23 СТАТЬЯР
2 УЭРЭДЫР Уэ уи цІэр — Иеговэщ
Иеговэ и цІэм дэ етт мыхьэнэр
«„Фэ сэ фызищыхьэтщ“, — жеІэ Иеговэ» (ИС. 43:10).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ и цІэр зэрыдгъэлъапІэмрэ абы дыкъызэрыщхьэщыжымрэ.
1, 2. Сыт къызыхэщыр Хьисэ и дежкІэ Иеговэ и цІэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зыри зэрыщымыІэр?
ХЬИСЭ и дежкІэ Иеговэ и цІэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зыри щыІэкъым. И Адэм и цІэр цІыхухэм къахузэІуихын щхьэкІэ абы ищІам хуэдиз зыми ищІакъым. Мыбы ипэ ит статьям къызэрыщытщІащи, Хьисэ и гъащІэр итащ Иеговэ зэры-Алыхь лъапІэр икІи ар захуагъэм зэрытетыр къигъэлъэгъуэн папщІэ (Мар. 14:36; Евр. 10:7—9). Хьисэ илъэс минкІэ Пащтыхьу щыта нэужь, тепщэныгъэ псори Иеговэ иритыжынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар хуейщ щІыхь псори и Адэм къылъысыну (1 Кор. 15:26—28). Иеговэ и цІэм пщІэ хэлъу зэрыхущытымкІэ Хьисэ къегъэлъагъуэ абы и Адэр фІыщэу зэрилъагъур.
2 Хьисэ Иеговэ и лІыкІуэу щІылъэм къэкІуащ (Ин. 5:43; 12:13). Абы и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и цІэр къахузэІуихащ (Ин. 17:6, 26). Хьисэ зыхуригъаджэри илэжь Іуэху телъыджэхэри къызыбгъэдэкІыр и Адэрат (Ин. 10:25). Абы нэмыщІ Хьисэ Иеговэ елъэІуащ и гъэсэнхэр къихъумэну, и Адэм и цІэ лъапІэр зыми имыгъэпудын щхьэкІэ (Ин. 17:11). Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и цІэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Хьисэ и дежкІэ зыри зэрыщымыІэр. Абы къыхэкІкІэ цІыхум Алыхьым и цІэр имыщІэмэ икІи къимыгъэсэбэпмэ, ар Хьисэ и лъэужь ирикІуэу жыпІэ хъуну?
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Дэ сыт и лъэныкъуэкІи Хьисэ щапхъэ тыдох (1 Пет. 2:21). Аращ Иеговэ и цІэм дэ пщІэ щІыхуэтщІыр икІи ар фІыуэ щІэтлъагъур. Мы статьям къыщытщІэнущ «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІыр» зыгъэІухэм Иеговэ и цІэр щІызрахьэр (Мт. 24:14). Абы нэмыщІ дэ дытепсэлъыхьынущ дэтхэнэ зыми Иеговэ и цІэм еттын хуей мыхьэнэм.
«ТХЬЭР ЕЗЫМ И ЦІЭКІЭ ЗЭДЖЭНУ ЛЪЭПКЪЫР»
4. 1) Уафэм дэкІуеижын ипэ, Хьисэ и гъэсэнхэм сыт хуэдэ къалэн яритар? 2) АдэкІэ сыт хуэдэ упщІэ зэпкърытхынур?
4 Уафэм дэкІуеижын ипэ, Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапІэр [къару лъапІэр, ДЩІ] къыщыфхуехкІэ, лъэкІыныгъэ фиІэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкІэ дунейм и кІэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ» (Апост. 1:8). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэт израил щІыналъэм щыпсэухэм ямызакъуэу, хъыбарыфІыр зэхахыну икІи Хьисэ и лъэужь иувэну адрей лъэпкъ псоми Іэмал зэраІэнур (Мт. 28:19, 20). Хьисэ «щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ» зэрыжиІам къикІыу пІэрэ, а зэманым зэхуэсым щІэуэ къыхыхьэхэр абы и щыхьэт хъумэ зэфІэкІыу икІи Иеговэ и цІэр ямыщІэми хъуну? Мы упщІэм и жэуапыр Апостолхэм, 15 псалъащхьэм итщ.
5. Ерусалим щыІэ апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ ящІа унафэм дапхуэдэут къызэрыхэщыр цІыху псоми Иеговэ и цІэр къащІэн зэрыхуейр? (Сурэтми феплъ.)
5 Ди эрэм, 49 гъэм Ерусалим щыІэ апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ зэхуэсащ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэ зэхагъэкІын щхьэкІэ: журт лъэпкъым щымыщ гуэр Хьисэ и лъэужь иувэну хуеймэ, абы сунэт ищІын хуей? А зэІущІэм и кІэм Хьисэ и къуэш Екъуб мыпхуэдэу жиІащ: «Тхьэр езым и цІэкІэ зэджэну лъэпкъыр къыхихын щхьэкІэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм япэщІыкІэ зэреплъар Симон зэхыдигъэщІыкІащ». Сыт хуэдэ цІэ Екъуб зи гугъу ищІар? Жэуапыр Екъуб къихьа Амос и псалъэхэм къыхощ: «Дунейм и цІыхуу къэнахэмрэ сэ си цІыху хъуну къыхуезджа хамэ лъэпкъ псомрэ Зиусхьэным лъыхъуэн щхьэкІэ. Мыпхуэдэу жызыІэр Зиусхьэныращ [Иеговэщ, ДЩІ]» (Апост. 15:14—18). Зэхуэсым щІэуэ къыхыхьэхэм Иеговэ теухуауэ къызэращІэм нэмыщІ, Алыхьым и цІэр зрахьэн хуейт икІи а цІэр адрейхэм къыхузэІуахын хуейт.
Япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупым къыгурыІуащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым и цІэр зезыхьэ лъэпкъыу щытын зэрыхуейр (5 абзацым феплъ.)
6, 7. 1) Сыт Хьисэ щІылъэм къыщІэкІуар? 2) Мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ къалэнт иджыри Хьисэ игъэзэщІэн хуейр?
6 Хьисэ и цІэм къикІыр «Иеговэщ укъезыгъэлыр». Иеговэ Хьисэщ къигъэсэбэпыр фІэщхъуныгъэ нэгъэса зиІэ дэтхэнэри къригъэлын щхьэкІэ. Алыхьым и Къуэр щІылъэм къыщІэкІуар и гъащІэр цІыхухэм щхьэкІэ итын папщІэщ (Мт. 20:28). Щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ ди гуэныхьхэр къытхуэгъунущ икІи гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэунущ (Ин. 3:16).
7 ЦІыхухэр щхьэщэхужым щІыхуэныкъуэр сыт? Ар Іэдэн жыг хадэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм епхащ. Мыбы ипэ зэпкърытха статьям зэрыщыжыІам хуэдэу, Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ пэщІэувэри, игъащІэкІэ псэуну яІа Іэмалыр зыфІагъэкІуэдащ (ЩІэдз. 3:6, 24). Ауэ цІыхухэр къригъэлын закъуэрат Хьисэ щІылъэм къыщІэкІуар? Хьэуэ. Абы нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы къалэн Хьисэ иджыри игъэзэщІэн хуейт — ШейтІаным Алыхьым и цІэ игъэулъияр абы игъэкъэбзэжын хуейт (ЩІэдз. 3:4, 5). Аращи, Алыхьыр сыт щыгъуи захуагъэм зэрытетыр икІи ар лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ ди Адэу зэрыщытыр цІыхухэм псоми къащІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Хьисэ Иеговэ и лІыкІуэт, абы хуэдэу Иеговэ и цІэр зыгъэлъэпІэфа зыри щыІэкъым. Хьисэ и Адэм и Іэмырыр нэгъэсауэ игъэзэщІащ.
ЦІыхум Алыхьым и цІэр имыщІэмэ икІи къимыгъэсэбэпмэ, ар Хьисэ и лъэужь ирикІуэу жыпІэ хъуну?
8. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм псоми сытыт къагурыІуэн хуейр?
8 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм псоми — журт лъэпкъым щыщхэми щымыщхэми, — къагурыІуэн хуейт ахэр къезыгъэлыфынур Иеговэ закъуэу зэрыщытыр (Ин. 17:3). Ауэ ахэр къелыну хуеймэ, Хьисэ хуэдэу, абыхэми Иеговэ и цІэр зрахьэн икІи а цІэр ягъэлъэпІэн хуейт (Апост. 2:21, 22). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и лъэужь иувэну хуей дэтхэнэ зыми Иегови Хьиси фІыуэ къицІыхун хуейт. Аращ Иуан, 17 псалъащхьэм ит Хьисэ и тхьэлъэІур мыпхуэдэу щІиухыр: «Сэ уэ абыхэм уезгъэщІащ икІи уезгъэщІэнущ, уэ къысхууиІэ фІылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкІэ» (Ин. 17:26).
«ФЭ СЭ ФЫЗИЩЫХЬЭТЩ»
9. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыми сыт ищІэн хуейр?
9 Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыми Иеговэ и цІэр игъэлъэпІэн хуейщ (Мт. 6:9, 10). Ди дежкІэ Алыхьым и цІэр цІэуэ щыІэм нэхърэ нэхъ лъапІэщ. НтІэ, дапхуэдэу дэ Иеговэ и цІэр зэрыдгъэлъэпІэфынур икІи ШейтІаным ди Алыхьым теухуауэ жиІэр зэрыпцІыр къызэрыщІэдгъэщыфынур?
10. Исайя тхылъым, 42 псалъащхьэм щыщІэдзауэ 44 нэс сыт хуэдэ хьэкум зи гугъу ищІыр? (Исайя 43:9; 44:7—9). (Сурэтми феплъ.)
10 Исайя тхылъым, 42 псалъащхьэм щыщІэдзауэ 44 нэс дэ къыщыдощІэ Иеговэ и цІэр зэрыдгъэлъапІэ хъуну щІыкІэр. А псалъащхьэхэм хьэкум екІуэкІ хуэдэу къаІуэтэж икІи абы мыпхуэдэ упщІэ къыщаІэтащ: хэт хъуну Алыхь пэжыр? Иеговэ тхьэ нэпцІхэм яжриІэ хуэдэщ ахэр алыхь пэжу щытмэ, абы щыхьэт техъуэфын цІыху е Іуэхугъуэ гуэр къахьыну. Ауэ абы щыхьэт техъуэн зыри щыІэкъым! (Къеджэ Исайя 43:9; 44:7—9.)
Дэ ди псалъэхэмкІи ди ІуэхухэмкІи къыдогъэлъагъуэ Иеговэ Алыхь пэж закъуэу зэрыщытыр (10, 11 абзацхэм феплъ.)
11. Исайя 43:10—12 зэритымкІэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт яжриІэр?
11 Къеджэ Исайя 43:10—12. Иеговэ и лэжьакІуэхэм яжреІэ: «Фэ сэ фызищыхьэтщ... сэ сы-Алыхьщ». Иеговэ абыхэм йоупщІ: «Сэр нэмыщІ нэгъуэщІ Алыхь щыІэ?» (Ис. 44:8). Алыхьым пщІэшхуэ къытхуищІри, мы упщІэм жэуап еттыну къытхуигъэфэщащ. Дэ ди псалъэхэмкІи ди ІуэхухэмкІи къыдогъэлъагъуэ Иеговэ Алыхь пэж закъуэу зэрыщытыр икІи ди гум къыбгъэдэкІыу ар фІыуэ зэрытлъагъур. Ди дежкІэ абы и цІэм хуэдэу лъагэ зыри щыІэкъым. ШейтІаныр дапхуэдизу къытпэщІэмытми, дэ Алыхьым дыхуэпэжщ. Апхуэдэу дэ Иеговэ и цІэр догъэлъапІэ.
12. Исайя 40:3, 5 ит псалъэхэр дауэ гъэзэщІа зэрыхъуар?
12 Иджыри бегъымбар Ешайа жиІауэ щытащ «Иеговэ щхьэкІэ гъуэгур» зыгъэкъэбзэн, е нэгъуэщІу жыпІэмэ зыгъэхьэзырын къызэрыкІуэнур (Ис. 40:3). Дапхуэдэу бегъымбарым и псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар? Псым щІэзыгъауэ Иуан Хьисэ гъуэгу хуигъэхьэзырами, а гъуэгур Иеговэ хуигъэхьэзырауэ жыпІэ хъунут. Сыт щхьэкІэ? Хьисэ къэзыгъэкІуар Иеговэт икІи абы зыхуригъаджэр псори къызыбгъэдэкІыр Алыхьырат (Мт. 3:3; Мар. 1:2—4; Лк. 3:3—6). Ешайа щІигъужащ: «Иеговэ и щІыхьыр наІуэ хъунущ» (Ис. 40:5). Дауэ мы псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар? Хьисэ Иеговэ и лІыкІуэт икІи абы а къалэныр апхуэдизкІэ нэгъэсауэ игъэзэщІати, ар езы Иеговэ игъэзэщІам хуэдэт (Ин. 12:45).
13. Дапхуэдэу дэ Хьисэ щапхъэ зэрытетх хъунур?
13 Хьисэ хуэдэу, дэри Иеговэ дрищыхьэтщ. Псалъэм папщІэ, дэ Алыхьым и цІэр зыдохьэ икІи и ІуэхущІафэхэм теухуауэ адрейхэм яхудоІуатэ. Абы нэмыщІ Хьисэ Иеговэ и цІэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ ищІа Іуэхухэм теухуауэ дэ цІыхухэм яжетІэн хуейщ (Апост. 1:8). Нэгъэсауэ Иеговэ щыхьэт хуэхъуар Хьисэщ, дэри абы дызэрыдэплъеиным дыхущІокъу (Апок. 1:5). Апхуэдэу щыщыткІэ, Иеговэ и цІэм мыхьэнэшхуэ зэреттыр къызэрыдгъэлъагъуэ хъуну Іуэхугъуэхэм дытепсэлъыхьынщ.
ИЕГОВЭ И ЦІЭМ ДЭ ЕТТ МЫХЬЭНЭР
14. Псалом 105:3 зэритымкІэ, дапхуэдэу дэ Иеговэ и цІэм дызэрыхущытыр?
14 Иеговэ и цІэр адрейхэм яжыдоІэ икІи абы дропагэ. (Къеджэ Псалом 105:3.) Иеговэ хуейщ ар ди Алыхьу зэрыщытым дрипэгэну (Иер. 9:23, 24; 1 Кор. 1:31; 2 Кор. 10:17). Псалъэм папщІэ, абы хохьэ дэ Иеговэ и цІэм дыкъызэрыщхьэщыжыр икІи ар зэры-Алыхь лъапІэр нэгъуэщІхэм зэражетІэр. Къыддэлажьэхэм, къыддеджэхэм, ди гъунэгъухэм икІи адрей цІыхухэм дэ Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр яжетІэну дыукІытэн хуейкъым. ШейтІаныр хуейщ дэ Алыхьым и цІэр адрейхэм яжетІэн щыдгъэтыну (Иер. 11:21; Апок. 12:17). Иблисымрэ абы и лъэныкъуэр зыубыдахэмрэ хущІокъу цІыхухэм Иеговэ и цІэр кърамыгъэщІэну (Иер. 23:26, 27). Ауэ дэ Алыхьым и цІэр фІыуэ долъагъури, а цІэр дгъэлъэпІэну зы Іэмали зыІэщІэдгъэкІыну дыхуейкъым (Пс. 5:11; 89:16).
15. Иеговэ и цІэр къебджэным къикІыр сыт?
15 Дэ Иеговэ и цІэр къыдоджэ (Иоиль 2:32; Рим 10:13, 14). Сыт абы къикІыр? Алыхьым и цІэр зэрытщІэр икІи ар къызэрыдгъэсэбэпыра? Абы и закъуэкъым. Иджыри абы хохьэ Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэр зэрытщІэр, дзыхь зэрыхуэтщІыр икІи дэІэпыкъуэгъурэ чэнджэщрэ абы и деж къызэрыщытлъыхъуэр (Пс. 20:7; 99:6; 116:4; 145:18). Абы нэмыщІ дэ адрейхэм Алыхьым и цІэмрэ и хьэл-щэнхэмрэ теухуауэ яжыдоІэ. Апхуэдэ щІэныгъэм и фІыгъэкІэ цІыхухэм Іэмал яІэщ я гъащІэр фІы и лъэныкъуэкІэ яхъуэжу, къэзыгъэщІа Алыхьыр ягъэгуфІэну, икІэм-икІэжми къелыну (Ис. 12:4; Апост. 2:21, 38).
16. Иблисыр зэрыпцІыупсыр дапхуэдэу ди гъащІэмкІэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
16 Иеговэ и цІэм щхьэкІэ дэ гугъуехь тшэчыну дыхьэзырщ (Екъуб 5:10, 11). Дэ гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Иеговэ хуэпэжу дыкъанэмэ, Иблисыр зэрыпцІыупсыр къыщІыдогъэщ. Іэиуб и зэманым ШейтІаным Алыхьым и лэжьакІуэхэр мыпхуэдэу игъэкъуэншащ: «И гъащІэм щхьэкІэ цІыхум сытри итыфынущ» (Иов 2:4). Иблисым зэрыжиІамкІэ, цІыхухэм я Іуэхур фІыху, ахэр Иеговэ хуэлэжьэнущ, ауэ гугъуехь гуэр зэрыпэщІэхуэу, Алыхьыр къагъэнэнущ. Ар зэрыпцІыр Іэиуб и гъащІэмкІэ къигъэлъэгъуащ. Дэри Иблисым къиІэта упщІэм жэуап еттыфынущ. Ди гъащІэр гугъу ищІын щхьэкІэ дапхуэдизу абы къыттримыкъузами, дэ Иеговэ ди щІыб зэи хуэдгъэзэнукъым. Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ и цІэр гъэлъэпІа хъун щхьэкІэ, абы дыкъызэрихъумэнум (Ин. 17:11).
17. 1 Петр 2:12 зэритымкІэ, дапхуэдэу дэ Иеговэ и цІэр зэрыдгъэлъэпІэфынур?
17 Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ дэ тхузэфІэкІ къэдгъанэкъым (Прит. 30:9; Иер. 7:8—11). Дэ Иеговэ и цІэр зыдохьэри, длэжь ІуэхухэмкІэ а цІэр е догъэлъапІэ е догъэпуд. (Къеджэ 1 Петр 2:12.) Аращ ди дуней тетыкІэми ди псэлъэкІэми дыщІыкІэлъыплъыр икІи дыщІыхуэсакъыр. Дэ гуэныхь тхэлъми, Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ нэхъыфІ дыдэу диІэр абы идот.
18. Иеговэ и цІэм мыхьэншхуэ зэреттыр дауэ иджыри къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? (Сноскэми феплъ.)
18 Ди дежкІэ ди цІэм нэхърэ Иеговэ и цІэр нэхъ лъапІэщ (Пс. 138:2). Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІкІэ дэ абы и хабзэхэм дытету допсэу. Ауэ цІыхухэм ар ягу ирихькъым икІи Іей къыщытхужаІэ къохъуa. Языныкъуэхэм Хьисэ Мэссихь ялъагъу хъутэкъым икІи щІэпхъаджащІэм хуэдэу абы хьэкум тращІыхьащ. Ауэ Хьисэ и гъащІэр итыну хуэхьэзырт, Иеговэ и цІэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ. Ар адрейхэм къыхужаІэнум егъэлеяуэ иригузавэтэкъым (Евр. 12:2—4). Хьисэ и дежкІэ псом нэхърэ нэхъ лъапІэр и Адэм и Іэмырыр и кІэм нэс игъэзэщІэнырат (Мт. 26:39).
19. Иеговэ и цІэм сыт хуэдэ мыхьэнэ уэ ептыр икІи сыт щхьэкІэ?
19 Дэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм дропагэ икІи и Щыхьэту дызэрыщытыр ди дежкІэ пщІэшхуэщ. Ди цІэм нэхърэ Иеговэ и цІэм нэхъ мыхьэнэшхуэ идотри, а цІэм щхьэкІэ Іей къытхужаІэр тшэчыну дыхьэзырщ. Аращи, Иблисым дапхуэдизу дыкъигъэувыІэну иужь имытми, дэ адэкІи ди Алыхьым и цІэр дгъэлъэпІэнщ. Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ, Хьисэ хуэдэу, ди дежкІи Иеговэ и цІэм нэхърэ нэхъ лъапІэ зыри зэрыщымыІэр.
10 УЭРЭДЫР Ди Алыхь Иеговэ вгъэлъапІэ!
a Іэиуб и ныбжьэгъуищым ягъэкъуаншэу щыщІадзам щыгъуэ, ар и щхьэм куэдыІуэу егупсысу икІи абы нэхъ мыхьэнэ ириту щІидзащ. И бынхэмрэ и мылъкумрэ щыфІэкІуэдам щыгъуэ, «Іэиуб [Алыхьым и пащхьэ] гуэныхь къыщихьакъым икІи... мыхъун хужиІакъым» (Иов 1:22; 2:10). Ауэ Іэиуб Іуэхур и щхьэм щынэсым, зэмыгупсыса псалъэхэр жиІэу щІидзащ. Иеговэ и цІэр игъэлъэпІэнымрэ абы къыщхьэщыжынымрэ нэхърэ Іэиуб езыр зэрымыкъуаншэр къигъэлъэгъуэныр нэхъапэ иригъэщащ (Иов 6:3; 13:4, 5; 32:2; 34:5).