ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Май н. 32
  • Библие джыным уи гур хуэгъэхьэзыр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Библие джыным уи гур хуэгъэхьэзыр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Мыбы ещхь материал
  • ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Ебгъаджэм дэІэпыкъу Библие джыным зыхуигъэхьэзырыну
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
  • Уэ езым е уи унагъуэм и гъусэу бджы хъунур
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Ездрэ Алыхьым и хабзэм лъэпкъыр хурегъаджэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэр фхъумэ! (Мт. 22:37)
    Районнэ конгрессым и программэ 2016/17 (филиалым и лІыкІуэр ди гъусэу)
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Май н. 32

ЧЭНДЖЭЩ ЩХЬЭПЭХЭР

Библие джыным уи гур хуэгъэхьэзыр

Дэ дыхуейщ Библиер щыдджкІэ Иеговэ и гупсысэхэр ди гум лъэІэсыну. Ар къыдэхъулІэн щхьэкІэ, ди гур хуэдгъэхьэзырын хуейщ. Дэ Ездрэ щапхъэ тетх хъунущ, абы «Иеговэ и хабзэм зыхуигъэзэну... и гур хуигъэхьэзыращ» (Езд. 7:10). Дауэ абы ди гур зэрыхуэдгъэхьэзыр хъунур?

Алыхьым лъэІукІэ зыхуэгъазэ. Библие джыныр сыт щыгъуи тхьэлъэІукІэ къыщІэдзэ. Иеговэ елъэІу узэджэр къыбгурыІуэну икІи уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыну (Пс. 119:18, 34).

Іэдэбагъ зыхэгъэлъ. Алыхьым зи щхьэ щыгугъыж цІыху пагэхэм пэжыр къахузэІуихкъым (Лк. 10:21). Библиер щыбджкІэ уи щІэныгъэмкІэ нэгъуэщІхэм гулъытэ лей зыхуебгъэщІыну мурад умыгъэув. Зыпхъуэжын хуейуэ гу зылъыптэжамэ, Іэдэбагъ пхэлъу абы елэжь.

Ди уэрэдхэм едаІуэ. Макъамэм къаруушхуэ щІэлъщ, ар гум лъоІэс. Абы къыхэкІкІэ, Библиер бджын щІэбдзэн ипэ ди уэрэдхэм щыщ зым уедаІуэмэ, ар къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ къыбжиІэну зыхуейм уи гур хуэбгъэхьэзырыну.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын