ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Январь н. 2—7
  • Иеговэ вгъэлъапІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ вгъэлъапІэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ БГЪЭЛЪЭПІЭНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?
  • ИЕГОВЭ ЩІЫХЬ КЪЫХУЭТХЬЫНУ ДЫХУЭЗЫГЪЭУШЫР СЫТ?
  • ДАПХУЭДЭУ ДЭ ИЕГОВЭ ЩІЫХЬ КЪЫЗЭРЫХУЭТХЬЫФЫНУР?
  • ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ И ЦІЭР КУЭД МЫЩІЭУ ЗЭРИГЪЭЛЪЭПІЭНУР?
  • Иеговэ и цІэм дэ етт мыхьэнэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • «Пэжым и Алыхьым» жиІар сыт щыгъуи егъэзэщІэж
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Иеговэ и цІэм Хьисэ ириту щыта мыхьэнэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Январь н. 2—7

1 СТАТЬЯР

2 УЭРЭДЫР Уэ уи цІэр — Иеговэщ

Иеговэ вгъэлъапІэ

2025 ГЪЭМ ХУХАХА ПЫЧЫГЪУЭР: «Иеговэ и цІэм хуэфащэ щІыхьыр къыхуэфхь» (ПС. 96:8).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ хуэфащэ щІыхьыр дапхуэдэу къыхуэтхь хъунуми.

1. Нобэ цІыху куэдым я акъылыр сыт зытеухуар?

ФЭ АРЭЗЫ фытехъуэну къыщІэкІынщ нобэ цІыху куэдыр щхьэхуещэу зэрыщытым. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэм я щхьэмрэ яІэ ехъулІэныгъэхэмрэ гулъытэ лей хурагъэщІын щхьэкІэ зэманрэ къарурэ куэду трагъэкІуадэ. Ауэ Алыхь Иеговэ щІыхь хуэзыщІыр мащІэщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ бгъэлъэпІэным сыт къикІми, сытым абы дыхуигъэушын хуейми икІи дапхуэдэу ар тщІы хъунуми. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ Иеговэ и цІэр куэд мыщІэу езым дапхуэдэу игъэлъэпІэнуми.

ИЕГОВЭ БГЪЭЛЪЭПІЭНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?

2. Синай бгым деж Иеговэ и щІыхьыр дапхуэдэу зэрыщигъэлъэгъуар? (Сурэтми феплъ.)

2 ЩІыхьыр зищІысыр сыт? Библием «щІыхь» псалъэм и гугъу щищІым деж зыгуэр зэрыхаІэтыкІыр къигъэлъэгъуэфынущ. Иеговэ израил цІыхухэр Мысыр щІыналъэм телъыджэ щІыкІэкІэ къыщришыжам щыгъуэ и щІыхьыр гъэщІэгъуэныщэу яригъэлъэгъуащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Синай бгы лъапэм деж мелуан бжыгъэ хъу цІыху гуп зэхэту, Алыхьым къажриІэным едэІуэн щхьэкІэ. Бгыр пшэ фІыцІэм щІихъумащ. НапІэзыпІэм щІыр хуабжьу зэщІэхъеящ, вулканри къикІауэ къыщІэкІынущ. Щыблэр уэуэ, уафэр гъуагъуэу щІидзащ икІи накъырэм къиІукІ макъым ещхьу макъышхуэ къэІуащ (Исх. 19:16—18; 24:17; Пс. 68:8). Фегупсысыт сыт хуэдэ гурыщІэ израил цІыхухэм яІами Иеговэ и щІыхьыр апхуэдэу гъэщІэгъуэныщэу щаригъэлъэгъуам.

Синай бгыр пшэ фІыцІэм щІихъумащ. Израил цІыхухэр бгы лъапэм деж щызэхуэсащ.

Синай бгым деж Иеговэ и щІыхьыр израил цІыхухэм гъэщІэгъуэныщэу яригъэлъэгъуащ (2 абзацым феплъ.)


3. Иеговэ щІыхь къыхуэпхьыным къикІыр сыт?

3 ЦІыхухэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Дэ Иеговэ тхуэгъэлъэпІэну? НтІэ. Дапхуэдэу ар зэрытщІыфынур? Псалъэм папщІэ, и Іуэху гъэщІэгъуэныщэхэмрэ и хьэл-щэн дахэхэмрэ теухуауэ нэгъуэщІхэм щажетІэм деж. Иджыри дэ Алыхьыр догъэлъапІэ тхузэфІэкІыу хъуар абы и фІыгъэу зэрыщытыр тхьэлъэІум хэту щыжетІэкІэ (Ис. 26:12). Дэ пащтыхь Даут щапхъэ тетх хъунущ. Абы сыт щыгъуи Иеговэ щІыхь къыхуихьт. Зэгуэр цІыху гупышхуэ щыту абы Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэри жиІащ: «Иеговэ, уэращ щІыхьышхуэр, лъэкІыныгъэшхуэр, дахагъэр, гъуэзэджагъэр икІи пщІэшхуэр зейр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уафэми щІылъэми щыІэ псор ууейщ». А тхьэлъэІум иужь «псоми Алыхьым щІыхь къыхуахьащ» (1 Лет. 29:11, 20).

4. Дапхуэдэут Хьисэ Иеговэ щІыхь къызэрыхуихьыр?

4 Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ и Адэм щІыхь къыхуихьт: абы жиІэт телъыджэ ищІэхэр Алыхьым и къарум и фІыгъэу зэрыщытыр (Мк. 5:18—20). Хьисэ иджыри цІыхухэм дэІэпыкъут и Адэм хэлъ хьэл-щэныфІхэр къалъэгъуну. Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм зэрахущытымкІи Хьисэ и Адэр игъэлъапІэт. Зэгуэр Хьисэ синэгуэгум цІыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъаджэу цІыхубз гуэрым гу лъитат. Ар илъэс пщыкІуий хъуауэ сымаджэт, жин бзаджэм зэриІыгъым щхьэкІэ. А цІыхубзым зиузэхун лъэмыкІыу и тхыр къэгъэшат. Сыту гугъут абы и Іуэхур! Хьисэ а цІыхубзым гущІэгъу хуищІщ, бгъэдыхьэри, щабэу жриІащ: «ЦІыхубз, уи узыр иджы щыщІэдзауэ пщхьэщыкІащ». ИужькІэ и Іэхэр а цІыхубзым трилъхьэри, абы занщІэу зиузэхужащ, «Тхьэми щІыхь хуищІу» щІидзащ. А цІыхубзым Иеговэ фІыщІэшхуэ хуищІт, и узыншагъэр зэрызэтригъэувэжам икІи и пщІэр къызэриІэтыжам щхьэкІэ (Лк. 13:10—13). Абы Иеговэ щІыхь къыщІыхуихьын щхьэусыгъуэшхуэ иІэт. Дэри, Алыхьым щІыхь къыщІыхуэтхьын щхьэусыгъуэ куэд диІэщ.

ИЕГОВЭ ЩІЫХЬ КЪЫХУЭТХЬЫНУ ДЫХУЭЗЫГЪЭУШЫР СЫТ?

5. Сыт дэ Иеговэ пщІэ щІыхуэтщІыр?

5 Дэ Иеговэ щІыхь къыхудохь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди гум къыбгъэдэкІыу пщІэ худощІ. Иеговэ пщІэ щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ куэд дэ диІэщ. Иеговэ лъэкІыныгъэ псори зиІэ Алыхьщ икІи и къарум гъунэ иІэкъым (Пс. 96:4—7). Абы бгъэдэлъ Іущагъышхуэр и ІэдакъэщІэкІхэм ІупщІу къыхощ. Иеговэ дэ гъащІэ къыдитащ, дыпсэун щхьэкІи дызыхуэныкъуэу хъуар къыдет (Апок. 4:11). Ар и лэжьакІуэхэм пэжагъ хэлъу хущытщ (Апок. 15:4). Алыхьыр сыт хуэдэ Іуэхум иужь имыхьэми, абы псори хузэфІокІ, дыкъызэригъэгугъауэ хъуари егъэзащІэ (Иис. Н. 23:14). ГъэщІэгъуэнкъым бегъымбар Иеремие Иеговэ щхьэкІэ мыпхуэдэу зэрыжиІар: «Лъэпкъ псоми пащтыхьыгъуэ псоми яІэ цІыху Іущхэм уэ пхуэдэ яхэткъым» (Иер. 10:6, 7). Иджыпсту зи гугъу тщІахэр уафэм щыІэ ди Адэм пщІэ щІыхуэтщІ щхьэусыгъуэхэм щыщ языныкъуэхэращ. Ауэ дэ Иеговэ пщІэ хуэтщІ закъуэу аракъым, ар дэ иджыри фІыщэу долъагъу.

6. Сыт дэ Иеговэ фІыуэ щІэтлъагъур?

6 Дэ Иеговэ щІыхь къыхудохь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІыуэ долъагъу. Алыхьым хьэл-щэн дахэ куэд хэлъщ. Абы гущІэгъушхуэ иІэщ (Пс. 103:13; Ис. 49:15). Иеговэ гулъытэ хэлъщ: дэ гугъу дыщехьым деж абы ар елъагъу икІи зэхещІыкІ (Зах. 2:8). Ар къыддоІэпыкъу и ныбжьэгъу дыхъуну (Пс. 25:14; Апост. 17:27). Абы нэмыщІ Иеговэ Іэдэбщ — «абы зрегъэзых уафэми щІылъэми еплъын щхьэкІэ, къулейсызыр сабэм къыхехыж» (Пс. 113:6, 7). Апхуэдэ Алыхьым дауэ щІыхь къызырыхуумыхьыныр?! (Пс. 86:12).

7. Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэну дыщІыхуейр сыт?

7 Дэ Иеговэ щІыхь къыхудохь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы теухуа пэжыр псоми ящІэну дыхуейщ. Иеговэ сыт хуэдэ Алыхьми куэдым ящІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаным абыхэм я гур нэф ищІащ (2 Кор. 4:4). ШейтІаным цІыхухэм я фІэщ ищІащ Иеговэ ткІийуэ, и нэІэ къыттримыгъэту икІи ди гугъуехьхэр абы къыбгъэдэкІыу. Ауэ уафэм щыІэ ди Адэм теухуа пэжыр дэ дощІэ икІи нэгъуэщІхэм абыкІэ дадэгуэшэфынущ. Апхуэдэу щытщІэм деж дэ Алыхьым щІыхь къыхудохь (Ис. 43:10). Псалом 96 псалъащхьэм Иеговэ щІыхь къыхуэтхьыну дыхуегъэуш. А псаломым ит языныкъуэ пычыгъуэхэр зэпкърытхынщи дегупсысынщ Иеговэ и цІэм хуэфащэ щІыхьыр дапхуэдэу къыхуэтхь хъунуми.

ДАПХУЭДЭУ ДЭ ИЕГОВЭ ЩІЫХЬ КЪЫЗЭРЫХУЭТХЬЫФЫНУР?

8. Дапхуэдэу дэ Иеговэ щІыхь къызэрыхуэтхьыфынур? (Псалом 96:1—3).

8 Къеджэ Псалом 96:1—3. Дэ Иеговэ щІыхь къыхудохь абы теухуауэ нэгъуэщІхэм щажетІэм деж. Псалом 96 псалъащхьэм и япэ едзыгъуэхэм дыхуагъэуш: «Иеговэ уэрэд хужыфІэ», «абы и цІэр вгъэлъапІэ», «абы цІыхухэр къызэрыригъэлым теухуа хъыбарыфІыр... вгъэІу», «абы и щІыхьым теухуауэ лъэпкъхэм яжефІэ». А псор уафэм щыІэ ди Адэр зэрыдгъэлъэпІэфыну Іэмалхэм щыщщ. Иеговэ хуэпэжа израил цІыхухэмрэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ укІытэртэкъым я Алыхь лъэщым икІи абы къахуищІа псом теухуауэ адрейхэм жраІэну (Дан. 3:16—18; Апост. 4:29). Дапхуэдэу дэ абыхэм щапхъэ зэрытетхыфынур?

9, 10. Анджелинэ и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ? (Сурэтми феплъ.)

9 США-м щыщ ди шыпхъу Анджели́нэa зыпэщІэхуа Іуэхугъуэм дыхэплъэнщ. Ар лІыгъэ хэлъу Иеговэ и цІэм къыщхьэщыжащ. Шыпхъур здэува лэжьапІэм щІэуэ къэувахэр нэхъыфІу зрагъэцІыхун щхьэкІэ зэхуашэсащ. Дэтхэнэ зыми и щхьэм теухуауэ зыгуэр жиІэну Іэмал иІэт. Арати, Анджели́нэ Иеговэ зэрыхуэлажьэм кърит гуфІэгъуэр къызыхэщ псалъэрэ сурэт зыбжанэрэ игъэхьэзыращ. Ауэ абы ипэ къихуэу нэгъуэщІ зы лэжьакІуэм псалъэ жиІащ. Абы къыхигъэщащ Иеговэ и Щыхьэту щыт унагъуэм къызэрыщыхъуар икІи ар ди еплъыкІэхэм ауан хэлъу тепсэлъыхьащ. Анджели́нэ игу къегъэкІыж: «Сэ Іейуэ сыгузавэт. Ауэ сэ сегупсысащ: „Абы Иеговэ щхьэкІэ жиІар пцІыщ. Сэ зыри жызмыІэу схуэшэчынукъым. Псоми къащІэн хуейщ Иеговэ сыт хуэдэ Алыхьми“».

10 Анджелинэ и чэзур къыщысам, абы кІэщІу игукІэ Иеговэ зыхуигъэзащ. ИужькІэ ар гуапагъэ хэлъу къыдэлажьэ щІалэм зыхуигъазэри жиІащ: «Дэ куэдкІэ дызэщхьщ. Сэри Иеговэ и Щыхьэту щыт унагъуэм сыкъыщыхъуащ икІи абы сыхуолажьэ». АдэкІэ къэхъуным псори пэплъэт, ауэ Анджелинэ зышыІэныгъэ хэлъу къыщІидза псалъэм пищащ икІи игъэхьэзыра сурэтхэр игъэлъагъуэурэ и фІэщ хъум теухуауэ жиІащ (1 Пет. 3:15, ДЩІ). Сыт-тІэ адэкІэ къэхъуар? Анджелинэ и псалъэр иуха нэужь а щІалэм и еплъыкІэр ихъуэжащ. Уеблэмэ абы и сабиигъуэм, Иеговэ и Щыхьэтхэм щахэта зэманым, иІа гурыфІыгъуэхэмкІэ адрейхэм дэгуэшащ. Анджелинэ жеІэ: «Иеговэ теухуа пэжыр псоми ящІэну хуэфащэщ икІи абы и цІэр дгъэлъэпІэну ди дежкІэ пщІэшхуэщ». Дэри апхуэдэ Іэмал диІэщ нэгъуэщІхэр пщІэ хэмылъу Алыхьым щытепсэлъыхьым деж Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэну.

Анджелинэ игъэхьэзыра псалъэр къыдэлажьэхэм я пащхьэ щыжеІэ икІи гуфІэжу специальнэ конгрессым щызэтриха сурэтхэр егъэлъагъуэ. Сурэтым итщ Анджелинэ нэгъуэщІ къэралхэм щыщ шыпхъухэм я гъусэу. (Сурэтым итыр къэхъуа хуэдэу трахащ.)

Дэ ди псалъэхэмкІэ Иеговэ щІыхь къыхуэтхьыфынущ (9, 10 абзацхэм феплъ.)b


11. Псалом 96:8 ит принципым Иеговэ и лэжьакІуэхэр сыт щыгъуи дапхуэдэу зэрытетыр?

11 Къеджэ Псалом 96:8. Дэ Иеговэ щІыхь къыхудохь арэзыуэ тты ахъшэмкІэ. Ижь зэман лъандэрэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я мылъкумкІэ ар ягъэлъапІэ (Прит. 3:9). Псалъэм папщІэ, израил цІыхухэм тыгъэхэр ящІт, Иеговэ и унэшхуэр яухуэн икІи абы кІэлъыплъын щхьэкІэ (2 Цар. 12:4, 5; 1 Лет. 29:3—9). Хьисэ и гъэсэн языныкъуэхэм «я мылъкумкІэ Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикІуэхэмрэ дэІэпыкъуэгъу яхуэхъурт» (Лк. 8:1—3). Абы нэмыщІ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зыгуэр хуэныкъуэ къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъут (Апост. 11:27—29). Нобэ дэри Иеговэ дгъэлъэпІэфынущ арэзыуэ тты ахъшэмкІэ.

12. Арэзыуэ тты ахъшэм дапхуэдэу Иеговэ щІыхь къызэрыхуихьыр? (Сурэтми феплъ.)

12 Арэзыуэ тты ахъшэмкІэ Иеговэ зэрыдгъэлъапІэр къызыхэщ зы щапхъэ зэпкърытхынщ. 2020 гъэм Зимбабве къэралым зэман куэдкІэ уэгъуу зэрыщытам къыхэкІкІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр, ди шыпхъу При́скэ абыхэм яхэту, шхын щхьэкІэ лІэну шынагъэ щыІащ. А гугъуехьым емылъытауэ Прискэ тхьэмахуэ къэс махуитІкІэ хъыбарыфІыр игъэІуну кІуэт, уеблэмэ щІыр щавэ зэманми. Абы и гъунэгъухэр къыщыдыхьэшхыурэ къыжраІэт: «Губгъуэм ущылэжьэным и пІэкІэ уэ увыІэгъуэ уимыІэу Алыхьым и Псалъэр къыбохьэкІри удэтщ. Куэд мыщІэу уи унагъуэр шхын щхьэкІэ зэтелІэнущ». Прискэ шэч лъэпкъ къытримыхьэу абыхэм жэуап яритыжт: «Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэи къигъанэкъым». Куэд дэмыкІыу къуэшхэм абы ерыскъы къыхуашащ. Арэзыуэ тты ахъшэм и фІыгъэкІэ ди организацэм дуней псом тет къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъуну Іэмал иІэщ. Прискэ и гъунэгъухэм апхуэдизкІэ ар я гум лъэІэсати, абы жраІащ: «Пэж дыдэу уэ уи Алыхьым укъигъэнакъым. Дэ дыхуейщ апхуэдэ Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэну». Прискэ и фІыгъэкІэ и гъунэгъухэм щыщу цІыхуиблым зэІущІэхэм кІуэн щІадзащ.

Прискэ зы шыпхъу и гъусэу хъыбарыфІыр игъэІуну макІуэ. Прискэ и гъунэгъухэр къыщыдыхьэшхми, Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуным шэч къытримыхьэу ипэкІэ маплъэ. (Сурэтым итыр къэхъуа хуэдэу трахащ.)

Дэ арэзыуэ тты ахъшэмкІэ Иеговэ щІыхь къыхуэтхьыфынущ (12 абзацым феплъ.)c


13. Ди дуней тетыкІэмкІэ дапхуэдэу Иеговэ зэрыдгъэлъэпІэфынур? (Псалом 96:9).

13 Къеджэ Псалом 96:9. Дэ ди дуней тетыкІэмкІэ Иеговэ щІыхь къыхудохь. Иеговэ и унэшхуэм щылажьэу щыта дин пашэхэм я къалэнхэр ягъэзэщІэн ипэ загъэпскІын хуейт (Исх. 40:30—32). Ауэ Іэпкълъэпкъыр бгъэкъэбзэным нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэ гуэр щыІэщ. Ар къабзэу, дэбгъуэн зимыІэ цІыхуу ущытыныращ (Пс. 24:3, 4; 1 Пет. 1:15, 16). Дэ «ди щэныжь бзаджэр» зыхэдну «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэтшэкІын хуейщ. Абы къокІ Алыхьым и фІэмыфІ гупсысэхэр, щытыкІэр, хьэлхэр къэдгъэнэн зэрыхуейр. Дэ дыхуейщ Иеговэ и гупсысэкІэмрэ и ІуэхущІафэмрэ щапхъэ тетхыну икІи абы и хьэл щэнхэм хуэдэ зыхэтлъхьэну (Кол. 3:9, 10). ЩІэпхъаджащІэу щыт цІыхуми Иеговэ и фІыгъэкІэ зихъуэжу «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зришэкІыфынущ.

14. Джек и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ? (Сурэтми феплъ.)

14 Джек щІэпхъаджащІэ гущІэгъуншэт, уеблэмэ абы ШейтІанкІэ еджэт. Абы ищІа щІэпхъаджагъэхэм щхьэкІэ яукІыну тезыр тралъхьат. Ар яукІыным ежьэу тутнакъым здисым, хъыбарыфІыр игъэІуну абы кІуа ди къуэшым хуэзащ. Джек арэзы техъуащ а къуэшым Библием иригъэджэну. Абы и дуней тетыкІэр къигъанэри, хьэл-щэныфІхэр зыхилъхьащ, зэман гуэр дэкІри, псым зыщІигъэуащ. Джек апхуэдизкІэ зихъуэжати, ар яукІыну щашэм щыгъуэ тутнакъым и хъумакІуэ языныкъуэхэм я нэпсым къызэпижыхьат. Тутнакъым и зы лэжьакІуэм жиІащ: «Джек ди деж къыщашам щыгъуэ абы нэхърэ нэхъ цІыху Іей мы тутнакъым истэкъым. Ауэ иджы ар нэхъыфІ дыдэхэм ящыщщ». Джек яукІри, тхьэмахуэ дэкІа иужь къуэшхэм зэрахабзэм хуэдэу тутнакъым зэІущІэ щрагъэкІуэкІт. Абыхэм гу лъатащ зэІущІэхэм зэи къемыкІуэлІа ягъэтІысахэм щыщ зы цІыхухъу къызэрыкІуам. Сыт ар абы къекІуэлІэну хуэзыгъэушар? Абы Іейуэ игъэщІэгъуат Джек зэрызихъуэжар икІи Иеговэ и лэжьакІуэ хъун щхьэкІэ сыт ищІэн хуейми къищІэну хуейт. А Іуэхугъуэм наІуэу къегъэлъагъуэ дэ ди щытыкІэмкІэ уафэм щыІэ ди Адэм щІыхь къызэрыхуэтхьыфынур (1 Пет. 2:12).

Тутнакъым и хъумакІуэхэр нэщхъейуэ Джек и камерэм къраш. Зы хъумакІуэм и нэпсым къызэпижыхьауэ елъэщІ. (Сурэтым итыр къэхъуа хуэдэу трахащ.)

Дэ ди щытыкІэмкІэ Иеговэ щІыхь къыхуэтхьыфынущ (14 абзацым феплъ.)d


ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ И ЦІЭР КУЭД МЫЩІЭУ ЗЭРИГЪЭЛЪЭПІЭНУР?

15. Дапхуэдэу Иеговэ и цІэр куэд мыщІэу зэригъэлъэпІэнур? (Псалом 96:10—13).

15 Къеджэ Псалом 96:10—13. Псалом 96 псалъащхьэм и иужьрей едзыгъуэхэр Иеговэ ХьэкумыщІэкІэ икІи ПащтыхькІэ йоджэ. Дапхуэдэу Иеговэ и цІэр куэд мыщІэу зэригъэлъэпІэнур? Абы захуагъэ хэлъу хьэкум ищІынущ. Куэд мыщІэу Иеговэ Бабилэнышхуэр — и цІэр зыгъэулъий дин нэпцІу хъуар — игъэкІуэдынущ (Апок. 17:5, 16; 19:1, 2). Ар щалъагъукІэ Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ языныкъуэ цІыхухэм гъусэ зыкъытхуащІынкІэ хъунущ. ИужькІэ Армагеддон зауэм деж Иеговэ ШейтІаным и дуней Іейм кІэ къыхуигъэкІуэнущ. Алыхьыр зылъагъу мыхъу икІи и цІэр зыгъэулъийхэр кІуэдыжыпэнущ. Ауэ Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр, къедаІуэхэр, зыгъэлъапІэхэр къригъэлынущ (Мк. 8:38; 2 Фес. 1:6—10). Илъэс минкІэ екІуэкІыну Хьисэ и тепщэныгъэм и кІэм деж цІыхухэр иужьрей гъэунэхуапІэм пхрыкІынущ. Абы щыгъуэ Алыхьым и цІэр нэгъэсауэ гъэкъэбзэжа хъунущ (Апок. 20:7—10). А зэманым «тенджызыр псыкІэ зэрыгъэнщІам ещхьу, Иеговэ и щІыхьым теухуа щІэныгъэмкІэ щІылъэр гъэнщІауэ щытынущ» (Авв. 2:14).

16. Сыт фэ фщІэну фи мурадыр? (Сурэтми феплъ.)

16 ЦІыху псоми Иеговэ и цІэм хуэфащэ щІыхьыр къыщыхуахьыну зэманым дэ хуабжьу дыпоплъэ! А зэманыр къэсыху ди псалъэхэмкІи ди ІуэхущІафэхэмкІи Иеговэ дгъэлъэпІэну Іэмалу диІэр къэдгъэсэбэпынщ. Абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр зыщыдмыгъэгъупщэн щхьэкІэ УнафэщІ гупым 2025 гъэм Псалом 96:8 ит пычыгъуэр хухихащ: «Иеговэ и цІэм хуэфащэ щІыхьыр къыхуэфхь».

МелыІычхэм уафэм, цІыхухэм жэнэт хъужа щІылъэм гуфІэжу Иеговэ щагъэлъапІэ.

КъэкІуэну зэманым псоми — уафэми щІылъэми щыІэхэм — Иеговэ и цІэм хуэфащэ щІыхьыр къыхуахьынущ! (16 абзацым феплъ.)

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ бгъэлъэпІэным сыт къикІыр?

  • Иеговэ щІыхь къыхуэтхьыну сыт дыхуэзыгъэушыр?

  • Дапхуэдэу дэ Иеговэ щІыхь къызэрыхуэтхьыфынур?

159 УЭРЭДЫР Иеговэ щІыхь къыхуэфхь

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

b СУРЭТЫМ ИТЫР. Анджелинэ и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ. (Сурэтым итыр къэхъуа хуэдэу трахащ.)

c СУРЭТЫМ ИТЫР. Прискэ и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ. (Сурэтым итыр къэхъуа хуэдэу трахащ.)

d СУРЭТЫМ ИТЫР. Джек и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ. (Сурэтым итыр къэхъуа хуэдэу трахащ.)

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын