Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
Алыхьым и пащхьэм къулей сызэрыщыхъуар
Сэ Ли́берти (штат Индиана, США), жыхуаІэ къалэ цІыкІум, пхъэм къыхэщІыкІа унэм сыкъыщалъхуащ. А зэманым си адэ-анэм сабиищ яІэт: зы къуэрэ пхъуитІрэ. ИужькІэ си анэм иджыри щІалэ цІыкІуитІрэ зы хъыджэбз цІыкІурэ къилъхуащ.
Сыкъыщалъхуа унэр
ШКОЛЫМ сыщІэсыхукІэ ди къалэм къыщекІуэкІ гъащІэм зыуи зихъуэжакъым. Япэ классым щыщІэдзауэ иужьрейм нэс къыздеджахэр зыщ. Ди къалэ цІыкІум дэсхэм и нэхъыбэр зэрыцІыхут.
Сэ быниблым сащыщ зыт икІи сызэрыцІыкІурэ фермэм сыщылажьэт
Либерти и Іэгъуэблагъуэм нартыху къыздагъэкІ фермэ цІыкІу зыбжанэ щыІэт. Сэ сыкъыщалъхуам щыгъуэ си адэр апхуэдэ зы фермэм щылажьэт. Иджыри сыныбжьыщІэу трактор къесхуэкІыу зезгъэсащ икІи фермэм щагъэзащІэ лэжьыгъэм хъарзынэу хэсщІыкІт.
Си адэр щІалэу зэи слъэгъуакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ сыкъыщалъхуам щыгъуэ ар илъэс 56 хъут, си анэр илъэс 35 хъут. Ар цІыхухъу узыншэт икІи Іэчлъэчт. Си адэр лэжьакІуэшхуэт, дэри абы лэжьыгъэр фІыуэ тлъагъуу дигъэсащ. Си адэм ахъшэшхуэ къилэжьтэкъым, ауэ дыщыпсэун унэ, тшхын ерыскъы, щыттІэгъэн щыгъын диІэт икІи езыр сыт щыгъуи ди гъусэт. Ар илъэс 93 хъууэ дунейм ехыжащ, мамэ — 86 хъууэ. Си адэ-анэр Иеговэ хуэлажьэтэкъым. Си къуэшхэм щыщу зыр Иеговэ и Щыхьэтщ икІи 1972 гъэм щыщІэдзауэ зэхуэсым и нэхъыжьу мэлажьэ.
СИ ЩІАЛЭГЪУЭ ЗЭМАНЫР
Мамэ Алыхьыр и фІэщ хъут. Тхьэмахуэ къэс дэ абы баптистхэм я члисэм дишэт. Илъэс 12 сыщыхъум Тхьэнапищым теухуауэ япэ дыдэу зэхэсхащ. Абы щыгъуэ си анэм сеупщІат: «Дауэ Хьисэ икІи Къуэуэ, икІи Адэу зэрыщытыфынур?» Абы и жэуапыр сощІэж: «Си къуэ цІыкІу, ар щэхущ. Дэ ар зэи къыдгурыІуэнукъым». ДауикІ, ар сэ зэи къызгурымыІуэнт! Ауэ илъэс 14 сыщыхъум щыгъуэ ди унэм пэгъунэгъу псыежэх цІыкІум щэ сыщІагъэуащ, зэ Адэм, зэ Къуэм, зэ къару лъапІэм и цІэкІэ.
Илъэс 17 сыщыхъум, армэм сыдашын ипэ. 1952 гъэ
Школым къыздеджэ зы щІалэр боксым хэтт. Абы сэри боксым сыхыхьэну сыхуигъэушащ. Апхуэдэу, сэ «Дыщэ Іэлъэ» жыхуаІэ клубым щыщ сыхъуащ. Сэ боксер къысхэкІакъым икІи зэрэ-тІэурэ сызэуа иужь боксыр къэзгъэнащ. ИужькІэ сэ армэм сыдашри Германием сагъэкІуащ. Армэм си нэхъыжьхэм военнэ еджапІэм сыщІагъэтІысхьащ офицер къысхэкІын я гугъэу, ауэ сэ сыхуейтэкъым военнэ сыхъуну. ИлъэситІ дэкІри, 1956 гъэм унэм къэзгъэзэжащ. Куэд дэмыкІыу сэ нэгъуэщІ армэм щыщ сыхъуащ.
1954 гъэм щыщІэдзауэ 1956 гъэм нэс армэм сыщыІащ
ГЪАЩІЭЩІЭМ ЩІЕДЗЭ
Пэжыр щызмыщІэм нэгъэсауэ цІыхухъур зэрыщытын хуейм теухуауэ еплъыкІэ нэпцІ сиІэт. Библием езыгъаджэу дэтхэм цІыхухъу къахэмыкІыну слъытэт. Ар зи ягъэр си ныбжьэгъухэмрэ сызэплъ фильмхэмрэт. Ауэ иужькІэ сэ къэсщІам си гъащІэр ихъуэжащ. Зэгуэр зи щхьэр теха си машинэ плъыжьым сису сыкІуэ пэтрэ, хъыджэбзитІым сыкъагъэувыІэну я мураду Іэ къысхуащІащ. Ахэр си малъхъэм и шыпхъу нэхъыщІитІырат. А хъыджэбзитІыр Иеговэ и Щыхьэтт икІи абыхэм «ХъумакІуэ Чэщанэ», «Фыкъызэщыу» журналхэр къызатащ. Сэ а журналхэм седжэт, ауэ «ХъумакІуэ Чэщанэр» си дежкІэ гурыІуэгъуейт. Я унэм Библиер зэгъусэу щадж зэІущІэм сэ а хъыджэбзхэм сыкърагъэблэгъащ. «Деплъынщ»,— щажесІэм, зэшыпхъуитІыр къыпыгуфІыкІри къызэупщІащ: «Дыкъэбгъэгугъэрэ?»— «Фыкъызогъэгугъэ»,— стыжащ жэуап.
Ахэр къызэрызгъэгугъам сыхущІегъуэжат, ауэ си псалъэми сепцІыжыну сыхуейтэкъыми, пщыхьэщхьэм зэІущІэм сыкІуащ. Псом хуэмыдэу згъэщІэгъуар сабийхэращ. Абыхэм Библиер зыкІэ фІыуэ ящІэти! Си анэм и гъусэу илъэс куэдкІэ члисэм сыкІуа щхьэкІэ, Библием сэ хэсщІыкІ щыІэтэкъым! Сэ а тхылъыр къызгурыІуэну сыхуейти, Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу ар джын щІэздзащ. Сэ къэсщІащ лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым цІэ зэриІэр. СощІэж зэгуэр мамэ — хэт хъуну Иеговэ и Щыхьэтхэр?— жысІэу сызэреупщІар. «Ахэр ИеговэкІэ зэджэ лІыжь цІыкІу гуэрым хуолажьэ» — къызжиІащ абы. Ауэ иджы си нэр къэплъэжат!
Сэ пэжыр къызэрызгъуэтар къызэрызгурыІуэу, Алыхьым гъунэгъу зыхуэсщІу щІэздзащ. Мазибгъу дэкІри, 1957 гъэм, гъатхэпэ мазэм сэ псым зыщІэзгъэуащ. Си гупсысэкІэм егъэлеяуэ зихъуэжащ. Япэм лІыхъужьыфэ зытезгъэуэну сыхэтт, ауэ нэгъэсауэ цІыхухъур зэрыщытын хуейм теухуауэ Библием итыр къызэрысщІам си гур хегъахъуэ. Дэтхэнэ цІыхухъуми елъытауэ Хьисэ нэхъ узыншэт икІи нэхъ къарууфІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар цІыху дагъуэншэт. Ауэ ар зыми езауэтэкъым, атІэ дэр папщІэ гугъуехь ишэчыну хьэзырт (Ис. 53:2, 7). Сэ къэсщІащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр псоми щабэу зэрахущытын хуейр (2 Тим. 2:24).
1958 гъэм сэ пионеру лэжьэн щІэздзащ. Ауэ куэд мыщІэу зэман гуэркІэ ар къэзгъэнэн хуей хъуащ. Сыт щхьэкІэ? Фыз къэсшэну мурад сщІат. Сэ къэсшар Глориещ, ар сэ япэу зэІущІэм сыкъезыгъэблэгъа зэшыпхъуитІым язт. Глория къызэрысшам зэи сыхущІегъуэжакъым. Иджыри къыздэсым си дежкІэ ар налкъутналмэсу щыІэм нэхърэ нэхъ лъапІэщ. Глория си щхьэгъусэу зэрыщытым насыпыфІэ сещІ!
Мис и гъащІэм теухуауэ абы езым жиІэжыр: «Сэ дэлъху, шыпхъуу 16 сиІэт. Мамэ Иеговэ пэжу хуэлажьэт. Сэ илъэс 14 сыщыхъум ар дунейм ехыжащ. А зэманым папэ Библиер джын щІидзащ. Мамэ лІа иужь, папэ школым и директорым гурыІуащ си шыпхъу нэхъыжьымрэ сэрэ школым чэзууэ дыкІуэну — зы махуэм сэ, къыкІэлъыкІуэм — си шыпхъур. Зыр щеджэм деж, адрейр унэм къанэти, дэлъху, шыпхъу нэхъыщІэхэм кІэлъыплът икІи папэ и къэкІуэжыгъуэм ирихьэлІэу шхын игъэхьэзырт. Апхуэдэурэ къекІуэкІащ си шыпхъум школыр къиухыху. Иеговэ и Щыхьэту унагъуитІым Библием драгъаджэт икІи сабий 17-м щыщу 11-р Иеговэ и лэжьакІуэ хъуащ. Сэ сызэрыукІытэхым емылъытауэ хъыбарыфІыр згъэІуну сигу ирихьт. СызэрыукІытэхым себэныну си щхьэгъусэ Сэм иджыри къыздэсым къыздоІэпыкъу».
1959 гъэм, мазаем Глориярэ сэрэ дызэрышащ. Пионеру дызэрылажьэр дигу ирихьт, ауэ дунейпсо Іуэху зехьэпІэм дыщылэжьэну дехъуапсэт. Абы къыхэкІыу а илъэс дыдэм бадзэуэгъуэ мазэм заявленэ ттхащ Вефилым дыщылэжьэну. Абы теухуауэ къыдэпсэлъар ди къуэш Саймон Крейкерщ. Абы къыджиІащ иджыпсту зэщхьэгъусэхэр Вефилым къызэрырамыгъэблагъэр. Абы щхьэкІэ ди мурадым зихъуэжакъым, ауэ ар къыщыдэхъулІар илъэс куэд дэкІауэщ.
Дунейпсо Іуэху зехьэпІэм щылажьэ къуэшхэм дэ письмокІэ делъэІуащ хъыбарыфІыр нэхъыбэу здэгъэІун хуей щІыпІэ гуэрым дагъэкІуэну. Дэ Пайн-Блафф (штат Арканзас) къалэм дагъэкІуащ. А зэманым а къалэм зэхуэситІ щыІэу арат — зыр къуэш, шыпхъу хужьхэм папщІэ, адрейр — фІыцІэхэм папщІэ. Дэ фІыцІэхэр здэщыІэ зэхуэсым дагъэкІуащ, ахэр цІыху 14 хъут.
ЦІЫХУ ЗЭХЭГЪЭЖ ЗЭРАЩІЫМ ПЫЩІА ГУГЪУЕХЬХЭМ ДЫІОЩІЭ
Зыгуэрым къыгурымыІуэнкІэ хъунущ къуэш, шыпхъу хужьхэмрэ фІыцІэхэмрэ я зэхуэсхэр зэхэмыхьэу щІыщытар. КІэщІу жыпІэмэ, а зэманым апхуэдэ хуитыныгъэ дэ диІэтэкъым. ЦІыху хужьхэмрэ фІыцІэхэмрэ зэхыхьэну къэралым и унафэм идэтэкъым. А унафэм ебакъуэхэм удын хьэлъэ ягъуэтынут. Къалэ куэдым щыщ ди къуэшхэр гузавэт къэрал унафэм ебакъуэу хужьхэмрэ фІыцІэхэмрэ зэгъусэу зэІущІэ ирагъэкІуэкІмэ, ахэр щызэхуэс Унэхэр я бийхэм якъутэну. ИкІи пэж дыдэу апхуэдэ къэхъут. ФІыцІэхэм хужьхэр щыпсэу щІыпІэм хъыбарыфІыр щагъэІумэ, ахэр ягъэтІысынкІэ икІи яубэрэжьынкІэ хъунут. Абы къыхэкІкІэ хъыбарыфІ гъэІуныр къэмыувыІэн щхьэкІэ дэ къэрал унафэм дытетт икІи ди Іуэхум фІыкІэ зихъуэжыну дыщыгугът.
ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гугъуехь гуэрхэм дыІущІэт. Псалъэм папщІэ, бжэр къыІузыхар цІыху хужьу щытмэ, псынщІэу унафэ пщІын хуейт, хъыбарыфІыр кІэщІу жепІэнрэ бжэкІэ узэрыщыуар жыпІэу адэкІэ укІуэнрэ. А зэманым ди Іуэхур апхуэдэт.
Пионеру дылэжьэн икІи ди щхьэр тпІыжын щхьэкІэ лэжьыгъэ хьэлъэ дгъэзэщІэн хуейт. И нэхъыбэм махуэм ди лэжьапщІэр долларищ хъууэ арат. Глория унагъуэ зыбжанэм я унэхэр зэщІикъуэт. Зы унагъуэм къытхуидащ сэ Глория сыдэІэпыкъуну, унэр тІэукІэ нэхъ псынщІэу зэщІэкъуа хъун щхьэкІэ. Дэ абыхэм шэджагъуашхэм шхын гъэщта къыдатыр къэдгъэвыжт, ныкъуэ-ныкъуэ тщІыти тшхыт. Тхьэмахуэ къэс Глория зы унагъуэ гуэрым я щыгъынхэм ету яхутридзэт. Сэ абыхэм я пщІантІэм сыщылажьэт, щхьэгъубжэхэр яхуэстхьэщІт, нэгъуэщІ лэжьыгъэ куэди яхуэсщІэт. Дэ иджыри нэгъуэщІ унагъуэми я щхьэгъубжэхэр яхуэттхьэщІт: Глория и кІуэцІымкІэ, сэ и щІыбымкІэ. А унагъуэм исхэр цІыху хужьт. Лэжьыгъэм махуэ псо зэрихьым щхьэкІэ шэджагъуэм шхын къыдатт. Глория унэ кІуэцІым щышхэт а унагъуэм имыгъусэу, сэ гаражым сыщышхэт. Сэ абыкІи сыарэзыт. Езы унагъуэри гуапэт, я шхынри ІэфІт. Ауэ абыхэм а зэманым къекІуэкІыу щыта гупсысэкІэ пхэнжыр зэран къахуэхъут. Зэгуэр заправкэм машинэм бензин изгъэхъуа нэужь, абы щылажьэм сеупщІащ, Глория абыхэм я псыунэм кІуэ хъунрэ мыхъунрэ. И нэщхъыр зэхэлъу къызэплъри: «ЗэхуэщІащ ар»,— жиІэри къыспидзыжащ.
ЦІЫХУХЭМ ФІЫ КЪЫТХУАЩІАР ЗЭИ ТЩЫГЪУПЩЭНУКЪЫМ
Ди къуэш, ди шыпхъухэм дахэтыну егъэлеяуэ ди гуапэт. Пайн-Блафф дыкъыщыкІуа къудейм зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэшым и унэм дыкъыщыувыІащ. Абы и щхьэгъусэр Иеговэ и Щыхьэттэкъыми, Глория ар Библием иригъэджэн щІидзащ. Сэ абыхэм я пхъумрэ я малъхъэмрэ езгъаджэт. Зэман дэкІри зэанэзэпхъум псым зыщІагъэуащ.
ЦІыху хужьхэм щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэр ныбжьэгъу тхуэхъуащ. Абыхэм пщыхьэщхьэшхэм драгъэблагъэт, ауэ зыми дыкъимылъэгъун щхьэкІэ, кІыфІ хъуа иужьт хьэщІапІэ дыщыкІуэр. А зэманым ку-клукс-клан жыхуаІэ организацэм щыщхэм хуабжьу зыкъаІэтат. Абыхэм егъэлеяуэ цІыху зэхэгъэж ящІт икІи лей зрахьэт. Иджыри къыздэсым сощІэж Хеллоуиныр щагъэлъапІэм щыгъуэ слъэгъуа цІыхухъур, абы ку-клукс-клан жыхуаІэ организацэм щыщхэм заригъэщхьт. Капюшон зыпыт щыгъын хужь быхъушхуэ щыгъыу ар и унэ дэкІуеипІэм тест, и пэр дэгъэзеяуэ. Ауэ а псор ди къуэш, ди шыпхъухэм зэран яхуэхъутэкъым сыт щыгъуи зэдэІэпыкъуну. Зэгуэр гъэмахуэм конгрессым дыкІуэн щхьэкІэ ахъшэ дыхуэныкъуэти, 1950 гъэм къыдагъэкІа ди «Форд» машинэр ди къуэш гуэрым етщэжащ. Мазэ дэкІауэ мыпхуэдэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн къытщыщІащ. Хуабэвэхым махуэ псом унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр дгъэІуауэ, цІыхухэр Библием едгъэджауэ икІи ди псэр пыхуу унэм къэдгъэзэжт. ДыкъыздэкІуэжам ди унэм деж ди машинэ тщэжар щыту долъагъу. ТхылъымпІэм мыпхуэдэ псалъэхэр тету машинэм и абджым дэлът: «СыныволъэІу фи машинэр къэфщтэжыну. Мыр фхуэсщІ тыгъэщ. Фи къуэшыр».
Ди зы шыпхъу гуэрым къытхуищІар зэи сщыгъупщэжынкъым. Саут-Лансинг (штат Нью-Йорк) щекІуэкІыну школым сэ 1962 гъэм сыкърагъэблэгъат. А школым районым и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ мазэкІэ щеджэт. А зэманым сэ лэжьыгъэ сиІэтэкъым икІи дэ ахъшэ мащІэ дыдэт диІэр. Ауэ абы щыгъуэ телефонхэм пыщІа зы компание гуэрым сыувыну иужь ситт. Абы сыкъащтауэ щытамэ, а компанием цІыху фІыцІэу сэрат япэу увынур. ИкІи пэж дыдэу абыхэм сыкъащтэну хьэзырт. Сытыт сщІэнур? Нью-Йорк сызэрыкІуэн ахъшэ сиІэтэкъым икІи си фІэщу сегупсыст а лэжьапІэм сыуву школым сымыкІуэну. Къуэшхэм письмо яхуэстхынрэ пэт, зэи си гум имыхужын гуэр къэхъуащ.
Пщэдджыжьым жьыуэ зыгуэр ди бжэм къытеуІуащ. Ар ди зэхуэсым щыщ шыпхъут. Абы и щхьэгъусэр Иеговэ хуэлажьэтэкъым. Ахъшэ дэзу зыдэлъ конверт а шыпхъум къысхуишиящ. Абы и сабий цІыкІухэр и гъусэу нэхущым губгъуэм кІуэурэ бжьэхуц къызыпыкІэ къэкІыгъэхэр япщІэт, си гъуэгу уасэр къалэжьын щхьэкІэ. Абы къызжиІащ: «КІуэи нэгъэсауэ еджэ, иужькІэ дэри дебгъэджэфын хуэдэу». Сыздэувыну сыхэта компанием иужькІэ сеупщІат, тхьэмахуитху дэкІмэ сыкъащтэнрэ сыкъамыщтэнрэ, ауэ абыхэм сызэрагъэпсэлъакъым. Сэ ар къысфІэІуэхужтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ сщІэн хуейр сщІэт. Сыту фІыт абы щыгъуэ а лэжьапІэм сызэрымыувар!
Пайн-Блафф дыщыпсэуа зэманым теухуауэ Глория игу къегъэкІыж: «Сэ а щІыпІэр фІыщэу слъэгъуат! ЦІыху 15—20 хуэдиз Библием езгъаджэт. Пщэдджыжьым унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр дгъэІут, къэнэжа махуэ псом цІыхухэр Библием едгъаджэт, языныкъуэхэм деж дыщызэфІэкІыр жэщым сыхьэт 11-рат. ХъыбарыфІыр бгъэІуну зыкІэ гухэхъуэти! Иджыри къыздэсым апхуэдэу сыгуфІэжу сылэжьэнт. Пэжыр жысІэнщи, сэ ар къэзгъанэу ди организацэм нэгъуэщІ лэжьыгъэ щызгъэзэщІэну сыхуейтэкъым, ауэ Иеговэ и мурадыр нэгъуэщІт». ИкІи ар пэжт.
РАЙОНЫМ И НЭХЪЫЖЬУ СОЛАЖЬЭ
Пайн-Блафф пионеру дыщылажьэм щыгъуэ специальнэ пионеру дылэжьэну дыхуейуэ заявление ттхауэ щытащ. ИкІи пэж дыдэу дыщыгугът специальнэ пионер дащІыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди областым и нэхъыжьыр хуейт дэ Техас щыІэ зэхуэсым специальнэ пионеру дыдэІэпыкъуну. Дэри арат дызыхуейр. Зэпымыууэ пощт ашыкым диплъэт, ауэ письмо щыІэтэкъым. Куэдрэ дыпэплъэн хуей хъуами, письмор къытІэрыхьащ. Сэ районым и нэхъыжь сащІащ! Ар къыщыхъуар 1965 гъэм, щІышылэ мазэращ. А зэманым ди къуэш Ли́он Уи́вери районым и нэхъыжь ящІат. Ар иджыпсту Америкэм щыІэ ди филиалым и комитетым и координаторщ.
ЛэжьыгъэщІэ къысхуагъэфэщам теухуауэ хуабжьу сыгузавэт. Зы илъэскІэ узэІэбэкІыжмэ, областым и нэхъыжь Джеймс Томпсон си анкетэм еджат. Районым и нэхъыжьым хэлъын хуей хьэл-щэнхэм теухуауэ абы щыгъуэ сэ Джеймс щабэу чэнджэщ къызитат. А чэнджэщыр зэрыщхьэпэр районым и нэхъыжьу лэжьэн зэрыщІэздзэу къызгурыІуащ. Областым и нэхъыжьхэм щыщу япэу сэ сызыдэлэжьар ди къуэш Томпсонщ. Сэ абы куэдым сыхуригъэсащ.
КъыздэІэпыкъуа къуэшхэм фІыщІэшхуэ яхузощІ
А зэманым районым и нэхъыжьхэр куэдрэ ирагъаджэтэкъым. Районым и нэхъыжьыр зы тхьэмахуэм и кІуэцІкІэ зэхуэсым зэрыдэІэпыкъум сэ сыкІэлъыплъащ, къыкІэлъыкІуэ тхьэмахуэм а лэжьыгъэр сэ зэрызгъэзащІэм ар еплъащ. ИужькІэ абы чэнджэщ зыбжанэ къызитащ. Арат си еджэныр зэрыхъур. СощІэж Глория мыпхуэдэу зэрыжесІар: «ЗыкІэ сыхуейкъыми ар иджыпсту кІуэжыну». Ауэ иужькІэ сэ къызгурыІуащ сыт щыгъуи къуэшыфІхэр сызэригъусэнур икІи ахэр къызэрыздэІэпыкъунур, хуит сщІы закъуэмэ. Псалъэм папщІэ, районым и нэхъыжьу лэжьа Джеймс Браунрэ Вефилым щылэжьа Фред Раскрэ егъэлеяуэ къыздэІэпыкъуахэщ.
А зэманым цІыху зэхэгъэж щІыным икъукІэ зиубгъуат. Штат Те́ннесси щыІэ зы зэхуэсым дыщыдэІэпыкъум а щІыпІэм ку-клукс-клан жыхуаІэ организацэм щыщхэм марш ирагъэкІуэкІащ. Зэгуэр хъыбарыфІыр дгъэІуа иужь тІэкІу дышхэну кафем дыщІыхьат. ПсыунэмкІэ сыунэтІа пэтрэ гу лъыстащ губжьаифэ зытет зы цІыхухъу хужь гуэрым зыкъиІэту си ужь къызэриувар. А цІыхухъум и щІыфэм тедзахэм къагъэлагъуэт абы цІыху фІыцІэхэр фІыуэ зэримылъагъур. Ди ужьым иту а цІыхухъумрэ сэрэ куэдкІэ нэхъ ин ди зы къуэш хужь псыуунэм ныщІыхьащ. «Къуэш Хёрд, псори тэмэм?» — жиІэри къызэупщІащ ар. Ар щилъагъум си ужь къиувар занщІэу щІэкІыжащ. Сэ къызгуроІуэ: цІыху зэхэгъэж щІащІым щхьэусыгъуэ хуэхъур цІыхум и фэракъым, атІэ дэ псоми тхэлъ гуэныхьыращ. Сэ си фІэщ мэхъу: и фэм емылъытауэ къуэшыр къуэшу къонэж икІи хуей хъумэ, абы и гъащІэр уэр щхьэкІэ итыну хьэзырщ.
АЛЫХЬЫМ И ПАЩХЬЭМ КЪУЛЕЙ СЫЩОХЪУ
Сэ районым и нэхъыжьу илъэс 12, областым и нэхъыжьу илъэс 21 сылэжьащ. А лэжьыгъэм кърикІуа фІыгъуэ куэд Иеговэ сигъэлъэгъуащ. А зэманым Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн куэди ди гъащІэм къыщыхъуат! Ауэ иджыри зы фІыгъуэ гуэр Иеговэ тхуигъэхьэзырат. Куэд щІауэ дызыщІэхъуэпсыр 1997 гъэм, шыщхьэІу мазэм къэхъуащ — дэ Америкэм щыІэ Вефилым дыкърагъэблэгъащ. Япэу заявленэ зэрыттхырэ илъэс 38 блэкІат. ФокІадэ мазэм дэ Вефилым щылэжьэн щІэддзащ. Зэман кІэщІкІэ дыкърагъэблэгъа си гугъащ, ауэ сэ сыщыуэт.
Глория къыщысша къудейми иджыпстуи ар си дежкІэ налкъутналмэсым хуэдэщ
Сэ служебнэ отделым сагъэкІуащ икІи щІэ куэд сэ абы къыщысщІащ. Мы отделым щылажьэ къуэшхэм зэхуэсхэм я нэхъыжьхэмрэ районхэм я нэхъыжьхэмрэ кърагъэхь упщІэ гугъу куэд зэпкърах. Сыщылажьэ отделым щыщ къуэшхэм шыІэныгъэ яхэлъу куэдым сызэрыхурагъэсам щхьэкІэ фІыщІэшхуэ яхузощІ. Ауэ иджыпстуи а отделым сыщагъэлэжьамэ, сэ куэдым иджыри сыхуеджэн хуей хъунут.
Глориярэ сэрэ Вефилым щетхьэкІ гъащІэр дигу ирохь. Дэ сыт щыгъуи жьыуэ дыкъэтэджти, а хьэлыр икъукІэ къытхуэсэбэпыжащ. Илъэс хуэдиз дэкІауэ сэ УнафэщІ гупым и Служебнэ комитетым и дэІэпыкъуэгъу сащІащ. 1999 гъэм УнафэщІ гупым щыщ сыхъуащ. Си лэжьыгъэм куэдым сыхуригъэсащ икІи сэ хьэкъыу спхыкІащ: зэхуэсым и нэхъыжьыр Хьисэ Мэссихьщ, атІэ цІыху гуэркъым.
1999 гъэм щыщІэдзауэ УнафэщІ гупым сыхэтщ
СыкъыщызэплъэкІыжкІэ бегъымбар Амос иІа гурыщІэхэм хуэдэ сэри сиІэу мэхъу. Ар мэлыхъуэ Іэдэбт икІи цІыху тхьэмыщкІэхэм яшх пхъэщхьэмыщхьэхэр ирибзэу лажьэт. Ауэ Иеговэ абы гу лъитащ икІи бегъымбару тригъэуващ. А лэжьыгъэм Амос, дауикІ, Алыхьым и пащхьэм къулей щищІащ (Ам. 7:14, 15). Сэри, Индиана щыщ унагъуэ тхьэмыщкІэм къыхэкІам, Иеговэ гу къыслъитэри и нэфІ къысщыхуащ! Абы къысхуищІа псори къыпхуебжэкІынкъым! (Прит. 10:22). Пэж дыдэщ — сэ унагъуэ тхьэмыщкІэм сыкъыхэкІами, Алыхьым и пащхьэм къулей сыщыхъуащ. Апхуэдиз хъугъуэфІыгъуэ згъуэтыну зэи си гугъэнтэкъым!