ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ | ГУФІЭГЪУЭ УИ ГУМ ИЛЪУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУ
Ебгъаджэхэм хьэл мыхъумыщІэхэр зыханэну дэІэпыкъу
Иеговэ и хабзэхэм тетхэращ абы и ныбжьэгъу хъуфынур (1Пт 1:14—16). Ебгъаджэм хьэл мыхъумыщІэхэр зыхинэмэ, ар и унагъуэми и узыншагъэми сэбэп хуэхъунущ икІи мыхьэнэ зимыІэхэм щхьэкІи ахъшэ игъэкІуэдынукъым.
Иеговэ сыт хуэдэ хабзэхэр игъэувами ебгъаджэм жеІэ икІи ахэр щІигъэувам и щхьэусыгъуэр къыгурыгъаІуэ. Абы егъэлъагъу а хабзэхэм зэрытетым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыхуихьынуми. Ебгъаджэм и гупсысэкІэр ихъуэжыну дэІэпыкъу, къищІам тету псэун щІидзэн щхьэкІэ (Еф 4:22—24). Абы зэпымыууэ жеІэ Иеговэ зыдигъэІэпыкъумэ, куэд щІауэ хэлъ хьэл мыхъумыщІэхэр зэрызыхинэфынур (Фп 4:13). Ебгъаджэм игу къэгъэкІыж мыщІапхъэ гуэр ищІэну и щхьэ къэкІмэ, Иеговэ къыдэІэпыкъуну занщІэу елъэІун зэрыхуейр. ГъэунэхуапІэ хуэхъункІэ хъуну Іуэхугъуэхэр къилъэгъуну икІи абыхэм пэІэщІэ зыхуищІыну егъасэ. Ар хуэгъэуш хьэл мыхъумыщІэхэр зыхинэн щхьэкІэ абыхэм я пІэкІэ сэбэпынагъ зыхэлъ Іуэхухэр ищІэну. Иеговэ и фІыгъэкІэ ебгъаджэм зэрызихъуэжыр щыплъагъум деж уэ гуфІэгъуэшхуэ зыхэпщІэнущ.
«ЕБГЪАДЖЭХЭМ ХЬЭЛ МЫХЪУМЫЩІЭХЭР ЗЫХАНЭНУ ДЭІЭПЫКЪУ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Джейд и Іуэхур зыІутыр щыжиІам зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ Нитэрэ дапхуэдэу абы зэрыхущытар?
Нитэ Джейд дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
Джейд Иеговэ и дэІэпыкъуэгъур дапхуэдэу къызэрилъыхъуар?