2 СТАТЬЯР
Хьисэ «и гъуэгу ирикІуэхэм ящыщу нэхъыфІу илъагъуу» щытам и щапхъэр дэ дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
«ФІыуэ слъагъухэ, фІыуэ дызэрывгъэлъагъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІылъагъуныгъэр Тхьэм и деж къокІ» (1 ИН. 4:7).
105-НЭ УЭРЭДЫР «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ»
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Алыхьым и лъагъуныгъэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ?
«ТХЬЭР езыр фІылъагъуныгъэщ»,— итхащ апостол Иуан (1 Ин. 4:8). Мы псалъэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ пэж къыдгурагъаІуэ: Алыхьым гъащІэр къызэрыбгъэдэкІым нэмыщІ, абы лъагъуныгъэри къыбгъэдокІ. Иеговэ дэ фІыуэ делъагъу! Абы и лъагъуныгъэм дэ гуфІэгъуэ къыдет, абы нэмыщІ зы щхьэкІи дымышынэу икІи дыарэзыуэ дыпсэуну къыддоІэпыкъу.
2. Маттэ 22:37—40 зэритымкІэ, сыт хуэдэ унафитІра псом нэхърэ нэхъ иныр икІи етІуанэр дгъэзэщІэну сыт щІэгугъур?
2 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лъагъуныгъэ ягъэлъэгъуэн хуей? ДауикІ, хуейщ! А хьэл-щэныр дгъэлъэгъуэнрэ дымыгъэлъэгъуэнрэ дэ езым къыхэтхкъым, ар Алыхьым и унафэщ икІи абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр унафэ нэхъыщхьитІым къыхощ. (Къеджэ Маттэ 22:37—40.) Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхуа иужь, япэ унафэр — Алыхьыр фІыуэ плъагъуныр — дгъэзэщІэну ди дежкІэ тыншщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Иеговэ ныкъусан зыри хэлъкъым икІи ар лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу къытхущытщ. Ауэ етІуанэ унафэм — уи гъунэгъур фІыуэ плъагъуным — утетыну щымытынш къохъу. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ди дежкІэ нэхъ гъунэгъу дыдэу щытхэм — ди къуэш, ди шыпхъухэм — я ныкъусанхэм гу лъыптэну тыншщ. Иныкъуэхэм деж ахэр щІыІэ-щІыІэу къытхущытынкІэ хъунущ е я псалъэхэмкІэ икІи щытыкІэмкІэ ди жагъуэ ящІынкІэ хъунущ. Иеговэ ищІэт дэ апхуэдэ гугъуехьхэм дызэрыпэщІэхуэнур, абы къыхэкІкІэ Библиер зытха и лэжьакІуэхэм щыщ языныкъуэхэр хуигъэушащ ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыну мыхьэнэшхуэ зэриІэмрэ апхуэдэу щытын щхьэкІэ тщІэн хуеймрэ ятхыну. Абыхэм ящыщщ апостол Иуан (1 Ин. 3:11, 12).
3. Лъагъуныгъэм теухуауэ сыт Иуан итхар?
3 Иуан мызэ-мытІэу жиІащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Иуан итхыжа ХъыбарыфІым «лъагъуныгъэ» икІи «лъагъун» псалъэхэр Хьисэ и гъащІэм тепсэлъыхьыж адрей тхылъищми зэхэту зэритым нэхърэ нэхъыбэрэ итщ. Иуан а ХъыбарыфІымрэ нэгъуэщІ и письмоищымрэ щитхам щыгъуэ, и ныбжьыр илъэсищэм нэблэгъат. Библием ит а тхылъхэм къыдгурагъаІуэ Алыхьым и лэжьакІуэм ищІэ Іуэхухэм псоми лъагъуныгъэ къызэрыхэщын хуейр (1 Ин. 4:10, 11). Ауэ езы Иуан а дерсыр занщІэу зыхилъхьакъым.
4. Иуан адрей цІыхухэм лъагъуныгъэ хэлъу сыт щыгъуи хущыта?
4 И щІалэгъуэм щыгъуэ Иуан сыт щыгъуи лъагъуныгъэ игъэлъагъуэу щытакъым. Абы и гъащІэм къыщыхъуа ІуэхугъуитІ дигу къэдгъэкІыжынщ. Зэгуэрым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр и гъусэу Ерусалим кІуэт. Ахэр Самарие хэкум щыблэкІым, зы къуажэ гуэрым щыпсэу цІыхухэм хьэщІагъэ кърахын ядакъым. Абы щыгъуэ дапхуэдэу Иуан зэрызищІар? Иуан Хьисэ жриІащ: «Зиусхьэн, уафэм мафІэ къехыу мы цІыхухэр исыну жытІэн?» (Лк. 9:52—56). Адрей апостолхэм хуэгъэзауэ Иуан иІа лъагъуныгъэр мащІэу зэрыщытар къэзыгъэлъагъуэ зы щапхъи дигу къэдгъэкІыжынщ. Абырэ абы и къуэш Екъубрэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм увыпІэ нэхъ лъагэ щаубыдыну хуейти, ар къахуищІэну я анэр Хьисэ ирагъэлъэІуащ. Адрей апостолхэр егъэлеяуэ къэгубжьат ар къыщащІам щыгъуэ (Мт. 20:20, 21, 24). Ауэ Иуан ныкъусан хэлъахэм щхьэкІэ къэмынэу, Хьисэ ар фІыщэу илъагъут (Ин. 21:7).
5. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
5 Мы статьям дэ Иуан и щапхъэр щызэпкърытхынущ, абы нэмыщІ абы лъагъуныгъэм теухуауэ итхам дытепсэлъыхьынущ. Дэ ар къыддэІэпыкъунущ къуэш, шыпхъухэм хуэгъэзауэ лъагъуныгъэ дапхуэдэу дгъэлъэгъуэнуми къыдгурыІуэну. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ унагъуэм и нэхъыжьхэм я унагъуэм щыщхэр фІыуэ зэралъагъур дапхуэдэу къагъэлъэгъуэ хъунуми.
ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ІУЭХУКІЭ КЪЭВГЪЭЛЪАГЪУЭ
Иеговэ дэ фІыуэ делъагъу. Абы и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ и гъащІэр дэр щхьэкІэ итыну. (6, 7-нэ абзацхэм феплъ.)
6. Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъур дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
6 ЦІыхум и лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэригъэлъэгъуэфынур? Языныкъуэхэм къалъытэ, уи гурыщІэхэр жыпІэ закъуэкІэ зэфІэкІыу. Ауэ лъагъуныгъэ пэжыр псалъэхэм имызакъуэу, Іуэхухэми къыхощ. (Евгъапщэ Екъуб 2:17, 26.) Иеговэ и щапхъэм девгъэгупсыс. Абы дэ фІыуэ дыкъелъагъу (1 Ин. 4:19). Ауэ дауэ абы и лъагъуныгъэр зэригъэлъагъуэр? Библием къыщыдгъуэт псалъэ дахэхэмкІэ (Пс. 25:10; Рим 8:38, 39). Ауэ абы и лъагъуныгъэм псалъэхэм имызакъуэу, и Іуэхухэри щыхьэт тохъуэ. Иуан итхауэ щытащ: «Тхьэм фІыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэІуащ: ГъащІэ къыдитын щхьэкІэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкІуащ» (1 Ин. 4:9). Иеговэ хуит ищІащ и Къуэм гугъуехьхэр ишэчу, дэр щхьэкІэ и гъащІэр итыну (Ин. 3:16). НтІэ, Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъум шэч къыщІытетхьэн щхьэусыгъуэ щыІэ?
7. Хьисэ фІыуэ дызэрилъагъур дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
7 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІэу щытащ ахэр фІыуэ зэрилъагъур (Ин. 13:1; 15:15). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуиІэ лъагъуныгъэм и кууагъыр и псалъэхэм нэмыщІ, и Іуэхухэми къыхэщт. Абы жиІауэ щытащ: «Езым и ныбжьэгъухэм папщІэ зи псэр зыт цІыхум и фІылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фІылъагъуныгъэшхуэ щыІэкъым» (Ин. 15:13). Пэжщ, Иеговэрэ Хьисэрэ дэр щхьэкІэ куэд ящІащ. Абы дэ сытым дыхуигъэушрэ?
8. 1 Иуан 3:18 зэритымкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
8 Дэ Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ тлъагъумэ, абыхэм жаІэм дедэІуэнущ (Ин. 14:15; 1 Ин. 5:3). ФІыуэ дызэрылъагъуну Хьисэ унафэ къытхуищІащ (Ин. 13:34, 35). Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур зэражетІэм нэмыщІ, ди лъагъуныгъэр ІуэхукІи дгъэлъэгъуэн хуейщ. (Къеджэ 1 Иуан 3:18.) Дауэ ар зэрытщІ хъунур?
КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ФІЫУЭ ФЛЪАГЪУ
9. Иуан лъагъуныгъэм сытым хуигъэушрэт?
9 Иуан и адэм и гъусэу къанэу, абы ещхьу бдзэжьеящэ ІэщІагъэм ирипсэу хъунут. Ауэ, абы ипІэкІэ нэгъуэщІхэм Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ пэжыр къызэращІэным абы и гъащІэ псор тригъэкІуэдащ. Иуан къыхиха гъащІэр тынштэкъым. Ар и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ кърахуэкІыу щытащ икІи япэ лІэщІыгъуэм и кІэхэм, абы и ныбжьыр хэкІуэтауэ, ссылкэ ягъэкІуащ (Апост. 3:1; 4:1—3; 5:18; Апок. 1:9). Ауэ Хьисэ теухуа хъыбарыфІыр зэригъэІум щхьэкІэ Иуан яубыдауэ щыщытам щыгъуи, ар къуэш, шыпхъухэм егупсыст. Апхуэдэу ар Патмос хытІыгум ссылкэ ягъэкІуауэ щыщыІэм щыгъуэ, Апокалипсис тхылъыр итхри ар къуэш, шыпхъухэм яхуригъэхьауэ щытащ, «куэд мыщІэу къэхъуну Іуэхугъуэхэр яригъэщІэн щхьэкІэ» (Апок. 1:1). ИужькІэ къаутІыпщыжа иужь Иуан итхащ Хьисэ и гъащІэм тепсэлъыхьыж ХъыбарыфІыр. Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэн икІи я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІын щхьэкІэ, абы письмоищ итхащ. Иуан псэемыблэжу гъащІэ ирихьэкІам фэ сытым фыхуигъасэрэ?
10. ЦІыхухэр фІыуэ зэрыфлъагъур дапхуэдэу къызэрывгъэлъэгъуэфынур?
10 Фи гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэ ивгъэщымкІэ фэ къэвгъэлъэгъуэфынущ цІыхухэр фІыуэ зэрыфлъагъур. ШейтІаным и дунейм дыхуегъэуш нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуным ипІэкІэ, ди къарумрэ, ди зэманымрэ мылъку зэхуэхьэсыным е цІэрыІуэ дызэрыхъуным тедгъэкІуэдэну. Ауэ дуней псом щыпсэу Иеговэ и лэжьакІуэхэм нэгъуэщІ гъуэгущ къыхахыр: я къаруи, я зэмани щымысхьу абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІу икІи цІыхухэм ядоІэпыкъу Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуну. Языныкъуэхэми полновременнэ лэжьыгъэр къащтэ.
Ди унагъуэмрэ къуэш, шыпхъухэмрэ яхуэтщІэм дэ ди лъагъуныгъэр къыхощ. (11, 17-нэ абзацхэм феплъ.)b
11. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ куэдым дапхуэдэу къызэрагъэлъагъуэр Иеговэрэ къуэш, шыпхъухэмрэ фІыуэ зэралъагъур?
11 Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым я щхьэмрэ я унагъуэмрэ зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ, лэжьыгъэм зэман куэд трагъэкІуэдэн хуей мэхъу. Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу, абыхэм яхузэфІэкІыр ящІэ, Алыхьым и организацэм и Іуэхур даІыгъын щхьэкІэ. Языныкъуэхэр гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм доІэпыкъу, адрейхэр организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтщ. Абыхэм а псор щІащІэр Алыхьымрэ цІыхухэмрэ фІыуэ ялъагъури аращ. Абы нэмыщІ Иеговэ и Щыхьэт дэтхэнэ зыми Іэмал иІэщ арэзыуэ ахъшэ иту дуней псом щекІуэкІ хъыбарыфІ гъэІуным дэІэпыкъуну. Иджыри дэтхэнэ зыми ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур тхьэмахуэ къэс догъэлъагъуэ, зэІущІэхэм дыкІуэу абыхэм дызэрыхэтымкІэ. Дэ зэІущІэхэм докІуалІэ, дызэрешам емылъытауэ. Дэ абыхэм жэуап щыдот, дызэрыгузавэм емылъытауэ. Абы нэмыщІ дэ езым гугъуехь куэд диІэми, зэІущІэхэм ипэ е иуха иужь нэгъуэщІхэр догъэгушхуэ (Евр. 10:24, 25). Дэ къуэш, шыпхъухэм ящІэ псом щхьэкІэ фІыщІэшхуэ яхудощІ!
12. Иуан къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрилъагъур сытыт иджыри къызыхэщыр?
12 Иуан къуэш, шыпхъухэм зэрыщытхъум нэмыщІ, чэнджэщхэри яритт, абыкІэ абы и лъагъуныгъэр къигъэлъагъуэт. Псалъэм папщІэ, и письмохэмкІэ ар къуэш, шыпхъухэм ящытхъуащ я фІэщхъуныгъэмрэ я ІуэхуфІхэмрэ щхьэкІэ, ауэ зыхуэныкъуэ чэнджэщи яритын къигъэнакъым (1 Ин. 1:8—2:1, 13, 14). Абы ещхьу, дэри къуэш, шыпхъухэм дащытхъун хуейщ. Ауэ ди къуэшым е ди шыпхъум Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъун гуэр ищІэу щІидзэу тлъэгъуамэ, дэ абы щабэу гъуэгу шынагъуэм зэрытеувар жетІэн хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, къэдгъэлъэгъуэнущ дэ ар фІыуэ зэрытлъагъур. ДауикІ, абы щхьэкІэ лІыгъэ тхэлъын хуейщ, ауэ Библием зэритым хуэдэу, ныбжьэгъу пэжхэм зыр зым «жан» ящІ, нэгъуэщІу жыпІэмэ зыр зым доІэпыкъу нэхъыфІ хъуну (Прит. 27:17, Гъэсэпэтхыдэхэр).
13. Сыт дэ тщІэн хуэмейр?
13 Иныкъуэхэм деж ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур дымыщІэ Іуэхухэм къыхощ. Псалъэм папщІэ, абыхэм жаІахэм щхьэкІэ дэ занщІэу зыдгъэгусэкъым. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ къэхъуа зы Іуэхугъуэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытащ: «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэм и пкъыр фымышхыу, илъми фемыфэу, гъащІэ фиІэнукъым» (Ин. 6:53—57). Абы и псалъэхэм и лъэужь ирикІуэ куэдыр къигъэгубжьати, абыхэм Хьисэ къагъэнащ. Ауэ абы и ныбжьэгъу пэжхэм, Иуани абыхэм яхэту, ар къагъэнакъым. Абыхэми Хьисэ и псалъэхэр къагурыІуакъым икІи абы жиІар ягъэщІэгъуауэ къыщІэкІынущ. Ауэ абыхэм къалъытакъым Хьисэ жиІэр мытэмэму икІи абыхэм я пщІэр ириудыхыну хуейуэ. Хьэуэ, абыхэм абы дзыхь хуащІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ІупщІу къагурыІуэт пэжым зэрыхуригъаджэр (Ин. 6:60, 66—69). Ди ныбжьэгъум и псалъэхэр дигу иримыхьамэ, дыпІэщІэнкъым зыдгъэгусэну — абы Іэмал еттынщ Іуэхур зытетыр къыдгуригъэІуэну (Прит. 18:13, Гъэс. Эккл. 7:9).
14. Лъагъумыхъуныгъэм ди гум лъабжьэ щІедмыгъэщІын хуейр сыт?
14 Абы нэмыщІ Иуан итхауэ щытащ ди къуэш, ди шыпхъухэр тлъагъу мыхъуу дыхъу зэрымыхъунур. Армыхъумэ, ШейтІаным и ІэмыщІэ дихуэнущ (1 Ин. 2:11; 3:15). Япэ лІэщІыгъуэм и кІэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм апхуэдэу къащыщІащ. ШейтІаным лъэкІ къигъэнакъым Алыхьым и лъэпкъым щыщхэм я зэхуаку лъагъумыхъуныгъэрэ зэгурымыІуэныгъэрэ дилъхьэн щхьэкІэ. Иуан и письмохэр щитха зэманым ирихьэлІэу, ШейтІаным иІа мурадым хуэдэ дыдэ зиІэ цІыхухэр зэхуэсым хыхьат. Диотреф абыхэм ящыщ зыт. Абы и ягъэкІэ зэхуэсым щыщ къуэшхэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьат. УнафэщІ гупым къабгъэдэкІыу зэхуэсым къакІуэ къуэшхэм абы пщІэ яхуищІтэкъым. Уеблэмэ, абы езым игу иримыхьхэм хьэщІагъэ езыххэр зэхуэсым хихуну хэтт (3 Ин. 9, 10). Сыту напэншагъэт ар! ШейтІаным ноби хузэфІэкІыу хъуар ещІэ, Алыхьым и лэжьакІуэхэм я зэхуаку лъагъумыхъуныгъэ дилъхьэн щхьэкІэ. Аращи, абы и мурадыр къемыхъулІэн щхьэкІэ къарууэ диІэу хъуар едвгъэхьэлІэ!
ФИ УНАГЪУЭР ФІЫУЭ ФЛЪАГЪУ
Хьисэ Иуан елъэІуащ и анэр зыхуэныкъуэр хуищІэну икІи Иеговэ адэкІи хуэлэжьэну дэІэпыкъуну. Унагъуэм и нэхъыжьхэми я унагъуэм щыщхэм зыхуэныкъуэр хуащІэн хуейщ. (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)
15. Унагъуэм и нэхъыжьым сыт зыщигъэгъупщэн хуэмейр?
15 Унагъуэм и нэхъыжьым и унагъуэм щыщхэр фІыуэ зэрилъагъур дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуэфынур? ДауикІ, и унагъуэм щыщхэм зыхуэныкъуэр ягъуэтын щхьэкІэ ар лэжьэн хуейщ (1 Тим. 5:8). Ауэ абы зыщигъэгъупщэн хуейкъым ахъшэмрэ хьэпшыпхэмрэ абы къызэрыдэмыІэпыкъунур и унагъуэр Алыхьым гъунэгъу хуищІыну (Мт. 5:3). Гу лъыфтэт Хьисэ унагъуэм и нэхъыжьхэм щапхъэ къахуигъэнам. Иуан итхыжа ХъыбарыфІым зэритымкІэ, Хьисэ лІэуэ пкъом щыфІэлъым щыгъуэ и унагъуэм егупсыст. Абдеж Иуан щытащ Хьисэ и анэ Мэрием и гъусэу. Хьэзаб зэрытелъым емылъытауэ, Хьисэ Иуан елъэІуащ Мэрием кІэлъыплъыжыну (Ин. 19:26, 27). Хьисэ и анэм къилъхуауэ къуэш, шыпхъухэр иІэт икІи абыхэм, дауикІ, я анэм дэмыІэпыкъуу къагъэнэнутэкъым. Ауэ а зэманым ирихьэлІэу абыхэм ящыщ зыри Хьисэ и лъэужь иджыри иувауэ къыщІэкІынутэкъым. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ хуейт Мэрием зыхуэныкъуэр къыхуэзыщІэным нэмыщІ, Иеговэ адэкІи хуэлэжьэну къыдэІэпыкъуну цІыхум къыхуигъэнэну.
16. Сыт хуэдэ къалэнхэр Иуан и пщэ дэлът?
16 Иуан къалэн куэд и пщэ дэлът. Ар апостолхэм ящыщ зыт икІи хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр иригъэкІуэкІын хуейт. Абы нэмыщІ Иуан щхьэгъусэ иІауэ къыщІэкІынущ. Апхуэдэу щытмэ, абы и унагъуэм зыхуэныкъуэр зэрыхуищІэн хуейм нэмыщІ, Иеговэ гъунэгъу хуэхъунуи дэІэпыкъун хуейт (1 Кор. 9:5). Иуан и щапхъэм унагъуэм и нэхъыжьхэр сытым хуигъасэрэ?
17. Унагъуэм и нэхъыжьым дапхуэдэу зэригъэлъэгъуэнур и унагъуэм щыщхэр фІыуэ зэрилъагъур?
17 Унагъуэ зиІэ къуэшым къалэн куэд игъэзэщІэн хуейуэ къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, абы и лэжьыгъэр фІыуэ игъэзэщІэн хуейщ, абыкІэ Иеговэ игъэлъэпІэн щхьэкІэ (Еф. 6:5, 6; Тит 2:9, 10). Абы нэмыщІ абы зэхуэсми къалэнхэр щиІэнкІэ хъунущ: ар къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун хуейщ, абыхэм я фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ, абы нэмыщІ хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр зэрекІуэкІым кІэлъыплъын хуейщ. А псом нэмыщІыж, мыхьэнэшхуэ иІэщ абы и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ я гъусэу Библиер зэпымыууэ иджыным — апхуэдэу абы къигъэлъэгъуэнущ ахэр фІыуэ зэрилъагъур. И унагъуэм щыщхэм, дауикІ, фІыщІэ ящІынущ ахэр узыншэу, насыпыфІэу икІи Иеговэ и ныбжьэгъуу къэнэн щхьэкІэ абы къару зэрырихьэлІэр (Еф. 5:28, 29; 6:4).
«СИ ФІЫЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ЗЫХЭВМЫГЪЭН»
18. Сытыт Иуан быдэу и фІэщ хъур?
18 Иуан гъащІэ кІыхь ирихьэкІащ икІи ар гъэщІэгъуэну щытащ. И фІэщхъуныгъэр махэ зыщІыфын гугъуехь куэдым ар пэщІэхуащ. Ауэ абы хузэфІэкІыу хъуар ищІэт, Хьисэ и унафэхэр игъэзэщІэн щхьэкІэ, псалъэм папщІэ къуэш, шыпхъухэр фІыуэ лъагъун хуейуэ къытхуигъэна унафэм тетт. Абы къыхэкІкІэ абы быдэу и фІэщ хъут Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ къызэралъагъур икІи сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами абы пэлъэщын щхьэкІэ зыхуэныкъуэ къару къызэрыратынур (Ин. 14:15—17; 15:9, 10; 1 Ин. 4:16). ШейтІанымрэ абы и лъабжьэ щІэтхэмрэ сыт хуэдэ къару ирамыхьэлІами, Иуан къуэш, шыпхъухэм хуиІэ лъагъуныгъэр ягъэупщІыІуфакъым икІи а лъагъуныгъэр псалъэкІэ икІи ІуэхукІэ игъэлъэгъуэну зэран хуэхъуфакъым.
19. 1 Иуан 4:7 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ икІи абыхэм дытетыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
19 Иуан щыпсэуа зэманым хуэдэуи, ноби мы дунейр ШейтІаным и ІэмыщІэ илъщ икІи абы и гур губжьрэ лъагъумыхъуныгъэкІэ гъэнщІащ (1 Ин. 3:1, 10). Ар хуабжьу хуейщ къуэш, шыпхъухэр фІыуэ дымылъагъужу дыхъуну, ауэ абы зыри хузэфІэкІынукъым дэ езым ар хуит дымыщІауэ. Аращи, ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ тлъагъунщ икІи ди лъагъуныгъэр ди псалъэхэмкІэ икІи ди ІуэхухэмкІэ къэдгъэлъэгъуэнщ. Абы щыгъуэ дэ зыхэтщІэнущ Иеговэ и унагъуэшхуэм дызэрыщыщыр, ди гъащІэри гуфІэгъуэрэ насыпкІэ гъэнщІауэ щытынущ. (Къеджэ 1 Иуан 4:7.)
88-НЭ УЭРЭДЫР Уи гъуэгухэр къысхузэІух
a Хьисэ «и гъуэгу ирикІуэхэм ящыщу нэхъыфІу илъагъуу» щытам Библиер топсэлъыхь (Ин. 21:7, Хъыб., 1993). Ар апостол Иуану щытауэ къыщІэкІынущ. Абы къыхэкІкІэ абы и щІалэгъуэм щыгъуэ хьэл-щэн дахэ куэд хэлъауэ жыпІэ хъунущ. Илъэс куэд дэкІа иужь Иеговэ Иуан хуигъэушащ Хьисэ и гъащІэм тепсэлъыхьыж хъыбарыфІымрэ письмо зыбжанэрэ итхыну икІи а тхылъхэм Иуан лъагъуныгъэм куэдрэ щытопсэлъыхь. Мы статьям Иуан итхауэ щыта языныкъуэ псалъэхэр щызэпкърытхынущ икІи абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэми деплъынущ.
b СУРЭТЫР. Унагъуэм и нэхъыжьыр гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуа щІыпІэм кІуауэ доІэпыкъу, организацэм и Іуэхур кІуэтэн щхьэкІэ арэзыуэ ахъшэ ирегъэхь икІи и унагъуэм и гъусэу Библиер щиджкІэ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэр кърегъэблагъэ.