39 СТАТЬЯР
Уи цІэр «гъащІэм и тхылъым» итхауэ пІэрэ?
«Иеговэ щышынэхэр... абы и пащхьэ илъ тхылъым иратхэт» (МАЛ. 3:16).
61-НЭ УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэт, Иеговэ и Щыхьэтхэ!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ Иеговэ «гъащІэм и тхылъым» цІыхухэм я цІэхэр иретхэ (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)
1. Малахия 3:16 зэритымкІэ, Иеговэ сыт хуэдэ тхылъ зэлэжьыр икІи сыт абы итыр?
ИЛЪЭС мин зыбжанэ хъуауэ Иеговэ зы тхылъ гъэщІэгъуэн гуэрым йолэжь. А тхылъым цІыхухэм я цІэхэр итщ икІи ар Иеговэ и Щыхьэт пэжу щыта Хьэбэл и цІэмкІэ къыщІедзэ (Лк. 11:50, 51)b. Абы лъандэрэ Иеговэ а тхылъым нэгъуэщІ цІыхухэми я цІэхэр иретхэ икІи нобэ ахэр мелуан бжыгъэ мэхъу. Библиер а тхылъым «мыкІуэдыжын гъащІэ зыгъуэтынухэм я цІэхэр зэрыт тхылъкІэ» йоджэ. Мы статьям дэ абы «гъащІэм и тхылъкІэ» деджэнущ (къеджэ Малахия 3:16; Апок. 3:5; 17:8).
2. «ГъащІэм и тхылъым» иратхар хэт икІи дэри ди цІэхэр абы итын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
2 Иеговэ фІэлІыкІхэм икІи абы и цІэр зыгъэлъапІэ цІыхухэм я цІэхэр а тхылъ хэхам итщ. Абыхэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуну Іэмал яІэнущ. НтІэ, сыт дэ тщІэн хуейр, ди цІэхэр а тхылъым иратхэну дыхуейуэ щытмэ? Абы щхьэкІэ Иеговэ сыт щыгъуи нэхъ гъунэгъу зыхуэтщІын икІи Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр быдэу ди фІэщ хъун хуейщ (Ин. 3:16, 36). Сыт хуэдэ гугъэ димыІэми — уафэм дыкІуэну е щІылъэм дыщыпсэуну — дэ псори дыхуейщ ди цІэхэр а тхылъым иратхэну.
3, 4. 1) Ди цІэхэр иджыпсту «гъащІэм и тхылъым» иту щытми, абы къикІыу пІэрэ гъащІэ мыухыжыр Іэмал имыІэу къытлъысыну? КъыдгурывгъаІуэ. 2) Мы статьямрэ абы къыкІэлъыкІуэмрэ сыт щызэпкърытхынур?
3 НтІэ, зыгуэрым и цІэр а тхылъым иратхауэ щытмэ, абы къикІыу пІэрэ а цІыхум гъащІэ мыухыжыр Іэмал имыІэу къылъысыну? А упщІэм и жэуапыр Иеговэ Мусэ жриІа псалъэхэм къыщыдогъуэт: «Сэ си пащхьэ гуэныхь къыщызыхьар си тхылъым искъутыкІыжынущ» (Исх. 32:33). КъызэрыщІэкІымкІэ, къэрэндащкІэ тхар зэрытрагъэкІыжым хуэдэу, а тхылъым иджыпсту ит цІэхэр иракъутыкІыжыфынущ (Апок. 3:5). Аращи, ди цІэхэр а тхылъым ирамыкъутыкІын щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ. Зэманыр къэсмэ, ди цІэхэр а тхылъым игъащІэкІэ итын щхьэкІэ, Иеговэ ахэр «шакъэ́кІэ» иритхэнущ.
4 Абы теухуауэ упщІэ зыбжанэ къэхъеинкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, «гъащІэм и тхылъым» зи цІэр ит цІыхухэмрэ абы имытхэмрэ теухуауэ сыт Библием щыжыІар? А тхылъым зи цІэ иратха цІыхухэм дапщэщ гъащІэ мыухыжыр къащылъысынур? Иеговэ къацІыхуну Іэмал ямыІэу дунейм ехыжахэр-щэ? А цІыхухэм сыт къащыщІынур? Абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иратхэну Іэмал щыІэу пІэрэ? Мы упщІэхэм я жэуапхэр мы статьямрэ абы къыкІэлъыкІуэмрэ щызэпкърытхынущ.
«ГЪАЩІЭМ И ТХЫЛЪЫМ» ХЭТ ИРАТХАР?
5, 6. 1) Филиппи 4:3 зэритымкІэ, «гъащІэм и тхылъым» иратхар хэт? 2) А цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» игъащІэкІэ итын щхьэкІэ дапщэщ щратхэр?
5 «ГъащІэм и тхылъым» хэт иратхар? А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ, цІыху гупитхум дытепсэлъыхьынщ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм я цІэхэр а тхылъым иратхащ, адрейхэр — иратхакъым.
6 Япэ гупым хыхьэхэр Хьисэ и гъусэу уафэм щытепщэну къыхаха цІыхухэращ. Абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иджыпсту иту пІэрэ? Итщ. Апостол Паул Филиппи къалэм щыІа зэхуэсым письмо щыхуитхым щыгъуэ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» зэритым и гугъу ищІащ. (Къеджэ Филиппи 4:3.) Ауэ абыхэм я цІэхэр а тхылъым ирамыкъутыкІыжын щхьэкІэ, ахэр икІэм нэс Алыхьым хуэпэжу къэнэн хуейт. Абы щыгъуэ — ахэр лІэн ипэ е гузэвэгъуэшхуэм щІидзэн ипэ — иужьрей мыхъурыр абыхэм трагъэуэнущ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» игъащІэкІэ итын щхьэкІэ иратхэнущ (Апок. 7:3).
7. Апокалипсис 7:16, 17 зэритымкІэ, дапщэщ цІыху куэдыкІейм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» игъащІэкІэ итын щхьэкІэ щратхэнур?
7 ЕтІуанэ гупым цІыху куэдыкІейр хохьэ. Абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иджыпсту ит? Итщ. Армагеддон зауэм пхырыкІа иужь абыхэм я цІэхэр а тхылъым къинэну? НтІэ, къинэнущ (Апок. 7:9, 14). А гупым щыщхэр Библием зи гугъу ищІ «нэгъуэщІ мэлхэм» хохьэ (Ин. 10:16). Хьисэ жиІащ мэлхэм ебгъэщхь хъуну а цІыхухэм «мыкІуэдыжын гъащІэр» къазэрылъысынур (Мт. 25:46). Ауэ а тыгъэр Армагеддон зауэм пхырыкІахэм занщІэу къаІэрыхьэнукъым. А зэманым абыхэм я цІэхэр, къэрэндащкІэ итхам хуэдэу, «гъащІэм и тхылъым» итынущ. Илъэс минкІэ Пащтыхьу щыщытыну зэманым Хьисэ абыхэм «Іэхъуэ яхуэхъунущ икІи гъащІэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ». Хьисэ хуэжыІэдаІуэхэм икІи икІэм нэс Иеговэ хуэпэжу щытынухэм я цІэхэр, «гъащІэм и тхылъым» игъащІэкІэ итын щхьэкІэ, иратхэнущ. (Къеджэ Апокалипсис 7:16, 17).
8. «ГъащІэм и тхылъым» ирамытхар хэт икІи сыт абыхэм къапэщылъыр?
8 Ещанэ гупым хыхьэр Армагеддон зауэм хэкІуэдэну цІыхухэращ. Абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иткъым. Хьисэ ахэр бжэнхэм иригъэщхьащ икІи «мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум [зэры]техьэнур», нэгъуэщІу жыпІэмэ, игъащІэкІэ зэрыкІуэдынур, жиІащ (Мт. 25:46). Апостол Паули абыхэм теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «А цІыхухэм... мыухыж кІуэдыныгъэр Тхьэм Іыхьэ яхуищІынущ» (2 Фес. 1:9; 2 Пет. 2:9). ЯщІэр къагурыІуэу Алыхьым и къару лъапІэм пэщІэувэу псэуахэм теухуауи ар дыдэр жыпІэ хъунущ. Абыхэми гъащІэ мыухыжыр къалъысынукъым икІи ахэр къызэрымытэджыжынур гурыІуэгъуэщ (Мт. 12:32; Мк. 3:28, 29; Евр. 6:4—6). АдэкІэ щІылъэм щыпсэун щхьэкІэ лІахэм къахэтэджыкІыжыну цІыху гупитІым нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.
ЛІАХЭМ КЪАХЭТЭДЖЫКІЫЖЫНУХЭР
9. Апостолхэм 24:15 зэритымкІэ, сыт хуэдэ цІыху гупитІ лІахэм къахэтэджыкІыжынур икІи ахэр сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?
9 Библием щыжыІащ «щыпкъагъэ зиІи зимыІи Тхьэм къызэригъэтэджыжынур» икІи а цІыху гупитІым гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну Іэмал зэраІэнур. (Къеджэ Апостолхэм 24:15.) «Щыпкъагъэ зиІэхэр» — ахэр псэуху Иеговэ пэжу хуэлажьэу щытахэращ. «Щыпкъагъэ зимыІэхэр» Алыхьым и лэжьакІуэу щытакъым. Абыхэм я дуней тетыкІэм уеплъмэ, и нэхъыбэм щыпкъагъэ яІауэ пхужыІэнукъым. НтІэ, а гупитІым хыхьэхэр лІахэм къахэтэджыкІыжыну Библием щыжиІэкІэ, абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иту жыпІэ хъуну? Мы упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ, дэтхэнэ зы гупми хэхауэ дытепсэлъыхьынщ.
10. Щыпкъагъэ зиІэ цІыхухэр сыт къыщІэтэджыжынур икІи абыхэм щыщ языныкъуэхэм сыт хуэдэ къалэн къыхуагъэфэщэнур? (ЩІылъэм лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ мы журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм феплъ.)
10 ЕплІанэ гупыр — ар «щыпкъагъэ зиІэхэращ». ЛІэн ипэ а цІыхухэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иратхауэ щытащ. Ауэ ахэр лІа иужь абыхэм я цІэхэр Иеговэ а тхылъым ирикъутыкІыжауэ пІэрэ? Хьэуэ. Абы теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «[Иеговэ] псэухэмрэ лІауэ жыхуаІэхэмрэ я Тхьэу щытщ; сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дежкІэ псори псэууэ щытщи» (Лк. 20:38). Абы къыхэкІкІэ щыпкъагъэ зиІэ цІыхухэр къэтэджыжа иужьи я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» итынущ, ахэр «къэрэндащкІэ» тхауэ щытми (Лк. 14:14). Шэч хэмылъу, а цІыхухэм щыщ языныкъуэхэм пщІэ зыпылъ къалэн хуагъэфэщэнущ — «щІылъэ псом пщыуэ» тетыну (Пс. 45:16).
11. «Щыпкъагъэ зимыІэхэм» сыт хуэдэ щІэныгъэ зрагъэгъуэтын хуей хъуну, я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иратхэн щхьэкІэ?
11 Иджы иужьрей, етхуанэ гупым и гугъу тщІынщ — ар «щыпкъагъэ зимыІэхэращ». Ахэр зэрыпсэуар щыпкъагъэ зиІэ цІыхухэм я псэукІэм ещхьу щытакъым. Абы и щхьэусыгъуэр а цІыхухэм Иеговэ и хабзэхэм теухуауэ зыри ямыщІэу зэрыщытарауэ къыщІэкІынущ. Аращ абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» щІимытыр. Ауэ Алыхьым ахэр къызэригъэтэджыжынум и фІыгъэкІэ абыхэми Іэмал яІэнущ я цІэхэр а тхылъым иратхэну. ДауикІ, «щыпкъагъэ зимыІэхэр» дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэнущ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм, дунейм щытетам щыгъуэ, егъэлеяуэ Іуэху Іейхэр ялэжьу щытащ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и хабзэ къабзэхэм тету псэуну ахэр егъэсэн хуей хъунущ. А цІыхухэр ирагъэджэн щхьэкІэ, абы ипэ зэи щымыІа лэжьыгъэшхуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм иригъэкІуэкІынущ.
12. 1) «Щыпкъагъэ зимыІэхэр» езыгъэджэнур хэт? 2) Зи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэзылъхьэн зымыдэнухэм сыт къащыщІынур?
12 «Щыпкъагъэ зимыІэхэр» хэт езыгъэджэнур? «ЦІыху куэдыкІейм» щыщхэмрэ лІахэм къахэтэджыкІыжа «щыпкъагъэ зиІэхэмрэщ». «Щыпкъагъэ зимыІэхэм» я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иратхэн щхьэкІэ, ахэр Иеговэ и ныбжьэгъу хъун икІи я гъащІэр абы и ІэмыщІэ иралъхьэн хуеинущ. Абыхэм яІэ ехъулІэныгъэхэм Хьисэрэ абы и гъусэу уафэм щытепщэнухэмрэ набдзэгубдзаплъэу кІэлъыплъынущ (Апок. 20:4). Зи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэзылъхьэн зымыдэнухэр щІылъэм трагъэкъэбзыкІыжынущ, я ныбжьыр илъэс 100 нэса пэтми (Ис. 65:20). Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэм я гум илъыр ялъагъу. Абы къыхэкІкІэ шэч къытедмыхьэми хъунущ дунеищІэм зым адрейм зэран хуэхъуну зыри хуит зэрамыщІынур (Ис. 11:9; 60:18; 65:25; Ин. 2:25).
ЯЗЫНЫКЪУЭХЭМ ГЪАЩІЭ КЪАЛЪЫСЫН, АДРЕЙХЭМ ХЬЭКУМ ТРАЩІЫХЬЫН ЩХЬЭКІЭ, КЪЭТЭДЖЫЖЫНУЩ
13, 14. 1) Иуан 5:29 ит Хьисэ и псалъэхэр дапхуэдэу япэм щыгъуэ къыдгурыІуэу зэрыщытар? 2) А псалъэхэр пэжу къыдгурыІуэн щхьэкІэ, сытым гу лъыттэн хуей?
13 ЛІахэм къахэтэджыкІыжыну цІыхухэм теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Кхъэм щІэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщыщІэкІыжыну махуэр къэсынущ. ФІы зыщІахэр псэуну къэтэджыжынущ, Іей зыщІахэри я къуаншагъэм хуэфащэр ягъуэтыжыну къэтэджыжынущ» (Ин. 5:28, 29). Сыт абы зи гугъу ищІар?
14 Япэм щыгъуэ дэ ди гугъэт цІыхухэр къэтэджыжа иужь ялэжьыну Іуэхухэм Хьисэ тепсэлъыхьауэ: хэти фІы, хэти Іей ищІэну. Ауэ, гу лъытапхъэщ, къэтэджыжахэр фІы е Іей ящІэну Хьисэ зэрыжимыІар. Абы блэкІа зэманым ит псалъэхэр къигъэсэбэпащ. Хьисэ зытепсэлъыхьар «фІы зыщІахэмрэ» «Іей зыщІахэмрэщ». КъызэрыщІэкІымкІэ, абы зи гугъу ищІар цІыхухэм лІэн ипэ ящІа Іуэхугъуэхэращ. ДауикІ, абы акъыл хэлъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дунеищІэм Іей лъэпкъ ялэжьыну зыри хуит ящІынукъым. Аращи, «щыпкъагъэ зимыІэхэм» Іуэху Іейхэр щащІар лІэн ипэщ. НтІэ, сыт Хьисэ зи гугъу ищІар, лІахэм къахэтэджыкІыжыну а цІыху гупитІым щытепсэлъыхьам щыгъуэ?
15. ГъащІэ мыухыж къылъысын щхьэкІэ, къэтэджыжынур хэт икІи сыт щхьэкІэ?
15 ФІы зыщІа, «щыпкъагъэ зиІэ» цІыхухэр къэтэджыжынущ, гъащІэ мыухыж къалъысын щхьэкІэ, сыту жыпІэмэ абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» итщ. Абы къокІ Иуан 5:29 зи гугъу ищІ «фІы зыщІахэр» къызэрытэджыжынумрэ Апостолхэм 24:15 зытепсэлъыхь «щыпкъагъэ зиІэхэр» къызэрытэджыжынумрэ тІури зыуэ зэрыщытыр. НтІэ, ахэр дунейм ехыжауэ щытмэ, я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иту щІыжытІэр сыт? Рим 6:7 зэритымкІэ, «цІыхур лІамэ, гуэныхь щІэным и ІэмыщІэ икІыжащ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, «щыпкъагъэ зиІэ» цІыхур дунейм щехыжым деж, и гуэныхьхэр Иеговэ къыхуегъэгъу. Ауэ абы и ІуэхуфІхэр Иеговэ щыгъупщэкъым (Евр. 6:10). Аращи, апхуэдэ цІыхум и цІэр «гъащІэм и тхылъым» иту къонэ. Шэч хэмылъу, къэтэджыжа иужьи «щыпкъагъэ зиІэхэр» адэкІи Алыхьым и хабзэхэм тету псэун хуейщ, я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» ирамыкъутыкІыжын щхьэкІэ.
16. Хьэкум тращІыхьын щхьэкІэ, къэтэджыжынур хэт?
16 НтІэ, лІэн ипэ Іей зыщІахэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Ахэр лІа иужь я гуэныхьхэр къахуэгъуауэ щытми, а цІыхухэр псэуху Иеговэ хуэлажьэу щытакъым. Абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иткъым. КъызэрыщІэкІымкІэ, «Іей зыщІахэри» Апостолхэм 24:15 зи гугъу ищІ «щыпкъагъэ зимыІэхэри» тІури зыщ. ЛІахэм къахэтэджыкІыжа иужь абыхэм хьэкум тращІыхьын хуеинущc. Сыт абы къикІыр? Хьисэ абыхэм набдзэгубдзаплъэу кІэлъыплъынущ икІи ялэжь Іуэхухэр зэпишэчынущ (Лк. 22:30). ДауикІ, зэман гуэр дэкІын хуеинущ, абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иратхэну хуэфащэрэ хуэмыфащэрэ гурыІуэгъуэ хъун щхьэкІэ. «Щыпкъагъэ зимыІэхэм» Іуэху Іейхэр ІэщІыб ящІу я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэу щытмэ, абыхэм я цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иратхэнущ.
17, 18. ЩІылъэм къыщытэджыжа цІыху псоми сыт ящІэн хуеинур икІи Апокалипсис 20:12, 13 сыт хуэдэ «Іуэхухэра» зи гугъу ищІыр?
17 ЛІахэм къахэтэджыкІыжахэр — «щыпкъагъэ зиІэхэри зимыІэхэри» — тхылъыщІэхэм итыну Алыхьым и хабзэхэм тетын хуеинущ. А тхылъыщІэхэм итыр илъэс минкІэ щыІэну Пащтыхьыгъуэм щыгъуэ къэтщІэнущ. Абы теухуауэ апостол Иуан мыпхуэдэу итхащ: «ЦІыху лІахэр, цІыкІуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыІычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкІуэдыжын гъащІэ зыгъуэтынухэм я цІэхэр зэрыт нэгъуэщІ тхылъи зэгуахащ. ЦІыху лІахэм ялэжьа Іуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищІыхьащ» (Апок. 20:12, 13).
18 Сыт хуэдэ «Іуэхухэм» ипкъ иткІэ къэтэджыжа цІыхухэм хьэкум зэрытращІыхьынур? ЛІэн ипэ ялэжьа Іуэхухэра? Хьэуэ! Зыщыдгъэгъупщэнкъым: ахэр дунейм щехыжам щыгъуэ, я гуэныхьхэр къахуэгъуауэ щытащ. Аращи, абыхэм хьэкум щІытращІыхьыну Іуэхухэр лІэн ипэ ялэжьа Іуэхухэм щыщу щыткъым. Мы едзыгъуэхэр зытепсэлъыхьыр дунеищІэм къыщытэджыжахэр гъэсэныгъэ бгъэдалъхьэнум зэрыхущытынырауэ къыщІэкІынщ. Уеблэмэ, Нухь, Самуел, Даут, Данил сыми Хьисэ теухуауэ къащІэн икІи абы и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр я фІэщ хъун хуеинущ. Абыхэм щІэныгъэ зрагъэгъуэтын щыхуейкІэ, «щыпкъагъэ зимыІэхэми», дауикІ, ар ящІэн хуейщ!
19. ДунеищІэм Алыхьым и хабзэхэм тетыну зымыдэнухэм сыт къащыщІынур?
19 НтІэ, дунеищІэм Алыхьым и хабзэхэм тетыну зымыдэнухэм сыт къащыщІынур? Абы теухуауэ Апокалипсис 20:15 щыжыІащ: «МыкІуэдыжын гъащІэ зыгъуэтынухэм я цІэхэр зэрыт тхылъым зи цІэхэр ирамыгъуэта цІыхухэр мафІэм ис хым хадзащ». Апхуэдэ цІыхухэр Алыхьым игъащІэкІэ игъэкІуэдыжынущ. Ди цІэхэр «гъащІэм и тхылъым» иратхэн икІи зэи абы ирамыкъутыкІыжын щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр аращ!
Илъэс минкІэ щыІэну Пащтыхьыгъуэм цІыхухэр егъэджэным теухуа лэжьыгъэшхуэм къуэшыр хэтщ (20-нэ абзацым феплъ.)
20. Илъэс минкІэ щыІэну Пащтыхьыгъуэм сыт хуэдэ лэжьыгъэшхуэ екІуэкІынур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
20 Илъэс минкІэ щыІэну Пащтыхьыгъуэм дэ телъыджэ куэд ди нэкІэ тлъагъунущ! Псалъэм папщІэ, цІыхухэр егъэджэным теухуауэ зэи щымыІа лэжьыгъэшхуэ екІуэкІынущ. Абы нэмыщІ а зэманым «щыпкъагъэ зиІэхэмрэ зимыІэхэмрэ» я дуней тетыкІэм уафэм щыІэ хьэкумыщІэхэр набдзэгубдзаплъэу кІэлъыплъынущ (Ис. 26:9; Апост. 17:31). А цІыхухэр дапхуэдэу зэрырагъэджэнур? КъыкІэлъыкІуэ статьяр абы нэхъ убгъуауэ тепсэлъыхьынущ икІи Алыхьым и гъэсэныгъэр нэхъыбэжу фІыщІэ тщІыну дыхуигъэушынущ.
147-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым гъащІэ мыухыжкІэ дыкъегъэгугъэ
a Иуан 5:28, 29 лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэр итщ. Ар цІыху гупитІым тепсэлъыхьащ: гъащІэ мыухыж къызылъысыну къэтэджыжынухэмрэ хьэкум зытращІыхьыну къэтэджыжынухэмрэ. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ а едзыгъуэхэр къызэрыдгурыІуэм зэрызихъуэжар.
b «Тхьэм дунейр къыщигъэщІам къыщыщІэдзауэ» а тхылъыр ятх. «Дуней» жыхуиІэ псалъэм къикІыр Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ я гуэныхьхэр къахуэгъуну Іэмал зиІэ цІыхухэращ (Мт. 25:34; Апок. 17:8). Абы къыхэкІкІэ цІыху пэжу щыта Хьэбэл и цІэр а тхылъым япэ дыдэу иратхауэ къыщІэкІынщ.
c Япэм щыгъуэ мыбдеж зи гугъу ищІ «хьэкум» псалъэм «цІыху къуаншэм хуэфащэр егъэгъуэтыжын» жытІэу къыдгурыІуэу щытащ. ИкІи пэжщ, а псалъэм апхуэдэ мыхьэнэ иІэфынущ. Ауэ Хьисэ «хьэкум» псалъэр къыщигъэсэбэпам, а Іуэхум нэхъ убгъуауэ тепсэлъыхьауэ къыщІэкІынущ. Псалъалъэ гуэрхэм зэритымкІэ, а псалъэм иджыри къикІыфынущ «хьэкумыщІэм Іуэхур зэпкърихыныр» е «зыгуэрым и дуней тетыкІэм набдзэгубдзаплъэу кІэлъыплъыныр».