ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Январь н. 8—13
  • ЛІыхэ, фи щхьэгъусэхэм пщІэ яхуэфщІ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЛІыхэ, фи щхьэгъусэхэм пщІэ яхуэфщІ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ И ГУР ХЭЗЫГЪЭЩІЫН УМЫЩІЭ
  • ЦІЫХУХЪУМ И ГУПСЫСЭКІЭМРЭ И ЩЫТЫКІЭМРЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРИХЪУЭЖЫФЫНУР?
  • ЦІЫХУХЪУМ И ЩХЬЭГЪУСЭМ ДАПХУЭДЭУ ПЩІЭ ЗЭРЫХУИЩІ ХЪУНУР?
  • Уи унагъуэр насыпыфІэу щытыфынущ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Унагъуэр сыт насыпыфІэ зыщІыфынур? (1 Іыхьэр)
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Порнографием пылъ шынагъэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Январь н. 8—13

2 СТАТЬЯР

132 УЭРЭДЫР Иджы зыпкъ дыхъуащ

ЛІыхэ, фи щхьэгъусэхэм пщІэ яхуэфщІ

«Фэ, лІыхэм, нывжызоІэ фи фызхэм... пщІэ яхуэфщІ» (1 ПЕТ. 3:7).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ЦІыхухъум псалъэкІи ІуэхукІи и щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуищІ хъунум.

1. Иеговэ унагъуэр щІиухуа зы щхьэусыгъуэ къыжыфІэ.

ИЕГОВЭ — «Алыхь насыпыфІэщ» (1 Тим. 1:11, ДЩІ). Ар хуейщ дэри насыпыфІэу дыщытыну. Абы къыхэкІкІэ дэ абы тыгъэ куэд къытхуищІащ (Екъуб 1:17). Унагъуэр — абыхэм ящыщ зыщ. ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ щызэрышэм деж абыхэм псалъэ ят фІыуэ зэрылъагъуну икІи зыр зым пщІэ хуищІыну. Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъ хуабагъэр яхъумэу щытмэ, я унагъуэм гуфІэгъуэ илъынущ (Прит. 5:18, Гъэсэпэтхыдэхэр).

2. Унагъуэ куэдыр нобэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?

2 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ зэщхьэгъусэ куэдым щызэрыша махуэм зрата псалъэхэр яІыгъыжкъым. Абы кърикІуэр насыпыншагъэщ. «Всемирная организация здравоохранения» жыхуаІэм иджы дыдэ ищІа отчётым щыжыІащ цІыхухъу куэдым я щхьэгъусэхэм я пщІэр псалъэкІэ зэрыраудыхыр, удын зэрытралъхьэр е нэгъуэщІ зыгуэру лей къызэрытрагъэхьэр. Языныкъуэ цІыхухъухэр цІыхухэм щахэтым деж я щхьэгъусэм пщІэ хуащІ хуэдэу загъэлъагъуэ, ауэ унэм щыщІэсым деж я пщІэр ираудых. Иджыри зы Іуэхугъуэм хуабжьу зиубгъуащ: цІыхухъур порнографие еплъу щытмэ, и щхьэгъусэм къыщохъу и лІым фІыуэ къимылъагъужу, я насыпыри къутауэ. Апхуэдэу ахэр зэпэжыжьэ мэхъу.

3. Языныкъуэ цІыхухъухэм я щхьэгъусэхэм лей къыщІытрагъэхьэр сыт?

3 Языныкъуэ цІыхухъухэм я щхьэгъусэхэм лей къыщІытрагъэхьэр сыт? Абы щхьэусыгъуэ зэмылІэужьыгъуэхэр иІэщ. Языныкъуэхэм я адэ-анэр зэрызэхущытам щапхъэ трах: адэр и щхьэгъусэм пхъашэу епсалъэу щытамэ, ар тэмэму къалъытэ. НэгъуэщІхэри зыщІапІыкІа хабзэм тету цІыхубзхэм ткІийуэ хущытщ икІи шынагъэкІэ, къарукІэ зрагъэдэІуэну хэтщ. Хэти и губжьыр зэтриІыгъэу зригъэсакъым. Абы нэмыщІ порнографие еплъ цІыхухъухэм цІыхубзхэмрэ пІэщхьагъ Іуэхумрэ теухуауэ еплъыкІэ пхэнж яІэ мэхъу. Организацэ куэдым гу зэрылъатамкІэ, COVID-19 пандемиер щекІуэкІым щыгъуэ цІыхубзхэм лей къызэрытрагъэхьэр нэхъыбэ хъуащ. ДауикІ, уи фызым пхъашэу ущІыхущытын зы щхьэусыгъуи щыІэкъым.

4. Щхьэгъусэ зиІэ къуэшхэр сытым хуэсакъын хуей икІи сыт щхьэкІэ?

4 Зэрытлъагъущи, мы дунейм и нэхъыбэм цІыхубзхэм хуэфащэ пщІэр хуащІкъым. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ хуэлажьэ цІыхухъухэр сакъын хуейщ мы дунейм и еплъыкІэр зыхамылъхьэн щхьэкІэa. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхум и ІуэхущІафэр и гупсысэкІэм елъытащ. Апостол Паул Рим къалэм дэса уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм мыпхуэдэу яхуитхащ: «Мы лъэхъэнэм и хабзэхэм Іэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу» (Рим 12:1, 2). Паул а письмор щитхым щыгъуэ Рим щыІэ зэхуэсыр къызэрыунэхурэ илъэс зыбжанэ дэкІауэ къыщІэкІынут. Апхуэдэу щыт пэтми, Паул и псалъэхэм къыхощ языныкъуэ къуэшхэм зыщІапІыкІа хабзэр зэрызыхамынар икІи къэзыухъуреихь цІыхухэм я еплъыкІэм хуэдэ зэраІэр. Аращ Паул ахэр щІыхуигъэушар я гупсысэкІэмрэ я щытыкІэмрэ яхъуэжыну. Ноби а чэнджэщыр щхьэгъусэ зиІэ къуэшхэм я дежкІэ щхьэпэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэ къуэшхэм нобэр къыздэсым мы дунейм щыІэ еплъыкІэхэр зыханакъым икІи я щхьэгъусэхэм гущІэгъуншэу хущытщb. Ауэ Иеговэ цІыхухъухэм сыт зэрыщыгугъыр ахэр я щхьэгъусэхэм зэрыхущытын хуейм теухуауэ? А упщІэм и жэуапыр мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм къыщытщІэнущ.

5. 1 Петр 3:7 зэритымкІэ, цІыхухъур и щхьэгъусэм дапхуэдэу зэрыхущытын хуейр?

5 Къеджэ 1 Петр 3:7. Иеговэ лІыхэм унафэ яхуещІ я щхьэгъусэхэм пщІэ хуащІыну. А унафэр зыгъэзащІэ цІыхухъум и щхьэгъусэм ирегъэлъагъу пщІэ зэрыхуищІыр икІи фІыуэ зэрилъагъур. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ цІыхухъум ар дапхуэдэу ищІэ хъунуми. Ауэ япэщІыкІэ дытепсэлъыхьынщ цІыхухъум сыт хуэдэ щытыкІэ иІэну къемызэгъми.

УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ И ГУР ХЭЗЫГЪЭЩІЫН УМЫЩІЭ

6. Я щхьэгъусэхэм гущІэгъуншэу хущыт цІыхухъухэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр? (Колоссэ 3:19).

6 Удын телъхьэн. Иеговэ залымыгъэ зезыхьэ дэтхэнэ зыри илъагъу хъукъым (Пс. 11:5). Псом хуэмыдэу Иеговэ дежкІэ гущыкІыгъуэщ цІыхухъум и щхьэгъусэм лей къыщытригъэхьэм деж (Мал. 2:16; къеджэ Колоссэ 3:19). 1 Петр 3:7 зэритымкІэ, цІыхухъур и щхьэгъусэм Іейуэ хущытмэ, Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтекъутэнущ, уеблэмэ абы и тхьэлъэІум Алыхьыр емыдэІуэнкІэ хъунущ.

7. Ефес 4:31, 32 зэритымкІэ, цІыхухъур и щхьэгъусэм дапхуэдэу епсалъэ зэрымыхъунур? («Псалъэхэм къикІыр» жыхуиІэми феплъ.)

7 ПщІэр езыудых псэлъэкІэр. Языныкъуэ цІыхухъухэм я щхьэгъусэхэр псалъэкІэ ягъэпуд икІи кІий-гуоуурэ йопсалъэ. Ауэ Иеговэ «къызэщІэплъэнри, губжьынри, кІий-гуоунри, цІыхухэм ІейкІэ ятепсэлъыхьынриc» илъагъу хъукъым. (Къеджэ Ефес 4:31, 32.) Иеговэ псори зэхех икІи цІыхухъур и щхьэгъусэм зэрепсалъэ щІыкІэм мыхьэнэ иримыту щыткъым, ахэр я закъуэу къыщынэм дежи. ЦІыхухъур и щхьэгъусэм пхъашэу щыхущытым деж ар зэран зыхуэхъур и нэчыхьым и закъуэкъым, атІэ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэми зэран хохъу (Екъуб 1:26).

8. Дапхуэдэу Иеговэ порнографием зэрыхущытыр?

8 Порнографием еплъыныр. Дапхуэдэу Иеговэ порнографием зэрыхущытыр? Абы ар илъагъу хъукъым! Аращи, цІыхухъур порнографие еплъмэ, Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтрекъутэ икІи и щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуимыщІыр къегъэлъагъуэd. Иеговэ цІыхухъум щогугъ и щхьэгъусэм хуэпэжыну, уеблэмэ и гукІи хуэпэжу щытыну. Хьисэ жиІащ цІыхухъур хъуэпсэнэгуу цІыхубзым еплъмэ «игукІэ и щхьэгъусэм епцІыжауэ» (Мт. 5:28, 29, ДЩІ)e.

9. ПІэщхьагъ Іуэхум теухуауэ цІыхухъум и щхьэгъусэм и пщІэр щриудыхым деж Иеговэ илъагъу щІэмыхъур сыт?

9 ПІэщхьагъ Іуэхум теухуауэ цІыхубзым и пщІэр езыудыхыу къилъытэр. Языныкъуэ цІыхухъухэм я щхьэгъусэхэр хагъэзыхь пІэщхьагъ Іуэхум теухуауэ я пщІэр езыудых гуэр ящІэну. Апхуэдэм деж цІыхубзым и напэр къоныкъуэкъу икІи и щхьэгъусэм фІыуэ къимылъагъуу къелъытэ. Иеговэ илъагъу хъукъым цІыхухъур апхуэдэу щхьэхуещэу щыщытым деж. Иеговэ цІыхухъум щогугъ и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъуну, хуэсакъыну икІи и гурыщІэхэм пщІэ хуищІыну (Еф. 5:28, 29). Иеговэ хуэлажьэ цІыхухъум и щхьэгъусэм удын трилъхьэмэ, и пщІэр ириудыхмэ е порнографие еплъмэ, абы и гупсысэкІэмрэ и щытыкІэмрэ дапхуэдэу зэрихъуэж хъунур?

ЦІЫХУХЪУМ И ГУПСЫСЭКІЭМРЭ И ЩЫТЫКІЭМРЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРИХЪУЭЖЫФЫНУР?

10. ЦІыхухъухэм Хьисэ сыткІэ щапхъэ трах хъуну?

10 ЦІыхухъум и щхьэгъусэм удын трилъхьэмэ, и пщІэр ириудыхыу епсалъэмэ е къемызэгъ гуэр иригъэщІэну хигъэзыхьмэ, абы зихъуэжыну сыт къыдэІэпыкъунур? Абы Хьисэ щапхъэ трихын хуейщ. ДауикІ, Хьисэ щхьэгъусэ иІакъым, ауэ ар и апостолхэм зэрыхущытар цІыхухъухэм щапхъэфІ яхуохъу. Ахэри я щхьэгъусэхэм апхуэдэу хущытын хуейщ (Еф. 5:25). Хьисэ и апостолхэм зэрыхущытамрэ зэрепсэлъа щІыкІэмрэ иджыпсту гу лъыттэнщ.

11. Хьисэ и апостолхэм дапхуэдэу зэрыхущытар?

11 Хьисэ и апостолхэм пщІэ яхуищІт, щабэуи яхущытт. Ар абыхэм яхуэпхъашэу икІи ятрикъузэу зэи щытакъым. Ар Зиусхьэну щыта пэтми, залымыгъэкІэ апостолхэм щІыхь зыхуригъэщІыну хэтакъым, атІэ Іэдэбагъ хэлъу абыхэм яхуэлэжьащ (Ин. 13:12—17). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІащ: «ЖысІэр зэвгъащІэ, сэ си гур щабэщ икІи пагагъэ схэлъкъым» (Мт. 11:28—30). Хьисэ Іэдэбагъ хэлъащ. ЦІыхур Іэдэбу щытмэ, абы къикІкъым ар и щхьэм къыщхьэщымыжыфу икІи нэгъуэщІхэр зытригъэгушхуэу. Апхуэдэ цІыхум зышыІэныгъэ хэлъщ. Ар и пІэм кърашыну щыхэтым дежи зэпІэзэрыту къонэ икІи и гурыщІэхэр зэтреІыгъэ.

12. Хьисэ нэгъуэщІхэм дапхуэдэу зэрепсалъэу щытар?

12 Хьисэ и псалъэхэмкІэ нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ яритт, къаруи ящІилъхьэт. Ар и лъэужь ирикІуэхэм пхъашэу зэи епсэлъакъым (Лк. 8:47, 48). Абы и бийхэм и пІэм кърашыну хуейуэ и пщІэр щраудыхым «къыхуэхъущІэу щытахэм яхуэхъущІэжакъым» (1 Пет. 2:21—23). Иныкъуэхэм деж Хьисэ цІыхум пхъашэу емыпсэлъэн щхьэкІэ зыри жимыІэмэ нэхъ къищтэт (Мт. 27:12—14). Щхьэгъусэ зиІэ къуэшхэм дежкІэ ар сыту щапхъэфІ!

13. Маттэ 19:4—6 итым щхьэгъусэ зиІэ цІыхухъур дапхуэдэу зэрытетыфынур? (Сурэтми феплъ.)

13 Хьисэ цІыхухъухэм унафэ яхуищІащ я щхьэгъусэхэм хуэпэжыну. Абы и Адэм жиІа мы псалъэхэр къихьащ: «ЛІыр и адэ-анэм яхэкІынурэ, и фызым щІыгъуу, тІури зыпкъ хъунущ». (Къеджэ Маттэ 19:4—6.) «И фызым щІыгъуу» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм «кІэрыпщІэн» жиІэу къокІ. Аращи, зэщхьэгъусэхэр зэкІэрыпщІэу зы хъуам хуэдэу, я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр гуащІэу щытын хуейщ. Апхуэдэу зэкІэрыпщІар тІуми зэран хуэмыхъуу пхузэкІэрычыжынукъым. Зи щхьэгъусэр фІыуэ зылъагъу цІыхухъур порнографие еплъынукъым. Абы занщІэу «мыхъумыщІэ псоми» и нэр къытригъэкІынущ (Пс. 119:37). Іэиуб хуэдэу, абы псалъэ быдэ зритыжынущ нэгъуэщІ цІыхубзхэм гулъытэ къемызэгъ яхуимыщІыну (Иов 31:1).

Ди къуэшыр машинэхэр щащІыжым щолажьэ. Къыдэлажьэ цІыхухъум порнографие зэрыт журналым къуэшыр иригъэплъыну хэтщ, ауэ абы ар идэркъым.

Зи щхьэгъусэм хуэпэж цІыхухъур порнографие еплъынукъым (13 абзацым феплъ.)g


14. ЦІыхухъум и щхьэгъусэм и жагъуэ ищІмэ, сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр ичын хуей и щхьэгъусэмрэ Иеговэрэ хуиІэ зэхущытыкІэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ?

14 Зи щхьэгъусэм удын тезылъхьэ е абы и пщІэр езыудых псалъэхэр жызыІэ цІыхухъум лъэбакъуэ зыбжанэ ичын хуейщ, и щхьэгъусэмрэ Иеговэрэ хуиІэ зэхущытыкІэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ. Сыт хуэдэ лъэбакъуэ ахэр? Япэр: абы ищІэр зэрымытэмэмыр къыгурыІуэжын хуейщ. Иеговэ абы ищІэ псори елъагъу, жиІэри зэхех (Пс. 44:21; Эккл. 12:14; Евр. 4:13). ЕтІуанэр: абы и щхьэгъусэм и жагъуэ ищІын щегъэт, и щытыкІэри ехъуэж (Прит. 28:13). Ещанэр: абы и щхьэгъусэми Иегови жреІэ ищІам зэрыхущІегъуэжыр икІи къыхуагъэгъуну йолъэІу (Апост. 3:19). Абы нэмыщІ цІыхухъум Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъэзэн хуейщ зихъуэжыну гукъыдэж иІэн щхьэкІэ икІи и гупсысэхэм, и псалъэхэм, и щытыкІэм кІэлъыплъын щхьэкІэ къыдэІэпыкъуну (Пс. 51:10—12; 2 Кор. 10:5; Флп. 2:13). ЕплІанэр: ар и тхьэлъэІум тетыжщ икІи сыт хуэдэ залымыгъэри псэлъэкІэ къемызэгъри илъагъу мыхъуу зрегъасэ (Пс. 97:10). Етхуанэр: абы занщІэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуегъазэ, ахэр къыдэІэпыкъун щхьэкІэ (Екъуб 5:14—16). Еханэр: абы адэкІэ апхуэдэ щытыкІэм пэІэщІэ зэрызыхуищІын план ещІ. Порнографие еплъ цІыхухъум а лъэбакъуихри ичын хуейщ. Зызыхъуэжыну хуей цІыхухъум Иеговэ Іэмал имыІэу дэІэпыкъунущ (Пс. 37:5). Ауэ цІыхубзым игу хэзыгъэщІ Іуэхугъуэхэр къэбгъанэкІэ зэфІэкІкъым. ЦІыхухъум и щхьэгъусэм пщІэ хуищІу зригъэсэн хуейщ. Абы щхьэкІэ сыт цІыхухъум ищІэн хуейр?

ЦІЫХУХЪУМ И ЩХЬЭГЪУСЭМ ДАПХУЭДЭУ ПЩІЭ ЗЭРЫХУИЩІ ХЪУНУР?

15. ЦІыхухъум и щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъур дапхуэдэу зэригъэлъэгъуфынур?

15 ЦІыхухъум и щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъур иригъэлъэгъун хуейщ. Унагъуэ насыпыфІэ зиІэ къуэшхэм щыщ языныкъуэхэм хабзэу зыхуагъэуващ махуэ къэс щхьэгъусэм и гуапэ хъун гуэр ящІэну, фІыуэ зэралъагъур зыхрагъэщІэн щхьэкІэ (1 Ин. 3:18). ЦІыхухъум и щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъур Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ къигъэлъэгъуэфынущ. Псалъэм папщІэ, абы и щхьэгъусэм и Іэр щабэу иубыд е ІэплІэ хуищІ хъунущ. Абы нэмыщІ «Сигу укъэкІащ» е «Дауэ ущыт?» жиІэу сообщенэ хуригъэхьыфынущ. Зэман-зэманкІэрэ и гурыщІэхэр зэрыт открыткэ е удз гъэгъа ирит хъунущ. ЦІыхухъум апхуэдэу щищІэм деж и щхьэгъусэм пщІэ хуещІ и нэчыхьри быдэ ещІ.

16. ЦІыхухъур и щхьэгъусэм щытхъун щІыхуейр сыт?

16 Уи щхьэгъусэм щытхъу, фІыщІи хуэщІ. Зи щхьэгъусэм пщІэ хуэзыщІ цІыхухъум ар лъапІэу елъытэ икІи абы теухуауэ жреІэ. Псалъэм папщІэ, щІэгъэкъуэн къызэрыхуэхъум щхьэкІэ фІыщІэ хуищІ хъунущ (Кол. 3:15). И гум къыбгъэдэкІыу цІыхухъур и щхьэгъусэм щыщытхъум деж абы и гур егъэхуабэ. ЦІыхубзым и гур гъэтІылъауэ щытщ и щхьэгъусэм фІыуэ къызэрилъагъур икІи лъапІэу зэрилъытэр щызэхищІэм деж (Прит. 31:28, Гъэс.).

17. ЦІыхухъум и щхьэгъусэм дапхуэдэу пщІэ зэрыхуищІ хъунур?

17 ЦІыхухъур и щхьэгъусэм гуапэу, пщІэ хэлъу хущытын хуейщ. Зи щхьэгъусэр фІыуэ зылъагъу цІыхухъум Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэу и щхьэгъусэр къелъытэ (Прит. 18:22; 31:10, Гъэс.). ПІэщхьагъ Іуэхум теухуауи ар абы щабэу, пщІэ хэлъу хущытщ икІи и пщІэр езыудых, и напэр къыщІеныкъуэкъун гуэр иригъащІэкъымf. Иеговэ и пащхьэм деж цІыхухъуми и напэр къабзэу щытын хуейщ (Апост. 24:16).

18. ЦІыхухъухэр сыт зыхущІэкъун хуейр? («ЦІыхухъум и щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуищІ хъуным теухуа чэнджэщиплІ» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

18 ЦІыхухъухэ, шэч лъэпкъ къытевмыхьэ: псалъэкІи ІуэхукІи фи щхьэгъусэм пщІэ хуэфщІыну фызэрыхущІэкъум Иеговэ гу лъетэ. Аращи, фи щхьэгъусэм и гур хэвмыгъэщІ, щабагъ, гуапагъ, пщІэ хэлъу фыхущыт. Апхуэдэу фэ къэвгъэлъэгъуэнущ ар фІыуэ зэрыфлъагъур, лъапІэуи зэрыфлъытэр. ЦІыхухъухэ, фи щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуэфщІымкІэ псом нэхъ лъапІэ дыдэу щытыр — Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр — фхъумэнущ (Пс. 25:14).

ЦІыхухъур и щхьэгъусэм щабэу йопсалъэ.

ЦІЫХУХЪУМ И ЩХЬЭГЪУСЭМ ПЩІЭ ЗЭРЫХУИЩІ ХЪУНЫМ ТЕУХУА ЧЭНДЖЭЩИПЛІ

Библием щыжыІащ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я псалъэхэр сыт щыгъуи гуапэу зэрыщытын хуейр (Кол. 4:6). ЦІыхухъур дапхуэдэу а унафэм зэрытетыфынур и щхьэгъусэм щепсалъэм е абы щытепсэлъыхьым деж?

  1. 1. Иеговэ щапхъэ тепхыу щабэу икІи гуапэу псалъэ (Исх. 4:6; Мал. 3:10). Апхуэдэу пщІэмэ, уэ щытыкІэфІ уиІэ закъуэу аракъым, атІэ уи щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуэпщІри къыбогъэлъагъуэ.

  2. 2. ЦІыхубзым ІуэхуфІ ищІэхэм щхьэкІэ щытхъу (Прит. 31:28, 29, Гъэс.). НэгъуэщІхэр щыту абы и щыуагъэхэр жумыІэ (Пс. 50:20).

  3. 3. Жэуап птыну умыпІащІэу абы жиІэм едаІуэ (Екъуб 1:19).

  4. 4. Уи щхьэгъусэм и Іуэху еплъыкІэр ууейм щытемыхуэм дежи щабэу епсалъэ (Кол. 3:8, 12).

Коллаж: 1) ипэкІэ къыщыгъэлъэгъуа цІыхухъур нэгъуэщІхэр щысу и щхьэгъусэм щотхъу; 2) и щхьэгъусэр и гурыщІэхэмкІэ къызэрыдэгуашэм ар фІыуэ йодаІуэ.

ДАПХУЭДЭУ ЦІЫХУХЪУМ КЪЫЗЭРИГЪЭЛЪЭГЪУЭФЫНУР КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ ЕДЗЫГЪУЭХЭМ ИТ УНАФЭХЭМ ЗЭРЫТЕТЫР?

  • Колоссэ 3:19

  • Ефес 4:31, 32

  • Маттэ 19:4—6

131 УЭРЭДЫР «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр»

a ЦІыхухъухэм иджыри сэбэп яхуэхъунущ 2024 гъэм январым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иеговэ цІыхубзхэм зэрахущытым хуэдэу сэри сахущыт?» жыхуиІэ статьяр.

b Унагъуэм лей къыщыптрагъэхьэмэ, «Помощь жертвам домашнего насилия» жыхуиІэ статьям еджэ. Ар къыщыбгъуэтыфынущ jw.org сайтым е JW Library® приложением (БИБЛИОТЕКА > СЕРИИ СТАТЕЙ > РАЗНОЕ).

c ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. «ЦІыхухэм ІейкІэ ятепсэлъыхьыным» иджыри хохьэ пщІэр езыудых псэлъэкІэр, псалъэ фІей цІыхум епэсыныр, гъэпудыныр. Апхуэдэ псэлъэкІэм иджыри хохьэ цІыхухъум и щхьэгъусэм и пщІэр ириудыхын, и жагъуэ ищІын щхьэкІэ жиІэ псори.

d «Порнография — угроза браку» жыхуиІэ статьям еплъ. Ар къыщыбгъуэтыфынущ jw.org сайтым е JW Library приложением (БИБЛИОТЕКА > СЕРИИ СТАТЕЙ > ПОМОЩЬ СЕМЬЕ).

e ЦІыхухъур порнографие еплъмэ, абы и щхьэгъусэм сэбэп къыхуэхъунущ 2023 гъэм августым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «ЦІыхубзым ищІэ хъунур сыт, и щхьэгъусэр порнографие еплъу щытмэ?» жыхуиІэ статьяр.

f Библием щыжыІакъым пІэщхьагъ Іуэхум теухуауэ сытыр къабзэми сытыр мыкъабзэми. Ауэ абы теухуауэ зэщхьэгъуситІым унафэ къыщащтэм деж Иеговэ пщІэ хуащІын, зыр зым и гурыщІэхэм егупсысын, я напэри къабзэу яхъумэн хуейщ. Къапщтэмэ, и нэхъыбэм деж зэщхьэгъуситІыр я пІэщхьагъ Іуэхум теухуауэ зыми епсэлъэнукъым.

g СУРЭТЫМ ИТЫР. Иеговэ хуэмылажьэ и лэжьэгъухэм ди къуэшыр порнографие зэрыт журналым ирагъэплъыну хэтщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын