22 СТАТЬЯР
15 УЭРЭДЫР Иеговэ и Къуэ пажэм щІыхь хуэфщІ!
Иеговэ и цІэм Хьисэ ириту щыта мыхьэнэр
«Сэ уэ абыхэм уезгъэщІащ икІи уезгъэщІэнущ» (ИН. 17:26).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Хьисэ Иеговэ и цІэр цІыхухэм къазэрыхузэІуихам, а цІэр зэригъэлъэпІам икІи абы къызэрыщхьэщыжам.
1, 2. 1) Хьисэ щаукІынум ипэ къихуэ жэщым сыт ищІар? 2) Сыт хуэдэ упщІэхэр мы статьям щызэпкърытхыну?
ДИ НЭГУ КЪЫЩІЭДГЪЭХЬЭНЩ ди эрэм 33 гъэм, нисан мазэм и 14 махуэр. Алыхьым и Къуэр Ерусалим дэт унэхэм щыщ зым ищхьэ пэшым и апостолхэр и гъусэу щІэсщ. Жэщыр хэкІуэтащ икІи Хьисэ Пщыхьэщхьэшхэр иригъэкІуэкІащ. Хьисэ ещІэ куэд мыщІэу и ныбжьэгъур къызэрепцІыжынур, и хьэкумыр ящІэу зэрагъэкъуэншэнур, удын куэд тралъхьэу, икІэм-икІэжым зэраукІынур. Абы и гъэсэнхэм псалъэ гуапэ куэд яжреІэ икІи зэбгрыкІыжын ипэ мыхьэнэшхуэ зиІэ тхьэлъэІукІэ Иеговэ зыхуегъазэ. А тхьэлъэІур Иуан итхыжа ХъыбарыфІым, 17 псалъащхьэм итщ.
2 Хьисэ а пщыхьэщхьэм жиІа тхьэлъэІум къызэригъэлъагъуэмкІэ, сытыт ар зэгупсысыр икІи щІылъэм тетыху япэ увыпІэр сытым иритрэт? Мы упщІэхэм я жэуапхэр зэпкърытхынщ.
«СЭ УЭ АБЫХЭМ УЕЗГЪЭЩІАЩ»
3. «Сэ уэ абыхэм уезгъэщІащ» щыжиІам, сыт Хьисэ зи гугъу ищІар? (Иуан 17:6, 26).
3 «Сэ уэ абыхэм уезгъэщІащ». Мы гупсысэр Хьисэ тІэунейрэ и тхьэлъэІум къыщыхигъэщащ. (Къеджэ Иуан 17:6, 26.) Сыт а псалъэхэм къикІыр? Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр апостолхэм ямыщІэу арат? ДауикІ, ящІэт. Ахэр журт лъэпкъым щыщт икІи ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм Алыхьым и цІэм мин бжыгъэкІэ ущрихьэлІэт. Хьисэ хуейт абы и гъэсэнхэм Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къащІэну. Псалъэм папщІэ, абы и мурадым, и ІуэхущІафэхэм икІи и хьэл-щэнхэм теухуауэ. Сытыт абы и щхьэусыгъуэр? Хьисэ хуэдэу Иеговэ фІыуэ зыцІыху зыри зэрыщымыІэращ.
4, 5. 1) ЦІыхур нэхъыфІу къызэрыпцІыхуфынум теухуауэ щапхъэ къэфхь. 2) Хьисэ и гъэсэнхэм Иеговэ нэхъыфІу къацІыхуну сытыт къадэІэпыкъур?
4 Зыгуэр нэхъыфІу къызэрыпцІыхуфынум теухуауэ зы щапхъэ къэтхьынщ. Уи зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зым Ахьмэд и цІэу жытІэнщ. Ахьмэд хирургыу мэлажьэ икІи уэ ар куэд щІауэ боцІыху. Зэгуэр зэшэзэпІэу укъытохуэри, сымаджэщым псынщІэ Іейуэ уашэ. Абдежым Ахьмэд упэщІохуэри, операцие уещІ икІи уи гъащІэр кърегъэл. Иджы а къуэшым и цІэр щызэхэпхкІэ уэ абы къыпхуищІар, дауикІ, занщІэу уигу къэкІыжынущ. Уи дежкІэ ар уи гъащІэр къезыгъэла дохутырщ.
5 Щапхъэ къэтхьам ещхьу, Хьисэ и гъэсэнхэми Иеговэ и цІэр ящІэт. Ауэ Хьисэ щІылъэм щрихьэкІа лэжьыгъэм и фІыгъэкІэ абыхэм а цІэр зезыхьэ Алыхьыр нэхъыфІыжу къацІыхуащ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Адэм ищІэну дыдэр икІи жиІэну дыдэрат Къуэм ищІэр икІи жиІэр. Хьисэ зыхуригъаджэр щызэхахым икІи ар цІыхухэм зэрахущытыр щалъагъум деж, абы и гъэсэнхэм Иеговэ нэхъыфІу къацІыхут (Ин. 14:9; 17:3).
«УЭ КЪЫЗЭПТА УИ ЦІЭМ И КЪАРУКІЭ»
6. Дапхуэдэу Алыхьым езым и цІэр Хьисэ зэрыритар? (Иуан 17:11, 12).
6 Хьисэ и гъэсэнхэм щхьэкІэ и Адэм елъэІут: «Си Адэ лъапІэ, уэ къызэпта уи цІэм и къарукІэ ахэр къэхъумэ». (Къеджэ Иуан 17:11, 12.) Мы псалъэхэм къикІыу пІэрэ Хьисэ «Иеговэ» цІэр зрихьэн хуейуэ? ДауикІ, къикІкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ жиІауэ щытащ: «Уи цІэм и къарукІэ». Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и цІэр Хьисэ къызэримыщтар. НтІэ, дапхуэдэу Алыхьым езым и цІэр Хьисэ зэрыритар? Япэрауэ, Хьисэ Иеговэ и лІыкІуэт икІи Алыхьым къыбгъэдэкІ псалъэхэрат абы жиІэр. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ телъыджэ Іуэхухэр зэрищІэр Иеговэ и къарукІэт (Ин. 5:43; 10:25). Абы нэмыщІ Хьисэ и цІэм къикІыр «Иеговэщ укъезыгъэлыр». Зэрытлъагъущи, Алыхьым и цІэмрэ абы и Къуэм и цІэмрэ быдэу зэпхащ.
7. Хьисэ Иеговэ и лІыкІуэу жыпІэ щІэхъунур сытыт? Щапхъэ къэфхь.
7 Зы щапхъэ къэтхьынщ. Президентым и лІыкІуэр хамэ къэралым щагъакІуэм деж, абы и псалъэхэр къызыбгъэдэкІыр зыгъэкІуаращ. Абы къыхэкІкІэ лІыкІуэм жиІэм къару иІэщ. Абы ещхьу, Хьисэ Иеговэ и лІыкІуэт икІи абы зыхуригъаджэр къызыбгъэдэкІыр езы Алыхьырат (Мт. 21:9; Лк. 13:35).
8. Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ Иеговэ и лІыкІуэу зэрыщытар дэнэ дэ щытщІэр? (Исход 23:20, 21).
8 Библиер Хьисэ «ПсалъэкІэ» йоджэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ Хьисэ къегъэсэбэп езыр зыхуейр мелыІычхэмрэ цІыхухэмрэ яжриІэн щхьэкІэ (Ин. 1:1—3). Израил лъэпкъыр губгъуэ нэщІым щитам, абы кІэлъыплъыну Иеговэ къалэн зыхуищІа мелыІычыр Хьисэу къыщІэкІынущ. А мелыІычым едэІуэну и лъэпкъым унафэ хуищІри, Иеговэ жиІащ: «Абы си цІэр хэлъщ»a. (Къеджэ Исход 23:20, 21.) Апхуэдэу Иеговэ и лъэпкъым гурыІуэгъуэ щищІащ Хьисэ езым и лІыкІуэу зэрыщытыр. И Адэм и цІэр игъэлъэпІэныр икІи абы къыщхьэщыжыныр Хьисэ и къалэн нэхъыщхьэу жыпІэ хъунут (Ин. 1:1—3).
«СИ АДЭ, УИ ЦІЭМ И ЩІЫХЬЫШХУЭР ЦІЫХУХЭМ ЕГЪЭЛЪАГЪУ»
9. Хьисэ Иеговэ и цІэм мыхьэнэшхуэ зэрыритыр сытыт къызыхэщыр?
9 Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипи, щІылъэм щытета зэманми Иеговэ и цІэм мыхьэнэшхуэ иритт. ЯукІыным куэд имыІэжу Хьисэ Алыхьым елъэІуащ: «Си Адэ, уи цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм егъэлъагъу». Хьисэ ар щыжиІэм, уафэм макъышхуэ къиІукІащ: «Си цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкІи езгъэлъэгъунущ» (Ин. 12:28).
10, 11. 1) Дапхуэдэут Хьисэ Иеговэ и цІэр зэригъэлъапІэр? (Сурэтми феплъ) 2) Иеговэ и цІэм щІыхь къыхуэтхьын икІи абы дыкъыщхьэщыжын щІыхуейр сыт?
10 Дапхуэдэут Хьисэ и Адэм и цІэр зэригъэлъапІэр? Абы Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэмрэ и Іуэху телъыджэхэмрэ теухуауэ цІыхухэм яжриІэт. Абы нэмыщІ Хьисэ Иеговэ щІыхь къыхуихьт икІи абы и цІэм къыщхьэщыжтb. Апхуэдэу пщІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр Хьисэ и гъэсэнхэми къагуригъэІуащ. Тхьэ зэрелъэІун хуейм теухуауэ ахэр щыхуригъаджэм, абы жиІащ: «Уэ, ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ, уи цІэр цІыхухэм ягъэлъапІэу ирехъу» (Мт. 6:9, ДЩІ).
11 Иеговэ и цІэм щІыхь къыхуэтхьын икІи абы дыкъыщхьэщыжын щІыхуейр сыт? Абы и щхьэусыгъуэр Іэдэн жыг хадэм Иблисым Иеговэ пцІы зэрыщытрилъхьаращ. ШейтІаным жиІащ Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ къигъапцІэу икІи фІы гуэр ящигъэпщкІуу (ЩІэдз. 3:1—5). Апхуэдэу Иблисым Иеговэ игъэкъуэншащ, ар тепщэфІу щымыту къригъэкІыу. Абы напэншэу Иеговэ и цІэ лъапІэр хэутэн ищІу арат. ИужьыІуэкІэ Іэиуб щыпсэуа зэманми Иблисым жиІащ цІыхухэр Иеговэ щІыхуэлажьэр зыхуейр къыпахын щхьэкІэу. А пцІыупсым иджыри жиІащ и гум къыбгъэдэкІыу зы цІыхуми Иеговэ фІыуэ имылъагъуу икІи цІыхур гугъуехь гуэр зэрыпэщІэхуэу Алыхьым хуэлэжьэн щигъэтыну (Иов 1:9—11; 2:4). ПцІы зыупсыр Иеговэми Иблисырами псоми ялъэгъун щхьэкІэ зэман гуэр дэкІын хуейт.
Хьисэ и гъэсэнхэм къагуригъаІуэт Алыхьым и цІэр бгъэлъэпІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (10 абзацым феплъ.)
«СИ ПСЭР... СОТ»
12. Иеговэ и цІэм щхьэкІэ Хьисэ сыт ищІар?
12 Хьисэ Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум къыхэкІкІэ хузэфІэкІ къигъанэтэкъым и Адэм и цІэр игъэлъэпІэн икІи абы къыщхьэщыжын щхьэкІэ. «Си псэр... сот», — жиІауэ щытащ Хьисэ (Ин. 10:17, 18). Зэрытлъагъущи, Иеговэ и цІэм щхьэкІэ абы и гъащІэр итыну хьэзыртc. Япэ цІыхуитІым я щІыб Иеговэ хуагъазэри Иблисым и лъэныкъуэр яубыдащ. Ауэ Хьисэ хьэзыру щІылъэм къакІуэри и Адэр фІыуэ зэрилъагъур ІуэхукІэ къигъэлъэгъуащ (Евр. 4:15; 5:7—10). Хьисэ теубыдагъэ игъэлъагъуэри, и псэм хьэзаб телъу и гъащІэр итыху Алыхьым пэжу къыхуэнащ (Евр. 12:2). Апхуэдэу абы къигъэлъэгъуащ Иегови абы и цІэри фІыщэу зэрилъагъур.
13. Иблисыр зэрыпцІыупсыр псом нэхърэ нэхъыфІу Хьисэ къыщІигъэлъэгъуэфынур сытыт? (Сурэтми феплъ)
13 Хьисэ и гъащІэ псомкІэ къигъэлъэгъуащ Иеговэ зэрызахуэр икІи Иблисыр зэрыпцІыупсыр (Ин. 8:44). Хьисэ хуэдэу Иеговэ фІыуэ зыцІыху уафэми щІылъэми зыри щыІэкъым. Абы къыхэкІкІэ ШейтІаным Алыхьыр зэригъэкъуаншэм пэж гуэр хэлъамэ, Хьисэ ар ищІэнут. Ауэ Иеговэ зэрызахуэм Хьисэ шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъыми, икІэм нэс абы и цІэм къыщхьэщыжащ. Иеговэ къигъэна хуэдэу къыщыщыхъуами Хьисэ Алыхьым пэжу къыхуэнэу и гъащІэр итыну хьэзырт (Мт. 27:46)d.
Хьисэ къигъэлъэгъуащ Иеговэ зэрызахуэр икІи Иблисыр зэрыпцІыупсыр (13 абзацым феплъ.)
«СИ ПЩЭ КЪИПЛЪХЬА ІУЭХУХЭР ЗГЪЭЗАЩІЭУРЭ, УЭ УИ ЩІЫХЬЫШХУЭР ДУНЕЙМ И ЦІЫХУХЭМ ЕЗГЪЭЛЪЭГЪУАЩ»
14. Иеговэ сыт хуэдэ фІыгъуэ Хьисэ хуищІар, ар абы пэжу къызэрыхуэнам щхьэкІэ?
14 Хьисэ яукІыным ипэ къихуэу абы Иеговэ жриІащ: «Си пщэ къиплъхьа Іуэхухэр згъэзащІэурэ, уэ уи щІыхьышхуэр дунейм и цІыхухэм езгъэлъэгъуащ». Хьисэ шэч къытрихьэтэкъым ар Иеговэ пэжу къыхуэнэмэ абы фІыгъуэ къызэрыхуищІэжынум (Ин. 17:4, 5). Хьисэ зэрыщыгугъам хуэдэу, и Адэм ар лІахэм къахигъэтэджыкІыжри увыпІэ нэхъ лъагэ дыдэр уафэм щритащ (Апост. 2:23, 24, Флп. 2:8, 9). Зэман дэкІри Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь хъуащ. Сыт а Пащтыхьыгъуэм ищІэнур? Жэуапыр Хьисэ и псалъэхэм къыщыдогъуэт: «Уи Пащтыхьыгъуэм щІылъэм тепщэн щыщІредзэ. Уи мурадри уафэм гъэзэщІа зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми гъэзэщІа щрехъу» (Мт. 6:10, ДЩІ).
15. Сыт Хьисэ куэд мыщІэу ищІэнур?
15 Куэд мыщІэу Хьисэ Алыхьым и бийхэм езэуэнущ икІи цІыху Іейхэр Армагеддон зауэм щигъэкІуэдынущ (Апок. 16:14, 16; 19:11—16). Абы иужькІэ Хьисэ ШейтІаныр «щІылъэм и кууупІэу щІэ зимыІэм» иридзэнущ. Абы къикІыр лІам зыри зэрыхузэфІэмыкІым хуэдэу, Иблисми зыри зэримыщІэфынуращ (Апок. 20:1—3). Хьисэ илъэс минкІэ щытепщэну зэманым дунейр мамыр ищІыжынущ, цІыхухэми дагъуэншэ хъужыну ядэІэпыкъунущ. Абы лІахэр къигъэтэджыжынущ икІи ди щІылъэр жэнэт ищІыжынущ. Апхуэдэу Иеговэ и мурадыр гъэзэщІа хъунущ! (Апок. 21:1—4).
16. Илъэс миныр иуха нэужь сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнур?
16 Илъэс миныр иуха нэужь сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнуми уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Гуэныхьыр кІуэдыжынущи, Алыхьым щхьэщэхужым ипкъ иткІэ къытхуигъэгъуну дыщІелъэІун щхьэусыгъуэ щыІэжынукъым. Аращи, Алыхьым и ныбжьэгъу дыхъужын щхьэкІэ дин пашэ гуэрым и дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэжынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьымрэ цІыхухэмрэ я зэхущытыкІэфІыр нэгъэсауэ зэтеувэжынущ. «Иужьрей бийуэ» лІэныгъэм кІэ къыхуэкІуэнущ. ЛІахэм къахэтэджыкІыжахэри адрей цІыху псори дагъуэншэу щытынущ (1 Кор. 15:25, 26).
17, 18. 1) Илъэс миныр иуха нэужь сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн иджыри къэхъунур? 2) Хьисэ и тепщэгъуэ зэманыр иуха нэужь сыт ищІэнур? (1 Коринф 15:24, 28). (Сурэтми феплъ.)
17 Илъэс миныр иуха нэужь иджыри зы гъэщІэгъуэн гуэр къэхъунущ. Иеговэ зэры-Алыхь лъапІэм икІи абы захуагъэ зэрыхэлъым афІэкІа зэи зыми шэч къытрихьэжынукъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Иблисым Іэдэн жыг хадэм щыжиІат Иеговэ цІыхухэр къигъапцІэу икІи я тепщэу щытми ахэр фІыуэ имылъагъуу. Дауэ мыхъуами, Иеговэ фІэлІыкІ цІыху сыт щыгъуи дунейм тетащ. Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гъащІэр щыхьэт тохъуэ Иеговэ и тепщэныгъэм хуэбгъадэ хъун зыри зэрыщымыІэм икІи абы дэ фІыщэу дыкъызэрилъагъум. Илъэс миныр иуха нэужь Иеговэ и цІэр нэгъэсауэ гъэкъэбзэжа хъунущ.
18 Аращи, Иблисым Иеговэ теухуауэ жиІа псор зэрыпцІыр къыщІэщынущ. Хьисэ и тепщэгъуэ зэманыр иуха нэужь сыт ищІэнур? ШейтІаным хуэдэу ари Иеговэ пэщІэувэну? ДауикІ, хьэуэ (Къеджэ 1 Коринф 15:24, 28.) Хьисэ тепщэныгъэ псори и Адэм иритыжынурэ, езыри абы и лъабжьэ щІэувэжынущ. Хьисэ Иблисым ещхькъым — ар хьэзырщ Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум къыхэкІкІэ тепщэныгъэ псори и Адэм ІэщІилъхьэжыну.
Илъэс миныр иуха нэужь Хьисэ тепщэныгъэр Иеговэ иретыж (18 абзацым феплъ.)
19. Хьисэ и дежкІэ Иеговэ и цІэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэр?
19 ГъэщІэгъуэнкъым Иеговэ и цІэр Хьисэ зэрыритар. Алыхьым и Къуэр и лІыкІуэ ищІащ икІи Хьисэ а къалэныр нэгъэсауэ игъэзэщІащ. Мы статьям къызэрыщытлъэгъуащи, Хьисэ и дежкІэ Иеговэ и цІэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зыри щыІэкъым. А цІэм щхьэкІэ абы и гъащІэр итащ икІи и тепщэгъуэ зэманыр иуха нэужь тепщэныгъэ псори Иеговэ иритыжыну ар хьэзырщ. Дауэ дэ Хьисэ щапхъэ зэрытетх хъунур? КъыкІэлъыкІуэ статьям ар щызэпкърытхынщ.
16 УЭРЭДЫР Иеговэ къыхиха Мэссихьыр вгъэлъапІэ
a Езы Иеговэ къыбгъэдэкІ хъыбархэр цІыхухэм хуахьыну мелыІычхэм къалэн щахуищІым деж, ахэр абы и лІыкІуэ хъут. Аращ иныкъуэм деж псалъэр жызыІар мелыІычрами, ар езы Иеговэ жиІауэ Библием щІитыр (ЩІэдз. 18:1—33). Псалъэм папщІэ, Тхыгъэ ЛъапІэм дыкъыщоджэ Мусэ Хабзэр къезытар езы Иеговэу зэрыщытыр. Ауэ нэгъуэщІ едзыгъуэхэм итщ а Хабзэр Мусэ иритын щхьэкІэ Алыхьым мелыІычхэр къызэригъэсэбэпар (Лев. 27:34; Апост. 7:38, 53; Гал. 3:19; Евр. 2:2—4).
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. «ГъэлъэпІэн» жиІэмэ къикІыр къабзэу, лъапІэу лъытэн, пщІэ ин хуэщІын икІи щІыхь къыхуэхьын жиІэу аращ. «И цІэм къыщхьэщыжын» жиІэмэ къикІыр пцІы зытралъхьам и лъэныкъуэр убыдын икІи ар зэрагъэкъуаншэр зэрымыпэжыр къыщІэгъэщын жиІэу аращ.
c Хьисэ и лІэныгъэм цІыхухэм Іэмал яритащ гъащІэ мыухыж яІэу псэуну
d 2021 гъэм, апрель мазэм къыдагъэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» 30, 31 напэкІуэцІхэм ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм еплъ.