ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp25 № 1 н. 4—5
  • Зауэм и уасэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зауэм и уасэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2025
  • Мыбы ещхь материал
  • Зауэхэм кІэ къахуэкІуэнущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2025
  • Зауэхэр къыщІэхъум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2025
  • Пэублэ псалъэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2025
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2025
wp25 № 1 н. 4—5
Коллаж: 1) сэлэтыр танкым ипэ иту макІуэ; 2) лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухъухэр, цІыхубзхэр икІи сабийхэр зауэм гугъу иригъэхьащ.

Зауэм и уасэр

«ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэм иужь нобэ хуэдэу зауэ куэд щекІуэкІ зэман къэхъуакъым. ЦІыху миллиардитІыр, е нэгъуэщІу жыпІэмэ цІыхубэм и Іыхьэ плІанэр, зауэр къызылъэІэса щІыпІэхэм щопсэу»

(Амина Мохаммед, ООН-ым и Генеральный секретарым и япэ къуэдзэ, 2023 гъэ, январым и 26).

Нобэ мамырыгъэ здэщыІэ сыт хуэдэ къэралми пщэдей зауэ къыщыхъеифынущ. Зауэм къихь зэраныр абы пэжыжьэхэми зыхащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къэралхэр псори нобэ зэпхауэ щытщ. Зауэр иуха нэужьи, абы къыпэкІуа гугъуехьхэр иджыри илъэс куэдкІэ цІыхухэм зыхащІэ.

  • ІитІым фалъэ нэщІыр яІыгъщ.

    Ерыскъыр мащІэ мэхъу. «Иджыри къыздэсым гъаблэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зауэхэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мэжэщІалІэхэм щыщу процент 70 зауэрэ залымыгъэрэ къызылъэІэса щІыпІэхэм щопсэу» — жеІэ ООН-ым.

  • ЦІыхубз гъым и нэкІур и ІитІымкІэ зэхуищІащ.

    Узыншагъэм зэран хуохъу. Зауэ зэрыщІидзэнкІэ хъунум цІыхухэр егъэшынэ, егъэгузавэ икІи стрессышхуэ абыхэм къарет. Зауэ щекІуэкІ щІыпІэм щыпсэухэм уІэгъэ зэрагъуэтыфынум нэмыщІ, я психическэ узыншагъэри хэщІыфынущ. Абы нэмыщІ апхуэдэ цІыхухэм дохутырхэм я дэІэпыкъуэгъу щамыгъуэт щІэх-щІэхыурэ къохъу.

  • Зи унэ зыбгынэн хуей хъуа унагъуэр, абыхэм я хьэпшыпхэр яІыгъщ.

    Куэдым я унэр ябгынэн хуей мэхъу. ООН-ым и лэжьакІуэм и отчетым къызэрыхэщымкІэ, 2023 гъэм, сентябрь мазэм и кІэм ирихьэлІэу дуней псом цІыху мелуан 114 щІигъум я унэхэр къагъэнэн хуей хъуащ. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зауэхэращ.

  • Зи унэ мыхьэнэншэ цІыкІум бгъэдэт унагъуэр.

    Ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр нэхъыбэ мэхъу. Зауэм и зэранкІэ цІыхухэр ахъшэм пыщІа гугъуехьышхуэхэм пэщІохуэ. Псалъэм папщІэ, инфляция жыхуаІэр къэхъуфынущ. Зауэм ахъшэ куэд зэрытрагъэкІуадэм къыхэкІкІэ къэрал унафэщІхэм узыншагъэм кІэлъыплъынымрэ щІэныгъэ зэгъэгъуэтынымрэ трагъэкІуэдэн хуей ахъшэр куэдкІэ нэхъ мащІэ ящІ. Зауэр иуха иужьи ахъшэшхуэ ухуейщ абы зэтрикъута псор зэтебгъэувэжын щхьэкІэ.

  • Нефть къызэрыж бжьамийр.

    Экологием пыщІа гугъуехьхэр нэхъыбэ мэхъу. Зауэ щекІуэкІым деж, зы лъэныкъуэр адрейм зэран хуэхъун щхьэкІэ, абы и псыр, и щІыр икІи и хьэуар фІей ищІыфынущ. А псом узыфэ хьэлъэхэр къегъэхъейри, цІыху куэдыр гугъу ирегъэхь. Зауэр иуха иужьи иджыри зэман куэдкІэ шынагъуэу щытынущ минэ куэду зыщІалъхьа щІыхэр.

Зауэм цІыхухэм къахуихь зэраныр егъэлеяуэ шынагъуэщ.

Зауэхэм теухуауэ Библием жиІэр

Библием зэрыжиІэмкІэ, зауэхэм къагъэлъагъуэ «мы дунейм и кІэухыр» къызэрыблэгъар (Маттэ 24:3). Хьисэ Мэссихь жиІауэ щытащ:

  • «Гъунэгъууи жыжьэуи зауэ хъыбар щызэхэфхынущ. [...] Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщІэтэджэнущ» (Маттэ 24:6, 7).

  • «Зауэхэм я хъыбархэмрэ цІыхухэм къэралхэм и гъэпсыкІэр якъутэжыну къызэрызэщІэтаджэм и хъыбархэмрэ щызэхэфхкІэ, фымышынэ» (Лука 21:9).

    «Къэралхэм и гъэпсыкІэр якъутэжыну къызэрызэщІэтаджэм» жыхуиІэ псалъэхэм мыпхуэдэ мыхьэнэ иІэфынущ: цІыхухэр къэрал унафэщІхэм пэщІэувэнущ, зыкъаІэтурэ зэрызехьэ къагъэхъунущ.

Абы теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэнущ «Как определить „последние дни“?» жыхуиІэ статьям. Ар jw.org сайтым къыщыбгъуэтынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын