ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Октябрь н. 18—23
  • Уи гупсысэхэри уи гурыщІэхэри Иеговэ къыхузэІупхыу зегъасэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уи гупсысэхэри уи гурыщІэхэри Иеговэ къыхузэІупхыу зегъасэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УИ ГУРЫЩІЭХЭМРЭ УИ ГУПСЫСЭХЭМРЭ ИЕГОВЭ ХУЭПІУЭТЭНУ УМЫШЫНЭ
  • ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ НЭХЪ КУПЩІЭ ХЭЛЪЫН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?
  • БИБЛИЕМ ИТ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ КУУУЭ ФЕГУПСЫС
  • АДЭКІИ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ИЕГОВЭ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭФЩІ
  • Зыр адрейм папщІэ Иеговэ фелъэІу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • ТхьэлъэІум и фІыгъэкІэ Алыхьым гъунэгъу ухуэхъуфынущ
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Уи тхьэлъэІухэр егъэфІакІуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Иеговэ «зигу иудахэм гупсэхугъуэ ярет»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Октябрь н. 18—23

42 СТАТЬЯР

44 УЭРЭДЫР Зи гур къутам и тхьэлъэІур

Уи гупсысэхэри уи гурыщІэхэри Иеговэ къыхузэІупхыу зегъасэ

«Сигу псомкІэ зыпхузогъазэ. Жэуап къызэт, Иеговэ!» (ПС. 119:145).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Библием ит Иеговэ и лэжьакІуэхэм я тхьэлъэІухэм сытым дыхуагъэсэфынуми.

1, 2. 1) Ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ Иеговэ хуэтІуэтэну къыщІыдэгугъуэкІыр сыт? 2) Иеговэ ди тхьэлъэІухэм фІыуэ зэредаІуэр дэнэ дэ щытщІэр?

ИЕГОВЭ зыщыхуэбгъазэкІэ уи гурыщІэхэмкІэ ущыдэмыгуэшэф икІи уи тхьэлъэІухэр зэщхьу, купщІэ хэмылъу щыжыпІэ къэхъуу пІэрэ? Апхуэдэу дэтхэнэ зыми къытщыщІыфынущ. Іуэху куэд дызэриІэм къыхэкІкІэ, и нэхъыбэм дэ псори дыпІащІэу дощІэ икІи ар ди тхьэлъэІухэм зэран хуэхъуфынущ. Иныкъуэхэм дежи Иеговэ гу къытлъитэну тхуэмыфащэу ди гугъэу, ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ абы хуэтІуэтэну къыдогугъуэкІ.

2 Ауэ Библием Иеговэ теухуауэ мыпхуэдэу щыжыІащ: «Уэ цІыху Іэдэбхэм я лъэІур зэхэпхынущ» (Пс. 10:17). Аращи, ди тхьэлъэІухэр дахэу зэхэмылъхьами, Алыхьым дежкІэ мыхьэнэ зиІэр Іэдэбагъ тхэлъу, ди гум къыбгъэдэкІыу абы зэрызыхуэдгъазэращ. Ар дэ жытІэу хъуам фІыуэ йодаІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы лъапІэу делъытэ (Пс. 139:1—3).

3. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

3 Мы статьям дэ мыпхуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхынущ: Уи гурыщІэхэмрэ уи гупсысэхэмрэ Иеговэ хуэпІуэтэну ушынэн щІыхуэмейр сыт? Ди тхьэлъэІухэм нэхъ купщІэ хэлъын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? Библием ит тхьэлъэІухэм сытым дыхуагъэсэфыну? ИкІи сыт тщІэ хъунур стресс дызэриІэм къыхэкІкІэ, ди гурыщІэхэр псалъэкІэ Иеговэ жетІэну къыщыдэгугъуэкІым деж?

УИ ГУРЫЩІЭХЭМРЭ УИ ГУПСЫСЭХЭМРЭ ИЕГОВЭ ХУЭПІУЭТЭНУ УМЫШЫНЭ

4. Ди гурыщІэхэмрэ ди гупсысэхэмрэ Иеговэ хуэтІуэтэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Псалом 119:145).

4 Иеговэ сыт щыгъуи фІы дыхуэзыгъэзэну хуей ди ныбжьэгъу пэжщ. Ар зыщыдмыгъэгъупщэмэ, ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ тыншу абы хуэтІуэтэфынущ. 119 Псаломыр зытхар апхуэдэ дыдэущ Иеговэ зэрыхущытар. Абы и гъащІэр гугъуехьыншэу екІуэкІауэ пхужыІэнукъым. Псалъэм папщІэ, абы пцІы къытралъхьэт (Пс. 119:23, 69, 78). Иныкъуэхэм дежи щыуагъэ зэрищІам къыхэкІкІэ, абы игу зэбгъэжт (Пс. 119:5). Ауэ, а псом емылъытауэ, ар и гурыщІэхэмкІэ Иеговэ дэгуэшэну укІытэтэкъым. (Къеджэ Псалом 119:145.)

5. Зыгуэр щхьэкІэ дигу зэбгъэжми, Иеговэ делъэІун щыдгъэтын щІыхуэмейр сыт? Щапхъэ къэфхь.

5 Иеговэ хуейщ гуэныхь хьэлъэ зыщІахэми, абы тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну (Ис. 55:6, 7). Аращи, уигу зэбгъэжу щытми, а гурыщІэр хуит умыщІ Иеговэ уепсэлъэну зэран къыпхуэхъуну. Ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ маршрутым текІа е щыуагъэ гуэр зыщІа кхъухьлъатэзехуэр. Ар мыпхуэдэу егупсысыну пІэрэ: «Сэ зызыумысыжыну зыкІэ соукІытэри, диспетчерым зыри жесІэнкъым»? Хьэуэ, ар апхуэдэу егупсысынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ диспетчерым и дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэщ. Дэри ди Іуэхур апхуэдэ дыдэущ зэрыщытыр. Аращи, тщІэнур дымыщІэмэ е гуэныхь гуэр къытІэщІэщІамэ, зы щхьэкІи дымышынэу Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ зыхуэдгъазэ хъунущ (Пс. 119:25, 176).

ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ НЭХЪ КУПЩІЭ ХЭЛЪЫН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

6, 7. Ди тхьэлъэІухэм нэхъ купщІэ хэлъын щхьэкІэ Иеговэ и хьэл-щэнхэм куууэ дегупсысын щІыхуейр сыт? Щапхъэ къэфхь. (Сноскэми феплъ.)

6 Ди гум илъыр Иеговэ щыхуэтІуатэм, нэгъуэщІу жыпІэмэ, ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ щыжетІэм деж абы нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ ди тхьэлъэІухэм нэхъ купщІэ хэлъын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми.

7 Иеговэ и хьэл-щэнхэм куууэ фегупсысa. Апхуэдэу нэхъыбэрэ щытщІэм деж, ди гум илъымкІэ нэхъ хуиту Иеговэ дыдогуэшэф (Пс. 145:8, 9, 18). Зи адэр гущІэгъуншэу щыта ди шыпхъу Кристи́н и щапхъэм деплъынщ. Ар къыддогуашэ: «Сэ хуабжьу къызэхьэлъэкІт Иеговэ лъагъуныгъэ зыхэлъ Адэу къэслъытэну икІи си гурыщІэхэмкІэ абы сыдэгуэшэну. Сэ си гугъэт си ныкъусанхэм я ягъэкІэ абы сыхыфІидзэну». Сыт Кристин къыдэІэпыкъуар? Абы жеІэ: «Пэжагъ зыхэлъ Иеговэ и лъагъуныгъэм куууэ сегупсысти, абы гупсэхугъуэ къызитыжащ. Сэ къызгурыІуащ ар сыт щыгъуи сызэригъусэр икІи къыздэІэпыкъуну зэрыхьэзырыр. ЗыгуэркІэ сыщыуэми, абы фІыуэ силъэгъун щигъэтынукъым икІи сыкъызэфІигъэувэжынущ. Иджы сэ сышынэкъым си гуфІэгъуэмкІи си гукъеуэмкІи Иеговэ сыдэгуэшэну».

8, 9. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн ипэ, жытІэным дыщІегупсысын хуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.

8 ЖыфІэным фегупсыс. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн ипэ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Иджыпсту сыт хуэдэ гугъуехьхэр сиІэ? Зыгуэрым хуэзгъэгъун хуэмейуэ пІэрэ? Си Іуэхум зэрызихъуэжам къыхэкІкІэ, Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум сыхуэмыныкъуэу пІэрэ?» (2 Цар. 19:15—19). Абы нэмыщІ Иеговэ делъэІу хъунущ и цІэр гъэлъэпІа хъуну, и Пащтыхьыгъуэр къэкІуэну икІи и мурадыр игъэзэщІэну (Мт. 6:9, 10, ДЩІ).

9 Алиска́ зи цІэ ди шыпхъум и щхьэгъусэм лышх уз и щхьэкуцІым къыщагъуэтащ икІи абы псэуну куэд къыхуэнэжатэкъым. Ди шыпхъум ар къыщищІам, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэну къегугъуэкІт. Абы игу къегъэкІыж: «Сэ апхуэдизкІэ стрессышхуэ сиІэти, Иеговэ жесІэнур схузыхуэгъакІуэтэкъым». Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Алиска жеІэ: «ТхьэлъэІум ипэ сэ дакъикъэ зыбжанэ къыхызох си акъылыр зэтезухуэу, Иеговэ жесІэным сегупсысын щхьэкІэ. Ар къыздоІэпыкъу си щхьэмрэ си гугъуехьхэмрэ куэдыІуэу семыгупсысу, Иеговэ иджыри сыт жесІэ хъунуми сегупсысыну. Абы и фІыгъэкІэ сэ гупсэхугъуэрэ гуфІэгъуэрэ согъуэтыж».

10. Ди тхьэлъэІухэр нэхъ кІыхьу щытмэ щІэнэхъыфІыр сыт? (Сурэтхэми феплъ.)

10 Фи тхьэлъэІухэр нэхъ кІыхь зэрыфщІыным фыхущІэкъу. ТхьэлъэІу кІэщІхэми Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуащІыфынущ. Ауэ Алыхьым нэхъыбэу депсэлъэху, ди гум илъыр абы нэхъыбэу жетІэну Іэмал диІэнущb. Алиска и щхьэгъусэ Эла́йджа къыддогуашэ: «Махуэм и кІуэцІым сэ куэдрэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъэзэну сыхущІокъу икІи гу лъыстащ си тхьэлъэІухэр кІыхьу зэрыщытам абы нэхъ гъунэгъу сызэрыхуищІар. Сэ сощІэ ар зыщІыпІи зэрымыпІащІэр, аращи, сызэрыхуейм хуэдизрэ абы сопсэлъэф». Фэри зыри зэран къыщыфхуэмыхъун щІыпІэмрэ зэманымрэ къыхэфх, Иеговэ нэхъ кІыхьу икІи хуей хъумэ, макъкІэ фепсэлъэфын щхьэкІэ. ИужькІэ, нэхъ щІэх-щІэхыурэ апхуэдэу Алыхьым фызэрепсэлъэным фыхущІэкъу.

Коллаж: 1) къуэшыр стІолым деж щысу, кофе ефэу мэгупсысэ; абы и пащхьэ Библиер къыщызэІухащ, щхьэгъубжэм удэплъмэ иджыри нэху щакъым; 2) нэхур щащ, ауэ ар иджыри стІолым бгъэдэсщ икІи мыпІащІэу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ.

КІыхьу икІи зыри зэран къыфхуэмыхъуу Алыхьым фыщепсэлъэфыну зэманымрэ щІыпІэмрэ фегупсыс (10 абзацым феплъ.)


БИБЛИЕМ ИТ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ КУУУЭ ФЕГУПСЫС

11. Библием ит тхьэлъэІухэм куууэ дегупсысыным сэбэпынагъ щІыпылъыр сыт? («Абыхэм я гурыщІэхэм хуэдэ фэри фиІа?» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

11 Библием куэду итщ Иеговэ зыгъэлъапІэ уэрэдхэмрэ гум къыбгъэдэкІ тхьэлъэІухэмрэ. Абыхэм куууэ дегупсысмэ, ар сэбэп къытхуэхъунущ. Алыхьым и лэжьакІуэхэр я гурыщІэхэмкІэ абы зэрыдэгуэшам дыщеджэм деж дэри ди гум щыщІэмкІэ абы дыдэгуэшэну гукъыдэж диІэ хъуфынущ. Абыхэм къагъэсэбэпа псалъэхэр фэ фигу ирихьу, фи тхьэлъэІухэм хэвгъэхьэнкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ фэ фи гурыщІэхэм хуэдэ дыдэ зэрыт тхьэлъэІухэр къэвгъуэтыну къыщІэкІынщ.

Абыхэм я гурыщІэхэм хуэдэ фэри фиІа?

Иеговэ и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэ имытами, я гурыщІэхэмкІэ абы дэгуашэт. Абыхэм я тхьэлъэІухэм хэта гурыщІэхэм хуэдэ уэри уиІа?

  • Екъуб шынэ щызэхищІэм щыгъуэ, и гукъеуэхэр Иеговэ зэрыжриІам нэмыщІ, абы фІыщІэ зэрыхуищІыр икІи къызэригъэгугъар зэригъэзэщІэжынур и фІэщ зэрыхъури жриІащ (ЩІэдз. 32:9—12).

  • Иеговэ къалэн къыщритам щыгъуэ, Сэлмэн зыхищІащ щІалэІуэу зэрыщытыр икІи щІэныгъэ зэрыхуримыкъур. Абы къыхэкІкІэ, ар Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІуащ (1 Цар. 3:7—9).

  • Даут Вирсавие и гъусэу гуэныхь щищІам, ар Иеговэ хуабжьу елъэІуащ «гу къабзэ» къритыну (Пс. 51:9—12).

  • ПщІэ зыпылъ къалэн къыщыІэрыхьам щыгъуэ, Мэрием Иеговэ щІыхь къыхуихьу щІидзащ (Лк. 1:46—49).

Библиер куууэ зэрыбдж хъуну зы темэ. Библием ит тхьэлъэІухэм щыщ зым къеджи, зэупщІыж: «Сыт а цІыхум жиІар? Дапхуэдэ щІыкІэу ар зэрыжиІар? Абы и тхьэлъэІум Иеговэ дапхуэдэу жэуап зэрыритар?» ИужькІэ егупсыс сыт къэпщІами икІи ар дапхуэдэу уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэп хъунуми.

12. Библием ит тхьэлъэІухэм куууэ дыщегупсысым деж сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну?

12 Библием ит зы тхьэлъэІу гуэрым укъеджа иужь зэупщІыж: «Хэт а тхьэлъэІур жызыІар икІи ар сыт хуэдэ Іуэхугъуэ зэрытар? Абы иІа гурыщІэхэм хуэдэ сэри зыхэсщІауэ пІэрэ? А тхьэлъэІум сытым сыхуигъэсэфыну?» Мы упщІэхэм я жэуапхэр къэбгъуэтын щхьэкІэ а темэр куууэ зэпкърыпхын хуеинкІэ хъунущ икІи уэ абы ухущІегъуэжынукъым. АдэкІэ зэпкърытхынщ Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщ цІыхуиплІым я тхьэлъэІухэр.

13. Аннэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (1 Самуила 1:10, 11). (Сурэтми феплъ.)

13 Къеджэ 1 Самуила 1:10, 11. Мы псалъэхэмкІэ Аннэ Иеговэ зыщыхуигъэзам щыгъуэ абы гугъуехьышхуэу тІу иІэт. Аннэ сабий иІэтэкъым икІи и щхьэгъусэм и етІуанэ фызым абы и пщІэр ириудыхт (1 Сам. 1:4—7). Уэри зэман куэд хъуауэ хэкІыпІэ зимыІэ гугъуехь гуэр уиІэу пІэрэ? УиІэу щытмэ, Аннэ и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур? Ар кІыхьу Иеговэ епсалъэт икІи абы гупсэхугъуэ къритт (1 Сам. 1:12, 18). Дэри ди гукъеуэхэмрэ дызыгъэгузавэхэмрэ Иеговэ жетІэу, ди гум телъ хьэлъэр абы ІэщІэтлъхьэ хъунущ. Апхуэдэу Алыхьым депсэлъа иужь дэ Іэмал имыІэу гупсэхугъуэ дгъуэтыжынущ (Пс. 55:22).

Коллаж: 1) Елканэ и сабиитІым зэрыдэджэгур щилъагъум, Аннэ нэщхъейуэ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ зегъазэ; 2) Пениннэ сабий къалъхуагъащІэр ІэкІэ иІыгъщ икІи мэгуфІэ; 3) Аннэ гъыуэ лъэІу гуащІэкІэ Алыхьым зыхуегъазэ; 4) дин пашэшхуэ Илий и Іэр зэтедзауэ щысщ икІи Аннэ кІэлъоплъ.

Аннэ сабий иІэтэкъым икІи и щхьэгъусэм и етІуанэ фызым абы и пщІэр ириудыхт. Гупсэхугъуэ игъуэтыжын щхьэкІэ Аннэ Иеговэ псори жриІэжащ. (13 абзацым феплъ.)


14. 1) Аннэ и щапхъэм иджыри сытым дыхуигъасэрэ? 2) Алыхьым и Псалъэм куууэ дызэрегупсысыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур ди тхьэлъэІухэр зэмыщхьу щытыну? (Сноскэм феплъ.)

14 Аннэ къуэ къилъхуа иужь илъэс зыбжанэ дэкІри, ар дин пашэшхуэ Илий и деж къишащ (1 Сам. 1:24—28). Абы и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ фІыщІэ хуищІащ и лэжьакІуэ пэжхэр къызэрихъумэм икІи и нэІэ зэратригъэтым щхьэкІэ (1 Сам. 2:1, 8, 9)c. Аннэ адэкІи унагъуэкІэ гугъуехь иІауэ къыщІэкІынущ. Ауэ ар зэгупсысар иІа гугъуехьхэратэкъым, атІэ Иеговэ и нэфІ къызэрыщыхуарат. Абы сытым дыхуигъасэрэ? Дэ гугъуехьхэм нэхъ тыншу дыпэлъэщыфынущ Иеговэ япэм къызэрыддэІэпыкъуам, иджыпстуи къызэрыддэІэпыкъум ди акъылыр тедухуэу щытмэ.

15. Хабзэншагъэ пэщІэхуахэм Иеремие и щапхъэр дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуфынур? (Иеремия 12:1).

15 Къеджэ Иеремия 12:1. Иеремие илъагъут языныкъуэ цІыхухэм Іей ящІэ пэтми, зы щхьэкІи мыгузавэу, насыпыфІэу зэрыпсэур. Іуэхур апхуэдэу зэрыщытым абы хуабжьу и гур хигъэщІт. Абы нэмыщІ и лъэпкъэгъухэм Иеремие и пщІэр ираудыхт икІи къыщыдыхьэшхт (Иер. 20:7, 8). Дэри гъэпцІагъэ зезыхьэ цІыхухэм ехъулІэныгъэ зэраІэр тлъагъумэ е зыгуэр къытщыдыхьэшхмэ, Иеремие иІа гурыщІэхэм хуэдэ диІэфынущ. А бегъымбарыр къэхъу-къащІэхэм щхьэкІэ тхьэусыхэми, захуагъэ зэрыщымыІэмкІэ Алыхьыр игъэкъуаншэтэкъым. Иеговэ жыІэмыдаІуэу щыт и лъэпкъым тезыр щытрилъхьам щыгъуэ, Иеремие нэхъыбэжу къыгурыІуауэ къыщІэкІынущ Алыхьым захуагъэ зэрыхэлъыр (Иер. 32:19). Дэри хабзэншагъэм дыпэщІэхуэмэ, хуиту Иеговэ жетІэ хъунущ абы дапхуэдизу ди гур хигъэщІми. Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым Иеговэ дзыхь хуэтщІын икІи псори щызэтригъэувэжыну зэманым шыІэныгъэ тхэлъу дыпэплъэн зэрыхуейр.

16. ГъэрыпІэм ихуа левитым и тхьэлъэІум сытым дыхуигъасэрэ? (Псалом 42:1—4). (Сурэтхэми феплъ.)

16 Къеджэ Псалом 42:1—4. Мы уэрэдыр зытхар гъэрыпІэм ихуа левитырат. Абы и къуэшхэм и гъусэу Алыхьым и унэм щыхуэлэжьэну Іэмал иІэтэкъым. А цІыхухъум иІа гурыщІэхэм хуэдэ уэри уиІэу къыщІэкІынщ, унэм укъыщІэкІыну Іэмал уимыІэмэ е уи фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым уагъэтІысамэ. Апхуэдэхэм деж ди уи гурыщІэхэр хъыринэм хуэдэу щытыфынущ: зэм дэкІуейуэ, зэм къехыжу. Ауэ, сыт къэмыхъуами, псори Иеговэ жефІэ. Абы и фІыгъэкІэ дэ ди гурыщІэхэр нэхъыфІу къыдгурыІуэнущ икІи ди Іуэхум нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ деплъыфынущ. Псалъэм папщІэ, левитым къыгурыІуэт Иеговэ щІыхь къыхуихьыну иджыри Іэмал зэриІэнур (Пс. 42:5). Абы нэмыщІ левитыр егупсыст Иеговэ и нэІэ къызэрытригъэту щытам (Пс. 42:8). Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу жытІэ тхьэлъэІухэр къыддэІэпыкъунущ ди гурыщІэхэр къыдгурыІуэжыну икІи гупсэхугъуэрэ къарурэ дгъуэтыжыну.

Коллаж: 1) цІыху здэщымыІэ щІыпІэм левитым тхьэлъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуегъазэ; 2) къуэшыр сымаджэщым щыІэу, гъуэлъыпІэм ису, Алыхьым йолъэІу; абы и лъэгуажьэм деж Библиер къыщызэІухауэ телъщ.

42 Псаломыр зытха левитым и гум илъ псор Алыхьым хуиІуэтащ. Дэри ди гурыщІэхэр Иеговэ жетІэмэ, ар къыддэІэпыкъунущ Іуэхум нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ деплъыну (16 абзацым феплъ.)


17. 1) Инус и тхьэлъэІум сытым дыхуигъасэрэ? (Иона 2:1, 2). 2) ГукІэ зэдгъэщІа Библием щыщ едзыгъуэхэр зэман гугъухэм дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур? (Сноскэм феплъ.)

17 Къеджэ Иона 2:1, 2. Инус мы тхьэлъэІур щыжиІар бдзэжьеишхуэм и кІуэцІым щисаращ. Къапщтэмэ, ар абы щІихуар и жыІэмыдаІуэныгъэм къыхэкІкІэщ, ауэ абы шэч къытрихьэтэкъым и тхьэлъэІур Иеговэ зэрызэхихым. Инус псалом зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ псалъэхэр и тхьэлъэІум хигъэхьащd. Абы а псаломхэр фІыуэ ищІэу щытауэ къыщІэкІынт. Ар абыхэм куууэ егупсысурэ, Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунур къыгурыІуащ. Дэри Библием щыщ языныкъуэ едзыгъуэхэр гукІэ зэдгъэщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зэман гугъухэм къыддэІэпыкъунущ. Дэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэкІэ а едзыгъуэхэр дигу къэкІыжынурэ, гупсэхугъуэ дгъуэтыжынущ.

АДЭКІИ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ИЕГОВЭ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭФЩІ

18, 19. Иеговэ жетІэнур щыдмыщІэм деж Рим 8:26, 27 ит гупсысэхэм дапхуэдэу гупсэхугъуэ къызэрыдатыфынур? Щапхъэ къэфхь.

18 Къеджэ Рим 8:26, 27. Иныкъуэхэм деж дэ апхуэдизкІэ догузавэри, ди гурыщІэхэр псалъэкІэ Алыхьым щытхужемыІэ къохъу. Ауэ абы къикІкъым дэ дэІэпыкъуэгъуншэу дыкъанэу. Апхуэдэхэм деж Алыхьым и къару лъапІэр дэр щхьэкІэ Алыхьым йолъэІу. Сыт абы къикІыр? Библие псор, тхьэлъэІухэри абыхэм яхэту, Алыхьым и къару лъапІэмкІэ иригъэтхащ. Дэ дызыхуейр щытхужымыІэм деж, Библием ит тхьэлъэІухэм щыщ гупсысэхэр ди тхьэлъэІум хуэдэу Иеговэ къелъытэ икІи абы жэуап иритыфынущ.

19 Урысейм щыщ ди шыпхъу Еленэ а гупсысэхэр къыдэІэпыкъуащ. Ар Алыхьым тхьэлъэІукІэ зэрызыхуигъазэм икІи Библие зэреджэм щхьэкІэ ягъэтІысащ. Къэхъуам Еленэ апхуэдизкІэ стрессышхуэ хихати, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэну абы къегугъуэкІт. Ар къыддогуашэ: «СыщагъэтІыса япэ махуэхэм сэ си гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъэзэфтэкъым. Абы щыгъуэ зы чэнджэщ сигу къэкІыжащ: цІыхум стрессым къыхэкІкІэ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуимыгъэзэфым деж, ар Библием ит тхьэлъэІухэм еджэ хъунущ. Иеговэ ахэр а цІыхум и тхьэлъэІум хуэдэу къилъытэнущ. А зэман гугъум мы чэнджэщыр сэ хуабжьу къыздэІэпыкъуащ».

20. Стрессым емылъытауэ ди акъылыр тхьэлъэІум тедухуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

20 Стрессым къыхэкІкІэ, ди акъылыр тхьэлъэІум тедухуэну гугъуу щытыфынущ. Ауэ ар тхузэфІэкІын щхьэкІэ Псаломхэм я аудиозаписьхэм дедаІуэ хъунущ. Абы нэмыщІ Даут хуэдэу, дэри ди гупсысэхэр ттхы хъунущ (Пс. 18, 34, 142 икІи а псалъащхьэхэм тетыр). ДауикІ, тхьэлъэІум зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъуным теухуауэ хабзэ пыухыкІахэр щыІэкъым (Пс. 141:2). Щхьэж езым и Іуэхум хуэкІуэр къигъэсэбэп хъунущ.

21. Иеговэ ди гур къыхузэІутхыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

21 Ди гум илъыр Иеговэ тхужемыІэми, абы дыкъызэрыгурыІуэр зэрытщІэм ди гур фІы ещІыж (Пс. 139:4). Ауэ абы хуабжьу и гуапэщ ди гурыщІэхэри дзыхь зэрыхуэтщІри щыжетІэм деж. Аращи, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэн щхьэкІэ Іэмалу уиІэу хъуар къэгъэсэбэп. Библием ит тхьэлъэІухэм еджэ, абыхэм уэ куэдым ухуагъэсэфынущ. Уи гур Иеговэ къыхузэІух, уи гуфІэгъуэхэмкІи уи гукъеуэхэмкІи абы дэгуашэ. Зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ зэи ухыфІэзымыдзэн уи ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэщ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Ди гурыщІэхэмрэ ди гупсысэхэмрэ Иеговэ хуэтІуэтэну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • Ди тхьэлъэІухэм нэхъ купщІэ хэлъын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

  • Библием ит тхьэлъэІухэм куууэ дегупсысыным сэбэпынагъ щІыпылъыр сыт?

45 УЭРЭДЫР Си гум илъ гупсысэхэр

a «Библейские стихи в помощь христианину» жыхуиІэ тхылъым, «Иегова» жыхуиІэ темэм, «Некоторые прекрасные качества Иеговы» жыхуиІэ Іыхьэм феплъ.

b ЗэІущІэхэм щыжаІэ тхьэлъэІухэр и нэхъыбэм деж кІэщІщ.

c Мусэ итхыжа тхылъхэм ущрихьэлІэ псалъэхэм хуэдэ Аннэ и тхьэлъэІум къыщигъэсэбэпащ. Ар щІэх-щІэхыурэ Тхыгъэ ЛъапІэм куууэ егупсысу щытауэ къыщІэкІынущ (Втор. 4:35; 8:18; 32:4, 39; 1 Сам. 2:2, 6, 7). Илъэс щэ бжыгъэ дэкІауэ, Хьисэ и анэ Мэрием Аннэ и тхьэлъэІум ещхь тхьэлъэІу жиІауэ щытащ (Лк. 1:46—55).

d Псалъэм папщІэ, Иона 2:3—9 итыр Псалом 69:1; 16:10; 30:3; 142:2, 3; 143:4, 5; 18:6; 3:8 итым евгъапщэ. Инус а Псаломхэм и гугъу зэрищІам хуэдэу зыкІэлъыкІуэу мыбдеж къыщыхьащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын