Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
«Сэ нэгъуэщІхэм я деж куэдым зыщезгъэсащ»
АЛЖИРЫМ и бгыхэм ди полкыр къыщыувыІат. Абы щыгъуэ а щІыпІэхэм зауэ гуащІэхэр щекІуэкІт. Зэгуэр жэщ кІыфІым пшахъуэ зэрылъ къэпхэмкІэ къэгъэтІылъыхьа постым пулеметыр сІыгъыу сытетт. Лъэ макъ гуэрхэр къызэрыблагъэр щызэхэсхам щыгъуэ шынэм сызэщІиубыдащ. Абы щыгъуэ сэ илъэс 20 сыхъуа къудейуэ арат икІи зыгуэр сыукІыну е си гъащІэр сфІэкІуэдыну сыхуейтэкъым. Сэ сыкъыхэкІиикІащ: «Уэ, Алыхь, къыздэІэпыкъу!»
А жэщым къэхъуам си гъащІэр зэрыщыту ихъуэжащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы лъандэрэ сэ Алыхьыр къэслъыхъуэу щІэздзащ. Ауэ адэкІэ къэхъуар жысІэжын ипэ си сабиигъуэмрэ Алыхьыр къэслъыхъуэну сыхуэзыгъэушамрэ теухуауэ сывдэгуэшэну сыхуейт.
СИ АДЭМ И ДЕЖ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ
Сэ 1937 гъэм Францием и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыІэ Гене́н къалэм сыкъыщалъхуащ. А къалэм дэс куэдыр шахтеру лажьэт, си адэри абыхэм яхэтт. Сэ захуагъэр фІыуэ слъагъуу икІи цІыхухэм я лэжьыгъэ хьэлъэм пщІэ хуэсщІу си адэм сигъэсащ. Шахтерхэм я лэжьыгъэр егъэлеяуэ гугъут. Абыхэм я гъащІэр нэхъыфІ ищІын щхьэкІэ си адэр профсоюзхэмрэ забастовкэхэмрэ хэтт. Абы нэмыщІ дин пашэхэм я фэрыщІагъыр си адэм игу къеуэт. Абыхэм я щыщ куэдыр хуэщІауэ зэрыпсэум емылъытауэ, зыхуей зымыгъуэт шахтерхэм ахъшэмрэ ерыскъымрэ щхьэкІэ елъэІун къагъанэтэкъым. Дин пашэхэм я щытыкІэр си адэм апхуэдизу гущыкІыгъуэу къилъытэти, динми Алыхьми теухуауэ зэи къызэпсэлъакъым.
Зэман дэкІа иужь сэри лей зехьэныр слъагъу мыхъуу сыхъуащ. Псалъэм папщІэ, Францием щыщ куэдым нэгъуэщІ къэралхэм къикІахэм теухуауэ цІыху зэхэгъэж ящІт. Ауэ сэ абыхэм я бынхэр згъэныбжьэгъуну икІи футбол садэджэгуну си фІэфІт. Абы нэмыщІ си анэри лъэпкъкІэ Польшэм щыщт. Сэ хуабжьу сыхуейт лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэм пщІэ зэхуащІыну икІи мамыру зэдэпсэуну.
ГЪАЩІЭМ И МЫХЬЭНЭМ СЫЩІОГУПСЫС
Армэм сыщыщыІэм
1957-нэ гъэм сэ армэм сыдашащ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ нэхъапэІуэкІэ зи гугъу сщІа Іуэхугъуэхэр къыщыхъуа Алжирым и бгыхэм сыкъыщыщІидзащ. «Уэ, Алыхь, къыздэІэпыкъу!» жысІэу сыкъыхэкІиикІа иужь сэ къэслъэгъуащ си пащхьэм бий зауэлІ зэримытыр, атІэ ар шыд Іэлу зэрыщытыр. Ар къыщыслъэгъуам сэ зыкІэ сыкъэгуфІати! А жэщым къэхъуамрэ зауэ дызыхэтамрэ сыхуагъэушащ гъащІэм и мыхьэнэм сыщІэгупсысыну. ДыщІэпсэур сыт? Алыхьым дыкъыфІэІуэхуу пІэрэ? Зауэмрэ гузэвэгъуэмрэ щымыІэжыххэу хъуну пІэрэ?
ИужькІэ си адэ-анэм я деж отпуск сыщыІэу Иеговэ и Щыхьэтхэм я щыщ зы зэзгъэцІыхуащ. Абы сэ Библиер къызитащ икІи Алжир згъэзэжа иужь абы седжэу щІэздзащ. Псом хуэмыдэу сэ сигу ирихьар Апокалипсис 21:3, 4 ит псалъэхэращ: «Тахътэм къиІукІ макъышхуэ гуэрым мыпхуэдэу жиІэу зэхэсхащ: „Мис, Тхьэм и псэупІэр цІыхухэм я дежщ... ...Езы Тхьэри абыхэм я гъусэнущ... Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящІилъэщІыкІыжынущ. ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым“». Ар сэ хуабжьу сгъэщІэгъуащ. Ар пэжу щытыфыну пІэрэ? А зэманым Библиемрэ Алыхьымрэ теухуауэ зыри сщІэтэкъым.
1959-нэ гъэм армэм сыкъыщикІыжам щыгъуэ Франсуа́ зи цІэ Иеговэ и Щыхьэт зэзгъэцІыхуащ икІи ар къыздэІэпыкъуащ Библием ит пэжхэр къэсщІэну. Псалъэм папщІэ, абы сигъэлъэгъуащ Алыхьым и цІэ Иеговэ Библием зэритыр (Пс. 83:18). Абы нэмыщІ Франсуа къызгуригъэІуащ Иеговэ захуагъэр зэрызэтригъэувэжынур, щІылъэр жэнэт зэрищІыжынур икІи Апокалипсис 21:3, 4 ит псалъэхэр зэригъэзэщІэнур.
А псалъэхэм акъыл хэлът икІи ахэр си гум лъэІэсащ. Ауэ абы щыгъуэ дин пашэхэм сахузэгуэпу щІэздзащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Библием имытым цІыхухэр зэрыхуагъасэр сэ къызгурыІуат. Абыхэм я пцІыр къыщІэзгъэщыну апхуэдизкІэ сыхуейти, ерагъкІэ зысІыгъыу арат! КъызэрыщІэкІымкІэ, си адэм къысхипща гупсысэхэм апхуэдэ еплъыкІэ сиІэну сыхуагъэушт.
Франсуарэ Иеговэ и Щыхьэтхэм щыщ ныбжьэгъухэмрэ я фІыгъэкІэ шыІэныгъэ згъэлъагъуэу зезгъэсащ. Абыхэм къызгурагъэІуащ дэ ди къалэныр цІыхухэм хьэкум тетщІыхьыныракъым, атІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэныращ. А Іуэхурат Хьисэ и гъащІэм япэ иригъэщу щытар икІи и гъэсэнхэм къалэну къахуигъэнар (Мт. 24:14; Лк. 4:43). Абы нэмыщІ сэ зезгъэсэн хуейт, цІыхухэм я фІэщ хъум емылъытауэ, псоми щабэу, я гум семыуэу сепсэлъэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием итщ: «Зиусхьэным хуэлажьэ цІыхур зэщыхьэным хэт хъунукъым. АтІэ цІыху псоми яхуэфІу... щытын хуейщ» (2 Тим. 2:24).
Сэ си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ куэд хэслъхьащ икІи 1959-нэ гъэм районнэ конгрессым псым зыщІэзгъауэри Иеговэ и Щыхьэт сыхъуащ. А конгрессым Анже́ль зи цІэ шыпхъур зэзгъэцІыхуащ икІи ар хуабжьу сигу ирихьащ. Анжель здэщыІэ зэхуэсым и зэІущІэхэм сыкІуэу щІэздзэри, 1960-нэ гъэм дэ дызэрышащ. Ар хьэл-щэн дахэ куэд зыхэлъ цІыхубзщ, щхьэгъусэфІщ икІи Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ (Прит. 19:14).
Дыщызэрыша махуэм
ІУЩАГЪ ЗЫХЭЛЪ КЪУЭШХЭМ Я ДЕЖ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ
Иеговэ и Щыхьэт сызэрыхъурэ Іущагъ зыхэлъ къуэшхэм я деж куэдым зыщезгъэсащ. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсыр мыращ: сыт хуэдэ къалэн гугъуми дыпэлъэщын щхьэкІэ цІыху Іэдэбу дыщытын хуейщ икІи дигу идгъэлъын хуейщ «чэнджэщэгъу зи куэдым ехъулІэныгъэ зэриІэнур» (Прит. 15:22).
Районнэ лэжьыгъэр щызгъэзащІэм щыгъуэ (Францие. 1965-нэ гъэ)
Мы псалъэхэр зэрыпэжыр си дежкІэ нэхъ наІуэ хъуащ 1964-нэ гъэм районым и нэхъыжьу лэжьэн щыщІэздзам щыгъуэ. Сэ къуэш, шыпхъухэр згъэгушхуэн икІи я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІыну садэІэпыкъун щхьэкІэ зэхуэсхэм сыкІуэт. Ауэ сэ илъэс 27 фІэкІа сыхъутэкъым икІи куэдым зезгъэсэн хуейт. ДауикІ, сыщыщыуаи къэхъуащ, ауэ си щыуагъэхэм дерс къыхэсхыну сыхущІэкъут. Псом хуэмыдэу сэ къыздэІэпыкъуар Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу хэта къуэшхэм я чэнджэщхэращ.
Районнэ лэжьыгъэр зэрыщІэздзэрэ куэд дэмыкІыу къэхъуа Іуэхугъуэр сигу къокІыж. Зэгуэр Париж зы зэхуэсым сыщыІэу къуэш гуэр къызбгъэдыхьэри къызэупщІащ: «Ди закъуэу дызэпсалъэ хъуну пІэрэ?» — «Уей, хъунум»,— жысІащ сэ. Абы упщІэ къызитащ: «Луи, дохутырыр зыгуэрым и унэм къыщыкІуэкІэ хэт и деж ар къыздэкІуэр?» — «Сымаджэм и деж»,— естащ сэ абы жэуап. А къуэшым пищащ: «Пэж дыдэщ. Луи, сэ гу лъыстащ уэ уи зэманыр нэхъыбэу фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэхэм зэрытебгъэкІуэдар, псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьым. Ауэ ди зэхуэсым укІытэхыу щыт, зи лъэр щІэхуа е Иеговэ хуэлэжьэн щІэзыдза къудей къуэш, шыпхъу куэд хэтщ. Зэман къыдэбгъэкІыу абыхэм уепсэлъамэ е я гъусэу шэджагъуашхэ пщІамэ, я гуапэ хъунут».
А къуэш лъапІэм Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ къызэрызитар сэ икъукІэ фІыщІэ сщІащ! Абы Иеговэ и мэл цІыкІухэм хуиІэ лъагъуныгъэр си гум лъэІэсащ. Сэ сызэрыщыуам арэзы сытехъуэну тыншу щымытами, а чэнджэщыр занщІэу къэзгъэсэбэпу щІэздзащ. Апхуэдэ къуэшхэм щхьэкІэ сэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ.
1969-нэ, 1973-нэ гъэхэм Париж пэмыжыжьэ Коломб къалэм щекІуэкІа международнэ конгрессхэм къекІуэлІа къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэну ерыскъыр зэзгъэпэщыну сэ къалэн къысхуащІащ. 1973-нэ гъэм екІуэкІа конгрессым 60 000 хуэдиз хъу цІыхухэр махуитхукІэ гъэшхэн хуейт. Сэ а Іуэхум Іэнкун сищІат икІи щыщІэздзэну лъэныкъуэр сщІэтэкъым. Абы щыгъуи Притчи 15:22 ит псалъэхэр къыздэІэпыкъуащ. Сэ а Іуэхум фІыуэ хэзыщІыкІ икІи Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ къуэшхэм захуэзгъэзащ. Абыхэм яхэтащ лы зыщэхэр, хадэхэкІ къэзыгъэкІхэр, абы нэмыщІ пщэфІэн, щэхуэн ІэщІагъэ зиІэхэр. Дэ тхузэфІэмыкІыну къытщыхъуа лэжьыгъэр зэгъусэу дгъэзэщІэфащ.
1973-нэ гъэм си щхьэгъусэмрэ сэрэ Францием щыІэ Вефилым дыщылэжьэну дыкърагъэблэгъащ. Япэу къызата къалэнри тыншу щытауэ жыпІэ хъунутэкъым. Африкэм щыІэ Камерун къэралым ди тхыгъэхэр зэрырагъэхьыну щІыкІэр сэ зэтезухуэн хуейт. А къэралым 1970-нэ гъэм щыщІэдзауэ 1993-нэ гъэм нэсыху ди лэжьыгъэр щызэхуэщІауэ щытащ. Сэ а лэжьыгъэм сызэрыбгъэдыхьэну щІыкІэр аргуэру сщІэтэкъым. Францием щыІэ филиалым и надзирателу лажьэ къуэшым абы гу лъитауэ къыщІэкІынущ икІи сигъэгушхуэн щхьэкІэ мыпхуэдэу къызжиІащ: «Камерун щыщ ди къуэшхэр Алыхьым къыбгъэдэкІ ерыскъым хуабжьу хуэныкъуэщ. Еуэ-тІэ, ахэр дыгъэгъашхэ!» Арати, дгъэшхащ.
Камерун щыщ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу зэІущІэ хэха щедгъэкІуэкІым щыгъуэ (Нигерие. 1973-нэ гъэ)
Камерун къэралым зэхуэсым и нэхъыжьу щылажьэ къуэшхэм захуэзгъэзэн щхьэкІэ сэ абы и гъунэгъу къэралхэм мызэ-мытІэу сыкІуащ. ЛІыгъэрэ Іущагърэ зыхэлъ а къуэшхэр сэ къыздэІэпыкъуащ Алыхьым къыбгъэдэкІ ерыскъыр Камерун щыІэ зэхуэсхэм зэпымыууэ зэраІэрыдгъэхьэнур зэтезухуэну. А ІуэхумкІэ Иеговэ ехъулІэныгъэ къыдитащ. А къэралым ди лэжьыгъэр илъэс 20-м щІигъукІэ зэхуэщІауэ щытащ. А зэманым къриубыдэу къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналымрэ «Наше священное служение» жыхуиІэ публикациемрэ ди къуэш, ди шыпхъухэм зы къэмынэу яІэрыхьащ.
Камерун районым и нэхъыжьу щылажьэ къуэшхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ я гъусэу екІуэкІа зэІущІэм дыщыщыІэм (Нигерие. 1977-нэ гъэ)
СИ ЩХЬЭГЪУСЭ ЛЪАПІЭМ И ДЕЖ ЗЫЩЫЗОГЪАСЭ
Дэ дызэпсэлъэн зэрыщІэддзэу занщІэу къэслъэгъуащ Анжель гукІи псэкІи Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур. Ауэ дэ дызэрыша иужь ар си дежкІэ нэхъ наІуэ хъуащ. Псалъэм папщІэ, хьэгъуэлІыгъуэ нэужьым пщыхьэщхьэм ар сэ къызэлъэІуащ тхьэлъэІукІэ Иеговэ зыхуэзгъэзэну икІи ди къарум къызэрихькІэ зэгъусэу абы дызэрыхуэлэжьэнур жесІэну. ИкІи Иеговэ ди лъэІум жэуап къритащ.
Абы нэмыщІ Анжель и фІыгъэкІэ сэ Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуэсщІу зезгъэсащ. Зы щапхъэ къэсхьынщ. 1973-нэ гъэм Вефилым дыщылэжьэну дыщрагъэблэгъам щыгъуэ сэ абы жэуап естыну зысІэжьэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ районым и нэхъыжьым и лэжьыгъэр хуабжьу сигу ирихьт. Ауэ Анжель сигу къигъэкІыжащ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьар. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и организацэр къызэрыдэлъэІуу хъуар псори дгъэзэщІэн хуейкъэ? (Евр. 13:17). Абы теухуауэ сэ зыгуэр схужыІэнут? Арати, дэ Вефилым дыкъэкІуащ. Си щхьэгъусэр зэхэщІыкІ зиІэ цІыхубз Іущщ икІи абы Иеговэ фІыуэ елъагъу. Дэ дызэрызэдэпсэуа илъэс куэдым къриубыдэу абы и хьэл-щэн дахэхэм ди зэхущытыкІэр нэхъ быдэ ящІащ икІи унафэ тэмэмхэр къэтщтэну къыддэІэпыкъуащ.
Францием щыІэ Вефилым Анжель си гъусэу
Илъэсхэр кІуэ пэтми, Анжель япэм хуэдэу сыт и лъэныкъуэкІи щІэгъэкъуэн къысхуохъу. Псалъэм папщІэ, ди организацэм английскэбзэкІэ иригъэкІуэкІ школхэм дыщеджэфын щхьэкІэ Анжельрэ сэрэ а бзэр нэхъыфІу зэдгъэщІэну мурад тщІащ. Абы щхьэкІэ дэ английскэбзэкІэ екІуэкІ зэхуэсым дыхыхьащ, ди ныбжьыр илъэс 70-м фІихуа пэтми. А бзэр зэзгъэщІэну си дежкІэ тынштэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ Францием щыІэ филиалым и комитетым сыщолажьэ икІи къалэн куэд сиІэщ. Ауэ Анжельрэ сэрэ дызэдэІэпыкъужт. Иджыпсту, дэ илъэс 80-м дыщІигъуами, адэкІи зэІущІэхэм французыбзэкІи английскэбзэкІи зыхудогъэхьэзыр. Абы нэмыщІ зэрыхъукІэ зэІущІэхэми хъыбарыфІ гъэІунми нэхъыбэрэ дыхэтыну дыхущІокъу. Английскэбзэр зэдгъэщІэн щхьэкІэ дэ къару етхьэлІащ икІи а Іуэхум Иеговэ ехъулІэныгъэ хилъхьащ.
Псалъэм папщІэ, 2017-нэ гъэм Иеговэ Анжельрэ сэрэ тыгъэ къытхуищІащ: филиалхэм я комитетхэм щылажьэ къуэшхэмрэ я щхьэгъусэхэмрэ щеджэ школым драгъэблэгъащ. Ар Паттерсон (штат Нью-Йорк, США) дэт Учебный центр жыхуаІэм щрагъэкІуэкІ.
Пэж дыдэу Иеговэ УщиякІуэшхуэщ (Ис. 30:20). Аращи, гъэщІэгъуэнкъым абы и лэжьакІуэхэм — зи ныбжь хэкІуэтахэми, щІалэгъуалэми — псом нэхърэ нэхъ щІэныгъэфІ къазэрыІэрыхьэр (Втор. 4:5—8). Сэ слъэгъуащ щІалэгъуалэр Иеговэрэ Іущагъ зыхэлъ къуэш, шыпхъухэмрэ щедаІуэм деж я фІэщхъуныгъэр зэрыхэхъуэр икІи ахэр Алыхьым пэжу зэрыхуэлажьэр. Притчи 9:9 ит псалъэхэр сыту пэж: «Іущым еущии, и зэхэщІыкІым нэхъри зиІэтыну арщ; захуащІэми еущие — и акъылым хигъэхъуэну арщ»! (Гъэсэпэтхыдэхэр).
Зэман-зэманкІэрэ илъэс 60 ипэ Алжир бгыхэм къыщыхъуа Іуэхугъуэр сэ сигу къызогъэкІыж. Абы щыгъуэ сэ дапхуэдиз фІыгъуэ къыспэщылъми си нэгу къысхущІэгъэхьэнутэкъым! Сэ нэгъуэщІхэм я деж куэдым зыщезгъэсащ. Анжельрэ сэрэ Иеговэ и нэфІ къытщыхуащ. Аращи, дэ мурад быдэ тщІащ уафэм щыІэ ди Адэмрэ ар фІыуэ зылъагъу икІи Іущагъ зыхэлъ къуэш, шыпхъухэмрэ я деж адэкІи зыщыдгъэсэну.