ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Апрель н. 14—19
  • Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр адэкІи лъапІэу флъытэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр адэкІи лъапІэу флъытэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЬИСЭ ХЬЭЗАБ ИРАГЪЭШЭЧЫНУ АЛЫХЬЫМ ХУИТ ЩІИЩІАР СЫТ?
  • ЩХЬЭЩЭХУЖЫР ЛЪАПІЭУ ЗЫЛЪЫТЭУ ЩЫТА БИБЛИЕ ТХАКІУЭ
  • ЩХЬЭЩЭХУЖЫР ЛЪАПІЭУ ЗЭРЫПЛЪЫТЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫБГЪЭЛЪЭГЪУЭНУР?
  • ЩХЬЭЩЭХУЖЫМ ЩХЬЭКІЭ ДИ ГУМ ИЛЪ ФІЫЩІЭР ДАУЭ ЗЭРЫХЭДГЪЭХЪУЭНУР?
  • Щхьэщэхужыр — Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ сыт дэ къатщІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Алыхьым «пасэм цІыхухэм гуэныхьу ящІахэр яригъэпшыныжыгъакъым»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Апрель н. 14—19

16 СТАТЬЯР

Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр адэкІи лъапІэу флъытэ

«ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр къыщІэкІуар... цІыху куэдым щхьэкІэ и псэр щхьэщэхужу итын папщІэщ» (МК. 10:45).

18-НЭ УЭРЭДЫР Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Щхьэщэхужыр сыт зищІысыр икІи сыт дэ абы дыщІыхуэныкъуэр?

ДАГЪУЭНШЭУ щыта Іэдэм гуэныхь щищІам щыгъуэ, гъащІэ мыухыж иІэу псэуну иІа Іэмалыр езыми абы къыщІэхъуэну щІэблэми фІигъэкІуэдащ. Абы ищІам теухуауэ зигъэхеину Іэмал иІэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ищІэр къыгурыІуэу ищІащ. Іэдэм лІэныгъэр и Іыхьэ хъуну хуэфащэт, ауэ абы къыщІэхъуэну щІэблэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Абыхэм, дауикІ, Іэдэм ищІа гуэныхьым хуэдэ ящІакъым (Рим 5:12, 14). НтІэ, ахэр лІэныгъэм къыІэщІэпхын щхьэкІэ Іэмал гуэр щыІэу пІэрэт? ЩыІэт! Іэдэм гуэныхь ищІа иужь, абы къытехъукІын хуей мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къызэрыІэщІихыну Іэмалыр Иеговэ тІэкІу-тІэкІуурэ къызэІуихын щІидзащ (ЩІэдз. 3:15). Иеговэ триухуа зэманыр къэса иужь, и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ «цІыху куэдым щхьэкІэ и псэр щхьэщэхужу итын папщІэ» (Мк. 10:45; Ин. 6:51).

2 Щхьэщэхужыр сыт зищІысыр? Іэдэм фІэкІуэдар Хьисэ къищэхужын щхьэкІэ щІита уасэм АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр щхьэщэхужкІэ йоджэ (1 Кор. 15:22). Сыт дэ абы дыщІыхуэныкъуэр? Иеговэ и Хабзэм захуагъэм теухуауэ итым къыхэкІкІэ гъащІэм пэкІуэу гъащІэ птын хуейщ (Исх. 21:23, 24). Іэдэм и гъащІэ дагъуэншэр зэрызыфІигъэкІуэдам къыхэкІкІэ, Алыхьым и захуагъэм тету, Хьисэ и гъащІэ дагъуэншэр къурмэныпхъэу итащ (Рим 5:17). Апхуэдэу щхьэщэхуж къурмэныпхъэр зи фІэщ хъу дэтхэнэ зыми Хьисэ «ИгъащІэкІэ яІэну Адэ» яхуэхъуащ (Ис. 9:6; Рим 3:23, 24).

3. Иуан 14:31, абы нэмыщІ 15:13 зэритымкІэ, Хьисэ и гъащІэ дагъуэншэр къурмэныпхъэу итыну хьэзыру щІыщытар сыт?

3 Хьисэ Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ зэрилъагъум къыхэкІкІэ арэзыуэ и гъащІэр итащ. (Къеджэ Иуан 14:31; 15:13.) А лъагъуныгъэр Хьисэ къыдэІэпыкъуащ и Адэм и кІэм нэс хуэпэжу къэнэну икІи абы и Іэмырыр игъэзэщІэну. Хьисэ и къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ цІыхухэмрэ щІылъэмрэ япэ дыдэу яхуиІа мурадыр гъэзэщІа хъунущ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ лІэн ипэ апхуэдиз хьэзаб ирагъэшэчыну Иеговэ хуит щІищІам и щхьэусыгъуэр. Абы нэмыщІ Библиер зытхахэм ящыщ икІи щхьэщэхуж къурмэныпхъэр лъапІэу зылъытэу щыта зы цІыхухъум и щапхъэм деплъынущ. Абы иужь щхьэщэхуж къурмэныпхъэм щхьэкІэ диІэ фІыщІэр Иеговэрэ Хьисэрэ дапхуэдэу едгъэлъэгъунуми икІи дауэ ар нэхъ куу тщІы хъунуми дегупсысынущ.

ХЬИСЭ ХЬЭЗАБ ИРАГЪЭШЭЧЫНУ АЛЫХЬЫМ ХУИТ ЩІИЩІАР СЫТ?

Слева: Иисус в терновом венце. Справа: 1) Иисус привязан руками к столбу, его секут плетью. 2) Иисус несет столб, на него смотрят люди. 3) Иисус пригвожден к столбу; по обе стороны от него на столбах два казненных преступника; впереди стоят люди и оскорбляют его.

Ди гуэныхьхэр тщхьэщихын щхьэкІэ Хьисэ дапхуэдиз хьэзаб ишэчами фегупсыс (4-нэ абзацым феплъ.)

4. Хьисэ зэрылІа щІыкІэр къыжыфІэж.

4 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Хьисэ и иужьрей махуэр сыт хуэдэу щытами. Абы и гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ мелыІыч дзэ пщыкІутІым нэхърэ нэхъыбэ къриджэфынут. Ауэ ар рим зауэлІхэм яубыдыну икІи и щІыфэм уІэгъэ куу къытезынэ щІопщкІэ яукІыну хуит ещІ (Мт. 26:52—54; Ин. 18:3; 19:1). Абы иужь зауэлІхэм уІэгъэ цІынэ зытелъ Хьисэ и щІыбым пкъо хьэлъэ тралъхьэ. Ар щаукІыну щІыпІэм хуэму кІуэн щІедзэ, ауэ куэд дэмыкІыу къарууншэ дыдэ мэхъу. Абы щыгъуэ зауэлІхэм абдеж блэкІ цІыхухъу гуэрым пкъор ихьыну унафэ хуащІ (Мт. 27:32). Хьисэ щаукІыну щІыпІэм нэса иужь зауэлІхэм абы и Іэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ пкъом кІэраукІэ. Пкъор къаІэта иужь гъущІ Іунэхэм уІэгъэ ящІахэр хэтхъэу щІадзэ. И анэр гуІэу магъ, и ныбжьэгъухэр Іэнкун хъуауэ ящІэнур ящІэкъым, журтхэм я дин пашэхэм ар ауан ящІу къыщодыхьэшх (Лк. 23:32—38; Ин. 19:25). Хьисэ хьэзаб ишэчыр сыхьэт зыбжанэкІэ йокІуэкІ. Абы и гумрэ и тхьэмбылымрэ лэжьэну къохьэлъэкІ. Бэуэгъуэ къэс абы къаруушхуэ ирихьэлІэн хуей мэхъу. Хьисэ мылІэ щІыкІэ, и Адэм хуэпэжу къызэрынар ищІэу, Алыхьым иужь дыдэу тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ. Абы иужькІэ и щхьэр къыфІохури малІэ (Мк. 15:37; Лк. 23:46; Ин. 10:17, 18; 19:30). Сыту кІыхьлІыхьу, гугъуехьышхуэ ирагъэшэчу икІи и пщІэр ираудыхауэ Хьисэ ягъэлІа!

5. Хьисэ зэраукІа щІыкІэм нэхърэ нэхъ къехьэлъэкІар сыт?

5 Ауэ Хьисэ и дежкІэ псом нэхърэ нэхъ хьэлъэу щытар ар зэраукІ щІыкІэратэкъым, атІэ яукІын щхьэкІэ къагупсыса щхьэусыгъуэрат. Хьисэ Алыхьым и цІэр игъэпудауэ икІи и пщІэр ириудыхауэ жаІэри, пцІы тралъхьащ (Мт. 26:64—66). А пцІым Хьисэ хуабжьу игъэгузавэт. Уеблэмэ, Хьисэ и Адэм елъэІуащ апхуэдэ щІыкІэкІэ цІыхухэм ар ягъэпудыну хуит имыщІыну (Мт. 26:38, 39, 42). Сыт-тІэ Иеговэ фІыуэ илъагъу и Къуэр апхуэдиз хьэзаб ирагъэшэчу лІэну хуит щІищІар? Абы и щхьэусыгъуищыр зэпкърытхынщ.

6. Хьисэ пкъом фІэлъу и гъащІэр итын хуей щІэхъуар сыт?

6 Япэ щхьэусыгъуэр: Хьисэ пкъом фІэлъу лІатэмэ, журтхэм ятелъ нэлатыр ятрихыфынут (Гал. 3:10, 13). Іэдэм къызэрытехъукІам къыхэкІкІэ абыхэм лІэныгъэр къалэжьт. Абы нэмыщІ Иеговэ и Хабзэм тетыну ита псалъэм журт лъэпкъыр зэрепцІыжам щхьэкІэ Алыхьым и нэлатыр къытехуат (Рим 5:12). А Хабзэм зэритымкІэ, языныкъуэ гуэныхьхэм щхьэкІэ щІэпхъаджащІэр яукІын хуейт. ЩІэпхъаджащІэр яукІа иужь абы и хьэдэр пкъом фІадзэнкІэ хъунут Алыхьым и нэлатыр зэрытелъыр къагъэлъэгъуэн щхьэкІэ (Втор. 21:22, 23; 27:26)b. Хьисэ Алыхьым и Хабзэм зэи текІакъым, абы къыхэкІкІэ пкъом фІэлъу и гъащІэр зэритамкІэ абы журтхэм ятелъа нэлатыр зытрилъхьауэ жыпІэ хъунущ. Аращи, журтхэм Хьисэ ІэщІыб ящІа пэтми, абы и къурмэныпхъэр абыхэми къадэІэпыкъуфынут.

7. Хьисэ хьэзаб ирагъэшэчыну Иеговэ хуит щІищІам и етІуанэ щхьэусыгъуэр сыт?

7 Хьисэ хьэзаб ирагъэшэчыну Иеговэ хуит щІищІам и етІуанэ щхьэусыгъуэр зэпкърытхынщ. Апхуэдэу Иеговэ Хьисэ ди Дин пашэшхуэу зэрыщытыным хуигъэхьэзырт. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ езым зыхищІащ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм ущыпэщІэхуэм деж Алыхьым уедэІуэну зэрымытыншыр. Ар апхуэдизу гугъу ехьти, «макъ хэІэтыкІакІэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ», Иеговэ абы къыдэІэпыкъуну елъэІут. Пэжщ, гукъеуэшхуэр зищІысыр Хьисэ ещІэ икІи, шэч хэмылъу, «шейтІаным гуэныхь зригъэщІэну зыхэт цІыхухэм ядэІэпыкъун лъэкІынущ». «ЛъэкІыныгъэ зэрыдимыІэр къызыгурыІуэ» икІи гущІэгъушхуэ зыхэлъ Дин пашэшхуэ къызэрыдитам щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ! (Евр. 2:17, 18; 4:14—16; 5:7—10).

8. Хьисэ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуэну Иеговэ хуит щІищІам и ещанэ щхьэусыгъуэр сыт?

8 Хьисэ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуэну Иеговэ хуит щІищІам и ещанэ щхьэусыгъуэр зэпкърытхынщ. Ар мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэм жэуап зэретын хуейрат: гъэунэхуапІэ хьэлъэ щыпэщІэхуэм деж цІыхухэр Алыхьым хуэпэжу къэнэфыну пІэрэ? ШейтІаным жеІэ цІыхухэм я фейдэ къалъыхъуэу Иеговэ хуэлажьэу икІи, Іэдэм хуэдэу, Алыхьыр фІыуэ ямылъагъуу (Иов 1:9—11; 2:4, 5). Иеговэ шэч къытрихьэтэкъым Хьисэ абы пэжу къызэрыхуэнэнум икІи ар икІэм нэс ягъэунэхуну хуит ищІащ. Хьисэ Иеговэ хуэпэжу къэнащ икІи ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къигъэлъэгъуащ.

ЩХЬЭЩЭХУЖЫР ЛЪАПІЭУ ЗЫЛЪЫТЭУ ЩЫТА БИБЛИЕ ТХАКІУЭ

9. Апостол Иуан сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?

9 Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым щхьэщэхужым теухуа пэжым я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ. Абыхэм бийхэр къазэрыпэщІэувэм икІи гъэунэхуапІэ зэмылІэужьыгъуэхэм зэрыпэщІэхуэм емылъытауэ, хъыбарыфІыр адэкІи ягъэІу икІи псэухукІэ Алыхьым хуэпэжу къонэ. Апостол Иуан и щапхъэм деплъынщ. Абы Хьисэрэ щхьэщэхужымрэ теухуа пэжыр илъэс 60-м щІигъукІэ зэпымыууэ игъэІуауэ къыщІэкІынущ. Ар Рим империем зэран хуэхъуу къалъытэу, тезыр тралъхьэу Патмос хытІыгум щагъэкІуам щыгъуэ, илъэс 90-м фІыуэ щІигъуат. Сыт хуэдэ мыхъумыщІагъэ абы ищІар? Абы «Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цІыхухэм» яжриІэт (Апок. 1:9). ФІэщхъуныгъэмрэ теубыдагъэмрэ теухуауэ Иуан сыту щапхъэфІ игъэлъэгъуа!

10. Иуан щхьэщэхужыр лъапІэу илъытэу зэрыщытар абы итха тхылъхэм дапхуэдэу къызэрыхэщыр?

10 Библием щыщ Иуан итха тхылъхэм къыхощ абы Хьисэ игу псомкІи фІыуэ илъагъуу икІи щхьэщэхужым щхьэкІэ фІыщІэ хуищІу зэрыщытар. А тхылъхэм щхьэщэхужымрэ абы къытхуихь фІыгъуэхэмрэ и гугъу щищІыу 100-м нэхърэ нэхъыбэрэ ущрохьэлІэ. Псалъэм папщІэ, Иуан итхащ: «Зыгуэрым гуэныхь ищІэмэ, Адэ лъапІэм дэ тхуелъэІуну зыгуэр щыІэщ — ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ» (1 Ин. 2:1, 2). Иуан итха тхылъхэм къыхегъэщ «Хьисэ теухуа хъыбарыфІыр» дгъэІуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Апок. 19:10). Шэч хэмылъу, Иуан щхьэщэхужыр лъапІэу илъытэт. Дэри ар лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрдгъэлъэгъуэнур?

ЩХЬЭЩЭХУЖЫР ЛЪАПІЭУ ЗЭРЫПЛЪЫТЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫБГЪЭЛЪЭГЪУЭНУР?

1. Брат отворачивается, чтобы не смотреть на экран телефона. 2. Юный брат отказывается взять сигарету, которую ему предлагают. 3. Брат отказывается от взятки.

Щхьэщэхужыр лъапІэу тлъытэу щытмэ, дэ гуэныхь щІэным зыдедгъэхьэхынукъым (11-нэ абзацым феплъ.)c

11. Гуэныхь щІэным дыщыдихьэхым деж абы дыпэщІэтыну сыт къыддэІэпыкъунур?

11 Гуэныхь щІэным ущыдихьэхым деж абы пэщІэт. Дэ щхьэщэхужыр лъапІэу тлъытэу щытмэ, зэи мыпхуэдэу дегупсысынукъым: «Гуэныхь зэрызмыщІэным щхьэ сыхущІэкъун хуей, гуэныхь сщІэрэ иужькІэ Алыхьым къысхуигъэгъуну селъэІу хъуну щытмэ?» Апхуэдэу дыгупсысэным и пІэкІэ гуэныхь щІэным дыщыдихьэхым деж дэ жытІэнущ: «Иеговэрэ Хьисэрэ къысхуащІам иужькІэ дауэ сэ апхуэдэу зэрысщІэнур?» Абы къыхэкІкІэ дэ Иеговэ делъэІу хъунущ гъэунэхуапІэм дыпэщІэтын щхьэкІэ къару къыдитыну (Мт. 6:13).

12. 1 Иуан 3:16—18 ит псалъэхэр дауэ ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэп хъунур?

12 Къуэш, шыпхъухэр фІыуэ флъагъу. Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъумкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ щхьэщэхужыр лъапІэу зэрытлъытэр. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Хьисэ и гъащІэр щІитар дэ ди закъуэ щхьэкІэкъым, атІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм щхьэкІи итащ. Абы къегъэлъагъуэ Хьисэ и дежкІэ ахэри лъапІэу зэрыщытыр. (Къеджэ 1 Иуан 3:16—18.) Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыхущытым къыхощ ахэр фІыуэ зэрытлъагъур (Еф. 4:29, 31—5:2). Псалъэм папщІэ, дэ абыхэм дадоІэпыкъу ахэр щысымаджэм е гъэунэхуапІэхэм щыпэщІэхуэм деж, гузэвэгъуэшхуэхэри абыхэм яхэту. Ауэ зэхуэсым щыщ гуэрым ди жагъуэ къищІамэ, сыт дэ тщІэ хъунур?

13. НэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъун щІыхуейр сыт?

13 Зэхуэсым щыщ гуэрым хуэбгъэгъуну къыщохьэлъэкІ къэхъурэ? (Лев. 19:18). Апхуэдэу щытмэ, уэ мы чэнджэщыр къыбдэІэпыкъунущ: «Зыр зым фІыуэ хущрет, гущІэгъу зэхуэфщІ икІи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркІэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу» (Еф. 4:32). Дэ къуэш, шыпхъухэм щахуэдгъэгъум деж щхьэщэхужыр лъапІэу зэрытлъытэр уафэм щыІэ ди Адэм елъагъу. Ауэ а тыгъэм щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр хэдгъэхъуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

ЩХЬЭЩЭХУЖЫМ ЩХЬЭКІЭ ДИ ГУМ ИЛЪ ФІЫЩІЭР ДАУЭ ЗЭРЫХЭДГЪЭХЪУЭНУР?

14. Щхьэщэхужым щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр зэрыхэдгъэхъуэну зы Іэмалыр къыжыфІэж.

14 Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хуэфщІ. Илъэс 83 хъу Индием щыщ ди шыпхъу Джоа́нна къыддогуашэ: «Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр ди тхьэлъэІухэм махуэ къэс хэдгъэхьэным мыхьэнэшхуэ иІэу къызолъытэ». Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэвгъазэм деж махуэм фщІа щыуагъэхэм теухуауэ жефІэж икІи ахэр къыфхуигъэгъуну фелъэІу. Ауэ гуэныхь хьэлъэ фщІауэ щытмэ, фэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я дэІэпыкъуэгъум фыхуей хъунущ. Ахэр фэ къывэдэІуэнущ икІи Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщхэмкІэ щабэу къывдэІэпыкъунущ. Иеговэ фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун икІи фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтевгъэувэжын щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм фи гъусэу Иеговэ лъэІукІэ зыхуагъэзэнущ (Екъуб 5:14—16).

15. Щхьэщэхужым теухуауэ деджэн икІи абы куууэ дегупсысын щІыхуейр сыт?

15 Щхьэщэхужым и лъапІагъым фегупсыс. Илъэс 73 хъу ди шыпхъу Раджама́ни жеІэ: «Хьисэ ирагъэшэча гугъуехьхэм теухуауэ сыщеджэм деж, сэ си нэпсхэр къысфІыщІож». Алыхьым и Къуэм ишэча гугъуехьхэм фыщегупсысым деж, фэри фи гум зикъузу къыщІэкІынщ. Ауэ фэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэм нэхъыбэрэ фегупсысыху, Хьисэрэ Иеговэрэ хувиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин мэхъу. Щхьэщэхужым нэхъ куууэ дегупсысын щхьэкІэ, дэ езым е ди унагъуэм и гъусэу Библиер щыдджым деж а темэр къыхэтх хъунущ.

Иисус разламывает хлеб и передает его апостолам, которые возлежат рядом с ним за столом.

Хьисэ и гъэсэнхэм и лІэныгъэр ягу къызэрагъэкІыжыну щІыкІэр щаригъэлъэгъуам щыгъуэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ къигъэсэбэпащ. (16-нэ абзацым феплъ.)

16. Щхьэщэхужым теухуауэ нэгъуэщІхэм дазэрыдэгуашэм сыт хуэдэ сэбэп къытхуихьрэ? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

16 Щхьэщэхужым теухуауэ нэгъуэщІхэм яжефІэ. Щхьэщэхужым теухуауэ нэгъуэщІхэм щажетІэм деж ди гум илъ фІыщІэр нэхъ ин мэхъу. Дэ нэгъуэщІхэм Хьисэ щІэлІэн хуей хъуам и щхьэусыгъуэр къагурыдгъэІуэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъу ІэмэпсымэфІхэр диІэщ. Псалъэм папщІэ, «Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр» жыхуиІэ брошюрэм и 4-нэ урокыр къэдгъэсэбэп хъунущ. Абы и цІэщ: «Хэт хъуну Хьисэ бегъымбарыр?». Е «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъым и 5-нэ псалъащхьэм зыхуэдгъазэ хъунущ. А псалъащхьэм и цІэр: «Щхьэщэхужыр — Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ». Абы нэмыщІ дэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр илъэс къэс догъэлъапІэ икІи нэгъуэщІ цІыхухэри абы къыдогъэблагъэ. Апхуэдэу Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр хыдогъахъуэ. Иеговэ и Къуэм теухуауэ цІыхухэм яжетІэну къызэрытхуигъэфэщамкІэ сыту щІыхьышхуэ къытхуищІа!

17. Алыхьым къыдита тыгъэхэм щыщу щхьэщэхужыр псом нэхърэ нэхъ лъапІэу сыт жыпІэ щІэхъунур?

17 Шэч хэмылъу, щхьэщэхужым щхьэкІэ Алыхьым фІыщІэ щІыхуэтщІын икІи ди гум илъ фІыщІэм щІыхэдгъэхъуэн щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ дэ, гуэныхь зэрытхэлъым емылъытауэ, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ быдэ дэлъыфынущ. Щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ «ШейтІаным и Іуэхухэр» лъэлъэжынущ (1 Ин. 3:8). Щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ Иеговэ цІыхухэмрэ щІылъэмрэ япэ дыдэу яхуиІа мурадыр гъэзэщІа хъунущ. ЩІылъэр зэрыщыту жэнэт хъужынущ. Дэтхэнэ зы цІыхуми Иеговэ фІыуэ илъагъунущ икІи хуэлэжьэнущ. Аращи, щхьэщэхужыр — Алыхьым къыдита тыгъэхэм я нэхъ лъапІэр — фІыщІэ зэрытщІыр махуэ къэс Иеговэ едвгъэгъэлъагъу!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Щхьэщэхужыр сыт зищІысыр?

  • Хьисэ апхуэдиз хьэзаб ишэчу лІэн хуей щІэхъуар сыт?

  • Щхьэщэхужым щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр дауэ зэрыхэдгъэхъуэнур?

20-НЭ УЭРЭДЫР Уи Къуэ щІасэр дэр щхьэкІэ птащ

a Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Хьисэ апхуэдиз хьэзаб ишэчу лІэн хуей щІэхъуам и щхьэусыгъуэр. Абы нэмыщІ, щхьэщэхужым щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр хигъэхъуэнущ.

b Рим цІыхухэм я хабзэт иджыри псэууэ щыт щІэпхъаджащІэм и Іэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ пкъом кІэраукІэну е кІэрапхэну. Иеговэ хуит ищІащ и Къуэр апхуэдэ щІыкІэкІэ яукІыну.

c СУРЭТЫР. Алыхьым и лэжьакІуищым гуэныхь щІэным зыдрагъэхьэхкъым: зым къемызэгъ сурэтым зыІуегъэзыкІ, адрейм тутын ефэн идэкъым, ещанэм Іулъхьэ къищтэн идэкъым.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын