ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Январь н. 20—25
  • Фи зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр хэвгъахъуэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Фи зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр хэвгъахъуэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ЩАБЭУ КЪЫТХУЩЫТЩ «ГУЩІЭГЪУШХУИ ИІЭЩ»
  • ИОНАФАНРЭ ДАУТРЭ Я ЗЭХУАКУ ДЭЛЪА ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭ БЫДЭР
  • ДИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМРЭ ГУАПАГЪЭМРЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭНУР?
  • ЛІыгъэрэ пэжагърэ зыхэлъ Ионафан
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Январь н. 20—25

4 СТАТЬЯР

Фи зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр хэвгъахъуэ

«Зэшхэм хуэдэу, фІыуэ фызэрылъагъу» (РИМ 12:10).

109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Унагъуэм щыщхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэмылъыжыр сыт къэзыгъэлъагъуэр?

БИБЛИЕМ щыжыІауэ щытащ иужьрей махуэхэм цІыхухэм я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэмылъынур (2 Тим. 3:1, 3). Мы псалъэхэр къызэрыхъур дэ нобэ долъагъу. Псалъэм папщІэ, мелуан бжыгъэ хъу унагъуэхэм я нэчыхьыр якъутэж, зэщхьэгъусэхэр зэбийуэ зэбгъэдокІыж икІи абыхэм я бынхэм зыри къахуэмейуэ къащохъу. Ауэ зэгъусэу псэу унагъуэхэми щІэс цІыхухэр зэхамэм хуэдэу зэхущытыфынущ. Унагъуэхэм чэнджэщкІэ ядэІэпыкъу зы цІыху гуэрым мыпхуэдэу жиІащ: «Анэхэр, адэхэр икІи сабийхэр зэпэІэщІэ хъуауэ, хэти планшетым, хэти телефоным, хэти видеоджэгухэм дихьэхащ. Ахэр зы унэм щыпсэуми, зэрымыцІыхум хуэдэщ».

2, 3. 1) Рим 12:10 зэритымкІэ, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ лъагъуныгъэ яхудиІэн хуейр? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

2 Мы дунейм щыщ цІыхухэр щІыІэ-щІыІэу зэхущытщ икІи зым адрейр къыфІэІуэхукъым, дэ дыхуейкъым апхуэдэ хьэл зыхэтлъхьэну (Рим 12:2). Дэ къыдгуроІуэ ди унагъуэм щыщхэм ямызакъуэу ди зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэри фІыуэ тлъагъун икІи абыхэм гуапэу дахущытын зэрыхуейр. (Къеджэ Рим 12:10.) Мы едзыгъуэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, ди зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр дэ ди унагъуэм щыщхэм хуэдэу фІыуэ тлъагъун хуейщ. Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, дэ ди зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъынущ икІи Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу дыхуэлэжьэфынущ (Мих. 2:12).

3 Ауэ апхуэдэ гурыщІэхэр диІэн щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? АдэкІэ Библием ит щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

ИЕГОВЭ ЩАБЭУ КЪЫТХУЩЫТЩ «ГУЩІЭГЪУШХУИ ИІЭЩ»

4. Иеговэ лъагъуныгъэ къытхуиІэм и кууагъым теухуауэ Екъуб 5:11 сыт итыр?

4 Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм теухуауэ дэ Библием къыщыдощІэ. Псалъэм папщІэ, абы щыжыІащ: «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Ин. 4:8). А зыр зэрытщІэм дыхуегъэуш Алыхьым и ныбжьэгъу дыхъуну. Абы нэмыщІ Алыхьым и Псалъэм зэритымкІэ, Иеговэ щабэу къытхущытщ, «гущІэгъушхуи иІэщ». (Къеджэ Екъуб 5:11.) Сыту гуапэу Иеговэ къытхущыт!

5. Иеговэ гущІэгъу хэлъу къызэрытхущытыр сыт къызыхэщыр икІи дапхуэдэу дэ абы щапхъэ зэрытетхыфынур?

5 Гу лъыфтэт Екъуб 5:11 Иеговэ хэлъ гущІэгъум и гугъу зэрищІым (Исх. 34:6). Псалъэм папщІэ, абы и гущІэгъур къыхощ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъум (Пс. 51:1). Ауэ Библием къыдгурегъаІуэ гущІэгъум нэхъыбэ зэрыхиубыдэр. Ар гурыщІэ куущ икІи абы ухуегъэуш гугъуехь пэщІэхуам удэІэпыкъуну. Иеговэ жеІэ абы и гущІэгъур анэм и сабийм хуиІэ гурыщІэхэм нэхърэ зэрынэхъ иныр (Ис. 49:15). Абы къыхэкІкІэ гугъуехь дыпэщІэхуэхукІэ, ар къыддэІэпыкъуну иужь итщ (Пс. 37:39; 1 Кор. 10:13). Дэ гущІэгъу догъэлъагъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм щахуэдгъэгъум деж икІи зыгуэркІэ ди жагъуэ ящІамэ, дахуэмыгубжьу щытмэ (Еф. 4:32). Ауэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр зэхуэсым щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэр гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм деж, абыхэм дадэІэпыкъуну а хьэл-щэным дызэрыхуигъэушыращ. Апхуэдэу щытщІэм деж, дэ лъагъуныгъэшхуэрэ гущІэгъушхуэрэ зыхэлъ Иеговэ щапхъэ тыдох (Еф. 5:1).

ИОНАФАНРЭ ДАУТРЭ Я ЗЭХУАКУ ДЭЛЪА ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭ БЫДЭР

6. Ионафанрэ Даутрэ я зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэм фытепсэлъыхьыж.

6 Дэ Библием къыщыдощІэ гуэныхь зыхэлъу щыта цІыхухэми зэныбжьэгъугъэ быдэ я зэхуаку зэрыдэлъар. Ионафанрэ Даутрэ дигу къэдгъэкІыжынщ. 1 Самуила 18:1 щыжыІащ: «Ионафан и псэр Даут и псэм кІэрыпщІащ икІи Ионафан ар езым и псэм хуэдэу фІыуэ илъэгъуащ». Алыхьым Даут пащтыхьу къыхихри зэман гуэр дэкІа иужь, Щаул ар илъагъу мыхъуу хъуащ икІи иукІыну хэтащ. Ауэ Щаул и къуэ Ионафан и адэм щапхъэ трихакъым икІи Даут илъагъу мыхъуу щытакъым. Ионафанрэ Даутрэ псалъэ быдэ зэратащ сыт щыгъуи зэныбжьэгъуу щытыну (1 Сам. 20:42).

Давид слушает, что говорит ему Ионафан.

Даутрэ Ионафанрэ илъэс куэд я зэхуаку зэрыдэлъар зэран къахуэхъуакъым зэныбжьэгъуфІу щытыну. (6—9-нэ абзацхэм феплъ.)

7. Ионафанрэ Даутрэ я зэныбжьэгъугъэм сытыт зэран хуэхъуфынур?

7 Ионафанрэ Даутрэ я зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр гъэщІэгъуэнщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зэран хуэхъуфын щхьэусыгъуэ куэд щыІащ. Псалъэм папщІэ, Ионафан илъэс 30 хуэдизкІэ Даут нэхърэ нэхъыжьт. Ионафан егупсысыфынут Даут игъэныбжьэгъуну фІэмыгъэщІэгъуэныну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Даут абы нэхърэ куэдкІэ нэхъыщІэт икІи гъащІэм куэд щилъэгъуатэкъым. Ауэ Ионафан апхуэдэу егупсыстэкъым, абы Даут пщІэшхуэ хуищІт.

8. Дауэ феплърэ, Ионафан Даут и ныбжьэгъуфІу щытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

8 Абы нэмыщІ Ионафан Даут ефыгъуэнкІэ хъунут. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Ионафан Щаул и къуэу зэрыщытым къыхэкІкІэ пащтыхьыгъуэр къылъысын хуейт (1 Сам. 20:31). Ауэ абы Іэдэбагъ хэлът икІи Иеговэ хуэпэжт, абы къыхэкІкІэ Даут пащтыхьу тригъэувэну Алыхьым унафэ ищІар диІыгъащ. Абы нэмыщІ Ионафан Даут хуэпэжу щытащ, абыкІэ и адэр къигъэгубжьами (1 Сам. 20:32—34).

9. Ионафан Даут ефыгъуэу щыта? КъыдгурывгъаІуэ.

9 Ионафан Даут гуапэу, лъагъуныгъэ хэлъу хущытт икІи ар абы ефыгъуэтэкъым. Ионафан зауэлІ хахуэт икІи шабзауэ Іэзэт. Абырэ абы и адэ Щаулрэ щхьэкІэ мыпхуэдэу жаІэт: «Ахэр бгъэхэм нэхърэ нэхъ псынщІэт икІи аслъэнхэм нэхърэ нэхъ бланэт» (2 Сам. 1:22, 23). Ионафан зауэм текІуэныгъэ къыщихьахэм щхьэкІэ зыщытхъужыфынут, ауэ ар Даут нэхърэ нэхъыфІу щытыну хущІэкъутэкъым икІи абы ехъулІэныгъэ иІэхэм ефыгъуэтэкъым. Даут лІыгъэ зэрыхэлъым щхьэкІэ икІи Иеговэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэрыхуиІэм щхьэкІэ Ионафан и гум гуфІэгъуэ ин илът. Гу лъытапхъэщ: абы Даут фІыуэ щилъагъуар ар ДжэлутІ текІуа иужьщ. Дэри сыт тщІэ хъунур ди къуэш, ди шыпхъухэм худиІэ лъагъуныгъэр хэдгъэхъуэн щхьэкІэ?

ДИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМРЭ ГУАПАГЪЭМРЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭНУР?

10. «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу зэпыт» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр?

10 Библием дыкъыхуреджэ: «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу зэпыт» (1 Пет. 1:22). Иеговэ абыкІэ дэ щапхъэ дегъэлъагъу. Абы и лэжьакІуэ пэжхэм яхуиІэ лъагъуныгъэр апхуэдизкІэ инщи, а лъагъуныгъэм зыри зэран хуэхъуфынукъым! (Рим 8:38, 39). «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу зэпыт» жаІэу зэрадзэкІа алыдж псалъэхэм зыгуэр ишэщІын щхьэкІэ къаруушхуэ езыхьэлІэ цІыху уи нэгу къыщІагъэхьэ. Пэж дыдэу дэ къаруушхуэ етхьэлІэн хуеинкІэ хъунущ ди къуэш, ди шыпхъухэм лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу дахущытын щхьэкІэ. Абыхэм ди жагъуэ ящІауэ щытми, дэ шыІэныгъэрэ лъагъуныгъэрэ дгъэлъэгъуэн хуейщ, Алыхьым и Псалъэм зэритым хуэдэу: «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм зэакъылэгъу фищІащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыІуэныгъэмкІэ фыхущІэкъу» (Еф. 4:1—3). Гурэ псэкІэ мамырыгъэр тхъумэну дыхуеймэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм я щыуагъэхэр фІэгъэнапІэ тщІынукъым, атІэ абыхэм Иеговэ и нэкІэ деплъыну дыхущІэкъунущ (1 Сам. 16:7; Пс. 130:3).

Еводия и Синтихия общаются с другими христианами, стоя в разных углах комнаты, и сердито смотрят друг на друга.

Еводиерэ Синтихиерэ хущІэкъун хуейт «зы гупсысэкІэ яІэ хъуну», ауэ ар щымытынши къохъу. (11-нэ абзацым феплъ.)

11. Ди къуэш, ди шыпхъухэм лъагъуныгъэ тхэлъу дахущытыну сыт иныкъуэхэм деж щІэгугъур?

11 Ди къуэш, ди шыпхъухэм лъагъуныгъэ тхэлъу дахущытыну иныкъуэхэм деж гугъущ, псом хуэмыдэу абыхэм ныкъусан яхэлъыр щытлъагъум деж. Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсми апхуэдэ гугъуехь яІащ. Еводиерэ Синтихиерэ гуфІэгъуэ хахыу апостол Паул дэлажьэт, ауэ зы щхьэусыгъуэ гуэрым къыхэкІкІэ а шыпхъуитІыр зэзэгътэкъым. Абы къыхэкІкІэ Паул ахэр къыхуриджэт «Зиусхьэныр я псэм зэрыщыщым щхьэкІэ... зы гупсысэкІэ яІэ хъуну» (Флп. 4:2, 3).

Во время встречи старейшин братья старшего возраста слушают молодого брата.

Зэхуэсым и нэхъыжь зи ныбжь хэкІуэтахэри нэхъ щІалэхэри зэныбжьэгъуфІ хъуфынущ. (12-нэ абзацым феплъ.)

12. Къуэш, шыпхъухэм гуапэу дахущытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

12 Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм гуапэу дахущытыну сыт къыддэІэпыкъунур? Къуэш, шыпхъухэм гуапэу дахущытыну икІи ахэр къыдгурыІуэну нэхъ тынш хъунущ ахэр нэхъыфІу къэтцІыхумэ. ИкІи ди ныбжьымрэ дыкъызыхэкІамрэ зэрызэтемыхуэр абы зэран хуэхъун хуейкъым. Дигу къэдгъэкІыжынщ: Ионафан Даут нэхърэ илъэс 30-кІэ нэхъыжьт, ауэ ар абыхэм зэран къахуэхъуакъым я зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ дэлъыну. Фэри фэр нэхърэ нэхъыжь е нэхъыщІэ къуэш е шыпхъу ныбжьэгъу фхуэщІыну пІэрэ? Апхуэдэу фщІэмэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэр псори фІыуэ зэрыфлъагъур къэвгъэлъэгъуэнущ (1 Пет. 2:17).

12-нэ абзацым феплъ.b

13. Зэхуэсым щыщхэр псори зэхуэдэу ныбжьэгъу къытхуэхъуну дыщыгугъын щІыхуэмейр сыт?

13 Ауэ абы къикІрэ зэхуэсым щыщхэр псори зэхуэдэу ныбжьэгъу къытхуэхъуну? Хьэуэ. Дэ дигу ирихь гуэр е тщІэну тфІэфІ гуэр зигу ирихь цІыхум нэхъыбэу дригъусэну дыхуейщ, абы зыри Іей хэлъкъым. Псалъэм папщІэ, Хьисэ и апостолхэр псори и ныбжьэгъуу илъытэт, ауэ Иуан нэхъыфІу илъагъут (Ин. 13:23; 15:15; 20:2). Апхуэдэу щытми, абы къикІкъым Хьисэ адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу абы хущытауэ. Иуанрэ абы и къуэш Екъубрэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм увыпІэ лъагэ къащритыну Хьисэ щелъэІуам щыгъуэ, абы мыпхуэдэ жэуап яритыжащ: «Си ижьырабгъумкІэ е си сэмэгурабгъумкІэ фытІысыну хуит фысщІын слъэкІынукъым» (Мк. 10:35—40). Дэ Хьисэ щапхъэ тетхыу зэхуэсым щыщхэм цІыху зэхэгъэж дымыщІу дахущытыну дыхущІокъу икІи ди ныбжьэгъухэр нэхъ къыхэдгъэщхьэхукІкъым (Екъуб 2:3, 4). Армыхъумэ, зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ зэран дыхуэхъунущ (Иудэ 17—19).

14. Филиппи 2:3 ит чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур нэгъуэщІхэм дапемыуэну?

14 Гуапагъэрэ лъагъуныгъэрэ дгъэлъагъуэмэ, дэ нэгъуэщІхэм дапеуэнукъым. Дэ дощІэж Ионафан Даут ефыгъуэу зэрыщымытар икІи пащтыхьыгъуэм щхьэкІэ зэрыпемыуар. Дэри ди къуэш, ди шыпхъухэм дапеуэну икІи зэфІэкІ яІэхэм щхьэкІэ дефыгъуэну дыхуейкъым. АтІэ дэ Іэдэбагъ догъэлъагъуэ икІи адрейхэр дэр «нэхърэ нэхъ ину» долъытэ. (Къеджэ Филиппи 2:3.) Зыщыдгъэгъупщэнкъым зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыри зэрылъапІэр. Іэдэбагъыр къыддэІэпыкъунущ ди къуэш, ди шыпхъухэм фІы яхэлъым гу лъыттэну икІи абыхэм я деж зыщыдгъэсэну (1 Кор. 12:21—25).

15. Ди шыпхъу Таня къыщыщІам дэ сытым дыхуигъасэрэ?

15 Гугъуехь гуэр дыпэщІэхуа иужь ди къуэш, ди шыпхъухэр гуапагъэ хэлъу къыщыддэІэпыкъум деж, дэ Иеговэ и нэІэ къызэрыттригъэтыр зыхыдощІэ. Ди шыпхъу Таня къыщыщІам деплъынщ. Таня и бынищыр и гъусэу 2019-нэ гъэм США-м щекІуэкІа «ФІылъагъуныгъэр зэи кІуэдыжынукъым» жыхуиІэ къэрал куэдым къикІа Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгрессым кІуащ. Щэбэт пщыхьэщхьэм машинэкІэ къыщыувыІа гостиницэм ахэр кІуэжт. Таня жеІэж: «НапІэзыпІэм адрей лъэныкъуэмкІэ къыдблэж машинэр гъуэгум трихри дэ къыджьэхэуащ. Зыми зыри къытщыщІакъым, ауэ дэ хуабжьу дыгузэващ икІимашинэм дыкъикІри гъуэгубгъум деж дыуващ. Абдежым дэ гу лъыттащ зыгуэрым Іэ къытхуищІу и машинэм дыкъызэрыригъэблагъэм. Ар конгрессым къикІыж ди дэлъхуу къыщІэкІащ. Ауэ абы и закъуэкъым къыддэІэпыкъун щхьэкІэ къэувыІар. Швецием къикІа цІыхуитхуи къэувыІащ. Шыпхъухэм си пхъумрэ сэрэ гуапэу ІэплІэ къытхуащІащ. Дэ абы Іейуэ дыхуэныкъуэт! Сэ къуэш, шыпхъухэм яжесІат дэр щхьэкІэ мыгузавэу гъуэгу теувэжыну, ауэ абыхэм ди закъуэу дыкъагъэнэн ядэтэкъым. Дохутырхэр къэсу псори зэрытэмэмыр ялъэгъуху, абыхэм дыкъагъэнакъым. Абы щыгъуэ дэ зыхэтщІащ Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу и нэІэ къызэрыттригъэтыр. А Іуэхугъуэм иужь Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэр нэхъ лъапІэжу тлъытэу дыхъуащ». Фэри фщІэжу пІэрэ фыщыхуэныкъуэм щыгъуэ, къуэш, шыпхъухэр гуапагъэ хэлъу къызэрывдэІэпыкъуауэ щытар?

16. Лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу ди къуэш, ди шыпхъухэм дахущытыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?

16 Зэрытлъагъущи, мыхьэнэшхуэ иІэщ лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу ди къуэш, ди шыпхъухэм дахущытыным! Апхуэдэу дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуфынущ. Абы нэмыщІ Алыхьым и лъэпкъым зэкъуэтыныгъэ илъыным сэбэп дыхуэхъунущ. Абы нэмыщІ зигу къабзэ цІыхухэм ялъагъу дэ Алыхьым пэжу дызэрыхуэлажьэр. Абы ахэри Иеговэ хуэлэжьэну хуегъэуш. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэращи «гущІэгъуныгъэшхуэ зиІэ Адэ лъапІэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ» ди Алыхь Иеговэ догъэлъапІэ (2 Кор. 1:3). Аращи, адэкІи ди къуэш, ди шыпхъухэм лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ тхэлъу дахущывгъэт икІи а хьэл-щэнхэр нэхъыбэжу дгъэлъэгъуэну дыхущІэвгъэкъу!

ФЩІЭЖУ ПІЭРЭ?

  • Къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ лъагъуныгъэ яхудиІэн хуейр?

  • Лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Иеговэ и щапхъэмрэ Ионафанрэ Даутрэ я зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэмрэ фэ сытым фыхуигъасэрэ?

  • Лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ дапхуэдэу зэрыдгъэлъагъуэ хъунур?

130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу

a Хьисэ жиІауэ щытащ и лъэужь ирикІуэхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ къызэрацІыхунур. Дэ псори ди зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъыным дыхущІокъу. Ди унагъуэм щыщхэм дазэрыхущытым хуэдэу, зэхуэсым щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэм дахущытмэ, ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу ди къуэш, ди шыпхъухэм дахущытыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

b СУРЭТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я зэІущІэр щекІуэкІым деж, зи ныбжь хэкІуэта къуэшыр къуэш нэхъ щІалэм доІэпыкъу и къалэнхэр нэхъыфІу игъэзащІэу зригъэсэну. Абы ар хьэщІапІэ кърегъэблагъэ икІи ахэр я щхьэгъусэхэр я гъусэу гуфІэу зэдоуэршэр.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын