ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ | ГУФІЭГЪУЭ УИ ГУМ ИЛЪУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУ
Ебгъаджэм ныбжьэгъу къыхихыну дэІэпыкъу
Библием едгъаджэхэр Иеговэ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ Іущагъ хэлъу ныбжьэгъухэр къыхахын хуейщ (Пс 15:1, 4). НыбжьэгъуфІхэм ахэр фІым хуагъэушынущ (Пр 13:20, Гъэсэпэтхыдэхэр; lff-U урок 48).
Библие ебгъаджэм и гурыщІэхэр къызэрыбгурыІуэным хущІэкъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы мы дунейм щиІа и ныбжьэгъухэр къигъэнэну къегугъуэкІынкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ ар щебгъаджэкІэ узэрыщІэупщІэм нэмыщІ сообщение хуебгъэхь, звонить хуэпщІ, зэзэмызи и деж уІухьэ хъунущ. Ебгъаджэр Иеговэ гъунэгъу зэрыхуэхъум елъытауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу зигъэпсэхуну къегъэблагъэ. Апхуэдэу абы къыгурыІуэнущ фІэкІуэдым нэхърэ нэхъыбэ иІэ зэрыхъур (Мк 10:29, 30). Иеговэ и унагъуэр хэхъуэу зэрыплъагъум уэ, шэч хэмылъу, уигъэгушхуэнущ.
«БИБЛИЕМ ЕБГЪАДЖЭМ ДЭІЭПЫКЪУ ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ НЫБЖЬЭГЪУХЭР КЪЫХИХЫНУ» ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ныбжьэгъу Іейхэр хэт хъуну? (1Кр 15:33).
Джейд дапхуэдэут и нэгу къызэрыщІигъэхьэр Иеговэ и Щыхьэтхэм зэрызагъэпсэхур?
Нитэ Джейд дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар и ныбжьэгъухэр ихъуэжыну?