Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
«Сэ Алыхьым сыхуэмылажьэу си нэгу къысхущІэгъэхьэкъым»
СЭ НОВАЯ ЗЕЛАНДИЕМ ипщэ хытІыгум щыІэ Балклу́тэ къалэ цІыкІум сыкъыщыхъуащ. Сызэрысабийрэ Иеговэ сцІыхут икІи ар си ныбжьэгъу лъапІэу щытт. Сэ абы сыхуэлэжьэну хуабжьу сигу ирихьт. ЗэІущІэхэм сыкІуэну сфІэфІт икІи абы сыщыщыІэхэм деж гуфІэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ зыхэсщІэт. Сэ цІыхухэм сепсэлъэн сыукІытэт, ауэ абы щхьэкІэ къэзмыгъанэу, тхьэмахуэ къэс хъыбарыфІ гъэІуным сыхэтт икІи сымышынэу къыздеджэхэми адрей цІыхухэми хъыбарыфІымкІэ садэгуашэт. Иеговэ сызэрыхуэлажьэр си дежкІэ лъапІэт икІи илъэс пщыкІуз сыщыхъум псым зыщІэзгъэуащ.
ГУФІЭГЪУЭР СФІОКІУЭД
СыщыныбжьыщІэм щыгъуэ Иеговэ хузиІэ лъагъуныгъэр упщІыІуащ. Сэ си гугъэт къыздеджэхэм мы гъащІэм хуитыныгъэ нэхъ щаІэу икІи сэ зыгуэрым сыхэкІыжу къысщыхъут. Си адэ-анэм къысхуащІ унафэхэмрэ Библием ит хабзэхэмрэ егъэлеяуэ ткІийуэ къысфІэщІт икІи Иеговэ сызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ хэзмыхыжу, къызэхьэлъэкІыу сыхъуат. Алыхьыр зэрыщыІэм зэи шэч къытесхьэтэкъым, ауэ сэ абы пэжыжьэ сыхуэхъуат.
Сэ хъыбарыфІ гъэІуным адэкІи сыхэтт, ауэ ар сигу хыхьэжтэкъым. Абы зэи зыхуэзгъэхьэзыртэкъыми, псэлъэн щІэздзэнуи абы пысщэнуи къызэгугъуэкІт. Абы къыхэкІкІэ хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ къысхуихьтэкъым икІи зэманыр пщІэншэу згъакІуэу арат. А псом сэ нэхъ Іейуэ сригъэхуэхт. Сэ сегупсыст: «Дауэ тхьэмахуэ къэси мазэ къэси зэпымыууэ а лэжьыгъэм узэрыхэтынур?»
Сэ илъэс пщыкІубл сыщыхъуам щыгъуэ, хуитыныгъэ сыхуейуэ си хьэпшыпхэр зэщІэскъуэри, Австралием сыкІуащ. Си адэ-анэм ахэр къызэрызгъанэр ягу къеуэт икІи, сэр щхьэкІэ гузавэми, ахэр щыгугът сыздэкІуэм адэкІи Иеговэ сыщыхуэлэжьэну.
Австралием сыщыщыІэм щыгъуэ, сэ Иеговэ нэхъ жыжьэ сыхуэхъуащ. ЗэІущІэхэм зэзэмызэт сыщыкІуэр, згъэныбжьэгъухэри, сэр хуэдэу, нобэ зэІущІэм кІуэуэ, пщэдей къэфэну, ефэну жэщ клубым кІуэхэрат. Иджыпсту сэ къызгуроІуэ абы щыгъуэ лъакъуэ лъэныкъуэкІэ Алыхьым и лэжыгъэм сыхэту, адреймкІэ мы дунейм и Іуэхухэм сыхэту сызэрыщытар. Сэ зыри сигу дыхьэтэкъым.
ДИ ШЫПХЪУ ЗЭЗГЪЭЦІЫХУАР КЪЫЗДОІЭПЫКЪУ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ГУПСЫСЭ КЪЫЗГУРЫІУЭНУ
ИлъэситІ хуэдиз дэкІауэ, сэ ди зы шыпхъу гуэр зэзгъэцІыхуащ. А шыпхъум имыщІэххэу си гъащІэр зэресхьэкІым сригъэгупсысыжащ. Сэ абы щыгъуэ ди шыпхъуиплІым я гъусэу сыпсэут икІи зэгуэр дэ ди районым и нэхъыжьымрэ Тамарэ зи цІэ и щхьэгъусэмрэ ди деж тхьэмахуэкІэ щыдгъэпсэуну къедгъэблэгъащ. Районым и нэхъыжьым зэхуэсым и Іуэхухэр зэфІигъэкІыху, Тамарэ дэ ди гъусэу щІэст икІи дыдыхьэшхыу зэманыр дгъакІуэт. Сэ ар зыкІэ сигу ирихьти! Тамарэ цІыху тыншт икІи абы уепсэлъэну гуапэт. Сэ зэи си гугъэнтэкъым Алыхьым хуэлажьэ цІыхур апхуэдэу гушыІэрейуэ щытыфыну.
Тамарэ гушхуэныгъэ защІэу зэхэлът. Библием ит пэжымрэ икІи Алыхьым и лэжьыгъэмрэ абы лъагъуныгъэшхуэ хуиІэт. Абы уемыхъуэпсэнкІэ Іэмал иІэтэкъым! Тамарэ нэхъыфІ дыдэу иІэр Иеговэ иритти, гуфІэгъуэ игъуэтт, ауэ сэ си гур хэмыхьэу Иеговэ сыхуэлажьэти, насыпыншэу зыкъысщыхъужт. Тамарэ зэрыщытым икІи абы гуфІэгъуэ нэгъэса зэриІэм сэ куэдым сригъэгупсысащ. Абы и щапхъэм сэ къызгуригъэІуащ: Иеговэ хуейщ дэ абы гуфІэгъуэ диІэу дыхуэлэжьэну (Пс. 100:2).
ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ ХУЗИІА ЛЪАГЪУНЫГЪЭР КЪЫЗЭЩІОПЛЪЭЖ
Сэ къызгурыІуэт, Тамарэ ещхьу, сэри гуфІэгъуэкІэ гъэнщІа гъащІэ сиІэну сыхуеймэ, абы зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр зэрыхэслъхьэн хуейр. ДауикІ, зэуэ сэ псори схуэхъуэжыфынутэкъым, ауэ хуэм-хуэмурэ а мурадым сыхуэкІуэфынут. ЯпэщІыкІэ сэ хъыбарыфІ гъэІуным зыхуэзгъэхьэзыру щІэздзащ икІи зэман-зэманкІэрэ подсобнэ пионеру сылажьэт. Ар сэ къыздэІэпыкъуащ Іейуэ сымыгузавэу икІи тегушхуэныгъэ схэлъу сыпсэлъэну. Библиер щІэх-щІэхыурэ къызэрызгъэсэбэпым и фІыгъэкІэ, хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ хэсхыжу сыхъуащ. Абы иужь, куэд дэмыкІыу, сэ зэпымыууэ подсобнэ пионеру лэжьэн щІэздзащ.
Библием ит пэжыр фІыуэ зылъагъу икІи я гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ хуэлажьэ ди дэлъху, ди шыпхъу ныбжькІэ зэхуэмыдэхэр сэ ныбжьэгъу сщІащ. Сэри абыхэм садэплъейурэ, си гъащІэм япэу итын хуейр къызгурыІуащ икІи Библием махуэ къэс еджэн щІэздзащ. А псом гуфІэгъуэ сиІэр нэхъ хигъахъуэти, икІэм-икІэжым общэ пионер лэжьыгъэр къэсщтащ. НасыпыфІэу ущытыным къикІыр абы щыгъуэт сэ щызыхэсщІар, ди зэхуэсри си унагъуэм хуэдэу къэслъытэу хъуат.
СЫТ ЩИГЪУИ СЫЗИГЪУСЭН ЛЭЖЬЭГЪУ КЪЫЗОГЪУЭТ
Илъэс дэкІа иужь ди дэлъху Алекс сэ зэзгъэцІыхуащ. Ар Иеговэ фІыуэ зылъагъу, хьэл-щэн дахэхэр зыхэлъ, зи гур зэІухауэ щыт цІыхут. Абы Иеговэ хуэлэжьэныр лъапІэу илъытэт: ар зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу щытт икІи общэ пионеру илъэсих хъуауэ лажьэт. Абы нэмыщІ Алекс Малави къэралым мазэ зыбжанэкІэ щыІат, а щІыпІэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ядэІэпыкъуу. А здэщыІам миссионер щызригъэцІыхуахэм къыжраІахэр Алекс гукъинэж хуэхъуащ икІи абыхэм я щапхъэм ар хуигъэушащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр и гъащІэм япэ иригъэщыну.
2003-нэ гъэм Алексрэ сэрэ дызэрышащ икІи абы лъандэрэ дэ полновременнэ лэжьыгъэм дыхэтщ. Дызэгъусэу дэ куэдым зыхуедгъэсащ икІи сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэр тлъэгъуащ.
ИЕГОВЭ АДЭКІИ И НЭФІ КЪЫТЩОХУЭ
Глену жыхуаІэ къалэ цІыкІум хъыбарыфІыр щызогъэІу (Восточнэ Тимор)
2009-нэ гъэм дэ Малайскэ архипелагым и хытІыгухэм ящыщ зым, Восточный Тимор жыхуаІэ къэрал цІыкІум, миссионеру дыщылэжьэну драгъэблэгъащ. Дэ ар икъукІэ дгъэщІэгъуащ икІи абы дигъэгуфІащ, ауэ къытпэщылъым тІэкІуи дигъэшынэт. Мазитху дэкІри къэралым и къалащхьэ Дили жыхуаІэм дыкъэсащ.
Восточнэ Тимор дыкъыщысам нэгъуэщІ дуней дыкъыщыхута хуэдэт. Дэ абыхэм я хабзэхэм, я шхыным, я бзэм икІи я псэукІэм десэн хуейт. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэ цІыху къулейсызхэм, еджэкІэ, тхэкІэ зымыщІэхэм икІи хьэзаб зытелъхэм куэдрэ дахуэзэт. Зауэмрэ абы щекІуэкІа залымыгъэмрэ я зэранкІэ куэдыр ныкъуэдыкъуэ хъуат икІи ягухэри уІэгъэ защІэу къэнатa.
Восточнэ Тиморым Иеговэ дызэрыхуэлэжьар дэ зэи дигу икІыжынукъым! Псалъэм папщІэ, сэ зэгуэр зы хъыджэбз цІыкІу сыхуэзат, ар Іейуэ нэщхъейт. Абы Мариеb и цІэт икІи ар илъэс пщыкІущ хъууэ арат. Илъэс зыбжанэ ипэ абы и анэр фІэкІуэдат и адэри щилъагъур зэзэмызэххэт. Апхуэдэ ныбжьым ит сабий куэдым ещхьу, абы и гъащІэм ирищІэныр ищІэртэкъым. Сэ сощІэж, зэгуэр абы и гурыщІэхэр здыжиІэжым, къыщиуду зэрыгъар. Ауэ абы щыгъуэ абыхэм я бзэр сщІэтэкъыми, жиІам щыщу зыри къызгурыІуакъым. Сэ Иеговэ селъэІуащ хъыджэбз цІыкІум щІэгъэкъуэн сыхуэхъуну къыздэІэпыкъуну. Сэ Библиер къызэІусхыурэ Марие игу дахэ зыщІыфын пычыгъуэхэм сыкъыхуеджэу щІэздзащ. КъыкІэлъыкІуэ илъэсхэм сэ слъэгъуащ Библием ит пэжым и фІыгъэкІэ Марие и щытыкІэм, и теплъэм икІи и гъащІэ псом зэрызихъуэжым. Абы псым зыщІигъэуащ, иджы езым цІыхухэр Библием иригъаджэу хъуащ. Иджы Марие фІыуэ къэзылъагъу дэлъху, шыпхъухэр унагъуэшхуэ хуэхъуащ.
Восточнэ Тиморым Иеговэ и фІыгъэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным зыщиубгъуащ. Иужьрей илъэсипщІым къриубыдэу псым зыщІэзыгъэуахэм я нэхъыбэр иджыпсту пионеру, зэхуэсым и нэхъыжьу е и дэІэпыкъуэгъуу мэлажьэ. Языныкъуэхэм Библием тегъэщІа ди публикациехэр я бзэкІэ зэрадзэкІ. Ди дэлъху, ди шыпхъухэм зэІущІэхэм уэрэд зэрыжаІэр щызэхэсхкІэ, ахэр зэрыгуфІэр щыслъагъукІэ икІи Алыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъум сыщыкІэлъыплъкІэ, сыту си гур хэхъуэрэт!
Алексрэ сэрэ цІыхухэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къедгъэблэгъэну докІуэ
ГЪАЩІЭ НЭХЪ НАСЫПЫФІЭ СИ НЭГУ КЪЫСХУЩІЭГЪЭХЬЭКЪЫМ
Восточнэ Тиморым щыдиІа гъащІэр Австралием дызэрыщыпсэуам фІыуэ къыщхьэщыкІми, мы гъащІэм нэхърэ нэхъ насыпыфІэ сиІауэ си фІэщ хъукъым. Иныкъуэхэм деж дэ автобус цІыкІукІэ дызекІуэн хуей хъут. Бэзэрым къыщащэхуа хадэхэкІи, бдзэжьей гъэгъуа нэгъуни яІыгъыжу цІыхухэр автобус бэнзэвым къитІысхьэт. Иныкъуэхэм деж дэ Библие джыныр егъэлеяуэ хуабэу щыт унэ цІыкІум дыщІэсу, ятІэ лъэгуми джэдхэм къыщажыхьу щедгъэкІуэкІи къэхъут. Ауэ, а гугъуехь псоми емылъытауэ, сэ щІэх-щІэхыурэ сигукІэ жысІэт: «Мыракъэ гъащІэр!»
ХъыбарыфІыр дгъэІуну докІуэ
Си адэ-анэм сэ фІыщІэ яхузощІ, Иеговэ и гъуэгум сытрагъэувэн щхьэкІэ къару зэрырахьэлІам икІи сыщыныбжьыщІэм дэІэпыкъуэгъу къызэрысхуэхъуам щхьэкІэ. Притчи 22:6 итыр зэрыпэжыр сэ си гъащІэм щыслъэгъуащ. Алексрэ сэрэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм си адэ-анэр егъэгушхуэ. 2016-нэ гъэм щыщІэдзауэ дэ австралазийскэ филиалым ІэщІэлъ щІыпІэхэм районнэ лэжьыгъэр щыдохьэкІ.
Колярэ Сонярэ теухуа мультфильмым сабийхэр изогъэплъ
Сигу къэзгъэкІыжмэ согъэщІагъуэ сэ зэгуэр хъыбарыфІ гъэІуныр къызэхьэлъэкІыу зэрыщытар. Иджыпсту абы сыхэмыту си нэгу къысхущІэгъэхьэкъым! Сэ къызгурыІуащ гуфІэгъуэ нэгъэсар ди гъащІэм къыщыхъум елъытауэ зэрыщымытыр, атІэ ар зэлъытар Иеговэ ди гум къыбгъэдэкІыу дызэрыхуэлажьэращ. Алексрэ сэрэ Иеговэ дыхуэлажьэу етхьэкІа иужьрей илъэс пщыкІуийр псом нэхърэ нэхъ насыпыфІэ зэману си дежкІэ щытащ. Иджы сэ къызгуроІуэ Иеговэ теухуауэ Даут мыпхуэдэу щІитхар: «ЩхьэегъэзыпІэ Уэ узыщІ псори ирегуфІэ, гуфІэгъуэшхуэм игъащІэкІэ хэту уэрэд жреІэ. ...ЩІыхь къыпхуащІынщ уи цІэр зыгъэлъапІэхэм» (Пс. 5:11).
Пагагъ зыхэмылъ цІыхухэр Библием ебгъэджэну зыкІэ гухэхъуэщи!
a 1975-нэ гъэм щыщІэдзауэ илъэс тІощІкІэ Восточнэ Тиморым хуитыныгъэ щхьэкІэ зауэ щекІуэкІащ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.