38 СТАТЬЯР
Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу фыщыт
«Дзыхь зыхуэпщІ хъуну цІыхум щэхур ехъумэ» (ПРИТ. 11:13).
101-НЭ УЭРЭДЫР Зэкъуэту дызэдолажьэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дзыхь зыхуэпщІ хъуну цІыхур дапхуэдэу зэрыщытыр?
ДЗЫХЬ зыхуэпщІ хъуну цІыхум ита псалъэр игъэзэщІэну хущІокъу икІи сыт щыгъуи пэжыр жеІэ (Пс. 15:4). Апхуэдэ цІыхум ущыгугъ хъунущ. ДауикІ, дэ дыхуейщ къуэш, шыпхъухэм дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу дыкъалъытэну. Дауэ-тІэ ар зэрытщІ хъунур?
2. Узыщыгугъ хъун цІыхуу дыщытын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?
2 ЗалымыгъэкІэ дзыхь зыхуригъэщІыну зэи зыми хузэфІэкІакъым. Ар къэлэжьын хуейщ. Зыгуэрым зэрыжиІащи, дзыхь къыпхуащІыныр ахъшэм хуэдэщ: зы лъэныкъуэкІэ ар къэлэжьыгъуейщ, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ — псынщІэу пфІокІуэд. Иеговэ, зыми хуэмыдэу, дзыхь хуэтщІыну хуэфащэщ. Ди Алыхьым дыщІыщымыгугъын зы щхьэусыгъуи диІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «абы сыт имыщІэми, дзыхь хуэпщІ хъунущ» (Пс. 33:4). ИкІи ар къытщогугъ абы щапхъэ тетхыну (Еф. 5:1). Иеговэ щапхъэ тезыхахэр икІи узыщыгугъ хъун цІыхуу щытахэр адэкІэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы нэмыщІ дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу дыщытын щхьэкІэ, къыддэІэпыкъуну хьэл-щэнитхум и гугъу тщІынщ.
ДЗЫХЬ ЗЫХУЭПЩІ ХЪУН ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭМ Я ДЕЖ ЗЫЩЫДОГЪАСЭ
3, 4. Данил бегъымбарым дапхуэдэу къигъэлъэгъуа ар дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу зэрыщытыр икІи сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну?
3 Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу узэрыщытын хуейм теухуауэ Данил бегъымбарым щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Ар Бабилэн гъэрыпІэм яша цІыхухэм яхэтащ. Абдежым ар узыщыгугъ хъун цІыхуу зэрыщытыр псоми псынщІэу къащІащ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и фІыгъэкІэ пащтыхь Навуходоно́сор и пщІыхьэпІэхэр къыщыгуригъэІуам щыгъуэ, Данил нэхъыбэжу дзыхь хуащІу хъуащ. Зэгуэр абы Иеговэ пащтыхьым зэрыхуэмыарэзыр жриІэн хуей хъуащ. Шэч хэмылъу, аратэкъым Навуходоносор зэхихыну зыхуеяр. А къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ, Данил лІыгъэшхуэ игъэлъэгъуэн хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ пащтыхьыр цІыху щхьэпщтыру щытт (Дан. 2:12; 4:20—22, 25). Илъэс куэд дэкІауэ Данил узыщыгугъ хъун цІыхуу зэрыщытыр иджыри зэ къигъэлъэгъуащ. Абы Бабилэн къалэм дэт пащтыхьым и унэшхуэм и блыным къыщыхута псалъэхэм къикІыр Валтаса́р къыгуригъэІуащ (Дан. 5:5, 25—29). ИужькІэ пащтыхь Да́рийрэ абы и Іэтащхьэхэмрэ гу лъатащ, «хьэл-щэныфІ дыдэ зэрыхэлъымкІэ, Данил хуабжьу [адрейхэм] ефІэкІыу» зэрыщытар. Ахэр арэзы техъуэт «Данил захуагъэ хэлъу псори зэрищІэр» икІи «щыуагъи пцІыи ІэщІэкІыу» зэрыщымытар (Дан. 6:3, 4, Данил бегъымбар, 2018). Зэрытлъагъущи, тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ пащтыхьхэм нэгъуни гу лъатэт Иеговэ и лэжьакІуэ Данил дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу зэрыщытыр.
4 Данил бегъымбарым и щапхъэр ди гум илъу, мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Иеговэ хуэмылажьэхэм дапхуэдэу сэ сыкъызэрацІыхур? Къысхуагъэфэща къалэнхэр дапхуэдэу зэрызгъэзащІэр? Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу сыкъалъытэрэ?» Мы упщІэхэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ узыщыгугъ хъун цІыхуу дызэрыщытымкІэ дэ Иеговэ и цІэр догъэлъапІэ.
Мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ, узыщыгугъ хъун цІыхухэр Неемие къыхихащ (5-нэ абзацым феплъ.)
5. Ханание узыщыгугъ хъун цІыхуу къыщІалъытэу щытар сыт?
5 Ди эрэм ипэ 455-нэ гъэм пащтыхь Неемие Ерусалим и блынхэр зэтригъэувэжащ. ИужькІэ абы узыщыгугъ хъун цІыхухэр къилъыхъуэу щІидзащ, къалэр зыхуей хуагъэзэну я пщэм дилъхьэн щхьэкІэ. Къалэм и быдапІэм и нэхъыщхьэ Хана́ние абыхэм ящыщ зыуэ щытащ. Библиер абы мыпхуэдэу топсэлъыхь: «Ар дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу щытт икІи куэдым нэхърэ нэхъыбэу Алыхь пэжым щышынэт» (Неем. 7:2). А цІыхухъум и гум къыбгъэдэкІыу сыт хуэдэ къалэнри игъэзащІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Иеговэ фІыуэ илъагъут икІи и жагъуэ ищІыну хуейтэкъым. А хьэл-щэн дыдэхэр дэри къыддэІэпыкъунущ, дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу Иеговэ дыкъилъытэн щхьэкІэ.
6. Тихик узыщыгугъ хъун ныбжьэгъуу апостол Паул зэрыхущытар дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
6 Апостол Паул пэжу къыдэлэжьа ди къуэш Ти́хик дигу къэдгъэкІыжынщ. Паул и унэм къыщІэкІыну хуимыту Рим къалэм щыщыІам щыгъуэ, Тихик щІэгъэкъуэн къызэрыхуэхъуным шэч къытрихьэтэкъым икІи «Зиусхьэным и ІуэхухэмкІэ дэІэпыкъуэгъу пэжу» абы еджащ (Еф. 6:21, 22). Ефес, Колоссэ къалэхэм дэс къуэш, шыпхъухэм письмохэр хуригъэхьыным нэмыщІ, ахэр игъэгушхуэну икІи гупсэхугъуэ яритыну Паул абы хуигъэфэщащ. Ди зэманми узыщыгугъ хъун, пэжагъ зыгъэлъагъуэ къуэш куэд диІэщ. Абыхэм, Тихик хуэдэу, я нэІэ къыттрагъэтщ, ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ (Кол. 4:7—9).
7. Узыщыгугъ хъун цІыхуу ущытын щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ я щапхъэм сытым ухуигъэсэфыну?
7 Узыщыгугъ хъун зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ дызэриІэр дэ лъапІэу долъытэ. Данил, Ханание, Тихик хуэдэу, абыхэм я къалэнхэр я гум къыбгъэдэкІыу ягъэзащІэ. Псалъэм папщІэ, тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм дыкъыщыкІуэм деж, дэ шэч къытетхьэкъым программэм и Іыхьэхэм щыщ зыри зэрыбламыгъэхунур. Зэхуэсым и нэхъыжьхэми лъапІэу ялъытэ къуэш, шыпхъухэм ирата заданиехэр фІыуэ зэрагъэхьэзырыр икІи екІурэ ещхьу а зэІущІэм къызэрыдбгъэдалъхьэр. Дэ дымыгузавэу Библием едгъаджэр псалъэ гъэхьэзырам едэІуэну къыдогъэблагъэ икІи псалъэр жызыІэнур щыІэнрэ щымыІэнрэ дегупсыскъым. Абы нэмыщІ цІыхухэм яхуэдгуэшын публикациехэр дызэриІэным дэ зэи шэч къытетхьэкъым. Дзыхь зыхуэпщІ хъун а къуэшхэм я нэІэ къызэрыттрагъэтыр дэ хуабжьу дигу ирохь икІи абыхэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ! Ауэ дэр щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Узыщыгугъ хъун цІыхуу дызэрыщытыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
«ДЗЫХЬ ЗЫХУЭПЩІ ХЪУНУ ЦІЫХУМ ЩЭХУР ЕХЪУМЭ»
8. НэгъуэщІхэм дащыщІэупщІэм деж, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? (Притчи 11:13).
8 Дэ къуэш, шыпхъухэр фІыуэ долъагъу икІи щІэх-щІэхыурэ абыхэм дащІоупщІэ. Ауэ ди мыІуэху зетхуэну дэ дыхуейкъым. Япэ лІэщІыгъуэм Алыхьым и лэжьакІуэ гуэрхэр «Іуэрвэрхэу, я Іуэху зыхэмылъым я Іуэху халъхьэу, жамыІэпхъэр яІуатэу» щытащ (1 Тим. 5:13). Шэч хэмылъу, апхуэдэу дыкъацІыхуну дэ дыхуейкъым. НтІэ, зыгуэрым и щэхумкІэ къыддэгуашэу, абы теухуауэ зыми жедмыІэну къыдэлъэІумэ-щэ? Псалъэм папщІэ, узыншагъэм е нэгъуэщІ гуэрым епха гугъуехьымкІэ шыпхъур къыддогуашэ икІи а псалъэмакъыр ди зэхуаку къыдэнэну къыдолъэІу. ДауикІ, къызэрыдэлъэІуар а шыпхъум хуэтщІэн хуейщb. (Къеджэ Притчи 11:13.) Иджы нэгъуэщІхэм я щэхухэр тхъумэн щыхуей Іуэхугъуэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
9. Унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу зэрыщытыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуэфынур?
9 Унагъуэм щыщхэм дзыхь къыпхуащІын щхьэкІэ, къару ехьэлІэ. Дэтхэнэ зы унагъуэми нэгъуэщІхэм яжомыІэпхъэ Іуэхугъуэ гуэр илъыфынущ. Псалъэм папщІэ, и щхьэгъусэр зыгъэдыхьэшх хьэл гуэр ди шыпхъум иІэу жытІэнщ. Къуэшыр абыкІэ нэгъуэщІхэм ядэгуэшэну пІэрэ? И щхьэгъусэр имыгъэукІытэн щхьэкІэ, абы апхуэдэу ищІынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар фІыуэ елъагъу икІи и жагъуэ ищІыну хуейкъым (Еф. 5:33). НыбжьыщІэхэм я дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ абыхэм я пщІэр ирамыудыхыу адрейхэр къахущытыным. Ар къызыгурыІуэ адэ-анэм щытхъу хуэфащэщ. Абыхэм я быныр зэи ягъэпудынукъым, и щыуагъэхэм теухуауэ нэгъуэщІхэм жраІэу (Кол. 3:21). Езы сабийми унагъуэм къыщекІуэкІ Іуэхугъуэхэм теухуауэ сыт узытепсэлъыхь хъунуми, сыт мыхъунуми фІыуэ къыгурыІуэн хуейщ. Шэч хэмылъу, дызэмыгупсыса псалъэхэмкІэ ди унагъуэм щыщхэр укІытэгъуэ идгъэхуэну дыхуейкъым (Втор. 5:16). Унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми нэгъуэщІхэм ящІэн хуэмейр щихъумэм деж, ар нэхъ зэкъуэт мэхъу.
10. Ныбжьэгъу пэжыр дапхуэдэу зэрыщытыр? (Притчи 17:17).
10 Уи ныбжьэгъухэм дзыхь къыпхуащІын щхьэкІэ, къару ехьэлІэ. Иныкъуэхэм деж дэ дызыгъэгузавэ гурыщІэхэмкІэ ди ныбжьэгъум дыдэгуэшэну дыхуэныкъуэщ. Ауэ ар пщІэну щымытынш къохъу. Куэдым я дежкІэ гугъущ я гум илъымкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну. НтІэ, ди ныбжьэгъум хуэтІуэта ди щэхур нэгъуэщІым жриІэжауэ къатщІэмэ-щэ? Ар ди гум хуабжьу еуэфынущ. Аращ зи бзэм хуэсакъ цІыхухэр дэ лъапІэу щІэтлъытэр! Апхуэдэ цІыхухэм «ныбжьэгъу пэжкІэ» уеджэ хъунущ. (Къеджэ Притчи 17:17).
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дзыхь къыхуащІа щэхухэмкІэ я унагъуэм щыщхэм дэгуашэкъым (11-нэ абзацым феплъ.)c
11. 1) Зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ дзыхь яхуэтщІ щІэхъунур сыт? 2) НэгъуэщІхэм я щэхухэмкІэ зи унагъуэм дэмыгуашэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтым феплъ.)
11 Зэхуэсым щыщхэм дзыхь къыпхуащІын щхьэкІэ, къару ехьэлІэ. НэгъуэщІхэм я щэхухэр зыхъумэф зэхуэсым и нэхъыжьхэр «жьапщэм ущызыхъумэ егъэзыпІэм, уэлбанэм укъезыгъэл хъумапІэм» ебгъэщхь хъунущ (Ис. 32:2). А къуэшхэм хуиту сыт щыгъуи депсалъэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ яжетІар абыхэм зэрыфІэмыкІынур. Дэри ди лъэныкъуэкІэ къыдгуроІуэ я щэхухэмкІэ къыддэгуэшэну адрейхэм теткъузэн зэрыхуэмейр. А къуэшхэм я щхьэгъусэхэм фІыщІэшхуэ худощІ, ялІхэм дзыхь хуащІа щэхухэр къащІэну зэрыхэмытым щхьэкІэ. Абы нэмыщІ дэ лъапІэу долъытэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къыжраІэмкІэ я щхьэгъусэхэм зэрыдэмыгуашэр. ПщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшым и щхьэгъусэр къыддогуашэ: «Сэ си лІым фІыщІэшхуэ хузощІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхуэсым щыщ гуэр игъэгушхуэну щыхуэзэм деж, зытепсэлъыхьам теухуауэ зыри къызжиІэкъым. Уеблэмэ, зэпсэлъам и цІэри къриІуэкъым. Сэ икъукІэ согуфІэ си щхьэгъусэр а хьэлъэмкІэ къызэрыздэмыгуашэр. Абы и фІыгъэкІэ зэхуэсым щыщхэм псоми хуиту сопсэлъэф. Абы нэмыщІ, си гурыщІэхэмрэ сызыгъэгузавэ гупсысэхэмрэ си щхьэгъусэм щыжесІэм деж, абы теухуауэ зыми зыри къызэримыщІэным сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым». ДауикІ, дэ псори дыхуейщ дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу дыкъалъытэну. АбыкІэ къыддэІэпыкъуну хьэл-щэнитхум адэкІэ дытепсэлъыхьынщ.
ДЗЫХЬ ЗЫХУЭПЩІ ХЪУН ЦІЫХУУ ДЫЩЫТЫН ЩХЬЭКІЭ, КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР
12. Лъагъуныгъэр дзыхь щІыным лъабжьэ хуэхъуу жыпІэ щІэхъунур сыт?
12 Зыр зым дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ, лъагъуныгъэ тхэлъын хуейщ. Хьисэ Мэссихь унафэ нэхъ ин дыдэхэм щытепсэлъыхьым мыпхуэдэу жиІащ: «Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу... уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Мт. 22:37—39). Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм узыщыгугъ хъун цІыхуу дыщытыну дыхуегъэуш. Къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІкІэ абыхэм я щэхухэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуашэкъым. Шэч хэмылъу, дэ дыхуейкъым жытІэмкІэ зыгуэр дгъэукІытэну, и жагъуэ тщІыну е и гум деуэну (Ин. 15:12).
13. Узыщыгугъ хъун цІыхуу дыщытын щхьэкІэ, дапхуэдэу Іэдэбагъыр къызэрыддэІэпыкъур?
13 Узыщыгугъ хъун цІыхуу дыщытыну дэ иджыри Іэдэбагъыр къыддоІэпыкъу. Іэдэбагъ зыхэлъ Алыхьым и лэжьакІуэр, нэгъуэщІхэм зыгуэру закъыщигъэхъун щхьэкІэ, къищІа хъыбархэр иІуэтэну пІащІэркъым (Флп. 2:3). Апхуэдэ цІыхум нэгъуэщІхэм яжриІэну зыхуимыт гуэр зэрищІэр къыхигъэщу зигъэлъэгэну иужь иткъым. Абы нэмыщІ, Іэдэбагъыр тхэлъу щытмэ, Библием е абы тегъэщІа публикациехэм имытым теухуауэ ди еплъыкІэхэр дгъэбэгъуэнукъым.
14. Узыщыгугъ хъун цІыхуу дыщытын щхьэкІэ, дапхуэдэу зэхэщІыкІыр къызэрыддэІэпыкъур?
14 ЗэхэщІыкІ зиІэ Алыхьым и лэжьакІуэм «зыри щыжумыІэн зэманымрэ ущыпсэлъэн зэманымрэ» зэхегъэкІыф (Эккл. 3:7). Лъэпкъ куэдым мыпхуэдэ псалъэжь яІэщ: «Зыгуэр жыпІэныр — дыжьынщ, зыри жомыІэныр — дыщэщ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, иныкъуэхэм деж зыри жомыІэныр ІэджэкІэ нэхъыфІщ зыгуэр жыпІэным нэхърэ. ГъэщІэгъуэнкъым, Притчи 11:12 мыпхуэдэу зэритыр: «ЗэхэщІыкІ зиІэр хуосакъыр и бзэ» (Гъэсэпэтхыдэхэр). Зы щапхъэ къэтхьынщ. Куэд щІауэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди зы къуэшыр нэгъуэщІ зэхуэсхэм щыщ къуэшхэм щІэх-щІэхыурэ ядоІэпыкъу. Абы и зэхуэсым щыщ нэгъуэщІ къуэшым мыпхуэдэу жеІэ: «Адрей зэхуэсхэм я ІуэхухэмкІэ ар зэи къыддэгуашэкъым». А къуэшым зэхэщІыкІ зэригъэлъагъуэм къыхэкІкІэ абы къыдэлажьэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ къыхуащІ. Абыхэм шэч лъэпкъ къытрахьэкъым зытепсэлъыхь Іуэхугъуэхэр а къуэшым щэхуу зэрихъумэным.
15. Дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу дыкъалъытэн щхьэкІэ, пэжыр жытІэн щІыхуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.
15 ЦІыхухэм дзыхь зыхуащІыфын щхьэкІэ, сыт щыгъуи пэжыр жаІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ПцІы зымыупс цІыхум дзыхь хуэпщІыну куэдкІэ нэхъ тыншщ (Еф. 4:25; Евр. 13:18). Мыпхуэдэ Іуэхугъуэр уи нэгу къыщІэгъэхьэт. ЗэІущІэм задание гуэр щыбгъэзэщІэну къыуатауэ жытІэнщ. Уи зэфІэкІхэр ебгъэфІэкІуэн щхьэкІэ, а заданиер зэрыбгъэзащІэм едэІуэну икІи иужькІэ чэнджэщ къыуитыну зыгуэрым уелъэІуну ухэтщ. Хэт уэ абы щыгъуэ зызыхуэбгъэзэнур? Уэ зэхэпхыну узыхуейр къыбжезыІэныра, хьэмэрэ щабэу пэжыр къыбжезыІэныра? Мы упщІэм и жэуапыр наІуэщ. Библием щыжыІащ: «Лъагъуныгъэ мыІуатэм нэхърэ гие нахуэр куэдкІэ нэхъыфІщ. Жагъуэгъум и фоупс псалъэу узытхьэлэм нэхърэ ныбжьэгъу пэж и псалъэ пхъашэхэр нэхъыфІщ, уауІэу щытми» (Прит. 27:5, 6, Гъэс.). Ди ныбжьэгъум къыджиІэ пэжыр япэщІыкІэ дигу иримыхьынкІэ хъунущ, ауэ иужькІэ ар сэбэп къытхуэхъужынущ.
16. Притчи 10:19 итым дапхуэдэу къыхэщрэ зышыІэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр?
16 НэгъуэщІхэм дзыхь къытхуащІыфын щхьэкІэ, зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъын хуейщ. Зыгуэрым и щэхур тІуэтэну къыщытфІыдихум деж, ди бзэм дыкІэлъыплъыну а хьэл-щэныр къыддэІэпыкъунущ. (Къеджэ Притчи 10:19, Гъэс.) Псом хуэмыдэу дэ зышыІэныгъэм дыхуэныкъуэщ социальнэ сетьхэр къыщыдгъэсэбэпым деж. Дымысакъыу щытмэ, дымыщІэххэу зыгуэрым и щэхур зэуэ цІыху куэдым хуедгъэхьыфынущ. Интернетым иплъхьар адрейхэм къызэрагъэсэбэпынур пщІэнукъым. Ар зыгуэрым зэран хуэмыхъуну пІэрэ? Абы нэмыщІ ди бийхэм къуэш, шыпхъухэм теухуауэ ямыщІапхъэр къащІэн щхьэкІэ къыщыттракъузэм деж, зыри жыдмыІэну зышыІэныгъэр къыддэІэпыкъунущ. Псалъэм папщІэ, ди лэжьыгъэр щызэхуэщІа къэралым дыщыпсэууэ жытІэнщ. Абы къыхэкІкІэ полицием дашауэ зэхуэсым щыщхэм теухуауэ упщІэхэр къыдат. Абы щыгъуэ псаломыр зытхам щапхъэ тетх хъунущ. Абы жиІащ: «Зыри жызмыІэн щхьэкІэ си жьэр сыубыдынущ» (Пс. 39:1). Аращи, сыт щыгъуи псоми я дежкІэ дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу дыщытын хуейщ: ар унагъуэр, ныбжьэгъухэр, зэхуэсым щыщхэр е нэгъуэщІ гуэр ирехъу. ИкІи, апхуэдэу дыщытын щхьэкІэ, дэ зышыІэныгъэм дыхуэныкъуэщ.
17. Зэхуэсым щыщхэм дзыхь зыхуащІыфу щытын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?
17 Иеговэ и унагъуэшхуэм дыкъызэригъэблэгъар дэ фІыщІэшхуэ дощІ. А унагъуэм щыщхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъщ икІи дзыхь зыхуащІ. Дэ псоми ди къалэнщ узыщыгугъ хъун цІыхуу дыщытыну. Дэтхэнэ зыми лъагъуныгъэрэ Іэдэбагърэ зэригъэлъагъуэм, зэхэщІыкІ зэрызыхигъэлъым, пцІы зэримыупсым икІи зэрызишыІэм и фІыгъэкІэ зэхуэсым щыщхэм дзыхь зыхуащІыну нэхъ тынш мэхъу. Аращи, ди Алыхь Иеговэ адэкІи щапхъэ тетхынщ икІи сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи къэдгъэлъэгъуэнщ дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу дызэрыщытыр.
123-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ
a НэгъуэщІхэм дзыхь къытхуащІын щхьэкІэ, ар къэдлэжьын хуейщ. Мы статьям къыщытщІэнущ дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу ущытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми. Абы нэмыщІ апхуэдэ цІыхуу дыщытын щхьэкІэ, сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэн хуейми дытепсэлъыхьынущ.
b Зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь хьэлъэ зэрищІар къэтщІауэ щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуигъэзэну ар хуэдгъэушын хуейщ. Абы апхуэдэу имыщІэмэ, Иеговэрэ зэхуэсым щыщхэмрэ дазэрыхуэпэжым къыхэкІкІэ, а Іуэхум теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжетІэнущ.
c СУРЭТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьым дзыхь къыхуащІа щэхур и унагъуэм щыщхэм яжриІэжкъым.