыщІ ди Іуэхур нэхъ гугъу зыщІын нэгъуэщІ гугъуехьхэми дрихьэлІэфынущ. Псалъэм папщІэ, дэ икІэм нэс къыдгурымыІуэн унафэ гуэрхэр ди организацэм къищтэнкІэ хъунущ. Е зэхуэсым щыщ гуэрым ди жагъуэ къищІу, ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьэфынущ. Абы щыгъуэ мамырыгъэр зэрызэтедгъэувэжынур занщІэу дымылъагъункІэ е ди организацэм апхуэдэ унафэ къыщІищтам и щхьэусыгъуэр къыдгурымыІуэнкІэ хъунущ.
18 Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм дагъэгузавэми, дэ Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэфынущ абы псори къызэригъэщІар, Библиер абы къыбгъэдэкІ тхылъу икІи Иеговэ и Щыхьэтхэр абы и лъэпкъыу зэрыщытыр быдэу ди фІэщ хъумэ. Петр Хьисэ зэрыжриІам хуэдэу дэри Алыхьым жетІэфынущ: «Хэт деж дыкІуэн?... МыкІуэдыжын гъащІэ диІэ зыщІ псалъэхэр уи куэдщ».
123 УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ
a СУРЭТЫМ ИТЫР. Шыпхъур ипхъу цІыкІур и гъусэу автобусым исщ. Абыхэм я гуапэщ стендым деж щыту Иеговэ и Щыхьэтхэм хъыбарыфІыр зэрагъэІур ялъэгъуну.