6 СТАТЬЯР
Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэфщІу пІэрэ?
«Ар — БыдапІэщ, абы и Іуэхухэр дагъуэншэщ, икІи абы и гъуэгуу хъуар захуагъэм тетщ. Ар — пэжагъ зыхэлъ Алыхьщ, абы хабзэншагъэ зэрихьэкъым, захуагъэрэ пэжагърэ хэлъщ абы» (ВТОР. 32:4).
3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. 1) ЦІыху куэдым тепщэныгъэ зиІэхэм дзыхь щІыхуамыщІыр сыт? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
ДИ ЗЭМАНЫМ цІыху куэдым тепщэныгъэ зиІэхэм дзыхь хуамыщІыжу хъуащ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ялъагъу къэрал унафэщІхэмрэ абы къыдагъэкІ хабзэхэмрэ и нэхъыбэм къахъумэр къулейхэмрэ зэфІэкІ зиІэхэмрэщ. Ауэ цІыху къызэрыгуэкІхэм захуагъэ хэмылъу ахэр хущытщ. Іуэхур апхуэдэу зэрыщытыр Библиеми къыхощ: «ЦІыхум адрей цІыхум зэран хуэхъуу унафэ хуещІ» (Эккл. 8:9). Абы нэмыщІ языныкъуэ дин пашэхэм я дуней тетыкІэм и ягъэкІэ куэдым Алыхьым дзыхь хуамыщІыжу хъуащ. Абы къыхэкІкІэ цІыхум Библиер иджыну арэзы техъуауэ щытми, Иеговэрэ абы и лэжьакІуэхэмрэ дзыхь хуищІу ар ебгъэсэну щымытынш къохъу.
2 ДауикІ, Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуищІу зезыгъэсэн хуейр Библиер зыджхэм я закъуэкъым. Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэхэми щІэх-щІэхыурэ ягу къагъэкІыжын хуейщ абы Іуэхухэр зэригъэзащІэ щІыкІэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр. Иныкъуэхэм деж дэ Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр зыгъэунэху Іуэхугъуэхэм дыпэщІохуэ. Мы статьям ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху Іуэхугъуищ щызэпкърытхынущ: 1) Библием ит гуэр къыщыдгурымыІуэм деж, 2) Иеговэ и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм дытетыну щымытыншым деж, 3) къэкІуэну зэманым дызыпэщІэхуэну гугъуехьхэм щыгъуэ.
БИБЛИЕМ ФЫЩЕДЖЭМ ДЕЖ ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ
3. Библием ит языныкъуэ пычыгъуэхэм Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу зэрагъэунэхур?
3 Иныкъуэхэм деж Библием дыщеджэкІэ Иеговэ къищта унафэм е цІыху гуэрым зэрыхущытам теухуауэ къыщыдгурымыІуэ къохъу. Псалъэм папщІэ, Мусэ и зэманым щыгъуэ щэбэт махуэм пхъэ зыхуэзыхьэса Израил цІыхур яукІыну Иеговэ унафэ ищІащ. Ауэ зэман дэкІауэ Пащтыхь Даут зинэ зэрищІам икІи цІыху зэрыригъэукІам щхьэкІэ къэмынэу и гуэныхьыр Алыхьым хуигъэгъуащ (Чис. 15:32, 35; 2 Сам. 12:9, 13). Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэ упщІэ къохъей: «Иеговэ Даут ищІа гуэныхь хьэлъэхэр сыт щІыхуигъэгъуар, ауэ нэгъуэщІ цІыхум и гуэныхьыр апхуэдэу хьэлъэу щымытами, ар яукІыну тезыр щІытрилъхьар сыт?» А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ Библием дыщеджэкІэ дигу идгъэлъын хуей Іуэхугъуищыр зэпкърытхынщ.
4. Иеговэ сыт щыгъуи пэжагъым зэрытетыр ЩІэдзапІэ 18:20, 21 икІи Второзаконие 10:17 итым дапхуэдэу ди фІэщ ищІрэ?
4 Библиер сыт щыгъуи убгъуауэ Іуэхур зыІутым тепсэлъыхькъым. Псалъэм папщІэ, дэ дощІэ Даут и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжар (Пс. 51:2—4). Ауэ щэбэт махуэм пхъэ зыхуэзыхьэса цІыхухъум теухуауэ сыт жытІэфынур? ИщІам хущІегъуэжауэ пІэрэ ар? Япэми Иеговэ и хабзэхэм ар ебакъуэу щытауэ пІэрэ? Абы и щыуагъэхэр къыщыжраІэм а чэнджэщхэм мыхьэнэ иримыту икІи ахэр ІэщІыб ищІу щытауэ пІэрэ? Абы теухуауэ Библием зыри щыжыІакъым. Ауэ дэ шэч къытетхьэкъым: Иеговэ «хабзэншагъэ зэрихьэкъым» (Втор. 32:4). Абы унафэ щищІкІэ Іуэхур зыІутыр нэгъэсауэ ещІэ икІи, цІыхухэм хуэдэу, нэгъуэщІхэм жаІэм трищІыхьу, зэхэгъэж ищІу щыткъым. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 18:20, 21; Второзаконие 10:17.) Иеговэрэ абы и хабзэхэмрэ нэхъыфІу къэтцІыхуху, дэ абы дзыхь нэхъ хуэтщІу дохъу. ДауикІ, Библием дыщеджэм деж зи жэуап дымыщІэ упщІэхэм дрихьэлІэнкІэ хъунущ. Ауэ Алыхьым теухуауэ диІэ щІэныгъэр тхурокъу мыпхуэдэу жытІэфын щхьэкІэ: «Иеговэ сыт имыщІэми, пэжагъым зэи текІкъым» (Пс. 145:17).
5. Захуагъэм теухуауэ диІэ еплъыкІэм гуэныхьыр дауэ зэран зэрыхуэхъур? (Абы нэмыщІ «Захуагъэм теухуауэ диІэ еплъыкІэм гуэныхь тхэлъыр зэран хуохъу» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
5 Захуагъэм теухуауэ диІэ еплъыкІэм гуэныхьыр зэран хуохъу. Алыхьым и хьэл-щэнхэм хуэдэ къызэрытхилъхьам къыхэкІкІэ зыгуэрым лей къыщытрагъэхьэм деж дэ дыкъызэщІоплъэ (ЩІэдз. 1:26). Ауэ Іуэхур зыІутым теухуауэ псори зэхэдгъэкІауэ къытщыхъуми, гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ дыщыуэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, фэ фщІэжу къыщІэкІынщ Ниневие къалэм дэсхэм гущІэгъу яхуищІыну Иеговэ унафэ щищІам щыгъуэ Инус бегъымбарым ар игу зэрыримыхьар (Иона 3:10—4:1, Инус бегъымбар, 2009). Сыт адэкІэ къэхъуар? Ниневие къалэм дэс цІыху 120 000 нэхърэ нэхъыбэм я гъащІэр яфІэкІуэдакъым. КъызэрыщІэкІымкІэ, зи еплъыкІэр зыхъуэжын хуеяр Иеговэтэкъым, атІэ Инус бегъымбарырат.
6. Иеговэ къищтэ унафэхэм я щхьэусыгъуэхэр къыдгуригъэІуэн хуейуэ щІыщымытыр сыт?
6 Иеговэ ищІ унафэхэм я щхьэусыгъуэхэр Іэмал имыІэу цІыхухэм яжриІэн хуейуэ щыткъым. Пэжщ, пасэрей зэманым Алыхьым и лэжьакІуэхэм Іэмал яритт ищІа унафэхэм теухуауэ абыхэм яІэ гурыщІэхэр жаІэну (ЩІэдз. 18:25; Иона 4:2, 3, Инус, 2009). Уеблэмэ, иныкъуэхэм деж абы къищта унафэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар цІыхухэм къагуригъаІуэт (Иона 4:10, 11, Инус, 2009). Ауэ, а псом емылъытауэ, Иеговэ ищІэ Іуэхухэм теухуауэ зыми жэуап иритыну хуейуэ щыткъым. Псори къызэригъэщІам къыхэкІкІэ унафэ гуэр къищтэн ипэ е иужь дэ абы арэзы дытехъуэным ар хуэныкъуэкъым (Ис. 40:13, 14; 55:9).
ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ АБЫ И ОРГАНИЗАЦЭМ УНАФЭ КЪЫЩЫВИТЫМ ДЕЖ
7. Сыт дэ гъэунэхуапІэ тхуэхъуфынур икІи сыт щхьэкІэ?
7 Иеговэ сыт щыгъуи захуагъэм зэрытетым дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Ауэ щІылъэм тет абы и лІыкІуэхэм дзыхь яхуэтщІыну щымытынш къохъу. Зэхуэсым тепщэныгъэ зиІэхэм теухуауэ дэ мыпхуэдэ упщІэ диІэфынущ: «Ахэр Иеговэ и унафэхэм тет, хьэмэрэ езыхэм пэжу къызэралъытэм хуэдэу унафэ къащтэу пІэрэ?» Пасэрей зэманым псэуахэми апхуэдэ гурыщхъуэхэр яІэфынут. Ещанэ абзацым зи гугъу ищІ щапхъэхэм дгъэзэжынщ. Щэбэт махуэм теухуа хабзэм ебэкъуа цІыхухъум и Іыхьлы гуэрым мыпхуэдэ упщІэ иІэфынут: «Си благъэм укІ трилъхьэн ипэ Мусэ Иеговэ и еплъыкІэр къищІауэ пІэрэ?» Урие и ныбжьэгъухэм щыщ гуэрыри мыпхуэдэу егупсысыфынут: «Даут хуэфащэ тезырыр къылъымысын щхьэкІэ и увыпІэ лъагэр къимыгъэсэбэпауэ пІэрэ?» Дапхуэдэу мыхъуами, мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: Иеговэ дзыхь хуэтщІу жытІэфынукъым, абы дзыхь зыхуищІ щІылъэм тет и лІыкІуэхэм дзыхь хуэдмыщІу щытмэ.
8. Апостолхэм 16:4, 5 итымрэ ди зэманым щыІэ зэхуэсхэр зэрылажьэмрэ сыткІэ зэщхь?
8 ЩІылъэм тет и организацэр иунэтІын щхьэкІэ зэхэщІыкІ зиІэ икІи узыщыгугъ хъун унэІутыр Иеговэ къегъэсэбэп (Мт. 24:45). Япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупым хуэдэу, а унэІутым дуней псом тет Иеговэ и лъэпкъым и нэІэ трегъэт икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ хуещІ. (Къеджэ Апостолхэм 16:4, 5.) Абы иужь зэхуэсым и нэхъыжьхэм а унафэхэр зэхуэсым къызэрыщагъэсэбэпынум хущІокъу. Иеговэ и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм я чэнджэщхэм дыщедаІуэм деж дэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьым нэгъэсауэ дзыхь зэрыхуэтщІыр.
9. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІ унафэхэм дытетыну щыгугъур дапщэщ икІи сыт щхьэкІэ?
9 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащтэ унафэхэм дытетыну щымытынш къохъу. Псалъэм папщІэ, иужьрей илъэсхэм зэхуэс куэдыр зыхагъэхьэжащ. Абы къыхэкІкІэ языныкъуэ зэхуэсхэр нэгъуэщІ районхэм щыщ хъуащ. Иныкъуэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм елъэІут ахэр нэгъуэщІ зэхуэсым кІуэну. Абы и фІыгъэкІэ дыщызэхуэс Унэхэр нэхъыфІу къагъэсэбэпу хъуащ. Дэри нэгъуэщІ зэхуэсым дыкІуэну къыджаІэу щытмэ, ди ныбжьэгъухэмрэ ди Іыхьлыхэмрэ къэдгъэнэну къыдэхьэлъэкІынкІэ хъунущ. ДауикІ, Алыхьыр уафэм къепсэлъыхыу зэхуэсым и нэхъыжьхэм къажриІэкъым хэт дэнэ ягъэкІуэн хуейми. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащтэ унафэм дытетыну тыншу щымытынкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ абыхэм дзыхь щахуищІкІэ, дэри яхуэтщІын хуейщb.
10. Еврейхэм 13:17 зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм дыщІедэІуэн хуейр сыт?
10 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащтэ унафэхэр дигу иримыхьми, абыхэм дыщІедэІуэн хуейр сыт? Апхуэдэу Алыхьым и лэжьакІуэхэм я зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр дэ дохъумэ (Еф. 4:2, 3). Къуэш, шыпхъухэм Іэдэбагъ яхэлъу зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащтэ унафэхэм щытетым деж мамырыгъэрэ гуфІэгъуэрэ зэхуэсым илъщ. (Къеджэ Еврейхэм 13:17.) Ауэ псом нэхърэ нэхъапэращи, зэхуэсым и нэхъыжьхэм дызэредаІуэмкІэ Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр къыддэІэпыкъуну тезыгъэувар аращ (Апост. 20:28).
11. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІ унафэхэм нэхъыбэу дзыхь хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
11 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащтэ унафэхэм дзыхь хуэтщІыну къыддэІэпыкъунур сыт? Къуэшхэм зэхуэсым теухуауэ унафэ гуэр къыщащтэм деж Алыхьым и къару лъапІэр къаритыну сыт щыгъуи зэрелъэІум шэч къытевмыхьэ. Абы нэмыщІ Библием ит принципхэмрэ Иеговэ и организацэм къарит унафэхэмрэ ахэр куууэ хоплъэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр хуейщ Иеговэ ягъэгуфІэну икІи къуэш, шыпхъухэм зэрынэхъыфІым хуэдэу ядэІэпыкъуну. Иеговэ хуэпэжу щыт а цІыхухъухэм ящІэ я къалэнхэр зэрагъэзащІэм теухуауэ Алыхьым жэуап зэрыратыжынур (1 Пет. 5:2, 3). Фегупсысыт: мы дунейм лъэпкъ зэхэгъэж зэращІым, дин зэмылІэужьыгъуэхэр зэрыщыІэм икІи къэрал унафэщІхэр зэрызэгурымыІуэм и ягъэкІэ цІыхухэм я зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъкъым, ауэ Иеговэ и лъэпкъыр зэкъуэту Алыхь пэжым хуолажьэ. Апхуэдэу щІыщытыр Иеговэ и организацэм и нэІэ трегъэтри аращ!
12. ЦІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжрэ хущІемыгъуэжрэ зэхагъэкІын щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърахын хуей?
12 Иеговэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн зэхуэсым и нэхъыжьхэм яритащ — зэхуэсым и къабзагъэр яхъумэну. Къуэш е шыпхъу гуэрым гуэныхь хьэлъэ ищІа иужь упщІэ къохъей: «Ар адэкІи зэхуэсым хэт хъуну?» Апхуэдэ Іуэхугъуэ къыщыхъум деж Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыткІэ ящыгугърэ? Абыхэм зэхагъэкІын хуейщ гуэныхь зыщІар и гум къыбгъэдэкІыу хущІегъуэжарэ хущІемыгъуэжарэ. ДауикІ, цІыхум ищІам хущІегъуэжу жиІэфынущ, ауэ илэжьа гуэныхьым пэж дыдэу гущыкІ хуищІауэ пІэрэ абы? АдэкІи а гуэныхьыр имыщІэну мурад быдэ иІэу пІэрэ абы? Ар щызыгъэуар ныбжьэгъу Іейхэрамэ, ахэр къигъэнэну хьэзыр? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэ, Тхыгъэ ЛъапІэм тегъэщІауэ Іуэхум хоплъэ икІи а цІыхур ищІа гуэныхьым зэрыхущытыр къащІэну хущІокъу. Абы иужь къуэшхэм унафэ ящІ гуэныхь зыщІар зэхуэсым къыхэнэ хъунрэ мыхъунрэ. Иныкъуэхэм деж апхуэдэ цІыхур зэхуэсым хагъэкІын хуей мэхъу (1 Кор. 5:11—13).
13. Ди ныбжьэгъу е ди унагъуэм щыщ гуэр зэхуэсым хагъэкІамэ, сыт дызыгъэгузэвэнкІэ хъунур?
13 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дзыхь зэрахуэтщІыр дапщэщ гъэунэхуа щыхъур? Зэхуэсым хагъэкІар ди ныбжьэгъуу е ди унагъуэм щыщу щымытмэ, ди дежкІэ гугъуу къыщІэкІынкъым къуэшхэм ящІа унафэр дэтІыгъыну. Ауэ дэ фІыуэ тлъагъу гуэр зэхуэсым хагъэкІамэ-щэ? Языныкъуэхэр мыпхуэдэ упщІэхэм ягъэпІейтеинкІэ хъунущ: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Іуэхур зыІутыр нэгъэсауэ зэхагъэкІауэ пІэрэ? Иегови а Іуэхум апхуэдэу зэреплъыр?» Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащтэ унафэм тэмэму дыхущытыну сыт къыддэІэпыкъунур?
14. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дзыхь яхуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур, абыхэм ди ныбжьэгъу е ди унагъуэм щыщ гуэр зэхуэсым хагъэкІамэ?
14 Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: гуэныхь зыщІар зэхуэсым хагъэкІыну унафэ зыщІыр Иеговэщ. А унафэм сэбэпынагъ хэлъщ гуэныхь зыщІам и дежкІи, зэхуэсым и дежкІи. Зи гуэныхьым хущІемыгъуэж цІыхур зэхуэсым щыщу къэбгъанэмэ, абы нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэри гуэныхь ящІэну хуигъэушынкІэ хъунущ (Гал. 5:9). Апхуэдэ цІыхум и гуэныхьым и хьэлъагъри къыгурымыІуэжынкІэ хъунущ икІи Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтригъэувэжыну гукъыдэж имыІэнкІэ хъунущ (Эккл. 8:11). Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ зыгуэр зэхуэсым хагъэкІыну упщІэ къыщыхъейм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэр а Іуэхум фІыуэ зэрыхэплъэм икІи абы мыхьэнэшхуэ зэрыратым. Абыхэм къагуроІуэ, пасэрей Израилым щыІа хьэкумыщІэхэм хуэдэу, «хьэкум зыхуэфщІыр цІыхухэракъым, атІэ Иеговэщ» жыхуиІэ унафэм ахэр тетын зэрыхуейр (2 Лет. 19:6, 7).
ИДЖЫПСТУ ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ЗЭРЫХУЭТЩІЫМКІЭ КЪЭКІУЭНУ ЗЭМАНЫМ ЗЫХУДОГЪЭХЬЭЗЫР
Гузэвэгъуэшхуэ зэманым къыдатыну унафэхэм дзыхь хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур? (15-нэ абзацым феплъ.)
15. Иджыпсту зэи хуэмыдэу Иеговэ дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
15 Мы дунейр псынщІэу и кІэухым хуокІуэ, абы къыхэкІкІэ иджыпсту зэи хуэмыдэу Иеговэ дзыхь хуэтщІын хуейщ. Сыт щхьэкІэ? Гузэвэгъуэшхуэ зэманым дэ къыдатыну унафэхэм акъыл хэмылъу, ахэр къыбгурыІуэну икІи бгъэзэщІэну гугъуу къытщыхъункІэ хъунущ. Дэ къыдгурыІуэн хуейщ Иеговэ дэ езым къызэрыдэмыпсэлъэнур. Абы тригъэува къуэшхэр къигъэсэбэпу унафэ къыдитыну къыщІэкІынущ. Абы щыгъуэ мыпхуэдэу дегупсыс хъунукъым: «А унафэр пэж дыдэу къызыбгъэдэкІыр Иеговэ хьэмэрэ къуэшхэра?» А зэман гугъум Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэфщІыну? Мы упщІэм и жэуапыр елъытащ зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм я унафэм дэ иджыпсту дызэредаІуэм. Нобэ абыхэм къабгъэдэкІ унафэхэм дзыхь хуэтщІмэ икІи къыджаІэр занщІэу дгъэзащІэмэ, гузэвэгъуэшхуэр къэса иужьи дэ апхуэдэ дыдэу тщІэнущ (Лк. 16:10).
16. Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр куэд мыщІэу дапхуэдэу гъэунэхуа зэрыхъунур?
16 Иджыри зы упщІэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ: «ШейтІаным и ІэмыщІэм илъ дунейр щигъэкІуэдкІэ Иеговэ и хьэкумхэм дапхуэдэу дызэрыхущытынур?» ДауикІ, дэ дыщогугъ цІыху куэдыр, ди Іыхьлыхэри абыхэм яхэту, Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну. Ауэ Армагеддоным щыгъуэ абыхэм теухуауэ Хьисэ къигъэсэбэпу Алыхьым унафэ пыухыкІа ищІынущ (Мт. 25:31—33; 2 Фес. 1:7—9). Иеговэ гущІэгъу зыхуищІынумрэ зыхуимыщІынумрэ теухуауэ дэракъым унафэ зыщІынур (Мт. 25:34, 41, 46). Алыхьым ищІа унафэм арэзы дытехъуэну, хьэмэрэ ар дигу иримыхьу абы хуэлэжьэн щыдгъэтыну? Аращи, иджыпсту Иеговэ дзыхь хуэтщІу зедгъасэу щытмэ, къэкІуэну зэманми абы ищІ унафэхэм шэч лъэпкъ къытетхьэнукъым.
17. Иеговэ мы дуней бзаджэм хьэкум зэрытрищІыхьынум сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьынур?
17 Уи нэгу къыщІэгъэхьэт дунеищІэм ущыІэу икІи Иеговэ и хьэкумхэр псори игъэзэщІауэ. Дин нэпцІыр, коммерциер, цІыхухэм хьэзаб тезыгъэлъу щыта къэрал унафэщІхэр щыІэжкъым. Узыфэхэр, жьыгъэр, лІэныгъэр афІэкІа ди гъащІэм и Іыхьэу щытыжкъым. ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ Иеговэ «илъэс минкІэ Іэпхлъэпх ищІащ». Ахэр Алыхьым зэрыпэщІэувам кърикІуа гугъуехьхэр зыри щыІэжкъым (Апок. 20:2, 3). Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІам дызэрыщыгуфІыкІыжынур псалъэкІэ пхужыІэнукъым!
18. Израил цІыхухэм теухуауэ Числа 11:4—6, 21:5 итым сытым дыхуигъасэрэ?
18 Дауэ феплърэ, дунеищІэр къэса иужь Иеговэ и унафэхэм псоми сыт щыгъуи тыншу арэзы дытехъуэну? Израил цІыхухэр Мысыр щІыналъэм къыщикІам щыгъуэ зэрызащІар дигу къэдгъэкІыжынщ. Языныкъуэхэр Мысырым щашха ерыскъым хуэзэшу, тхьэусыхэу щІадзащ икІи Иеговэ абыхэм телъыджэ щІыкІэкІэ къарит мэнн шхыныгъуэм щхьэкІэ мыпхуэдэу жаІэт: «Мы щІакхъуэ гущыкІыгъуэр дыужэгъуащ». (Къеджэ Числа 11:4—6; 21:5.) Гузэвэгъуэшхуэр блэкІа иужь апхуэдэ гуэр къэхъуфыну пІэрэ? Зэтекъута псори дгъэкъэбзэжыху икІи щІылъэр хуэмурэ жэнэт тщІыжыху зэман дапщэ дэкІынуми дэ тщІэкъым. ЯпэщІыкІэ лэжьыгъэ куэд щыІэнкІэ икІи дэ дызэрыхуейм хуэдэу псори щымытынкІэ хъунущ. ДунеищІэм Иеговэ къытхуищІэр фІыщІэ дымыщІу дытхьэусыхэну дигу къэкІыну пІэрэ? А зэманым апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ иджыпсту щыщІэдзауэ Иеговэ къытхуищІэр фІыщІэ тщІыуэ зедгъэсэн хуейщ.
19. Мы статьям ит гупсысэ нэхъыщхьэхэр кІэщІу къыжыфІэж.
19 Иеговэ сыт щыгъуи пэжым тетщ. А гупсысэм дэ зэи шэч къытетхьэ хъунукъым. Абы нэмыщІ и унафэр къытлъигъэІэсын щхьэкІэ Иеговэ къигъэсэбэп цІыхухэми дзыхь хуэтщІын хуейщ. Иеговэ жиІа мы псалъэхэр сыт щыгъуи дигу идгъэлъынщ: «ЗэпІэзэрыту фыкъанэмэ икІи дзыхь къысхуэфщІмэ, къару фиІэнущ» (Ис. 30:15).
98-НЭ УЭРЭДЫР Тхыгъэ ЛъапІэр Алыхьым къыбгъэдокІ
a Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Иеговэрэ абы и лІыкІуэхэмрэ дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Абы нэмыщІ Алыхьым нэгъэсауэ дзыхь зэрыхуэтщІым иджыпсту къытхуихь фІыгъуэхэмрэ къэкІуэну зэманым щыІэну гугъуехьхэм дызэрыхуигъэхьэзырымрэ дытепсэлъыхьынущ.
b Иныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэр нэгъуэщІ зэхуэсым щІэмыкІуэфын щхьэусыгъуэхэр щыІэщ. 2002-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм къыдэкІа «Наше священное служение» жыхуиІэ публикацием «Ящик вопросов» рубрикэм феплъ.