ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w24 Декабрь н. 26—29
  • Сэ зыгуэрым зыхуезгъэсэн зэи щызгъэтакъым

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Сэ зыгуэрым зыхуезгъэсэн зэи щызгъэтакъым
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Подзаголовокхэр
  • ДИ УНАГЪУЭМ ПЭЖЫР КЪЫЗЭРИЩІАР
  • ИЕГОВЭ И ДЕЖ КОНГРЕССХЭМ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ
  • ПИОНЕР ЛЭЖЬЫГЪЭМ ЩІЫЗОДЗЭ
  • ВЕФИЛЫМ СЫЩЫІЭУ АДЭКІИ ИЕГОВЭ И ДЕЖ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ
  • СИ ЩХЬЭГЪУСЭМ И ДЕЖ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
w24 Декабрь н. 26—29
Джоэл Адамс.

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Сэ зыгуэрым зыхуезгъэсэн зэи щызгъэтакъым

ЖЫЗЫІЭЖАР АДАМС ДЖОЭЛЩ

СЭ ИЕГОВЭ фІыщІэшхуэ хузощІ си гъащІэ псом къриубыдэу ар си «УщиякІуэшхуэу» зэрыщытам щхьэкІэ (Ис. 30:20). Иеговэ и лэжьакІуэхэр иригъэджэн щхьэкІэ Библиер, и ІэдакъэщІэкІ гъэщІэгъуэныщэхэр икІи и организацэр къегъэсэбэп. Абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэр къигъэсэбэпурэ Иеговэ къыддоІэпыкъу. Сэ илъэсищэ сынэблэгъа пэтми адэкІи Иеговэ и деж зыщызогъасэ. Абы теухуауэ иджыпсту сывдэгуэшэнщ.

Ди унагъуэр. 1948 гъэ

Сэ 1927 гъэм Чикаго (штат Иллино́йс, США) пэмыжыжьэу къалэ цІыкІу гуэрым сыкъыщалъхуащ. Дэ бынитху дыхъут: Дже́тэ, Дон, сэ, Карл, Джой. Дэ псори ди къарум къызэрихькІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну дыхуейт. Джетэ 1943 гъэм Галаад школым и 2 классым щеджащ. Дон, Карл, Джой сымэ Бруклин дэт Вефилым щылэжьэн щІадзащ. Дон абы 1944 гъэм ирагъэблэгъащ, Карл — 1947 гъэм, Джой — 1951 гъэм. Си адэ-анэмрэ, си къуэш, си шыпхъухэмрэ я щапхъэфІым сыхуигъэушт Иеговэ псэемыблэжу сыхуэлэжьэну.

ДИ УНАГЪУЭМ ПЭЖЫР КЪЫЗЭРИЩІАР

Си адэ-анэм ягу ирихьт Библием еджэну. Абыхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъут дэри ар къытхалъхьащ. Япэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ си адэр Европэм щыІа зауэм хэтати, члисэм и дин лэжьакІуэхэм дзыхь яхуимыщІыжу хъуащ. Ар псэууэ къызэрыкІуэжам щхьэкІэ си анэр апхуэдизкІэ гуфІати, жиІащ: «Карл, члисэм дыгъакІуэ, япэм дызэрыкІуэу щытам хуэдэу». Си адэм жиІащ: «Ухуеймэ усшэнщ, ауэ сыныщІыхьэнукъым». — «Сыт щхьэкІэ?» — еупщІащ си анэр. Папэ жиІащ: «Зауэм сыщыщыІэм сэ слъэгъуащ солдатхэм зы дин яІыгъ пэтми нэгъуэщІ къэралым щыІэ солдатхэр яукІын щхьэкІэ дин пашэхэр Алыхьым елъэІуу икІи Іэщэм тебжэу. Мыдрей къэралхэм я дин пашэхэми ар дыдэрат ящІэр. Алыхьым хэтыт зи лъэныкъуэ иІыгъыр?»

Зэгуэр, си анэр члисэм щыІэу, Иеговэ и Щыхьэту щыт къуэшитІ ди деж къэкІуащ. Абыхэм си адэм «Свет» жыхуаІэ ІыхьитІ хъу тхылъ къыхуагъэнат. А тхылъым Апокалипсис тхылъыр щызэпкърыхат икІи ар къагъэсэбэпу Библиер яджт. Си адэм а тхылъыр игу ирихьати къищтащ. Си анэр къыщыкІуэжам щыгъуэ а тхылъым занщІэу еджэн щІидзащ. ИужькІэ абы газетым къытрадзауэ илъэгъуащ «Свет» жыхуаІэ тхылъымкІэ Библиер зыджыну хуейхэр кърагъэблагъэу. Ар абы кІуэну мурад ищІащ. Газетым ита адресымкІэ си анэр щыкІуам щыгъуэ зи ныбжь хэкІуэта цІыхубз гуэрым бжэр къыІуихащ. Мамэ тхылъыр абы иригъэлъагъури, еупщІащ: «Мы тхылъыр щаджыр мыбдеж?» «НтІэ, дахэ, къыщІыхьэ», — жиІащ абы. ЕтІуанэ кІуэгъуэм мамэ сабийхэр псори дыздишащ. Апхуэдэу дэ тхьэмахуэ къэс а зэІущІэхэм дыкІуэу щІэддзащ.

Зы зэІущІэ гуэрым ар езыгъэкІуэкІ къуэшыр къызэлъэІуащ Псалом 144:15 сыкъеджэну. Абы щыжыІащ Иеговэ хуэлажьэ дэтхэнэ зыри насыпыфІэу зэрыщытыр. А едзыгъуэр сэ хуабжьу сигу ирихьащ. Абы нэмыщІ нэгъуэщІ едзыгъуитІ сигу ирихьащ: Иеговэ «Алыхь насыпыфІэщ» жиІэу зэрыт 1 Тимофей 1:11 (ДЩІ) едзыгъуэмрэ «Тхьэм... и лъэужьым фрикІуэ» жиІэу зэрыт Ефес 5:1 едзыгъуэмрэ. Сэ къызгурыІуащ дыкъэзыгъэщІа Алыхьым щхьэкІэ сыт сымыщІами гуфІэгъуэ сиІэу икІи фІыщІэ хуэсщІу сщІэн зэрыхуейр. Абы лъандэрэ апхуэдэу сызэрыпсэуным сыхущІокъу.

Нэхъ гъунэгъу дыдэу щыІэ зэхуэсыр километр 30 хуэдизкІэ тпэжыжьэт, здэщыІэри Чикаго къалэрат. Абы щхьэкІэ къэмынэу дэ блэдмыгъэкІыу зэІущІэхэм дыкІуэт, сэри Библиер нэхъыфІу къэсцІыхуурэ кІуэт. Зэгуэр Джетэ зэІущІэм жэуап щитым сегупсысащ: «Сэ сощІэр абы и жэуапыр. Сэри си Іэр къэсІэту жэуап схуэтынут». Абы и ужь зэІущІэхэм зыхуэзгъэхьэзыру, жэуапи стыуэ щІэздзащ. Ауэ псом нэхъапэращи си къуэш, си шыпхъухэм хуэдэу сэри Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуащ икІи 1941 гъэм псым зыщІэзгъэуащ.

ИЕГОВЭ И ДЕЖ КОНГРЕССХЭМ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ

Псом хуэмыдэу сэ сигу къинэжащ 1942 гъэм Кли́вленд (штат Ога́йо) щекІуэкІа конгрессыр. Абы и программэм едэІуэну къуэш, шыпхъу куэдым телефонкІэ зыкъыпащІащ. Ахэр США-м щыІэ 50 щІигъу къалэхэм щыщхэт. Конгрессым пэмыжыжьэу къуэшхэм палаткэхэр ягъэуващ, дэри ди унагъуэр абы дыщыпсэуащ. ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр екІуэкІти дунейр зэрызехьэт, Иеговэ и Щыхьэтхэми щІэх-щІэхыу зыгуэрхэр къатеуэт. Пщыхьэщхьэм сэ къэслъэгъуащ ягъэува палаткэхэм машинэхэр къызэрырагъэувэкІар. Машинэхэм я щІыбагъыр лагерым хуэгъэзауэ щытт. Ахэр зэгурыІуат машинэ къэс хъумакІуэу жэщ псом зыгуэр исыну. Зыгуэр къэхъу хъумэ абыхэм фарэхэр щІагъанэу, машинэм и сигналым тракъузэу щІадзэн хуейт. Апхуэдэу зыгуэр къыттеуэ хъумэ, ахэр фарым и нэхум тэмэму игъэплъэнутэкъым икІи зытеуа лъэныкъуэмкІэ къуэшхэр дэІэпыкъун щхьэкІэ псынщІэу нэсынут. Сэ сегупсысащ: «Иеговэ и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэми хуэхьэзыру щытщ». Абы къыхэкІкІэ сэ сымыгузавэу сыжейт. Ди насыпти зыри къэхъуакъым.

Илъэс бжыгъэ дэкІауэ а конгрессым согупсысыжри сигу къокІыж си анэм гузави шыни и гум зэримылъар. Абы нэгъэсауэ Иеговэрэ и организацэмрэ дзыхь хуищІт. Си анэм и щапхъэфІыр сытым дежи си гум илъщ.

Конгрессым ипэ къихуэу мамэ общэ пионер лэжьыгъэр къищтат. Абы къыхэкІкІэ ар полновременнэ лэжьыгъэм тегъэщІа псалъэ гъэхьэзыра жаІам фІыуэ едаІуащ. Дэ гъуэгу дытету дыкъыщыкІуэжым абы жиІащ: «Сэ адэкІи сыхуейт пионеру сылэжьэну икІи си дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ ди унэр къабзэу щытыным, ауэ псори схуздэхьыну си фІэщ хъукъым. Си закъуэ ар схузэфІэкІынукъым». Абы къыхэкІкІэ ар къыдэупщІащ зыгуркІэ дыдэІэпыкъуфынрэ дыдэмыІэпыкъуфынрэ. Дэ абы арэзы дытехъуащ икІи ди анэм къалэн къыдитащ зы пэш е пэшитІ пщэдджыжьышхэм ипэ къихуэу зэщІэткъуэну. Школым дыкІуа и ужь мамэ унэр псынщІэу зыпиплъыхьти, псори тэмэммэ, хъыбарыфІыр игъэІуну щІэкІт. Абы къалэн куэд и пщэм дэлът, ауэ гулъытэншэу зэи дыкъигъэнакъым. Дэ шэджэгъуашхэ икІи школ нэужьым унэм дыкъыщыкІуэжым деж сыт щыгъуи ар къытпэплъэу унэм щІэст. Иныкъуэм деж школ нэужьым ди анэм и гъусэу хъыбарыфІыр дгъэІуну дыкІуэт. Абы и фІыгъэкІэ пионер лэжьыгъэр зищІысыр дэ къыдгурыІуащ.

ПИОНЕР ЛЭЖЬЫГЪЭМ ЩІЫЗОДЗЭ

Сэ илъэс 16 сыщыхъум пионер лэжьыгъэр къэсщтащ. Абы щыгъуэ си адэр иджыри Иеговэ и Щыхьэттэкъым, ауэ хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ сиІэ ехъулІэныгъэхэр абы фІэгъэщІэгъуэнт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым сэ абы жесІащ дапхуэдиз къару езмыхьэлІами Библием езгъэджэн зэрызмыгъуэтар. Сэ тІэкІу зысІэжьэри си адэм сеупщІащ: «Уэ ухуейкъэ Библием уеджэну?» Ар егупсысри жиІащ: «Пэж дыдэу сыт щІэмыхъунур?» Арати, япэ дыдэу сэ Библием езгъэджар си адэращ. Ар си дежкІэ пщІэшхуэт!

Дэ «Истина освободит вас» жыхуиІэ тхылъымкІэ деджэт. Зэман дэкІри сэ къызгурыІуащ си адэм и фІыгъэкІэ Библиер зэрызджымрэ нэгъуэщІхэр зэрезгъаджэмрэ зэрезгъэфІакІуэр. Псалъэм папщІэ, зы пщыхьэщхьэ гуэрым абзацым дыкъеджа иужь абы жиІащ: «Сэ мы тхылъым итыр солъагъу, ауэ ар зэрыпэжыр дэнэ уэ щыпщІэр?» Сэ апхуэдэ упщІэм сыхуэхьэзыртэкъыми, жысІащ: «Иджыпсту сэ абы и жэуапыр сщІэкъым, ауэ къыкІэлъыкІуэ еджэгъуэм абы и жэуапыр уэстынщ». Си псалъэри сІыгъыжащ. Апхуэдэу абзацым хэта гупсысэхэм щыхьэт техъуэ едзыгъуэхэр къэзгъуэтащ. Абы иужь сэ Библиер куууэ сджыуэ икІи еджэгъуэ къэс фІыуэ зызгъэхьэзыру щІэздзащ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр сэри си адэми къыддэІэпыкъуащ Алыхьым нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну. Си адэм къищІэр и гъащІэм къыщигъэсэбэпт икІи 1952 гъэм псым зыщІигъэуащ.

ВЕФИЛЫМ СЫЩЫІЭУ АДЭКІИ ИЕГОВЭ И ДЕЖ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ

Илъэс 17 сыхъуу сэ щхьэхуэу псэун щІэздзащ. Джетэa миссионерт, Дон Вефилым щылажьэт. Абыхэм я лэжьыгъэр ягу ирихьт. Сэ а тІум я щапхъэм сыхуигъэушащ Вефилымрэ Галаад Школымрэ заявленэ стхыну. Апхуэдэу сэ Иеговэ и жэуапым сыпэплъэу щІэздзащ. Сыт хуэдэ жэуап-тІэ абы къызитар? 1946 гъэм Вефилым срагъэблэгъащ.

Вефилым сызэрыщылэжьа илъэсхэм къриубыдэу сэ куэдым сыхуэзыгъэса лэжьыгъэхэм сыхэтащ. Вефилым сызэрыщылажьэрэ илъэс 75 мэхъу. Сэ абы типографием, бухгалтерием икІи «отдел снабжения» жыхуаІэм сыщылэжьащ. Ауэ сэ псом нэхърэ нэхъ си гу ирихьыр Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІ программэхэращ: пщэдджыжьым екІуэкІ Іыхьэмрэ псалъэ гъэхьэзырахэмрэ.

Зэхуэсым и нэхъыжьхэр щрагъаджэ школым егъэджакІуэу сыщыІэщ

1947 гъэм Вефилым щылэжьэну си къуэш нэхъыщІэ Карл кърагъэблэгъащ. Сэ абы и деж куэдым зыщезгъэсащ. Абы Библиер куууэ иджт икІи ар егъаджакІуэфІт. Зэгуэр сэ псалъэ згъэхьэзырын хуейти Карл къыздэІэпыкъуну селъэІуащ. Сэ абы жесІащ материал куэд зэрызэхуэсхьэсар ауэ къыхэсхынур зэрызмыщІэр. Абы зы упщІэ къызитащ: «Джоэл, уи псалъэм сыт и темэр?» Сэ занщІэу къызгурыІуащ си темэм ехьэлІа гупсысэхэр къэзгъанэу адрейхэр Іусхын зэрыхуейр. А мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсыр сэ зэи сщыгъупщакъым.

Вефилым узэрыщылажьэм гуфІэгъуэ хэпхын щхьэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру ухэтын хуейщ. Абы Іэмал имыІэу Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэм ухуишэнущ. Зэгуэр Нью-Йорк, Бро́нкс районым пщыхьэщхьэу хъыбарыфІыр щыдгъэІут. «ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» журналхэр ипэкІэ тІызыха цІыхубзым и деж ди зы къуэшымрэ сэрэ дыІухьащ. Дэ жытІащ: «Библием ит фызыгъэгуфІэн хъыбаркІэ дывдэгуэшэну дыхуейщ». Абы жэуап къыдитыжащ: «Библием фытепсэлъыхьыну фыкъыщыкІуакІэ, фыкъыщІыхьэ». Алыхьым и Пащтыхьыгъуэмрэ дунеищІэмрэ теухуа едзыгъуэ зыбжанэ дыкъыхуеджэри, ахэр хузэпкърытхащ. Дэ а цІыхубзым жетІар шэч хэмылъу игу ирихьащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къыкІэлъыкІуэ тхьэмахуэм щытедгъэзэжам абы и закъуэтэкъым, атІэ и ныбжьэгъухэр и гъусэт. ИужькІэ а цІыхубзымрэ и щхьэгъусэмрэ Иеговэ и щыхьэт хъуащ.

СИ ЩХЬЭГЪУСЭМ И ДЕЖ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ

Сэ къэсшэну сыхуейт, ауэ илъэсипщІ хуэдиз дэкІауэщ щхьэгъусэ схуэхъунум сыщыхуэзар. Сыт сэ къыздэІэпыкъуар щхьэгъусэфІ къэзгъуэтыну? Сэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъазэт икІи мыпхуэдэу сегупсыст: «Дызэрыша иужь си гъащІэр дапхуэдэу си нэгу къызэрыщІэзгъэхьэр?»

Мэри си гъусэу районнэ лэжьыгъэм дыхэту

1953 гъэм Нью-Йорк дэт «Янки» стадионым щыІа конгрессым иужь Мэри Аньёл зи цІэ шыпхъур къэсцІыхуащ. Ар Джетэ и гъусэу Галаад Школым и 2 классым щеджат, миссионер лэжьыгъэми зэгъусэу хэтат. Мэри Кариб хытІыгухэм хъыбарыфІыр зэрыщигъэІуам икІи цІыхухэр Библием зэрыригъэджам теухуауэ и гур къигуфІыкІыу жиІэжт. Дэ нэхъыбэрэ дызэдэуэршэрыху Алыхьым и лэжьыгъэм теухуауэ диІэ мурадхэр зэрызэтехуэр къыдгурыІуэт. Ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэри хэхъуэурэ кІуэт. Апхуэдэурэ 1955 гъэм апрель мазэм дэ дызэрышащ. Сэ мызэ-мытІэу гу лъыстащ Мэри Иеговэ и тыгъэу зэрыщытыр. Ар куэдкІэ щапхъэ схуэхъуащ. Абы сыт хуэдэ къалэн кърамытами, и гум гуфІэгъуэ кърихыу ар игъэзащІэт. Ар псэемыблэжу Алыхьым и лэжьыгъэм хэтт, нэгъуэщІхэм дэІэпыкъут икІи и гъащІэм япэ увыпІэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм иритт (Мт. 6:33). Дэ илъэсищкІэ районнэ лэжьыгъэм дыхэта иужь 1958 гъэм тІури зэгъусэу Вефилым дыкърагъэблэгъащ.

Адамс Джоэлрэ Мэрирэ.

Сэ Мэри деж куэдым зыщезгъэсащ. Псалъэм папщІэ, дэ дызэрызэрышэу мурад тщІащ Библием щыщ едзыгъуэ 15 махуэ къэс зэгъусэу деджэну. Дэ тІум языр едзыгъуэ зыбжанэ деджэти дигу ирихьамкІэ дызыдэгуашэт икІи ар ди гъащІэм дапхуэдэу къыщыдгъэсэбэпыфынуми дегупсыст. Мэри Галаад Школым щыщыІам икІи миссионер лэжьыгъэм щыхэтам къищІа гупсысэхэмкІэ къыздэгуашэт. Псалъэ жысІэну щызгъэхьэзырым деж абы къызжиІэжахэр къыздэІэпыкъут. Мэри и фІыгъэкІэ шыпхъухэр зыхуэныкъуэр нэхъыфІу къызгурыІуэт икІи згъэгушхуэфырт (Прит. 25:11).

2013 гъэм фІыщэу слъагъу си щхьэгъусэ Мэри дунейм ехыжащ. Сэ абы Іейуэ сыхуозэш икІи дунеищІэм сыщыхуэзэжыну зэманым сыпоплъэ. Ауэ а зэманыр къэсыху сэ адэкІи Иеговэ и деж зыщызогъасэ икІи абы сыщогугъ (Прит. 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иеговэ дунеищІэм и лэжьакІуэхэм яхуигъэхьэзыра фІыгъуэхэм сызэрегупсысым си гум гуфІэгъуэрэ мамырыгъэрэ кърелъхьэ. ДунеищІэм дэ ди УщиякІуэшхуэмрэ абы и ІэдакъэщІэкІхэмрэ теухуауэ нэхъыбэж къыщытщІэнущ. Иеговэ сызыхуригъэджамрэ къэзмылэжьауэ къысхуищІа псомрэ щхьэкІэ фІыщІэ зырыхуэсщІыр псалъэкІэ пхужыІэнкъым.

a Сунал Джетэ и гъащІэм теухуауэ фыщеджэфынущ 2003 гъэм мартым и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 23—29 напэкІуэцІхэм.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын