50 СТАТЬЯР
135 УЭРЭДЫР Иеговэ укъыхуреджэ: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ»
Адэ-анэхэ, фи сабийм и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыну фыдэІэпыкъу
«Апхуэдэу фщІымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыІуэнущ — фІыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фІыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыІуэнущ» (РИМ 12:2).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Алыхьымрэ Библиемрэ теухуауэ адэ-анэхэр я бынхэм щепсалъэкІэ ар дапхуэдэу нэхъ гъэщІэгъуэн ящІыфынуми икІи сабийхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ сыт ящІэ хъунуми.
1, 2. Алыхьымрэ Библиемрэ теухуауэ сабийм упщІэ къыщиІэтым деж адэ-анэм сыт ящІэн хуейр?
БЫНЫР бгъэсэну зэрымытыншым куэдыр арэзы техъуэну къыщІэкІынщ. Адэ-анэхэ, фэ фи бынхэм фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтыну фадэІэпыкъун щхьэкІэ къаруушхуэ ивохьэлІэ (Втор. 6:6, 7). Абы щхьэкІэ фэ щытхъу фхуэфащэщ! Сабийхэр нэхъ балигъ хъуа иужь абыхэм фэ нэхъ упщІэ куухэр къыватынкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ зыгуэр пщІэ мыхъуну Библием щІыжиІэм теухуауэ.
2 Сабийм апхуэдэ упщІэ зэритым щхьэкІэ фымыгузавэ икІи абы фІэщхъуныгъэ хуримыкъу хуэдэу фемыгупсыс. Сабийр щыхэхъуэкІэ апхуэдэ упщІэхэр итын хуейщ и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІын щхьэкІэ (1 Кор. 13:11). Аращи, фыщІэшынэн щхьэусыгъуэ щыІэкъым. Сабийм упщІэ къыщывитым деж ар ІэмалыфІщ езыр куууэ гупсысэу евгъэсэну икІи Библием ит пэжым теухуауэ и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыну.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ адэ-анэр я сабийм дапхуэдэу дэІэпыкъу хъунуми: 1) фІэщхъуныгъэ быдэ зригъэгъуэтыну, 2) Алыхьым и хабзэ къабзэхэр фІыуэ илъэгъуну, 3) и фІэщхъуныгъэм къыщхьэщыжу зригъэсэну. Иджыри дэ къэтщІэнущ сабийм упщІэ зэритыр тэмэму щІыщытымрэ абы Библием ит темэхэм ифІэгъэщІэгъуэну тепсэлъыхьын щхьэкІэ адэ-анэм къагъэсэбэп хъуну бгъэдыхьэкІэмрэ.
ФИ САБИЙМ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ БЫДЭ ЗРИГЪЭГЪУЭТЫНУ ФЫДЭІЭПЫКЪУ
4. Сабийм сыт хуэдэ упщІэхэр иІэфыну икІи сыт щхьэкІэ?
4 Дэ къыдгуроІуэ адэ-анэм я фІэщхъуныгъэр сабийм иІэу къызэрамылъхур. Дэри ИеговэкІэ фІэщхъуныгъэ диІэу дыкъалъхуакъым, ди бынхэри аращ. Сабийм мыпхуэдэ упщІэхэр къиІэтынкІэ хъунущ: «Алыхьыр щыІэу дэнэ сэ щысщІэр? Библием итыр уи фІэщ пщІы хъуну?» Сабийм апхуэдэ упщІэхэр зэриІэр тэмэмщ. Езы Библием дыхуегъэуш ди акъылыр къэдгъэсэбэпу псори зэхэдгъэкІыну (Рим 12:1; 1 Фес. 5:21). НтІэ, сабийм и фІэщхъуныгъэр быдэ ищІыну адэ-анэр дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур?
5. Сабийм Библием дзыхь хуищІу хъун щхьэкІэ адэ-анэм сыт ящІэ хъунур? (Рим 12:2).
5 Фи сабийр евгъасэ и упщІэхэм я жэуапхэр къигъуэтыфу. (Къеджэ Рим 12:2.) Фи сабийм упщІэ гуэр къыщывитым деж а Іэмалыр зыІэщІэвмыгъэкІ. Абы и упщІэхэм и жэуапхэр къигъуэтыфын щхьэкІэ Библиер куууэ зэрыддж Іэмэпсымэхэр къигъэсэбэпу евгъасэ. Псалъэм папщІэ, дэ «Индекс публикаций Сторожевой башни», «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэхэр диІэщ. Сабийм къызэІуих хъунущ «Путеводитель» жыхуаІэм «Библие» темэр, «Вдохновлена Богом» зи цІэ псалъащхьэр. Абы къыщигъуэтыфынущ Библиер цІыхухэм ятха тхылъыфІ къудейуэ щымыту, «Тхьэм и псалъэу» зэрыщытым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр (1 Фес. 2:13). А Іуэхугъуэхэм щыщ зыр — пасэрей зэманым щыІа Нинуй къалэм Библием и гугъу зэрищІыжыращ. Япэм языныкъуэ щІэныгъэлІхэм жаІэт а къалэр зэи щымыІауэ. Ауэ 1850 гъэхэм абы и къутахуэхэр къагъуэтыжащ. Ар щыхьэт техъуащ Библием итыр пэжу зэрыщытым (Соф. 2:13—15). Бегъымбархэм ятхауэ къэхъун хуейуэ щыта псалъэ гуэрхэр Нинуй къалэм епхат. Абыхэм теухуауэ 2021 гъэм ноябрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «ФщІэуэ пІэрэ?» жыхуиІэ рубрикэм фи сабийр къыщеджэфынущ. Ди публикациехэм итыр энциклопедиехэмрэ дзыхь зыхуэпщІ хъун нэгъуэщІ тхыгъэхэмрэ итым сабийм иригъапщэу щытмэ, Библием дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур къыгурыІуэнущ.
6. Адэ-анэр сабийм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур Библием итыр зэрыпэжыр къилъэгъун щхьэкІэ? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтми феплъ.)
6 Библием итыр зэрыпэжыр фи сабийм къилъэгъун щхьэкІэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къэвгъэсэбэп. Адэ-анэхэ, Библиемрэ Алыхьымрэ теухуауэ фи сабийхэм фызэрепсэлъэн Іэмал къэвгъуэт. Псалъэм папщІэ, апхуэдэ Іэмал фиІэфынущ музейм, паркым е ди филиалхэм щыщ гуэрым щыІэ выставкэм фыкІуэу щытмэ. Музейм фыкІуамэ е абы интернеткІэ феплъмэ, фи сабийм хьэпшып е Іуэхугъуэ гуэрым гу лъевгъати, ар Библием итым зэрепхар къыгурывгъаІуэ. Апхуэдэу абы къилъагъунущ Библием итыр зэрыпэжыр. Фи сабийм «Моавитский камень» жыхуаІэм теухуауэ ищІэрэ? А мывэр илъэс 3 000 мэхъу икІи абы Алыхьым и цІэр тетхащ. Езы мывэр Париж дэт Лувр зи цІэ музейм щІэлъщ. Абы и копием ущеплъыфынущ Уорвик (США) щыІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я дунейпсо ІуэхузехьэпІэм, «Библия и Божье имя» жыхуиІэ выставкэм. А мывэм тетщ Моав цІыхухэм я пащтыхь Ме́шэ Израилым и лъабжьэм щІэкІын щхьэкІэ зэрызыкъиІэтар икІи ар Библием итым тохуэ (2 Цар. 3:4, 5). Фи сабийм Библием итыр пэж дыдэу къызэрыхъуар щилъагъукІэ и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ. (Евгъапщэ 2 Летопись 9:6.)
Музейхэм щІэлъ хьэпшыпхэм гу лърагъатэу адэ-анэхэр дапхуэдэу я бынхэм зэрыдэІэпыкъуфынур Библием нэхъыбэу дзыхь хуащІыну? (6 абзацым феплъ.)
7, 8. 1) Дыкъэзыухъуреихь дунейм узыщрихьэлІэ тхыпхъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтми феплъ.) 2) Сабийм сыт хуэдэ упщІэхэр къыдэІэпыкъуну Алыхьым теухуауэ иІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыну?
7 Дыкъэзыухъуреихь дунейр гъэщІэгъуэныщэу зэрыщытым сабийм гу лъевгъатэ. Паркым фыщиткІэ е хадэм фыщилэжьыхькІэ дыкъэзыухъуреихь дунейм узыщрихьэлІэ тхыпхъэ дахэхэм сабийм гу лъевгъатэ. Апхуэдэ тхыпхъэхэр щыщыІэкІэ ахэр зыгуэрым къызэригупсысар сабийм къыгурыІуэну фыдэІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, щІэныгъэлІхэм илъэс куэд хъуауэ «спиральные структуры» жыхуаІэхэм теухуауэ нэхъыбэ къызэращІэным йолэжь. Биофизик Нико́ла Фаме́ли жеІэ дыкъэзыухъуреихь дунейм апхуэдэ спираль зиІэхэм я спираль бжыгъэр убжмэ, ахэр хабзэ гуэрым зэрытетыр. А бжыгъэр «ряд Фибона́ччи»a жыхуаІэм щыщу щытынущ. Апхуэдэ зэхэлъыкІэм дэни ущрихьэлІэфынущ, псалъэм папщІэ, языныкъуэ галактикэхэм я теплъэм, наутилусым и раковинэм, къэкІыгъэхэм я тхьэмпэхэм, сэхураныщхьэмb.
8 Фи сабийм школым къыщищІэнущ дыкъэзыухъуреихь дунейм узыщрихьэлІэ куэдым я теплъэр хабзэ пыухыкІам зэрытетыр. Псалъэм папщІэ, зы уэс цІыкІум и закъуэу микроскопкІэ уеплъмэ, абы и зэхэлъыкІэр жыгым и къудамэхэм зэрызаубгъум ебгъэщхь хъунущ. Абы фракталкІэ йоджэ икІи апхуэдэ зэхэлъыкІэ зиІэр уэсым и закъуэкъым. А хабзэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ хэт къэзыгупсысар? Апхуэдэ упщІэ куухэм фи сабийр щегупсыскІэ псори Алыхьым къызэригъэщІар къыгурыІуэну къыщІэкІынщ (Евр. 3:4). Сабийр нэхъ къыдэкІуэтеймэ, мыпхуэдэу уеупщІ хъунущ: «Дауэ уеплърэ, Алыхьым дыкъигъэщІамэ, насыпыфІэу дыпсэун щхьэкІэ дызыхуэнукъуэри къыдитынукъэ?» ИужькІэ сабийм къыгурыбгъаІуэ хъунущ насыпыфІэ ухъуну къыбдэІэпыкъун чэнджэщыфІхэр Библием зэритыр.
NASA, ESA, and the Hubble Heritage (STScl/AURA)-ESA/Hubble Collaboration
Дыкъэзыухъуреихь дунейм узыщрихьэлІэ тхыпхъэ дахэхэр хэт къэзыгъэщІар? (7, 8 абзацхэм феплъ.)
ФИ САБИЙМ АЛЫХЬЫМ И ХАБЗЭ КЪАБЗЭХЭР ФІЫУЭ ИЛЪАГЪУНУ ФЫДЭІЭПЫКЪУ
9. Библием зыгуэр щІимыдэм теухуауэ сабийр щыщІэупщІэм деж абы и упщІэм сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэфынур?
9 Иныкъуэхэм деж Библием зыгуэр щІимыдэм теухуауэ уи сабийр щІэупщІэфынущ. Абы апхуэдэ упщІэ иІэ щІэхъуар къызэрыфщІэным иужь фит. Абы къикІыу пІэрэ Библием зыхуригъаджэм ар арэзы темыхъуэу? Хьэмэрэ абы и фІэщ хъумкІэ нэгъуэщІхэм зэрадэгуэшэну щІыкІэр къыгурымыІуэу ара? Дапхуэдэу щымытми, а упщІэхэм къагъэлъагъуэ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!»c жыхуиІэ тхылъыр уи сабийм и гъусэу бджымэ, сэбэп зэрыхуэхъунур.
10. Сабийм Иеговэ и ныбжьэгъуу къилъытэну дапхуэдэу узэрыдэІэпыкъуфынур?
10 Фи сабийм фыдэІэпыкъу Иеговэ и ныбжьэгъуу къилъытэну. Уи сабийм и гъусэу Библиер щыбджкІэ абы и гум илъыр къызэрыпщІэным хущІэкъу. АбыкІэ уэ къыбдэІэпыкъунущ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» тхылъым ит упщІэхэмрэ щапхъэхэмрэ (Прит. 20:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). Псалъэм папщІэ, 8 урокым Иеговэ ирегъэщхь сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъу икІи шынагъуэхэм игъуэу ущызыхъумэ ныбжьэгъум. 1 Иуан 5:3 зэпкърыфха иужь мыпхуэдэу сабийм уеупщІ хъунущ: «Иеговэ ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу щыщыткІэ абы и чэнджэщхэм дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?» А упщІэм и фІыгъэкІэ сабийм къыгурыІуэнущ Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъум къыхэкІкІэ унафэхэр къызэрыдитыр (Ис. 48:17, 18).
11. Сабийр Библием ит принципхэм тетыну гукъыдэж иІэн щхьэкІэ адэ-анэр дапхуэдэу абы зэрыдэІэпыкъуфынур? (Притчи 2:10, 11).
11 Библием ит принципхэм ди гъащІэр нэхъыфІ зэращІым фытепсэлъыхь. Фэ зэгъусэу Библием е махуэм хухаха едзыгъуэм фыщеджэкІэ Библием ит принципхэр фи унагъуэм сэбэп зэрыхуэхъум фытепсэлъыхь. Псалъэм папщІэ, уи сабийм илъагъуу пІэрэ пцІы умыупсыным икІи лэжьыгъэр фІыуэ плъагъуным фІыгъуэ къызэрыпэкІуэр? (Евр. 13:18). Абы нэмыщІ сабийм гу лъебгъатэ хъунущ Библием ит принципхэр къыщыбгъэсэбэпым деж нэхъ насыпыфІэ узэрыхъур, узыншагъэри нэхъ быдэу зэрыщытыр (Прит. 14:29, 30, Гъэс.). Библием ит принципхэм гъащІэр нэхъыфІ зэращІыр сабийм илъагъумэ, абыхэм тету псэуну гукъыдэж иІэнущ. (Къеджэ Притчи 2:10, 11, Гъэс.)
12. Стиврэ и щхьэгъусэмрэ дапхуэдэу я къуэм зэрыдэІэпыкъур, Библием ит принципхэр сэбэп зэрыхъур къилъагъун щхьэкІэ?
12 Францием щыпсэу Стиврэ и щхьэгъусэмрэ илъэс 16 хъууэ И́тан зи цІэ къуэ яІэщ. Иеговэ и хабзэхэм лъагъуныгъэр лъабжьэ зэрыхуэхъур Итан къыгурыІуэн щхьэкІэ абыхэм мыпхуэдэ упщІэхэр къагъэсэбэп: «Мы хабзэм дытетыну Иеговэ щІыхуейр сыт? Иеговэ уэ фІыуэ узэрилъагъур мы хабзэм дапхуэдэу къызэрыхэщыр? Иеговэ и чэнджэщым утемытмэ, сыт къэхъунур?». Адэ-анэр апхуэдэу Итан зэрепсалъэм и фІыгъэкІэ абы къыгурыІуащ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Иеговэ дзыхь зэрыхуэпщІ хъунур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ чэнджэщ Іей абы зэи къыутынукъым. Стив пещэ: «Дэ ди мурадыр — Библием ит Іущагъыр цІыхухэм я Іущагъым куэдкІэ къызэрыщхьэщыкІыр Итан ІупщІу едгъэлъэгъуныращ».
13. Адэ-анэхэм я сабийхэр дапхуэдэу ягъэсэфыну Библием ит принципхэр къагъэсэбэпыну? Щапхъэ къэфхь.
13 Библием ит принципхэр къигъэсэбэпыфу сабийр евгъасэ. Псалъэм папщІэ, фи сабийм школым унэ лэжьыгъэу къратащ зы тхылъ гуэрым еджэну. А тхылъым зи гугъу ищІ цІыхухэр гущІэгъуншэу икІи зинэ щІакІуэу щытми, тхылъыр зытхам абыхэм ящІэр тэмэм хуэдэу къегъэлъагъуэ. А тхылъым итхэм ящІэм хуэдэ Іуэхугъуэ гуэр цІыхум щищІэм деж, Иеговэ сыт зыхищІэми егупсысыну фи сабийр хуэвгъэуш (Прит. 22:24, 25, Гъэс.; 1 Кор. 15:33; Флп. 4:8). Абы щыгъуэ егъэджакІуэмрэ къыдеджэхэмрэ а тхылъым теухуауэ фи сабийм къеупщІа иужь и фІэщхъуныгъэмрэ Иеговэ едэІуэну мурад щІищІамрэ теухуауэ къагуригъэІуэфынущ.
И ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ КЪЫЩХЬЭЩЫЖЫФУ ФИ САБИЙР ЕВГЪАСЭ
14. Ди ныбжьыщІэхэр сыт хуэдэ темэхэм тепсэлъыхьыну укІытэнкІэ хъуну икІи сыт щхьэкІэ?
14 Иныкъуэхэм деж ди ныбжьыщІэхэр я фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэгъуэщІхэм жраІэну мэшынэ. Псалъэм папщІэ, урокым эволюцием теухуа темэр щызэпкърахым деж ар я фІэщ зэрымыхъур псоми я пащхьэ щыжаІэну ахэр укІытэнкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ? ЕгъэджакІуэ куэдым гъащІэр эволюцием и фІыгъэкІэ къэхъуауэ хурагъаджэ. Адэ-анэхэ, дапхуэдэу фи сабийм фызэрыдэІэпыкъуфынур Библием итыр зэрыпэжым шэч къытримыхьэну?
15. НыбжьыщІэм сыт къыдэІэпыкъунур и еплъыкІэр зэрыпэжым шэч къытримыхьэну?
15 И еплъыкІэр зэрыпэжым шэч къытримыхьэну фи сабийм фыдэІэпыкъу. ГъащІэр къызэрыунэхуам теухуа пэжыр зэрищІэм щхьэкІэ фи сабийр укІытэн хуейкъым (2 Тим. 1:8). Уеблэмэ, щІэныгъэлІ куэдым я фІэщ хъуркъым гъащІэр езыр-езыру къэунэхуауэ. Абыхэм ялъагъу къэкІыгъэхэри псэ зыІут псори егъэлеяуэ гугъуу зэрызэхэлъыр икІи къагуроІуэ езыр-езыру ахэр къэунэхуну зы Іэмали зэрыщымыІэр. Аращ эволюцием теухуауэ школым зыхурагъаджэр абыхэм я фІэщ щІэмыхъур. НтІэ, сыт фи сабийм къыдэІэпыкъунур и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІу, лІыгъэ игъэлъэгъуэну? Псалъэм папщІэ, Алыхьым псори къызэригъэщІар нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэм я фІэщ щІэхъум теухуауэ абы къищІэ хъунущd.
16. Алыхьыр и фІэщ щІэхъур нэгъуэщІхэм къагуригъэІуэфу адэ-анэм сабийр дапхуэдэу зэрагъэсэфынур? (1 Петр 3:15). (Сурэтми феплъ.)
16 Псори Алыхьым къызэригъэщІар и фІэщ щІэхъур нэгъуэщІхэм къагуригъэІуэфу фи сабийр евгъасэ. (Къеджэ 1 Петр 3:15, ДЩІ.) Сабийм и гъусэу «Вопросы молодёжи. Сотворение или эволюция?» жыхуиІэ статьяхэр зэпкърыфх. (Ахэр jw.org сайтым къыщывгъуэтыфынущ.) Абы иужь фи сабийм Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт нэхъ техъуэу къилъытэ Іуэхугъуэ гуэр къыхырырехи, ар къигъэсэбэпу Алыхьыр и фІэщ щІэхъур къывгуригъэІуэну фелъэІу. Апхуэдэ щІыкІэкІэ сабийр хуэхьэзыру щытынущ къыдеджэхэм епсэлъэну. Зыми едэуэн зэрыхуэмейр абы игу къэвгъэкІыж. Зыгуэрым Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къищІэну гукъыдэж иІэ хъумэ, сабийм жиІэм акъыл хэлъу икІи ар къыбгурыІуэну тыншу щытын хуейщ. Псалъэм папщІэ, сабийм къыдеджэм мыпхуэдэу жиІэфынущ: «Сэ слъагъуращ си фІэщ хъур, ауэ Алыхьыр зэи слъэгъуакъым». Ди къуэш е ди шыпхъу ныбжьыщІэм мыпхуэдэу жэуап итыфынущ: «Уи нэгу къыщІэгъэхьэт цІыхухэр щыпсэум пэжыжьэу мэзым ущІэту уэ мывэкІэ къэщІыхьа псыкъуий урихьэлІауэ. Гъунэгъуу цІыху зыри щымыІэми, гурыІуэгъуэщ ар зыгуэрым зэрищІар. Ар дыдэр щІылъэми, абы тет псоми теухуауэ жыпІэ хъунущ. А псор зыгуэрым къигъэщІауэ щытын хуейщ!»
Школым къыбдеджэхэм уи фІэщ хъум теухуауэ уащыдэгуашэкІэ жыпІэм акъыл хэлъу икІи ар къыбгурыІуэну тыншу зэрыщытыным хущІэкъу (16, 17 абзацхэм феплъ.)e
17. Адэ-анэм сабийр дапхуэдэу зэрагъэсэфынур Библием теухуауэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэфу? Щапхъэ къэфхь.
17 Библием теухуауэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэфу фи сабийр евгъасэ (Рим 10:10). Библием теухуауэ нэгъуэщІхэм удэгуэшэныр макъамэ къызэрыкІ Іэмэпсымэм уеуэу зэрызебгъасэм хуэдэщ. ЯпэщІыкІэ макъамэ нэхъ тыншхэр, иужькІэ нэхъ гугъухэр къидгъэкІыу зыдогъасэ. НыбжьыщІэм и фІэщ хъум теухуауэ нэгъуэщІхэм дэгуашэу щыщІидзэм деж абы бгъэдыхьэкІэ нэхъ тынш къигъэсэбэп хъунущ. Псалъэм папщІэ, ар къыдеджэм мыпхуэдэу еупщІыфынущ: «Инженерхэм къагупсыса куэдыр дунейм узыщрихьэлІэхэм тращІыкІауэ зэрыщытыр пщІэрэ? Ухуеймэ, абы теухуауэ видео уезгъэплъынщ». «Случайность или замысел?» жыхуиІэ рубрикэм щыщ видео иригъэплъа иужь мыпхуэдэу жиІэ хъунущ: «Дунейм узыщрихьэлІэхэм тращІыкІа гуэрхэм щхьэкІэ цІыхухэм щІэныгъэлІхэм пщІэ лей щыхуащІкІэ, псори къэзыгъэщІам пщІэ хуэпщІыну хуэфащэкъэ?» Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэм фи сабийм къыдеджэр хуигъэушыфынущ Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къищІэну.
ФИ САБИЙМ И ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР НЭХЪ БЫДЭ ИЩІЫНУ АДЭКІИ ФЫДЭІЭПЫКЪУ
18. Сабийм и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыну адэ-анэр дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур?
18 Мы дунейм щыпсэу цІыхухэм и нэхъыбэм Иеговэ я фІэщ хъуркъым (2 Пет. 3:3). Аращи, адэ-анэхэ, фи быным и гъусэу Библиер щывджым деж абы Алыхьымрэ и хабзэхэмрэ нэхъыфІу илъагъуну къыдэІэпыкъун темэхэр нэхъ куууэ зэпкърихыну хуэвгъэуш. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэр псори дахащэу зэрыщытым гу лъевгъатэ. Библием ит гъэзэщІа хъуа пророчествэ гъэщІэгъуэнхэм теухуауэ къищІэну фыдэІэпыкъу. Ауэ, псом нэхъапэращи, сабийм и гъусэу икІи абы щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Адэ-анэхэ, шэч къытевмыхьэ: фи сабийм и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІын щхьэкІэ фщІэуэ хъуар Иеговэ лъапІэу елъытэ икІи Іэмал имыІэу и нэфІ къыфщыхуэнущ (2 Лет. 15:7).
133 УЭРЭДЫР Иеговэ хуэлажьэ щІалэгъуалэр
a jw.org сайтым «Чудеса творения прославляют Бога. Узоры» жыхуиІэ видеом нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.
b «Ряд Фибона́ччи» жыхуаІэм дэтхэнэ зы бжыгъэм ипэ ит бжыгъитІыр зыхэплъхьэмэ, езы бжыгъэр къыщІокІыж: 1, 1, 2, 3, 5, 8, 13, 21, 34, 55, адэкІэ апхуэдэу зэхэплъхьэурэ макІуэ.
c Фи сабийм и гъусэу«ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыр джын фыухамэ, а тхылъым и 3, 4 разделхэм ит къабзагъэм тепсэлъыхь урокхэр къэфпщытэж хъунущ.
d 2006 гъэм сентябрым къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Почему мы верим в Творца» жыхуиІэ статьямрэ «У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа» жыхуиІэ брошюрэмрэ феплъ. jw.org сайтым илъ «Взгляд на происхождение жизни» жыхуаІэ рубрикэм щыщ видеохэм уеплъмэ, нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэм Алыхьыр я фІэщ щІэхъуам теухуауэ жаІэжыр къыщыпщІэфынущ.
e СУРЭТЫМ ИТЫР. Ди къуэш ныбжьыщІэм дронхэр зыфІэгъэщІэгъуэн къыдеджэ щІалэ цІыкІум «Случайность или замысел?» жыхуаІэ рубрикэм щыщ видео ирегъэлъагъу.